ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

МелыIыч

2021-02-18

  • Къэмыгупсыса  хъыбар
  • Алыхьталэм цIыхур зэрыпсэуну илъэс бжыгъэр и натIэм къритхауэ, абы нэсыхукIэ ищIэну псомкIи щхьэхуиту къегъэщI. А зэманым къриубыдэу псэхъумэу иIэщ мелыIычыр. Абы зэран хуэхъуну зи мурад жинхэмрэ шейтIанхэмрэ щыIэщ, ауэ зыри пэлъэщыркъым.

  • МелыIычыр зи нэгу къыщIэхуа, и псалъэр зэхэзыха зырызхэм къызэраIуэтэжымкIэ, КъурIэным зэритымкIэ, ар цIыхубз сэфэтым итщ, зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъщ, лъэмыкI щымыIэу, псоми къагурыIуэ бзэ Iурылъщ, зэзэмызэххэщ нэрылъагъу щыхъур.
  • Алыхьталэм и къарур инщ. Ар уи фIэщ ирихъуну дунейм куэд къыщохъу. Мелуан бжыгъэ зи лъэщагъ ток къару зыбгъэдэлъ щыблэр зэуа цIыхур, фIамыщIым хуэдэу мафIэм зэуэзэпсэу исын хуеяр, къелауэ щыIэщ, машинэхэр зэжьэхэуэу тхылъымпIэ зэкIуэцIышыхьам хуэдэу хъуа машинэм исахэм зыри къащымыщIауэ къикIхэри куэдыкIейщ, унэ къатипщIым къехуэхыу къела зэрыщыIэри пэжщ… Ахэр псори къезыгъэл, зыхъумэ мелыIычыр зэрыщыIэм шэч къытепхьэ хъунукъым. ИщхьэкIэ жысIахэр гъащIэм къыщыхъуащ, зыри пцIы хэмылъу, зи фIэщ мыхъу зырызхэр щыIэ щхьэкIэ.
  • Сэ къысхуаIуэтэжауэ фи пащхьэ ислъхьэну хъыбарри нэхъ гъэщIэгъуэныжщ, къызыщыщIар ноби псэущ. МелыIычыр зэрыщыIэр уи фIэщ хъун хуейщ мы зы закъуэмкIэ.
  • Пэжу, мыр къызыщыщIа Мухьэмэдин и гъусахэм (псэужхэкъым) я унэцIэр къриIуэн идакъым тхьэрыIуэкIэ къигъэгугъауэ щытащи, и щхьэусыгъуэри тхыгъэм и кIэухым къыщыфщIэнщ.
  • Ди къуажэм дэс Мухьэмэдин, лъагагъкIэ къимыкIами, бгъукIэ кIуауэ лIы быхъутIэ цIыкIущ, бэнакIуэу щытащ, ныбжь хъарзынэ иIэщ. Абы ныбжьэгъуу иIэт Хьэжмэстафэрэ Хьэжмухьэмэдрэ. Ахэр зэпэжыжьэтэкъым, зэрыцIыкIу лъандэрэ зэныбжьэгъут. Мэзхъумэу лажьэ Мухьэмэдин районым щыцIэрыIуэ цIыхут. Арат куейм хьэщIэ лъапIэу къихьэхэм зезыгъэплъыхьыр, щакIуэ зышэр. Хьэжмэстафэ колхозым бухгалтер нэхъыщхьэу, Хьэжмухьэмэд экономисту щылажьэхэрт.
  • — Тхьэр згъэпэжащ къулыкъущIэ щыIэу игъащIэкIэ къоплъынум, зы ныбжьэгъу диIэщи, моуэ тхьэмахуэ гуэрым щакIуэ дишэ хъунукъэ зиунагъуэрэ, псэлъамэ дэ нэхъыфIу илъагъу щымыIэу жеIэ, — ириIуэкIащ Хьэжмэстафэ Мухьэмэдин, зы пщыхьэщхьэ гуэрым зэхуэзауэ здэуэршэрхэм.
  • — Уэлэхьи пэжмэ жыпIэр, зыри къытхуэмыукIми, моуэ жьы къабзэкIэ дыбэуэнщ, контIорэм дыщIэмэхыхьащ, — деIыгъ абы жиIар Хьэжмухьэмэд.
  • — Зыгуэр жыфIэу къэзгъэна, сэ дэнэ щысщIэн фи гум илъыр, — зегъэзахуэ Мухьэмэдин. — ЩакIуэ фыкIуа фэ тIур игъащIэм зэ нэхъ мыхъуми. ФыщэкIуэфыну?
  • — Сыт мыбы жиIэ хьэдэгъуэдахэр?! ЛIо ущэкIуэным хэлъыр? Моуэ си нэгум зыгуэр къыщIэхуэну фIэкIа сыхуейкъым, — зегъэлI Хьэжмухьэмэд. — Сыт абы хэлъыр, снайперым хуэдэу сышэрыуэмэ, мыщэ дыдэ дыхуэзэми зэгуиудыну си фоч (къэуал) зэгуэтыжьыр хьэзырмэ! Тызоубыдэ, соуэри, мыщафэр хьэзырщ.
  • — Ар хъарзынэщ, ауэ гуи пкIуэцIылъын хуейщ, — жеIэ Мухьэмэдин и фIэщу.
  • — ЦIыхум зыгущ кIуэцIылъын хуейри, сысейр алыхьым къузэритынщ, дышэ закъуэ уэ, адэкIэ сэ ди Iуэхужщ, — жеIэ Хьэжмухьэмэд зигъэлIу, жаIэм мыхьэнэшхуэ иримытауэ. — Дыпшэну ухуэмейуэ арамэ, занщIэу жыIэ, адэ-модэ жыпIэу куэд къыумыгъэкIуэкIыу.
  • — Хъунщ-хъун, сеплъынщ сэ фэ фызэрыщакIуэм, хъарзынэу пщэдей лэжьэгъуэ махуэкъыми, фысшэнщ, зывгъэхьэзыр, — къегъэгугъэ и ныбжьэгъуитIыр Мухьэмэдин.
  • УщэкIуэнумэ, жыжьэ укIуэн хуейтэкъым, Махуэгъэпс жыжьэтэкъым, мэзми щIэмыс хьэкIэкхъуэкIэ щыIэтэкъым. Щыхь ухуей хьэмэрэ мыщэ жыпIэн, псори щыIэт, къэпхуэщэкIуф закъуэмэ.
  • ЗызэщIаузадэри пщэдджыжьым лъэсу ежьащ зэныбжьэгъуищыр, Махуэгъэпс мэзым кIуэну.
  • — Дзыгъуэ дыдэ щIэс си гугъэкъым мы Махуэгъэпс дыкъыздэпшам, Фэндыкъуэ дыпшамэ хъунутэкъэ, мыр дауэ? — хуотхьэусыхэ Хьэжмухьэмэд Мухьэмэдин, шэджагъуэ нэужьыфI хъухукIэ мэзыр зыкIзыщхьэ зыщIу зыри зымыгъуэтар. — Мыщи щыхьи, жысIэркъым, нэгъуэщI мыхъуми, зы тхьэкIумэкIыхь цIыкIу къэдукIауэ дыкIуэжами арат, абы дызэхигъэсынт.
  • — Си щхьэкIэ адэкIэ лъэмбытI схуэчыжынукъым, гуэбэн сщIащи, тIэкIу зыдвгъэгъэпсэхуи дыкIуэжынщ, — жеIэ Хьэжмухьэмэди зрегъэщэтэх, бгъуэнщIагъышхуэ гуэрым пэмыжыжьэу.
  • — Фэ зы тутын вгъэсыхукIэ, сэ мо бгъуэнщIагъыжьым зэ сыщIэплъэнщ, мыщэ щIэсынкIи хъунщ, — жеIэ заул дэкIауэ Хьэжмухьэмэд, фочыр къигъэIэгъуэурэ.
  • — Уэлэхьи лъэмбытI умычын уи закъуэу, уэ угушыIэнщ, щIэсынкIэ хъунущ абы мыщэ, дэри дынэкIуэнщ, — жеIэ Мухьэмэдин къэтэджурэ. — Мыщэм удэджэгу хъунукъым, ар бжэнкъым, зыщумыгъэгъупщэ. Зэ уэгъуэкIэ къыпхуэмыукIыу уIэгъэ пщIамэ, уэ фIэкIа лIапIэ ищIынукъым, уIэщIэкIынукъым. Псэ зэпылъхьэпIэщ, сэ куэд си нэгу щIэкIащ.
  • — Уий, уий, иумыгъэлейт иджы. ЛIо, мыщэ си щыпэлъагъу уи гугъэрэ, фоч симыIэми, Iэ пцIанэкIэ сыхуэгъэзащ, стхьэлэнщ пIэтIэуэну хуимыту, — жеIэ Хьэжмухьэмэд, и фIэщрэ гушыIэрэ къыпхуэмыщIэу.
  • — Сэри арат сыхуэзэну сызыщIэхъуэпсыр, — зегъэлI Хьэжмэстафи зигъэ-Лашыну. — Мыщэлым хуэдэ щымыIэу жаIэ, и фэр-щэ? Неуэ, ди насыпыр абы къыщикIынуми фщIэркъым. Сэ сывигъусэщ, фыкъэмыскIэ зыкIи.
  • — Хуэмыза лIыфIщ. Алъандэм дэнэ мыгъуэ фыздэщыIар фэ пелуанитIыр, — жеIэ Мухьэмэдин, и фочыр къещтэри, япэ йощ. — Узэгъусэ хуэдэ щыIэкъым, къэхъунур зыми ищIэркъым.
  • БгъуэнщIагъым нэблэгъауэ абыхэм зэхах мыщэм и гъуахъуэ макъ къэIуу. Тхьэм ещIэ, цIыхумэ къыщIихьа.
  • — Мыщэм япэ зыкъригъэщамэ, пкIэрыкIынукъым, убэлэрыгъ хъунукъым, — жеIэ Мухьэмэдин.
  • — Уэлэхьи дыгушыIэ хуэдэурэ, ди кIэныр къикIа си гугъэм, — жиIэурэ Хьэжмухьэмэд и фочыр къегъэхьэзыр, гугъэшхуэ иIэу.
  • — Дэнэ фыздэкIуэр, кIуэдыжыпIэ фылъыхъуэу ара? — жыхуиIэу мыщэр зэфIэту «бжэщхьэIум» къытеуващ, зэкIэ «хьэщIэхэм» хъыбар къаригъащIэу.
  • ЗэфIэту къакIуэ Мыщэм и теплъэ къудейр пхурикъунт, гупщIэуз хэпхыну. БгъуэнщIагъыр иуфэбгъуат мыщэм и инагъым. И лъакъуэ бацэжьым къыхигъэжа, маисэм хуэдэ и лъабжьэнэжьхэр егъэдалъэ, зэ лъэгъуэм зыкъуидзу уи щхьэфэр фIилъэфыну, и жьэ гъуахъуэм къыжьэдэпс, хьэджэсэм хуэдэ дзэ пIащэхэри хьэзырщ уи Iэпкълъэпкъыр зэхакъутэну, зыхашхыхьыну.
  • «Пелуанхэр», унафэ зыхуащIа сэлэтхэм хуэдэу, я пIэм ижыхьащ, фоч зэраIыгъыр ямыщIэжыххэу.
  • Мыщэ хуэзэмэ IэкIэ зытхьэлэну ихъу-илъу щытаитIыр къикIуэтурэ зрачри, бгъуэтмэ къащтэ, щтапIэ ихьэжащ, Мухьэмэдин мыщэм къыхуагъанэри.
  • Мыщэм зиIэжьакъым, хэтми идэрт, и хэщIапIэм къихьар лъэныкъуэ иригъэзыну, щысхьыншэу зыхикъутэну, итхьэлэну. Къэблэгъащ, зэ къэлъэжмэ Мухьэмэдин къылъэIэсыну.
  • — Си щхьэмрэ си нэкIумрэ схъумэнщ, армыхъумэ ар фIилъэфмэ, е си нэхэр къритхъмэ зэфIэкIащ си гъащIэр, къупщхьэхэр зэхикъутэми Iуэхукъым, кIыжынщ, — игу къокI Мухьэмэдин. — СыщIэпхъуэнуми, кIасэ хъуащ, лъэмбытI сигъэкIунукъым, сыщIэмыпхъуэми…
  • — Сыт хуэдэу щымытми, псэр IэфIщ, зезгъэшхынкъым, зысхъумэжынщ, сеуэнщ фочымкIэ жысIэри, мыщэр къыщылъэ дыдэм тезгъапсэри, кIакхъур щIэсчащ, — игу къегъэкIыж Мухьэмэдин. — Насып уимыIэмэ, зэрыжаIэу, махъшэм утесми, хьэ къодзакъэ — фочыр мэубзэщхъу.
  • Мыщэр къосри, Мухьэмэдин къоуэри фочыр IэщIеуд, и лъэбжьанэхэмкIэ и ныбафэм лъыр къежэхыу къресыпэх (насып иIэти, и щхьэм нэсакъым). КъыкIэлъоуэри, метр зытхухкIэ хыфIехуэ. КIэлъос, и Iэблэр еубыдри, зэхегъэщIыщIэ лъыпсыр къежэхыу.
  • — Iиман фиIэмэ, севмыгъэшхыу фочымкIэ фыкъеуэ, е нэгъуэщI мыхъуми дэвгъэуей, — мэкIий и макъым къызэрикIкIэ Мухьэмэдин, и гъусэхэм захригъэхыну. Ауэ дэнэт — зыри Iэшэлъашэм щыIэжтэкъым.
  • Пэлъэщын и гугъэу зэзэмызи лъа- къуэпэщIэдз хуещI, къарууэ иIэмкIэ и щхьэм йоуэ, ауэ дэнэт — утекIуэнт мыщэ домбейм?
  • — ЛаIилахьэ Iиллэлахь, хьэкъ Мухьэмэду рэсулилахь, я дэ ди тхьэу тхьэшхуэ, мы мыщэм сыкъегъэл, — йолъэIу ар Алыхьталэм, мыщэр хутыкъуа зэрыхъуу.
  • Аргуэрыжьу мыщэр малъэри, зыуэ къыщымыхъуу Мухьэмэдин иреуд, и Iэблэ къыIэрыхьам лъыпсыр къежэхыу зэгуепхъ.
  • — Сыт сщIэнт — зы Iэмал сиIэжтэкъым сыкъелынкIи, зыкIэ сымыгугъэжу, нэджэIуджэ симыщIын щхьэкIэ, си IэхэмкIэ си щхьэмрэ си нэкIумрэ субыдыжащ, — жеIэ Мухьэмэдин. — Мыщэм и лъэбжьанэжьыр си нэкIум къэсыным къэнэжа щымыIэу, солъагъу абы и пщафэр зы Iэ лъэщ ин гуэрым иубыду, джэду цIыкIум хуэдэу сщхьэщихыу зэрыбзэхыжар. Си нэкIэ слъэгъуар си фIэщ мыхъуу, къарууэ сиIэр зыхэслъхьэри сыкъызэфIэтIысхьащ. Зысплъыхьа щхьэкIэ, ажалым сыкъыIэщIэзыхари мыщэри къысIэщIэлъэгъуэжакъым.
  • Си гъусахам седжа щхьэкIэ дэнэт, зыри щыIэтэкъым.
  • — Алыхьталэм и къарур инщ, армыхъумэ, сыт мы къэхъуа гъэщIэгъуэныр, апхуэдиз зи инагъ мыщэр зы къыщымыхъуу Iузыхар? СызэхэфыщIарэ лъыр къызэжэхыу, си IитIыр щIагъуэу къыздэмыбзыжу зэхэкъутауэ, пшапэ зэхэуэгъуэм унэм си псэр нэслъэфэсыжащ.
  • Мухьэмэдин ажалым къыIэщIэзыхар МелыIычу зэрыщытым шэч лъэпкъ къытепхьэ хъунукъым. Алыхьталэм мелыIычыр сыт хуэдэ щытыкIэми ихьэфу, псори лъэкIыу, цIыху псэхъумэу къигъэщIащ. Алыхьталэм и лъэкIыныгъэр гъунапкъэншэу инщ, ар зэи пщыгъупщэ хъунукъым.
  • КЪАРДЭН Мухьэмэд.
  • Ислъэмей  къуажэ