ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Iуэхуншэр  куэдщ,  лэжьэн  ягъуэтыркъым

2021-02-18

  • Куэд щIакъым УФ-м УхуэныгъэмкIэ     и министерствэм Правительствэм лъэIукIэ зэрызыхуигъазэрэ хамэ къэралхэм къикIыу лэжьэну къакIуэхэм гъуэгур хузэIуахыну. Армырамэ, ухуэныгъэмкIэ къалэн зыщащIахэр яхуэгъэзэщIэнукъым.

  • Иджы МэкъумэшымкIэ министерствэри къэлъэIуащ, лэжьэну хуейхэр къамыгъакIуэмэ, хэзысэни гъавэр къезыхьэлIэжыни ямыгъуэтыну жиIэри.
  • Ди къэралым щыщу нэгъабэ лэжьапIэншэу зезыгъэтхахэм я бжыгъэр мелуани 4,321-рэ мэхъу. МэкъумэшымкIэ министерствэр пIалъэкIэ игъэлэжьэну зыхуримыкъур мин 39-рэ къудейщ.
  • Сыт хуэдэ IэщIагъэлIхэра яхуримыкъур? Механизаторхэр, Iэщ дохутырхэр, агрономхэр. УлахуэфIи иратынущ, и IэщIагъэм хуэIэижьмэ. Псалъэм папщIэ, механизаторым гъатхэ-гъэмахуэм сом мини 100 — 200 къилэжьыфынущ. Фермэм, лабораторэм, заводым щылажьэ Iэщ дохутырым сом мин 50 — 200 мазэм къихьыфынущ, и щIэныгъэмрэ и зэфIэкIымрэ елъытауэ. Ди мэкъумэш университетыр гугъу зезымыгъэхьу къэзыухахэр я IэфракIэм едзэкъэжми хъунущ щIэныгъэ щызрагъэгъуэтыфыну щыта илъэсхэр пщIэншэ зэрыхъуам къыхэкIыу. Гу лъыфтагъэнщ щIыпIэ телевиденэм къит хъыбарегъащIэм: Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI агроном къалъыхъуэ, улахуэу сом мин 50 — 200 иратынуи хьэзырщ, и щIэныгъэм елъытауэ.
  • Ауэ, экспертхэм зэрыжаIэмкIэ, Кавказ Ищхъэрэм щыщу пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIрэ гъэкIыным хэт хьэрычэтыщIэхэм яхуримыкъур лэжьакIуэ къызэрыгуэкIхэрщ: хэзысэн, зыпщIэн, къезыхьэлIэжын.
  • Зэ еплъыгъуэкIэ, мэкъумэш IэнатIэр лэжьакIуэ щыщIэн хуейтэкъым, Урысей Федерацэм и цIыху мелуан 37,3-р зэрыкъуажэдэсым тепщIыхьмэ. Къапщтэмэ, къэрал нэхъ зызыужьахэм мэкъумэшым елэжьым я бжыгъэр щымащIэщ, иджырей технологием я нэхъыфIыр къагъэсэбэпри. Псалъэм папщIэ, Европэм и цIыхухэм ящыщу мэкъумэш Iуэхухэр         зи пщэм дэлъыр щылэжьэн ныбжьым итхэм я процентитIращ, США-м — процентитI щрикъупэркъым.
  • Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Урысейм мэкъумэш Iуэхур куэдрэ къыщызэтекъутащ, псори щIэрыщIэу къыщIадзэжын хуей хъууэ. Ди нэгу щIэкIагъэххэщ 1990 гъэхэм къыщыщIэдзауэ колхозхэмрэ совхозхэмрэ зэрыхагъэкIуэдэжа щIыкIэр. Политик мыхъумыщIэхэм я зэранкIэ къуажэдэс куэд къалэхэм Iэпхъуащ, сом къыщалэжьын къалъыхъуэу. ЩIыри зыIэщIэлъкIэ лIэужьыгъуэ зыбжанэу гуэша хъуащ, фермер хозяйствэ (КФХ), мэкъумэш Iуэхум пылъ хьэрычэтыщIэ (ИПСХ), унагъуэхэм ей (ХН), агрохолдинг, н.къ. жыпIэми. Къапщтэмэ, иужьрейхэр 60 къудейщ зэрыхъур, ауэ абыхэм уапеуэфынукъым техникэкIи, гъэсыныпхъэкIи, кърахьэлIэжыр здыщIалъхьэкIи (щIыIалъэу, гъущапIэу), пIалъэкIэ ягъэлажьэхэр зыщIагъэс унэкIи нэхъыфIу къызэгъэпэщащи. Абыхэм гектар мини 100-м къыщыщIэдзауэ мелуаным щIигъу яIыгъщ. Агрохолдингхэр къуажэдэсхэм зыкIи щыгугъыркъым. Абыхэм я дежкIэ нэхъ фейдэщ техникэ зэпэщ зиIэ гупым Iуэхур зэфIаудрэ губгъуэм икIыжмэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, агрохолдингхэращ нэхъыбэу щIэлъэIури нэгъуэщI къэралхэм къикI лэжьакIуэхэм гъуэгур хузэIуахыну.
  • ЛэжьакIуэ щIэлъэIухэм я хьэтыр ялъагъунущ, коронавирусыр ужьыхыр пэжмэ. УхуэныгъэмкIэ министерствэм хамэ къэрал къикIа зыгъэлэжьэнухэм пщэрылъ ящищIащ ахэр щыпсэункIэ къызэрагъэпэщыну, IэпхъуэшапхъуэхэмкIэ IуэхущIапIэм дэтхэнэми и тхылъ щIалъхьэну, къэралым щызекIуэ хабзэхэм тету ягъэлэжьэну. МэкъумэшымкIэ министерствэри нэгъуэщIIуэхущIапIэхэри а щапхъэм ирикIуэну къыщIэкIынущ, щIэуфауэ цIыхухэр зыгъэлажьэхэм зэретхьэкъу щIыкIэр ди къэралым щагъэткIиящи.