КъБР
2020-12-19
- Дохутырым и псалъэ къаруушхуэ зиIэр
- Узыпэрыт IэщIагъэр псэм къыдыхьэмэ, уи лэжьыгъэм гупсэхугъуи къуитынущ, абы ехъулIэныгъи ущиIэнущ. Ар щынэрылъагъущ республикэм и Сабий клиникэ сымаджэщым и пульмонологие къудамэм и дохутыр Щомахуэ Каринэ и деж. Куэдым щапхъэ яхуэхъуфын IэщIагъэлIщ ар: хьэл-щэн зэпIэзэрыт зиIэ а бзылъхугъэр и IэзагъкIи и цIыхугъэкIи дагъуэншэщ жысIэми, езгъэлейуэ къыщIэкIынукъым. Щомахуэр зыхэт гупым и зэфIэкIыр къыщалъытэ, игъэхъужа сабийхэм я адэ-анэхэм я фIыщIэ псалъэхэм сымаджэщым интернетым щиIэ напэкIуэкIуэцIхэм щIэх-щIэхыурэ ущрохьэлIэ. Аракъэ-тIэ IэщIагъэлI нэсыр къызэралъытэ пщалъэ нэхъыщхьэхэр?!
- НатIэм къритхам уфIэкIынукъым
-
Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэр къиуха нэужь, Щомахуэ Каринэ КъБКъУ-м и медицинэ колледжым щIэтIысхьащ.
- — IэщIагъэр къыхэхыным гугъу сыдехьауэ схужыIэнукъым, медицинэм си гъащIэр зэрыпысщIэнур сызэрыцIыкIурэ сэркIэ хьэкът, — жеIэ Каринэ. — КъБКъУ-м и медицинэ факультетым сыщеджэну сыщIэхъуэпсми, бюджет тIысыпIэр зэрымащIэм къыхэкIыу, колледжым сыщIэхуэну Iэмал нэхъыбэ сызэриIэр къэслъытэри, абы сыкъытеувыIат. Фельдшер IэщIагъэм илъэсиплIкIэ сыхуеджауэ, колледжыр къыщыдухым абы и студент нэхъыфIхэр КъБКъУ-м и медицинэ факультетым щIагъэтIысхьэну программэ щхьэхуэ къыхалъхьати, сытегушхуэри, сэри зыхезгъэтхащ. АрщхьэкIэ, сыпхыкIакъым, си тхылъхэр къызатыжри лэжьапIэ лъыхъуэн щIэздзащ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, шыщхьэуIу мазэм и кIэхэм, КъБКъУ-м и проректору а зэманым щыта Къэжэр Артур ди унэ телефоным нэпсалъэри: «Университетым и медицинэ факультетым узэрыщIэтIысхьамкIэ сынохъуэхъу! Пщэдей фIэкI пIалъэ имыIэу уи тхылъхэр къытIэрыгъэхьэж», — къызжеIэ. А псалъэухаитIым сэ зыуэ «сагъэкIэрэхъуати», си дунейм зэуэ зихъуэжат. Нобэми къызгурыIуэфкъым си тхылъымпIэ кIапэ щIэмылъу КъБКъУ-м сызэрыщIэтIысхьар, абыхэм сыкъызэрагъуэта щIыкIэр. Арагъэнщ натIэм къритхам уфIэкIынукъым, щIыжаIэр.
- Интернатурэр Сабий узыфэхэр, акушерствэмрэ гинекологиемкIэ кафедрэм, ординатурэр республикэм и Сабий клиникэ сымаджэщым щрихьэкIащ Щомахуэм. 2013 гъэм, оридинатурэм зэрыщIэсым хуэдэурэ, республикэм и Сабий клиникэ сымаджэщым и приемнэ къудамэм лэжьэн щыщIидзащ. ИтIанэ Каринэ ирагъэблагъэ Налшык къалэ дэт поликлиникэ №1-м. Зыкъомрэ лэжьыгъитIри здихьу къекIуэкIауэ, 2018 гъэм и щIэныгъэм адэкIи хигъэхъуэну мурад ещI икIи сабий пульмонологием хуоджэ. Нэгъабэ лъандэрэ КъБР-м и Сабий клиникэ сымаджэщым и пульмонологие къудамэм щыIэщ.
- Зэи хущIегъуэжакъым
- Медицинэм и унэтIыныгъэхэм ящыщу педиатриер къыщыхихым, шэч гуэрхэр ищIыу чэнджэщами, Каринэ и IэщIагъэр абы зэрырип-хам хущIегъуэжакъым. Сабийхэр фIыуэ илъагъурт, зыпэрыхьа Iуэхум дихьэхырти, ехъулIэу и лэжьыгъэр ирегъажьэ.
- — Педиатрым и лэжьыгъэр адрей дохутырхэм ейм къызэрыщхьэщыкIыр гугъуагъ-тыншагъкъым, медицинэм жэуаплыныгъэшхуэ зыпымылъ IэнатIэ иIэкъыми, — къыпещэ псалъэмакъым Щомахуэм. — ГъащIэр зи нэм щIэз сабийхэм уазэрыхэтым гукъыдэж къыует, гъэщIэгъуэн куэдым гу лъыуагъэтэ а цIыкIухэм. ЖыпIэнурамэ, педиатрыр хьэлэмэт куэд къыщекIуэкI сабий дунейм махуэ къэс «щохьэщIэ». Абы къыдэкIуэи, уи гур хощI сабий сымаджэр щыплъагъукIэ. Зы педиатри щыIэкъым сабийми и узыр псэкIэ димыгуэшу, димыгъэву.
- Сабийхэм дохутырхэр дакъызэрыщыхъури зэхуэдэкъым. Нэхъыбэр халат хужь зыщыгъхэм ящошынэ. Ауэ сэ абы и лъэныкъуэкIэ зэи гугъу сехьакъым. А цIыкIухэмрэ сэрэ тыншу дызэгуроIуэ. Поликлиникэм сыщыщылажьэм, сабий сыкъэзыцIыхуахэр гуфIэжу къыщIыхьэрт. Уеблэмэ, нэхъыфI дыдэу ялъагъу зэрыджэгу хьэпшып цIыкIухэр, ягу пымыкIми, саугъэту къысхуахьырт. Дауэ къеIысхынт?! А хьэпшыпхэр я деж щысхуахъумэну яжесIэурэ естыжырт. Апхуэдэхэм деж ахэр зыкIэ гуфIэрти! Сабийхэр дохутырхэм къызэрытщышынэм хуэдизкIи дафIэгъэщIэгъуэнщ. Ар сощIэри, япэщIыкIэ си Iэмэпсымэхэр зэпызогъэплъыхь, абы ущышынэн зэрыхуэмейр къагурызогъаIуэ, хуэмурэ къызэрокIри усэ, уэрэд, таурыхъ цIыкIухэр къызжаIэу щIадзэ. АдэкIэ «ныбжьэгъу» дызэхуохъури, тыншу дызэгуроIуэ.
- Ди лэжьыгъэр гугъу тщызыщIхэм ящыщщ языныкъуэ адэ-анэхэр. Ди деж мыгузавэу зыри къызэремыкIуалIэр дощIэ, ди зэфIэкI зыхуэдмыщIи яхэткъым, ауэ дэ сымаджэу диIэр хыфIэддзэу зым и сабийм зэману диIэр зэрытедмыгъэкIуэдэфынур къызыгурымыIуэ щыIэщ. Сыт хуэдэ къулыкъу, мылъку, цIэ лъапIэ ямыIэми, сымаджэщ бжэщхьэIум къебэкъуа псори сэркIэ зэхуэдэщ, зыхэгъэж сымыщIыуи дэтхэнэ-ми дэIэпыкъуэгъу сыхуэхъунущ. Куэдрэ къохъу апхуэдэхэм ди къарури зэманри щытфIахь. Адэ-анэхэм дзыхь къытхуащIын хуейщ. Педиатрым и лэжьыгъэр, сабийм ирихьэлIэ къарур псыхэкIуадэ хъунущ адэ-анэм ар къыддамыIыгъмэ, яжетIэр ямыгъэзащIэмэ.
- ФIым дыхуоплъэ
- Къыхиха IэщIагъэм хуэпэжу цIыхум сэбэп зэрахуэхъунум сытым дежи хущIокъу Щомахуэ Каринэ. Коронавирус узыфэм дуней псор щигъэгузавэ лъэхъэнэ хьэлъэм ар яхыхьащ абы пэщIэтхэм. Нобэ ар республикэм и Сабий клиникэ сымаджэщым узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэм щеIэзэу щыIэ госпиталым и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщIщ.
- — Ди сымаджэщым госпиталь къыщыщызэIуа-хым, си лэжьэгъу куэдым хуэдэу, сэри абы сыщылэжьэну жэрдэм сщIащ, — дыщегъэгъуазэ Iуэхум Щомахуэм. — Лэжьыгъэм дыпэрыхьэн ипэ, узыр зищIысым, абы дызэреIэзэну Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм, сымаджэхэм дазэрыхэтыным теухуауэ ди щIэныгъэм хэдгъэхъуащ. Пэжым ухуеймэ, узыфэм икъукIэ дегъэгузавэ, гур хэзыгъэщIщ иджыпсту къекIуэкIыр. Дызыхэт сымаджэхэм сахэплъэху, ахэр узыншэу я унагъуэхэм яхэтIысхьэжыну сахуохъуапсэ. Зы махуэм нэхърэ адрейм гъащIэм хуаIэ гугъэр зыухыжхэм я нэм ущIэплъэныр тыншкъым. Дохутырхэм тхузэфIэкIыр сымаджэхэм яхудощIэ, ауэ ди Iэзэгъуэр зыпэмылъэщи щыIэщ. Псом япэрауэ, езы цIыхухэр зыхуэсакъыжын хуейщ, къагъэнэIуа хабзэхэр ягъэзащIэмэ, шэч хэлъкъым, сымаджэр нэхъ мащIэ зэрыхъунум. Медицинэ нэкIуIулъхьэм теухуа псалъэмакъ куэд зэрыщыIэм щхьэкIэ къыхэзгъэщу жысIэну сыхуейт ар къыфхуэмыщхьэпэмэ, зэран къызэрыфхуэмыхъунур. Иджыпсту щытыкIэр хьэлъэми, дызыхуэплъэр фIыщи, Тхьэм жиIэмэ, абыи дыкъикIынщи, дызэса псэукIэ зэпIэзэрытыр дунейм щызэтеувэжынщ.
- Насыпым и зы пщалъэ
- — Къыхэсха IэщIагъэм и мыхьэнэр къызгурымыIуащэу сабий хъуэпсапIэу къежьами, сыхуеджэн щIэздза нэужь хьэкъ сщыхъуащ абы сыкъызэрыхуигъэщIар, си гум, си псэм къыдыхьэн лэжьыгъэ къызэрыхэсхар. ФIыуэ плъагъу IэнатIэ упэрытыныр насыпым и зы пщалъэщ, — пещэ Каринэ, зыпэрыт IэщIагъэм и гъащIэм щиубыд увыпIэм дыщыщIэупщIэм. — Си гупсысэр абы теухуа хъуа нэужь, си мурадым сызэрыхуэкIуэным сыхущIэкъуащ, школым сызэрыщIэсрэ медицинэм теухуа тхылъыщIэ къыспэщIэхуамэ, нэхъуеиншэу щIэзджыкIырт. Си дежкIэ ар си щIакхъуэ Iыхьэр къызэрызлэжь IэнатIэ къудейкъым, апхуэдэу къызыщыхъу щыIэми, абы къыпэкIуэ мылъкур япэ щибгъэщам, лэжьыгъэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэми зихъуэжынущ, къуит псэкупсэ зэпIэзэрытыныгъэри кIуэщIынущ. Мы IэнатIэм щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым ущрохьэлIэри, уи гупсысэм, дуней еплъыкIэм зрегъэхъуэж. Ауэ си дежкIэ дапщэщи нэхъыщхьэу къэнэжыр къысщыгугъ сымаджэм и узыр зэрыщызгъэпсынщIэнырщ.
- Дохутырым гу быдэ кIуэцIылъын хуейщ, абы къыдэкIуэи гущIэгъуи щабагъи хэлъыпхъэщ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ ар сымаджэм зэрепсалъэм. Псалъэм и къарур инщ, псом хуэмыдэу ар сымаджэм хуэгъэзауэ дохутырым къыжьэдэкIмэ. Ар хущIэкъун хуейщ сытым дежи и щIэныгъэм, и зэфIэкIым зэрыхигъэхъуэным. Сыт дохутырыр зыщIэхъуэпсынкIэ хъунур? Сэ сызэ-реплъымкIэ, цIыху нэхъыбэм сэбэп зэрахуэхъуфынырщ. И сабийм и узыншагъэм къигъэгузэвауэ зи щхьэ къыдэзыхьэлIэ анэхэмрэ узым къигъэдзыха сабийхэмрэ гуфIэжу сымаджэщым щыщIэкIыжкIэ си гур хохъуэ, си къалэныр къызэхъулIащи.
- ЩхьэщэмыщI Изэ.
- Лъхукъуэщауэ Мадинэ:Си IэщIагъэм гухэхъу игухэщIи къызет
- «Дохутыр IэщIагъэм къыхуигъэщIащ» зыхужаIэхэм ящыщщ Лъхукъуэщауэ (Чым) Мадинэ СулътIан и пхъур. А бзылъхугъэр зыпэрыт IэнатIэм щытепсэлъыхькIэ абы хуиIэ фIылъагъуныгъэр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Гуапэщ зэфIэкI лъагэ зиIэ апхуэдэ IэщIагъэлIхэр республикэм и медицинэм зэрыхуэлажьэр.
- Налшык къалэ и курыт школ №9-р дыщэ медалкIэ къэзыуха Мадинэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ Москва дэт, Пироговым и цIэр зезыхьэ къэрал медицинэ институтым. А еджапIэ дыдэм педиатриемкIэ ординатурэр щрихьэкIащ, иужькIи абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуэжри, УЗИ IэмэпсымэхэмкIэ узыр къэзыхутэ дохутыруи лэжьэн щIидзащ.
- Лъхукъуэщауэм и лэжьыгъэ гъуэгуанэр къыщожьэ Жьэн узыфэхэм щеIэзэ республикэ диспансерым. Абы куэдрэ щымыIауэ, 1988 гъэм ар ирагъэблэгъащ Узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ сымаджэщым (иджыпсту абы зэреджэр СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрщ). И лэжьыгъэм хъарзынэу зэрехъулIэр къалъытэри, 1997 гъэм сымаджэщым узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ и къудамэ №1-м и унафэщIу ягъэуващ.
- Мадинэ IэнатIэм щиIэ зэфIэкI лъагэхэм я щыхьэтщ КъБР-м, УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэхэм, республикэм и медицинэ лэжьакIуэхэм я профсоюзым и президиумым я ЩIыхь тхылъхэр къызэрыхуагъэфэщар. «2013 гъэм и дохутыр нэхъыфI» зэпеуэми Лъхукъуэщауэм текIуэныгъэр къыщихьауэ щытащ. Апхуэдэуи мы гъэм и шыщхьэуIу мазэм абы къыфIащащ «КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэр.
- — Мадинэ, дохутырхэм IэщIагъэр къыщIыхахам и щхьэусыгъуэмкIэ сащеупщIкIэ, нэхъыбэм жаIэ абы зэрысабийрэ щIэхъуэпсу щытауэ. Уэ нобэ узыпэрыт IэнатIэм дауэ узэрыхуэкIуар?
- — Сэ курыт школыр къыщызуха лъэхъэнэм фIыуэ еджахэм псоми дохутыр IэщIагъэр къыхахырт. Сызыхуеджэнум теухуауэ зэи гупсысэ сиIакъым. СщIэрт дохутыр сызэрыхъунур, нэгъуэщIу зыслъагъуртэкъым. Си анэшхуэмрэ адэшхуэмрэ «сеIэзэрт», хущхъуэхэм я цIэхэр, ахэр зи сэбэпыр тынш дыдэу сигу изубыдэрт. Ди зэманым класс къэскIэ еджакIуэхэм ящыщу санитар яIэт, медсестрам и дэIэпыкъуэгъуу. Абыхэм жор плъыжьыр зытет хъуржын цIыкIур я плIэм идзауэ къыздрахьэкIырт. А къалэнри еджапIэм щызгъэзэщIащ. Пэжщ, сурэт щIыным, хьэпшыпхэм я щытыкIэр, зэхэлъыкIэр убзыхуным сыдихьэхырт, ауэ ар IэщIагъэ схуэхъуну зэи сигу къэкIакъым. Школыр къэзуха нэужь, Москва сыщеджэну тезухуащ. Си зэфIэкIыр згъэунэхужын папщIэ нэхъ жыжьэу сыIукIыну мурад сщIат. КъБКъУ-м си благъэхэр щылажьэрти, абыхэм я фIыгъэкIэ сыкIуэцIрыкIыу я гугъэну сыхуейтэкъым.
- Апхуэдэу 1979 гъэм Пироговым и цIэр зезыхьэ къэрал медицинэ институтым сыщIэтIысхьащ. Ар къэдуха нэужь илъэсищкIэ Москва дыщылэжьэн хуейт, ди псэукIэ и лъэныкъуэкIэ езыхэм псори къызэрагъэпэщт. Пэжыр жысIэнщи, абы сыкъыщынэну зэи сыхуеякъым, си лэжьыгъэр щыслъагъур ди республикэрат. Сыщеджа институтым жьэн узыфэр зыпкърыт сабийхэм еIэзэнымкIэ кафедрэ гъэщIэгъуэн иIащ, икъукIэ щIэщыгъуэу еджэныгъэр къыщызэрагъэпэщырт абы. А унэтIыныгъэм сызэрыдихьэхам къыхэкIыу Жьэн узыфэхэм щеIэзэ республикэ диспансерым лэжьапIэ сыуваут. Абы сызэрыкIуэрэ илъэс ныкъуэ хъуауэ, махуэ гуэрым фIы дыдэу си цIыхугъэ, Узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Ибрэхьим Борис сыхуэзэри, и деж лэжьапIэ сригъэблэгъащ. Мис абы лъандэрэ, 1988 гъэм щегъэжьауэ, мы центрым сыщыIэщ.
- Центрым хьэуам хэт ткIуаткIуэхэм кърахьэкI узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ и къудамэм лэжьэн щыщIэздзащ, а зэманым абы и унафэщIу щыта КIуэкIуэ Любовь и нэIэм сыщIэту. Тыншу дыкъыздекIуэкIащ а бзылъхугъэм сэрэ, куэдым сыхуигъэсащ, сыхуиущиящ, анэ етIуанэ схуэхъуауэ, унагъуэкIэ дызэкIэлъыкIуэу ноби дыкъогъуэгурыкIуэ.
- — Зэман дэкIри, а къудамэм и унафэщI къалэныр пщэрылъ къыпщащIащ икIи илъэс 23-рэ хъуауэ уехъулIэу упэрытщ. Абы щекIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэм дыщыбгъэгъуэзамэ, си гуапэт.
- — Иджыпсту абы зэреджэр узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ къудамэ №1-щ. Абы щIагъэгъуалъхьэр хьэуам хэт ткIуаткIуэхэм кърахьэкI узыфэ зэрыцIалэхэмрэ икъукIэ шынагъуэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ зыпкърыт сымаджэхэрщ. Япэм къызэщIеубыдэ пыхусыху лIэужьыгъуэхэр, бжэнтепкIэр, коклюшыр, скарлатинэр, фэрэкIыр, фэгъазэр, щIыфэкъилъэлъыр, щхьэ куцIым зэран хуэхъу узыфэхэр, нэгъуэщIхэри. ЕтIуанэм хохьэ тало, емынэ, сыбыр язвэ узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэхэр.
- Хэт игу къэкIынт нобэ дэ дызэрыт щытыкIэ гугъум дыхуэкIуэну, икъукIэ шынагъуэу къалъытэ узыфэ зэрыцIалэм дыпэщIэтыну! Илъэс къэс апхуэдэ узыфэхэм дызэребэнынум теухуауэ джэгукIэ щIыкIэу егъэджэныгъэхэр идогъэкIуэкI. Ауэ ди пщIыхьэпIи къыхэдгъахуэртэкъым эпидемиер къытхыхьэу емынэ узыфэм ущызыхъумэ щыгъын гугъусыгъухэр тщыгъыу дылэжьэну къытхуихуэну. Пэжщ, апхуэдэ щытыкIэм дыхуэхьэзырт, дызыхуеинухэмкIи дыкъызэгъэпэщат, тщIапхъэми фIыуэ дыщыгъуазэт, къэралым и Санэпидемстанцым и унафэм, и чэнджэщым дытету ди лэжьыгъэр зэрекIуэкIым и фIыгъэкIэ. Мыбдежым къыхэзгъэщыну сыхуейт къэралым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэми санэпидемстанцэми я лэжьыгъэм и лъабжьэ быдэр Совет Союзым и зэманым къызэрыщежьэр. Мис абы щыгъуэм яубзыхуа Iуэху зехьэкIэм куэдкIэ и фIыгъэщ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм, хамэ къэрал куэдым хуэдэу, шынагъуэу Урысейм зэрызыщимыубгъуар. Адрей къэралхэм эпидемием, узыфэ зэрыцIалэхэм пэщIэтынымкIэ IэнатIэ щхьэхуэхэр яIэкъым, абы къэхэкIыуи ахэр куэдкIэ нэхъ хуэмыхьэзыру къыщIэкIащ COVID-19-м дызэригъэува щытыкIэм.
- — СызэрыщыгъуазэмкIэ, СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрырщ япэ госпиталыр къыщызэIуахар. Сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр фи IэнатIэм къыхилъхьа абы?
- — Гъатхэпэм и 21-м щегъэжьауэ центрым и къару псори хуигъэпсащ икъукIэ шынагъуэ узыфэ зэрыцIалэм зэрыпэщIэтынум. Абы теухуауэ дызыщыгъуазэр мащIэт, ар зищIыс дыдэми зэрызиубгъуну щIыкIэми хэтщIыкI щыIэтэкъым. Дэ фIыуэ тщIэр зыт: ар икъукIэ шынагъуэ узыфэ зэрыцIалэу зэрыщытырт. А махуэм дызэхуашэсри къыджаIащ пIалъэ гуэркIэ сымаджэщыр хэщIапIэ зэрытхуэхъунур, абы и 4-нэ къатыр медицинэ лэжьакIуэхэр дыщыпсэуну зэрытхухахар.
- ИщхьэкIэ къызэрыхэзгъэщащи, ди къудамэм щедгъэкIуэкI джэгукIэ-егъэджэныгъэхэм я фIыгъэкIэ дэ Iуэхум нэхъ дыхуэхьэзырт. Апхуэдэхэм деж адрей къудамэхэм щылажьэхэр яфIэгъэщIэгъуэну къыткIэлъыплъырт икIи щытыкIэ хьэлъэм дыкъыщихутэм, япэщIыкIэ абыхэм я гугъащ езыхэм ялъэмыIэсыну. АрщхьэкIэ абы псори къызэщIиубыдащ, гупым къахэкIакъым зи IэщIагъэм хуэмыпэжа.
- Япэ мазэм центрым и унафэщIхэр жэщми махуэми жей ямыIэжу Iуэхур зэрызэтраублэнум и ужь итащ. Лэжьыгъэр къепхьэлIа нэужьи хуиту зыгъэпсэхуа ухъуртэкъым. ГурыIуэгъуэт центрым апхуэдэ Iэмал зэримыIэр. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м къыбгъэдэкIыу щыIэ сенатор Къанокъуэ Арсен. Ди щытыкIэр зыхуэдэр къыщищIэм, абы и «Синдикэ» хьэщIэщыр хуит къытхуищIащ. «Лэгъупыкъу» санаторэм шхынкIэ дыкъызэригъэпэщащ. Ди лэжьыгъэр зэблэкIыгъуищу зэщхьэщыхауэ жэщи махуи долажьэ.
- ШыщхьэуIу мазэм ирихьэлIэу сымаджэхэр нэхъ мащIэ хъури, япэм дызэрыта щытыкIэм дытехьэжат. Ди гуфIэгъуэм гъунэ иIэтэкъым, ди фIэщ хъужыртэкъым къызэрыгуэкI лэжьыгъэм дыпэрыувэжауэ. ЗэрыжаIэу, Iейми зы фIы гуэр къешэ. ГъэщIэгъуэныракъэ, мы узыфэ шынагъуэм иужькIэ ди центрым зэIэзэ сымаджэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуат. КIэтIий узыфэ зэрыцIалэхэр зиIэхэр къудамитIым щIэмыхуэу щIэлъу щытамэ, иджы апхуэдэхэр закъуэтIакъуэххэт. Сытыт абы и щхьэусыгъуэр? Къабзагъэм и хабзэхэр зэрагъэзащIэрт — цIыхухэм щIэх-щIэхыурэ я Iэхэр ятхьэщI хъуат, къищынэмыщIауэ, унэм щIэсын хуейуэ къазэрыхуихуам папщIэ, унагъуэм зыхуей хуэзэу щаупщIэфIа ерыскъыт яшхыр. Пыхусыху лIэужьыгъуэхэм ягъэсымаджэхэри щыIэжтэкъым, цIыхухэр нэхъ мащIэу зэхыхьэ зэрыхъуам къыхэкIыу.
- АрщхьэкIэ мазэрэ ныкъуэщ апхуэ-дэу зэрекIуэкIар. ФокIадэм и кIэхэм коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэм я бжыгъэм хэхъуэу щIидзэжащ. Егъэлеяуэ куэд хъуащ сымаджэр, апхуэдиз зэуэ дэ зэи тлъэгъуакъым. Зи щытыкIэр нэхъ хьэлъэхэ- ращ сымаджэщхэм ягъэгъуэлъыр, нэгъуэщI хэкIыпIэ щыIэкъыми.
- Нэхъ шынагъуэращи, узыфэм зыкъызэрызридзэкIынур къыпхуэщIэркъым. НэхъыфI къэхъужа сымаджэр зэуэ къызэIохьэжри, хуэтщIэри хуэдлэжьри сэбэп хуэмыхъуу утыкум дыкъонэ. Куэдым елъытащ ар, псалъэм папщIэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъым тIасхъапIэ гуэрхэр иIэмэ, и иммунитетыр лъахъшэмэ, апхуэдэр нэхъ псынщIэу узыфэ шынагъуэм еубыд икIи бгъэхъужынуи нэхъ гугъущ. Апхуэдэуи щыIэщ коронавирусыр пкърыту къытхуаша сымаджэм, узыфэ гъэтIылъахэр иIэу къыщIэкIыу, «мыбы зыгуэр хуэтщIэфыну пIэрэ?» жытIэу дызыгъэгузавэм и Iуэхур фIы дыдэ щыхъуж. Узыфэм теухуауэ къэралым и медицинэ институт цIэрыIуэхэм ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэмкIэ зэхагъэува чэнджэщхэр мазэ къэс къытIэрохьэ, интернетым къыдит Iэмалхэр къэдгъэсэбэпуэрэ, адрей дохутырхэми я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм зыщыдогъэгъуазэ. Ди закъуэкIэ зы унафи къатщтэркъым, Москва дэт медицинэ центрхэм дапыщIащи, реанимацэм щIэлъ сымаджэм и щытыкIэм теухуауэ тхылъхэр догъэхьэзырри, яхудогъэхь. Абы къыджаIэхэм тещIыхьауэ дохутырхэр дызэчэнджэщыжурэщ сымаджэхэм дызэреIэзэр. Дэтхэнэ сымаджэми тхузэфIэкIыр худощIэ, хущхъуэхэмкIи IэмэпсымэхэмкIи хъарзынэу дыкъызэгъэпэщащ. Ауэ мы узыфэр апхуэдизкIэ «бзаджэщи», ар зыхыхьа Iэпкълъэпкъым къыщигъэхъункIэ хъунур къэпщIэну гугъущ, дызыщымыгъуазэ гуэр Iуэхум зэрыхэлъым дегъэшынэ.
- Узыфэ шынагъуэр яIэу ди центрым щIэлъащ абы и дохутыр нэхъыщхьэу щыта, сэ мы лэжьапIэм сыкъезыгъэблэгъа Ибрэхьим Борисрэ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым неврологиемкIэ и къудамэм и унафэщIу лэжьа Урысмамбэт Гъумаррэ. Абы я лэжьэгъухэм, я ныбжьэгъухэм ар узыфэм къедгъэлынымкIэ сытри тщIэнут. АрщхьэкIэ, хьэлъэу япкърытти, зы Iэмали къыдитакъым. Апхуэдэхэр дапщэ хъурэ…
- ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэ къыщызэпхагъэIукIауэ щытащ медицинэ нэкIуIупхъуэр зыкIи сэбэп мэхъуу. Пэжкъым! Узыфэ зэрыцIалэр къезыхьэкI ткIуаткIуэр зимыгъэхъейуэ хьэуам хэткъым, аращи, ар къэзыгъэсэбэпыр узым нэхъ щыхъума мэхъу. ЩIэх-щIэхыурэ уи Iэр птхьэщIмэ, уи жьэм псы жьэдэбгъэжыхьмэ, уи пэр къиптхьэщIыкIмэ, цIыхухэм метр нэхъ мащIэкIэ уабгъэдэмыхьэмэ, нэкIуIупхъуэр пIулъмэ, узыр къыппкърымыхьэнкIэ шэсыпIэ нэхъыбэ щыIэщ.
- — Мадинэ, къыхэпха IэщIагъэмкIэ ущыхущIегъуэжа зэгуэр къыпхуихуа?
- — Хьэуэ. Зэи сиIакъым апхуэдэ гупсысэ. Дохутыр IэщIагъэр цIыхум и гъащIэр, и узыншагъэр хъумэным щепхакIэ, абы гухэхъуи гухэщIи къуитыфынущ. Уи Iэзэгъуэ зэпхьэлIа сымаджэр хъужауэ плъагъуныр гу-фIэгъуэщ. Педиатриеращ си лэжьыгъэр зэпхари, сабийр балигъым хуэдэкъым, хьэлъэ дыдэу щымытмэ, ар къиин хъуркъым. Я жыджэрагъымкIэ, дэрэжэгъуэ къапкърыкIымкIэ уи гукъыдэжыр хагъахъуэу апхуэдэщ а цIыкIухэр. Къыпщыгугъ цIыхум сэбэп ухуэхъуфыныр, абы и фIыщIэ псалъэр зэхэпхыжыныр насыпышхуэщ.
- Хьэлъэщ узыпэмылъэщын узыфэ зэриIэр пщIэуэ сымаджэм и нэгум уиплъэну. Апхуэдэхэм мымащIэу дохутырхэр дрихьэлIэми, абы уесэркъым. Сабийм и анэр абы зэрытегужьеикIар щыплъагъукIэ, ар зыщыгугъа уэ узэрыIэмалыншэр къыщыбгурыIуэжкIэ, уи гур хощI. Я нэхъ сымаджэ хьэлъэ дыдэми, и псэр хэкIыхукIэ гъащIэм гугъэ хуиIэщ. ЦIыхур щылIэкIэ иужьу фIэкIуэдыр и тхьэкIумафIагъэрщ. Аращи, абы ущхьэщыту зэи Iей жыпIэ хъунукъым. Реанимацэм сыщIыхьа нэужь, сыма- джэм укъищIэу щымытми, сопсалъэ: «Псори тэмэмщ, нобэ уи щытыкIэр фIы дыдэщ», — жысIэурэ. Ар сэбэп мыхъумэ, зэран зэрыхуэмыхъунур сощIэ.
- — Упсэу, уи IэщIагъэм и хъер плъагъуу иджыри илъэс куэдкIэ Тхьэм уигъэлажьэ.
- Епсэлъар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
- Гугъэ къыпхэзылъхьэжыф
- Зыпэрыт Iуэхум фIы дыдэу ехъулIэу, зыхэт гупым я деж и пщIэр щылъагэу, сымаджэхэр къыхуэарэзыуэ илъэс 30-м щIигъуауэ медицинэ IэнатIэм пэрытщ Iэрэмысэ Замирэ. А бзылъхугъэм и лэжьэкIэм, и Iуэху бгъэдыхьэкIэм щыгъуазэ ухуэхъуа нэужь, наIуэ мэхъу абы и IэщIагъэр гукIи псэкIи къызэрыхихар. НэгъуэщI лэжьыгъэ иIэнкIэ хъуну ар зэи егупсысакъым икIи курыт еджапIэр къызэриухыу Налшык къалэ дэт медицинэ училищэм медсестрахэр щагъэхьэзыр и къудамэм щIэтIысхьащ. Егупсысауэ IэщIагъэр къыхэзыха Iэрэмысэр еджэнми хъарзынэу хэзэгъащ, къыжраIэр, зыхуагъасэ псори фIэхьэлэмэту, нэхъыбэ къызэрищIэнум хущIэкъуу а илъэсхэр игъэкIуащ.
- ЕджапIэ нэужьым ар щылэжьащ Аруан щIыналъэ сымаджэщым урологиемкIэ, неврологиемкIэ и къудамэхэм, Арщыдан дэт поликлиникэм. Иужьрей илъэсхэм Замирэ ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм щеIэзэ сымаджэщым Лэскэн районым щиIэ и къудамэм медсестра нэхъыжьу щыIэщ.
- Пандемием щытыкIэ хьэлъэм дызэригъэувэрэ дохутырхэм яхь жэуаплыныгъэми хэхъуащ, я лэжьыгъэри куэдкIэ нэхъ гугъу хъуащ. Апхуэдэ къалэн мытыншыр зи пщэ къыдэхуахэм яхэтщ Iэрэмысэр. Анзорей къуажэм дэт сымаджэщым узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэхэм щеIэзэу къыщызэIуаха госпиталым япэ махуэхэм щегъэжьауэ щыIэщ Замирэ. Медсестра нэхъыжьым къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр иIэщ, IэнатIэм лэжьыгъэр нэгъэсауэ къыщызэгъэпэщыныр куэдкIэ абы елъытащ. Нобэр къыздэсым адыгэ бзылъхугъэр и къалэным щемыхъулIа къэхъуакъым, езыр цIыху гумызагъэщи, зи ужь ит Iуэхур тэмэму зыфIимыгъэкIауэ етIысэхынукъым.
- Узыфэ зэрыцIалэм апхуэдизкIэ псынщIэу зеубгъури, сымаджэхэм я бжыгъэр махуэ къэс нэхъыбэ мэхъу. Шэч хэмылъуи, медицинэ лэжьакIуэхэм я къалэнми къыхохъуэ. Дохутырым сымаджэм и щытыкIэр къипщытэрэ, ирахьэлIэну хущхъуэр къигъэлъэгъуа нэужь, абы жаIар зэрагъэзащIэр, къудамэм щекIуэкI лэжьыгъэр къэзыпщытэр медсестра нэхъыжьырщ. Замирэ и унафэм щIэт медсестрахэми сымаджэхэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуегъуэтыф. И лэжьэгъухэм ар щапхъэ яхуохъу, ямыщIэр яжриIэу, чэнджэщэгъу яхуэхъуу гупым яхэтщ. Сымаджэм и гукъеуэр зыхищIэрэ псалъэ гуапэкIэ игъэгушхуэу апхуэдэщ. КъищынэмыщIауэ, Iэрэмысэр епсэлъэн хуей мэхъу сымаджэхэм я благъэхэми. Сыт хуэдизу емышами, лэжьыгъэр хузэтримыхьами, абы телефонкIэ зыкъыпызыщIэхэр жэуапыншэу къыщигъэна къэхъуакъым, шыIэныгъэшхуэ хэлъу дэтхэнэми сымаджэм и Iуэхур зыIутыр зыхэхауэ яжреIэ.
- «Iэрэмысэр зи IэщIагъым фIыуэ хэзыщIыкIщ. ЦIыху гуакIуэщ икIи гуапэщ, гулъытэ зиIэщ, гущIэгъу зыхэлъщ. Абы хуэдэхэрщ медицинэм щылэжьэн хуейр. Ди гукъеуэ етхьэлIауэ абы дыщызыхимыщIыкIа къэхъуакъым, хузэфIэкIымкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ. Хуабагъэ гуэр къыпкъырыкIрэ и псалъэ дахэхэмкIэ гугъэ къыпхэзылъхьэжыф бзылъхугъэщ ар», — жаIэ Замирэ щылажьэ сымаджэщым щIэлъахэм ящыщ куэдым. Медицинэ лэжьакIуэм и дежкIэ апхуэдэ псалъэхэр куэд и уасэщ. Абы къегъэлъагъуэ ар зыпырыт IэщIагъэм къызэрыхуигъэщIари хъарзынэу зэрехъулIэри.
- ГуIэтыж Залинэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым COVID-19-м пэщIэтыф
- вакцинэу 750-м щIигъу къыIэрыхьащ
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпащэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм ущызыхъумэ мастэр цIыхухэм яхэлъхьэным теухуа Iуэхухэм. А лэжьыгъэм дыгъэгъазэм и 11-м щыщIадзащ ди деж. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, нобэм ирихьэлIэу щIыналъэм къыIэрыхьащ «Гам-КОВИД-вак» вакцинэ лIэужьыгъуэм хуэдэу 750-м щIигъу.
- 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 15-м ирихьэлIэу мастэр цIыхуи 182-м халъхьащ, абыхэм ящыщу етIуанэу ар хаIуащ цIыху 40-м. Мастэр зэмызэгъа, абы игъэгуэуэщхьэуа яхэткъым зыхаIуахэм. Дызэрыт тхьэмахуэм и кIэ пщIондэ иджыри цIыху 80-м ирахьэлIэнущ хущхъуэр.
- КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къепха IуэхущIапIэ псоми, КъБР-м щыIэ Урысей гвардием, ФКУС МСЧ №7-м, КъБР-м щыIэ ФСИН-м, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм зрагъэтхащ, мастэр зыхегъэлъхьэн Iуэхум хэтыну, ар я лэжьакIуэхэм ирагъэхьэлIэну хуейуэ. Мастэр япэу зыхалъхьэну гупхэм хагъэхьащ медицинэ, социальнэ, хабзэхъумэ, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр.
- «Гам-КОВИД-вак»-р пкъыгъуитIу зэхэлъ, зы цIыхум тIэунейрэ хэлъхьэн хуей хущхъуэгъуэщ. Ар ящIащ «Гамалей Н. Ф. и цIэр зезыхьэ НИЦЭМ» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэмрэ Урысейм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и «48-й ЦНИИ» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэмрэ я щIэныгъэлIхэм. Аращ коронавирусым пэщIэтыфу дунейм япэу щатха мастэр. Абы сэбэпынагъыу цIыхум къыхуихьымрэ ар шынагъуэншэу зэрыщытымрэ клиникэ IэмалхэмкIэ къахутащ. «Спутник V» вакцинэр хурагъэшэну къыщIэлъэIуу УФ-м зыкъыхуагъэзащ къэрал 50-м щIигъум.
- ЛIЫХЪУГУ Динэ.
- Фи щхьэр зэрыфхъумэным фыхущIэкъу
- Республикэм и медицинэ IэнатIэм щымащIэкъым щIэныгъэ лъагэ зиIэ, Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр. Япэ ит нэхъыжьыфIхэм я щапхъэм тетрэ я зэфIэкIкIэ абыхэм зэрахуэфэщэным хущIэкъуу я лэжьыгъэр ирахьэкI абыхэм. Нобэ ди псэлъэгъу щIалэр — СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрым и анестезиолог-реаниматолог Абыкъу Инал — гугъэфIхэр уэзыгъэщI IэщIагъэлIхэм ящыщщ.
- 2002 гъэм Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ ЯтIэкъуэ къуажэм дэт курыт школыр къиухри, Абыкъур КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм щIэтIысхьащ. ИужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Владикавказ дэт медицинэ академием и ординатурэм. ЩIыналъэм къигъэзэжа нэужь, лэжьэн щыщIидзащ Дзэлыкъуэ район сымаджэщым, абы къыдэкIуэуи сыхьэт бжыгъэ хэхакIэ щыIэт Республикэ сабий клиникэ сымаджэщымрэ СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ центрымрэ. 2017 гъэм щегъэжьауэ центрым и лэжьыгъэ нэхъыщхьэр щрехьэкI.
- — Сызыхуеджэ IэщIагъэр зыхуэдэр КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм и 5-нэ курсым сыщIэсу згъэунэхуащ. Абы щыгъуэм медбрату лэжьэн щыщIэздзат Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м реанимацэмрэ анестезиологиемкIэ и къудамэм, — жеIэ Инал. — Дохутыр сыхъуну сызэрысабийрэ си хъуэпсапIэт, ауэ сызыпэщIэува лэжьыгъэр зэрымытыншыр абдежщ къыщызгурыIуар. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу си нэгум щIэкIырт цIыху гъащIэр къегъэлынымкIэ ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр. Сыт хуэдизу гугъу емыхьами, я лэжьыгъэр къехъулIамэ, абы къарит гухэхъуэр я нэгум ислъагъуэрт сызыдэлажьэхэм. Зи псэм гузэвэгъуэ телъ цIыхум гугъэ ептыжыныр гугъуехь псоми я щхьэу къэслъытэри, IэщIагъэмкIэ сызэрыщымыуар хьэкъ сщыхъуат. ИкIи сызыхэта гупым хуэдэуи, анестезиолог-реаниматологыу сылэжьэну тезухуащ.
- — Инал, къыхэпхар медицинэм и унэтIыныгъэ нэхъ гугъу дыдэхэм хабжэ. Операцэр зэрекIуэкIынур анестезиологым куэдкIэ елъытащ, сымаджэр тэмэму къызэфIэувэжынымкIэ реаниматологым жэуаплыныгъэшхуэ ехь. Абы ипкъ иткIэ апхуэдэ IэщIагъэлIым и къэухьыр ину щытын хуейщ.
- — А IэщIагъитIыр зэпхауэ къызэдогъуэгурыкIуэ икIи урилэжьэфын папщIэ медицинэм и унэтIыныгъэ куэдым хэпщIыкIыпхъэщ. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым и зыхэлъыкIэм, абы и щхьэхуэныгъэхэм фIыуэ ущыгъуэзэн хуейщ узэреIэзэну щIыкIэр, епхьэлIэну хущхъуэм и мардэр зэхэбгъэкIыфын папщIэ. Аращи, медицинэм щIэуэ къыхыхьэхэм зэрызыщызгъэгъуэзэным сытым дежи иужь ситщ, къищынэмыщIауэ, IэщIагъэлI нэхъыжьхэм я лэжьэкIэм сыкIэлъыплъкIэрэ, я жыIэм седаIуэкIэрэ, си зэфIэкIым зэрыхэзгъэхъуэнми сыхущIокъу. Ординатурэм сыщыщIэсам Владикавказ и Республикэ клиникэ сымаджэщми Беслъэн къалэм дэт Узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм щеIэзэ центрми сыщылэжьащ. Си IэщIагъэм теухуауэ Осетием куэд къыщысщIащ, лэжьыгъэм и пIалъэр щызэгъэунэ-хуащ. Ноби абы сыщезыгъэджахэм пыщIэныгъэ яхузиIэу, сыхуей хъумэ, я деж чэнджэщ щызгъуэту апхуэдэщ.
- Анестезиолог-реаниматологхэм сыт хуэдэ щытыкIэми псынщIэу хэкIыпIэ къыхуагъуэтыфын хуейщ. Дэ ди къудамэм щIэлъхэр сымаджэ хьэлъэхэрщ икIи я гъащIэр къызэредгъэлыным ди зэфIэкI псори идохьэлIэ. Махуэ къэс тлъагъур арами, зэрыжаIэм хуэдэу, щытыкIэм десэжакъым, дэтхэнэ зы сымаджэми дыхуэгузавэу Iэзэгъуэ хуэхъуныр зэхыдогъэкI. Уеблэмэ, лэжьыгъэ нэужьми, абы и Iуэхур уи щхьэм имыкIыу уегупсысу апхуэдэщ. Си IэщIагъэм и фIыпIэу къэслъытэр гъащIэм хуаIэ гугъэр зыфIэкIуэда цIыхухэм сэбэп сахуэхъуфыну Iэмал къызэрызитырщ.
- — Уи нэIэм щIэт сымаджэхэм сабийхэри балигъхэри яхэтщ. Дэтхэнэм нэхъ тыншу удекIуэкIрэ?
- — Лэжьэн зэрыщIэздзэрэ тIуми соIэзэ. Къапщтэмэ, сабийми балигъми емылъытауэ, дэтхэнэ сымаджэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ хуейщ. Сабийм къыхэзыгъэзыхьыр зэрыжимыIэфым къыхэкIыу, нэхъ гугъущ и узыр къэпхутэну, ауэ уи Iэзэгъуэм и фIыгъэкIэ абы и нэгум дэрэжэгъуэ иплъагъуэжыныр куэд и уасэщ. СызэIэза цIыкIу-хэр хъужауэ щыслъагъукIэ, си IэщIагъэм гухэхъуэ нэхъыбэ къызет.
- — Пандемием фи лэжьыгъэм сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьа?
- — Иджыпсту дохутырхэм я щытыкIэр тыншкъым, ди лэжьыгъэр куэдкIэ нэхъ гугъу икIи нэхъ хьэлъэ хъуащ. Ар зэлъытар сымаджэхэм я бжыгъэм махуэ къэс зэрыхэхъуэрщ, езы коронавирусыр егъэлеяуэ узыфэ бзаджэу зэрыщытырщ. Абы къыдохъей цIыхум уз гъэтIылъауэ иIэр. Аращи, узыфэр къезы-хьэкI вирусым и мыза-къуэу, цIыхум и Iэпкълъэпкъым щыщу нэхъ тIасхъэ ищIа псори къэтхутэу деIэзэн хуейщ. Къалэныр нэхъыбэ зэрыхъуам къыдэкIуэу, махуэ бжыгъэкIэ унэм декIуэлIэжыркъым, дызэрылажьэ щыгъынхэращи, хуиту убэуэ-ну, уIэбэну Iэмал къузэрамытым нэхъ псынщIэу урегъэзэш. Абы къыхэкIыуи, лэжьэгъуэ зэманыр нэдгъэсамэ, нэхъыбэм шхэнри къытфIэмыIуэху-жу, дызэрыжеиным иужь дитщ, ди къару илъу IэнатIэм дыпэрыувэжыфын папщIэ.
- Сытхьэусыхэркъым, уи упщIэм и жэуапу щытыкIэр зыхуэдэр жысIауэ аращ. Си IэщIагъэм къысхуигъэув къалэн нэхъыщхьэр сымаджэм еIэзэныращи, щытыкIэм емылъытауэ, сэ схузэфIэкIымкIэ дэIэпыкъуэгъу сахуэхъуну сытым дежи сыхьэзырщ. Ауэ езы цIыхухэми захуэзгъазэу яжесIэну сыхуейт: коронавирус узыфэ зэрыцIалэр нобэрей ди гъащIэм хэтщ, къэрал унафэщIхэмрэ дохутырхэмрэ я жыIэр вгъэзащIэу фи щхьэр зэрыфхъумэжыным фыхущIэкъу.
- Епсэлъар ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэщ.