ДАХ-р ипэкIэ маплъэ
2020-12-19
- Дыгъэгъазэм и 18-м ДАХ-м и Хасащхьэм хэтхэм я зи чэзу зэхыхьэ ИнтернеткIэ (Zoom IэмалкIэ) ирагъэкIуэкIащ.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий ар къыщызэIуихым, дунейр зэщIэзыщта узыфэм и зэранкIэ зэIумыщIэфами, дэтхэнэри узым щихъумэну, пэлъэщыну захуигъэзащ.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд тепсэлъыхьащ гъэ дызэрытым езыр зи унафэщI жылагъуэ зэгухьэныгъэм илэжьа IуэхуфIхэмрэ хузэфIэкIахэмрэ. Абыхэм ящыщщ — лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм ятеухуа хъыбар кIэщI щызэхуэхьэсауэ иджыблагъэ дунейм къытехьа Адыгэ махуэгъэпсыр, мыгувэу стIолыщхьэ махуэгъэпсри урысыбзэкIи хьэзыр зэрыхъур. Апхуэдэуи, ХьэфIыцIэр зи унафэщI хасэм и фIыгъэкIэ тхылъыщIэ зыбжанэ лъэпкъым къыхэхъуащ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу, 2020 гъэм «Хэкум и фIыщIэ» (дыжьын, гъуаплъэ) медалхэр ягъэхьэзыращ. КъАХ-м и тхьэмадэм жиIащ япэ дыдэу а тыгъэ лъапIэр лъэпкъ Iуэхум хуэжыджэр, абы илъэс куэд щIауэ хуэлажьэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэрыхуагъэфащэр. Апхуэдэуи, КъАХ-м и медалхэр иратынущ Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ министр КIурашын Анзор, ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат, КъАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ НэщIэпыджэ Замирэ, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Табыщ Мурат, КъАХ-м жэуап зыхь и секретарь Щомахуэ Залинэ сымэ.
- Хасащхьэм и зэIущIэм къыщызэщIакъуэжащ ДАХ-м и комитетхэм 2020 гъэм ялэжьамрэ яхузэфIэкIамрэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм урысыбзэрэ адыгэбзэрэ егъэщIэнымкIэ Iуэхур зэрыкIуатэм щагъэгъуэзащ ахэр. Советым хэтхэр хэплъащ 2021 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэр зэрылэжьэну планым, XIII конгрессыр щрагъэкIуэкIынумрэ зэрырагъэкIуэкIынумрэ, нэгъуэщI куэдми.
- ЗэIущIэм и кIэухым Сэхъурокъуэ Хьэутий абы хэтахэм къэблагъэ илъэсыщIэмкIэ ехъуэхъури, мамырыгъэ, узыншагъэ, зэгурыIуэ къэралхэм, унагъуэхэм илъыну яхуэупсащ.
- ДАХ-м и Хасащхьэм и зэIущIэм теухуа тхыгъэ ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм я зым фыкъыщеджэ хъунущ.
- Инэрокъуэ Данэ.