ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЮНЕСКО-м  и  музейм  щахъумэ

2021-02-18

  • Нэгъабэ гъатхэпэм и 5 — 12-хэм, Кавказым ис лъэпкъхэм я махуэхэр Париж щагъэлъапIэм хыхьэу, Дунейпсо Арткомитетым, ЮНЕСКО-м, Щэнхабзэ ДипломатиемкIэ Дунейпсо Зэгухьэныгъэм зэгъусэу зэхыхьэ гукъинэжхэр къызэрагъэпэщащ. Абы щыгъуэ, Хъурей Жаннэ пасэрей эскизхэм тету и Iэдакъэ къыщIэкIа адыгэ цIыхухъу, бзылъхугъэ лъэпкъ фащэхэр, Къанэмэт Замир игъэхьэзыра адыгэ цIыхухъу пыIэр, псапащIэ Къуэныкъуей Замир къыбгъэдэкIа адыгэ цIыхухъу фащэгъэдахэ дыжьынхэкI пкъыгъуэхэр ООН-м ЮНЕСКО-м щиIэ музейм щахъумэну иратащ, а IуэхущIапIэр къызэрыунэхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. IэпщIэлъапщIэхэм я тыгъэхэм къыпэкIуэу, ЮНЕСКО-м дунейпсо сертификатхэмкIэ ахэр игъэпэжащ.

  • А проектым хыхьэу, къэрал 24-м я  дипломатие лIыкIуэхэр зыхэта щэнхабзэ зэхыхьэхэр ЮНЕСКО-м и штаб-фэтэрым щрагъэкIуэкIащ, «Дуней псом ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» зэIущIэр, «Черкесия — фильм» кинокомпанием и генеральнэ унафэщI, адыгэ режиссёр Нэгъаплъэ Аскэрбий и «Черкешенка» кинофильмыр франджыбзэкIэ гъэлъэгъуэныр къызэщIиубыдэу. КъищынэмыщIауэ, Париж щылажьэ Урысей щэнхабзэ центрым къыщызэрагъэпэщащ «Кавказ — жемчужина России» концертымрэ Испанием щыпсэу ди хэкуэгъу художник цIэрыIуэ КIыщ Мухьэдин и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэрэ.
  • Проектыр къыхэзылъхьа, Дунейпсо Арт- комитетым и вице-президент, ЮНЕСКО-м хэт Бейтыгъуэн Iэуес зэрыжиIэмкIэ, ди лъэпкъ фащэр дуней псом хэIущIыIу щыщIыным теухуа хъуэпсапIэр илъэс куэд щIауэ и гурылъу къэгъуэгурыкIуэрт икIи Iэмал къызэрыхукъуэкIыу ар зэрызригъэхъулIэным иужь ихьащ.
  • — Лъэпкъ фащэр фэилъхьэгъуэ къудейкъым. Абыхэм къатощ къыддекIуэкI хабзэхэмрэ хьэл-щэнхэмрэ. Апхуэдэу ди фащэхэр хуэщIащ цIыхухъухэм я хахуагъэмрэ абыхэм Iэщэр екIуу зэрагъабзэмрэ, бзылъхугъэхэм я лантIагъэмрэ дахагъэмрэ. Тхыдэ щэнхабзэ гъуэгуанэ кIыхь къэзыкIуа, лъэпкъ хабзэхэм хуэпэж, адыгэм япэ дыдэу къигъэщIа, иужькIэ дуней псом щыпсэу лъэпкъ куэдым къащта ди фащэр дуней псом хузэIухащ. Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ а проектыр къызэрыдэхъулIар гуапэщ, — пещэ Бейтыгъуэн Iэуес.
  • Урысей Федерацэм и полномочнэ лIыкIуэу зэпымыууэ ЮНЕСКО-м щыIэ Кузнецов Александр музейм тыгъэ хуащIа адыгэ фэилъхьэгъуэхэр къыщыIихым, къыхигъэщащ лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэр хъумэныр ЮНЕСКО-м и лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу зэрыщытыр икIи псом хуэмыдэу Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр нэгъуэщIхэм ефIэкIыу зэрахъумэр зэрынэрылъагъур, абы укъыхуезыджэ щапхъэ дахэхэр ягъэлъагъуэу къызэрилъытэр, дяпэкIи Кавказым ис лъэпкъхэм мамырыгъэр, лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ пщIэ-нэмысымрэ гъэбыдэным хэлъхьэныгъэфIхэр хуащIу къэгъуэгурыкIуэну зэрыщыгугъыр.
  • ТЕКIУЖЬ  Заретэ.