«Адыгэ псалъэр» къыфIэрыхьэну фыхуей?
2020-12-19
- ПщIэ зыхуэтщI щIэджыкIакIуэхэ!
- 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м еух 2021 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ тедзэныр.
- Илъэс 96-рэ хъуауэ ди анэдэлъхубзэкIэ КъБР-м къыщыдэкI газет закъуэм — «Адыгэ псалъэм» ныбжьэгъухэр и куэду къокIуэкI. Ныбжьэгъу щIикуэдри цIыхухэр дэзыхьэх, яфIэгъэщIэгъуэн, гупсэхугъуэ къезыт тхыгъэхэр абы и напэкIуэцIхэм къызэрытехуэрщ.
- «ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу» къыхуеджэныгъэр гъуазэу зиIэ газетым лъэпкъым и бын пажэхэр республикэми хамэ къэралхэми цIэрыIуэ щещI, зызыщидзеипхъэхэри щIиуфэркъым, цIыхухэм я гуныкъуэгъуэхэри гулъытэншэ ищIыркъым.
- ИлъэсыщIэм «Адыгэ псалъэм» къытехуэну тхыгъэхэм, я лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу щытынухэм я гугъу пщIымэ, щIэджыкIакIуэхэм фIыуэ ялъэгъуа «Си бзэ — си псэ, си дуней», «ЩIалэгъуэ», «Адыгэ хабзэ», «Си еджапIэ — си къежьапIэ», «Махуэку», «Узыншагъэ», «Шыхулъагъуэ», «ЦIыкIураш», «Ислъамым и нур», «Малъхъэдис», «IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэ» напэкIуэцIхэр адэкIи къыдагъэкIынущ.
- Апхуэдэуи, газетыр зыIэрыхьэхэм гунэс ящыхъун тхыгъэ щIэщыгъуэхэр я пащхьэ иралъхьэнущ «Абы дегъэпIейтей», «Тхыдэм и лъагъуэхэмкIэ», «Адыгэпщ цIэрыIуэхэр», «Сытхэр уи псэукIэ, къуажэ?», «Iуэху еплъыкIэ», «УпщIэ — жэуап», «IэщIагъэлIым и чэнджэщ», «МакъыщIэ», «ДифI догъэлъапIэ», «Жыжьэ — гъунэгъу» рубрикэхэм щIэту.
- «Адыгэ псалъэр» зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ: мази 6-м ди газетым и уасэр сом 728-рэ кIэпIейкIэ 76-рэщ.
- Индексыр П 5894.