ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2020-12-12

  • Псалъэжьхэр
  • Пхъурылъхурэ къанрэ зэхуэдэщ
  • ЗэгурыIуэр щынафэм щIегъанэри, зэгурымыIуэр выфэми щIигъанэркъым.
  • Зэдэшхэ IэфIщи, зэдэфI унэщ.
  • Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым.
  • Къуэш зимыIэм башым IэплIэ ирешэкI.
  • ЛIакъуэр зыщыбэм быныр щыхейщ.

  • ЛIы гурымыкъыр фызгъагъщи, лIым и гъыринэр гуемыIущ.
  • Махуаем бгъуэтыжыр ныбжьэгъущи, уи хьэмтетыгъуэм бгъуэтыр уи шхэгъущ.
  • Ныбжьэгъужьрэ дыжьыныжь пщэжарэ.
  • Ныбжьэгъуншэр зеиншэ пэлъытэщ.
  • Пхъурылъхурэ къанрэ зэхуэдэщ.
  • ПцIырыпыхьэ щIэинхьыж.
  • Пщащэ дахэ лIыгъапцIэщ.
  • УзэлъэIу къэгъани, къолъэIу къашэ.
  • ФIыуэ слъагъум хуэзмыщIэнур сремыIэ.
  • Узэрымылъагъуу IэфI щыIэкъым.
  • Уи анэрэ уи нитIрэ.
  • Уи благъэ и унащхьэ плъагъуу ублэмыкI.
  • ФIыуэ плъагъум зыкъебгъэщIэнумэ, и цIэр куэдрэ жыIэ.
  •  
  • Гъуазджэм и лэжьакIуэхэр
  • Урысей Федерацэм и цIыхубэ сурэтыщI, РАХ-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик, Красноярск дэт ХудожествэхэмкIэ университетым и профессор Пащты Герман и графикэ лэжьыгъэхэм я еплъыныгъэ тIэуней Китайм щекIуэкIащ.
  • Шхыныгъуэхэр
  • Адыгэ лы гъэжьэкIэ
  • ЛыпцIэр зэпаупщI г 35 — 40 хъууэ. Адыгэ бжьын плъыжь цIыкIур яукъэбз, лыри бжьынри псы щIыIэкIэ ятхьэщIри, дзэху тепщэчым иралъхьэ, шыгъу, шыбжий сыр хаудэри, фIыуэ зэIащIэж. И щхьэр тепIауэ щIыIапIэм деж щагъэт дакъикъэ 15 — 20-кIэ. ИтIанэ лы тыкъыр цIыкIухэри бжьынри хъыдан гъущэкIэ ялъэщI. Щагъэжьэнум и деж япэщIыкIэ дзасэм лы тыкъыр фIалъхьэ, итIанэ бжьын псо, апхуэдэурэ дзасэм фIэз ящI, и кIэ дыдэм фIэлъын хуейр лы тыкъырщ. Пхъэ мафIэ дэпкIэ, дзасэр ягъэкIэрахъуэурэ, ягъажьэ, лыр хьэзыр, тхъуэплъ дахэ хъухукIэ. Дзасэм къыфIалъэфри, пщтыру тепщэчым иралъхьэ. Дашх пIастэ, мырамысэ, чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ. Шэ хуабэ трафыхьыж. Сэбэпышхуэ яхуохъу псчэрейхэм, Iупс бзаджэ зиIэхэм, щIыIэ зыхыхьахэм.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
  • Мэлылу — г 250-рэ
  • Адыгэ бжьын плъыжь цIыкIуу — г 150-рэ
  • Шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
  • Джэдыл гъэбэкхъа
  • Абы щхьэкIэ нэхъ къащтэр джэдыжьщ. Джэд гъэкъэбзар Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпкърах, псы щIыIэкIэ ятхьэщIыж. Джэдыл Iыхьэхэр шынакъ мыулъийм иралъхьэ, шыгъу, губгъуэпхъ, мыцIыкIу дыдэурэ упщIэта бжьыныщхьэ, бурш мыхьэжа, IупщIэ цIыкIуурэ упщIэта шыбжий сыр мыхьэжа халъхьэ. Псы щIыIэ тIэкIу хакIэри фIыуэ зэIащIэ, бжьыныпсыр фIыуэ къыщIахуху. Шынакъыщхьэр трапIэжри, нэхъ зэхэшыпсыхьын щхьэкIэ щIыIапIэм ягъэув сыхьэти 8 — 10-кIэ е нэху кърагъэкI. А зэманым къриубыдэу джэдылыр зэ-тIэу зэIащIэ. Щагъэжьэнум деж джэд Iыхьэхэм кIэрыпщIахэр къыкIэрахри, езы джэдылыр ягъэгъущ, тебэ куукIэ тхъу къагъэплъ, джэдыл Iыхьэ гъэгъущахэр абы халъхьэ, мафIэр ину блэуэ, зэрагъэдзэкIыурэ ягъажьэ тхъуэплъ дахэ хъуху. ИужькIэ псывэ щIакIэ, мафIэр цIыкIу ящIри, тебащхьэр тепIауэ ягъэбэкхъ, псыр щIэвэщIэным нэсыхукIэ. ИтIанэ, зэIащIэурэ, шатэпс щIакIэ, бжьыныху уба халъхьэ, тебащхьэр трапIэжри, мафIэ щабэ дыдэм тету хьэзыр хъуху ягъэбэкхъ, тебэр къытрахыж, джэдгын траудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 5 — 6-кIэ щагъэт. ЗэрызэщIэлъу Iэнэм пщтыру трагъэувэ. Дашх пIастэ хуабэ, мырамысэ.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ):
  • Джэдылу — г 1000
  • Тхъууэ — г 180-рэ
  • Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 100
  • Псывэу — г 300
  • Бжьыныху укъэбзауэ — г 30
  • Шатэпсу — г 300
  • Шыгъуу, шыбжийуэ, губгъуэпхъыу, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  • Къубатий Борис.
  • Гупсысэр – псалъэкIэ
  • ГукъэкIыжхэр къожажьэ
  • Гур архъуанэм ирехьэри… гъащIэ псо щоуназэ. ГукъэкIыжхэр къожажьэ, гупсысэр мэятэ. ПщIэжрэ, пщIэжрэ жыпIатэр, сигу, зэгуэр узелъатэу… Къэбгъуэтауэ, бгъэфIэну, гухэлъ IэфIу уиIэну… Уэ гухэлъыр жыпIэнут, дуней псор ууей хъунут. Сэ сыноплъырти щыму, бжезмыIэфурэ зыри, уи дунейр сфIэгуэныхьт.
  • Уимыхуэжу мы си бгъэм, уэми щIыми щыбгъафIэ гухэлъ нэхур зэгуэрым къыптесхынути, испхъэжынут ар уафэм. Уафэм ар имыхуэжу, хэз сфIэхъуати хьэуам… Иджы нэхъри угуфIэрт. Сэ уэсщIэн си гугъахэр пфIэделагъэу арати… бутIыпщауэ уи макъыр, лъагъуныгъэм и макъыр, удыхьэшхт.
  • Сигу, щытам сфIэгуэныхьу, си гугъам узым ихьу, узи гуауи илъагъуркъым, зыри хъуркъым и жагъуэ. ГъащIэм IэплIэ хуищIауэ, нэхуу уэгум щыблауэ, и гухэлъ егъэпэж. КъыIэщIэпчи, къытепхи хъуркъым гухэлъыр.
  • Гугъуэт Заремэ.
  • Нэщэнэхэр
  • БжитIым я кум уитыну фIыкъым
  • Бэрэжьей махуэм щыгъыныщIэ ядыртэкъым.
  • Бещто лъэныкъуэмкIэ зызэIуибзмэ, уэфIщ, жаIэрт.
  • Бжэ блыпкъым зыкIэрыбгъащIэмэ, тхьэмыщкIагъэ къишэу жаIэрт.
  • Бжэным и нэр хъурей хъумэ, жэщ хъуауэ аращ.
  • БжэщхьэIум зыгуэр щызэIэпыпхмэ, узэщохьэ.
  • БжэщхьэIум укъелъэну, утетыну, утеIущIыкIыну фIыкъым.
  • БжитIым я кум уитыну фIыкъым.
  • Бжыхь я зэхуакуу ахъшэ зэIэпахыркъым.
  • Бжьыным фэ куэд трищIэмэ, щIымахуэр щIыIэ мэхъу.
  • Бжьыныфэ, бжьыныхуфэ, джэдыкIафэ ягъэсыртэкъым — тхьэмыщкIагъэ къешэ, жаIэрти.
  • Бжьыхьэ тхьэкIумэкIыхьыр уэдмэ, уэс щIагъуэ щыIэнукъым, пшэрмэ, уэсышхуэ къесынущ.
  • Бжьыхьэм пасэу уэс къесамэ, «гъэм щинэжащ» жаIэрти, я жагъуэ хъурт. «И чэзум и деж псори фIыщ», жаIэрт.
  • Бзэгу пшхымэ, бзэгузехьэ уохъу, жаIэрт.
  •  
  • Тхыдэм щыщ
  • Джыдэ
  • Археологхэм щIы щIагъым къыщIахыж пасэрей Iэщэхэм ящыщщ джыдэр. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, мывэм къыхащIыкI зэрыхъу лъандэрэ пасэрейхэр джыдэм ирищакIуэу, иризауэу къэгъуэгурыкIуащ, ар шабзэми джатэми нэхърэ нэхъ пасэу къытехьащ дунейм.
  • ЩIы щIагъым куэдыкIейуэ къыщIэкIыж пэтрэ, зэзэмызэххэщ нарт хъыбархэм джыдэм и цIэ къыщраIуэр: Iэщэу къежьами, абы и Iэщэ «къалэныр» хуэм-хуэмурэ фIэкIуэдри, унагъуэм щызэрахьэ Iэмэпсымэ хъуащ. Джыдэм Iэщэ «къалэн» щиIам пасэрей адыгэхэр абы зэреджэу щытар нэгъуэщI псалъэщ — «уэщ» («уэн» псалъэм и лъабжьэгъущ, ар щыхьэт тохъуэ джыдэр пасэрейхэм Iэщэу зэрызэрахьам). «Джыдэ» псалъэр нэгъуэщIыбзэм къыхэкIащ, ар адыгэбзэм къыщыхыхьам щыгъуэ джыдэм «Iэщэ» мыхьэнэ иIэжакъым — унагъуэм щызэрахьэ Iэмэпсымэ хъуакIэт (абы нэхърэ нэхъ IэщэфI къагупсысати), аращ хамэбзэм къыхэкIа псалъэм («джыдэм») адыгэ псалъэр («уэщ»-р) иригъэкIуэтын, абы и пIэ иувэн щIыхузэфIэкIар.
  • «Уэщ» псалъэр лъэныкъуэ егъэза хъуа щхьэкIэ, ар адыгэбзэм хэкIуэдыкIыжакъым: «джыдэм» нэхърэ нэхъ мащIэрэ къагъэсэбэпми, адыгэбзэм ноби къыщызэтенащ, и мыхьэнэм зэрызихъуэжа щIагъуэ щымыIэу. Шабзэми джатэми нэхърэ нэхъыжьщ уэщыр — пасэрей цIыхум япэ дыдэ къищта Iэщэщ ар: япэщIыкIэ мывэм (псалъэм папщIэ, щтаучым), иужькIэ гъущIым (бронзэм) къыхищIыкIыурэ. Шабзэр, иужькIэ джатэр зэрихьэ хъуа нэужь, пасэрейм гу лъитащ шабзэри джатэри уэщым нэхърэ зэрынэхъ Iэрыхуэм. Ар щхьэусыгъуэ хуэхъури, уэщыр IэщIыб ищIыжащ пасэрейм, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, ар унэм къринэри, шабзэрэ джатэкIэ зызэщIиузэдащ. Псэ быдэу къыщIэкIащ а тIур: адыгэхэм шабзэри джатэри зэрахьащ епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэ пщIондэ. Япэ дыдэ къежьа Iэщэм — уэщым — апхуэдэ гъащIэ иIакъым; нэхъ гъащIэ кIыхь хъуащ уэщым къытехъукIыжа Iэщэр — маит хъужыр (секирэ жыхуаIэр).
  • Къармокъуэ Хьэмид.
  • ЗэвгъащIэ
  • КъэкIыгъэцIэхэр
  • Бгъэн — Тростник обыкновенный.
  • Илъэс зыбжанэкIэ къэкI удзщ. И лъагагъыр мм 2 — 4-м нос, лъабжьэжь гъум-кIыхьхэр ещI. Бгъэным и бзийхэм см 20 — 30 я кIыхьагъщ, см 1 — 1,5-рэ я бгъуагъщ. ГъэмахуэкIэм гъашэ щхъуэ-гъуабжафэ къыдедз. Псыхъуэхэм, щIыпIэ псыIэхэм, гуэл Iуфэхэм, псынащхьэхэм куэду къыщокI.
  • Удзыр цIынэ щIыкIэ, пасэу пыбупщIмэ, мэкъу хьэлэмэт, силосыпхъэфI мэхъу. Адыгэхэм бгъэным унащхьэ, нэгъуэщI псэуалъащхьэхэр ирагъэбыдэу щытащ.
  • БегъымбарIэпэлъ — Наперстянка.
  • ЛIэужьыгъуэ зыбжанэу гуэшыжа удз лъэпкъыгъуэщ. Кавказым бегъымбарIэпэлъу лIэужьыгъуитху къыщокIри, псори илъэс бжыгъэкIэ мэпсэу, лъабжьэжь быдэ ящI. Гъэгъахэр инхэщ, Iэрамэ кIыхьу зэхэту, удз щхьэкIэхэм къапедзэ, къапщIийхэр, удзыр зыхуэдэ лIэужьыгъуэм елъытауэ, плъыжьхэщ, пшэплъыфэхэщ, гъуэжьхэщ, гъуэжь-хужьыфэхэщ. Зи къапщIийр плъыжь бегъымбарIэпэлъ лIэужьыгъуэр цIыхухэм къагъэкI, КъухьэпIэ ЕвропэмкIэ кърашауэ, адрейхэр езыр-езыру ди щIыпIэхэм къыщокI. Мэзхэм, бгыщхьэхэм уащрохьэлIэ. ЛIэужьыгъуэ псори хущхъуэу къагъэсэбэп.
  • БжакIэ — Костер пестрый.
  • Зи лъагагъыр см 60 — 70 хъу, илъэс куэдкIэ къэкI удзщ. Ипкъхэр занщIэу докIей, и бзийхэр бгъузэ-кIыхьщ, лъабжьэ цIыкIу куэд ещI.
  • Шакъафэ къызыщIэлъадэ и гъашэр мэкъуауэгъуэм и кIэм, бадзэуэгъуэм къыдедз, жылэхэр шыщхьэуIум мэхъури, фокIадэм полъэлъыж. Бгыщхьэхэм, Къущхьэхъум щыIэ мэкъупIэхэм, хъупIэхэм къыщокI, Iэщым фIыуэ яшх.
  • БжакIэр куэду къыщыкI щIыпIэхэр адыгэхэм мэкъупIэфIу къалъытэ.
  • Удзым протеину проценти 9 — 10-м нэс хэлъщ.
  • БжэмышхлъэщI — Торица обыкновенная.
  • Зы гъэкIэ фIэкIа къэмыкI удз лIэужьыгъуэщ, и лъагагъыр см 30 — 40 мэхъу. Гъэгъа мм 5 — 8 нэхъ зи мыинагъхэр и щхьэкIэм гъатхэм, гъэмахуэм къыпедзэ. И тхьэмпэхэр кIыхьщ, пагуэщ, и лъабжьэр инкъым. Губгъуэхэм, гъуэгубгъухэм, псэупIэхэм я гъунэгъуу, пшахъуалъэ щIыпIэхэм къыщокI. Iэщым яшх.
  • Бжэндэхъу — Василёк.
  • ЛIэужьыгъуэ куэду гуэшыжа удз лъэпкъыгъуэщ. Бжэндэхъу лIэужьыгъуэхэр я гъэгъахэм я щытыкIэкIэ, я жылэхэмкIэ, я тхьэмпэхэмрэ пкъыхэмрэ зэрыгъэпсамкIэ зэтохуэ. Ахэр зэрызэщхьэщыкI щытыкIи теплъи яIэщ. Ди щIыпIэм уащыхуозэ гъитIкIэ, нэхъыбэкIэ къэкI бжэндэхъухэм. Ахэр къыщокI мэкъупIэхэм, хъупIэхэм, дыгъафIэ джабэхэм, мэз лъапэхэм, хуейхэм, гъурцхэм яхэту. Бжьэхэм фо къыхах.
  • Фэ фщIэрэ?
  • Псалъэхэм къарыкIыр
  • Хасэ. Нарт IуэрыIуатэм щыщщ. Абы къызэрыхэщымкIэ, нартхэр илъэс къэс зэ зэхуэсу щытащ, хасэкIэ еджэу. Хасэм щызэхуэсахэр нарт Iуэхухэм тепсэлъыхьырт, зэрыпсэун унафэ къащтэрт, тхьэ елъэIурт, джэгукIэкIэ зэпеуэрт. Хасэм нэхъыжьри, нэхъыщIэри, цIыхухъури, цIыхубзри зэхэдз имыIэу хыхьэрт. Хасэм лъэпкъкIэ, къулей-къулейсызкIэ зэхэгъэж ищIыртэкъым.
  • Хасэ мывэ. IуэрыIуатэм зэрыхэтымкIэ, Псыжь и къежьапIэхэм унэ щытащ адыгэхэм хасэ щрагъэкIуэкIыу. А унэм мывэшхуэ бгъэдэлът, мывэшхуэ хасэкIэ еджэу, абы шы лъэкъуапIэрэ хьэ лъапэрэ къыхэгъэжыкIауэ тетт. Мывэм гъуанэ иIэт, цIыхум пэж жиIэрэ пцIы жиIэрэ къращIэн щхьэкIэ ирагъапщхьэу. ЦIыхур сыт хуэдизу мыпсыгъуэми, пцIы жиIэмэ, а гъуанэм ипщыфыртэкъым, сыт хуэдизу мыгъумми, пэж жиIэмэ ипщыфырт.
  • ГукIэ къузыбжьэ. Мэкъумэш е мэз щIыхьэху щащIам деж псом яужь иту къэзыгъэзэжам фадэбжьэ иратырти ехъуэхъурт дяпэкIэ яужь къимынэу сыт щыгъуи пашэу щытыну. А фадэбжьэм гукIэ къузыбжьэкIэ еджэрт. Хабзэр щагъэзащIэу щытар Къызбрун, Зеикъуэ къуажэхэрщ.
  • Гъуэрыгъуэ мэкъуауэ. Зы унагъуэ къарукIэ зи мэкъу Iыхьэр пызымыупщIыжыфхэр гуп-гупурэ зэгухьэрти, зэдэIэпыкъуурэ я мэкъур паупщIырт. Унагъуэхэр зэрызэкIэлъыкIуэнур пхъэидзэкIэ яубзыхурти, зы махуэм зым и мэкъум щыщ паупщIырт, етIуанэ махуэм къыкIэлъыкIуэм ейр. Апхуэдэу къытрагъэзэжурэ, псом я мэкъури паупщIырт. Хабзэр щагъэзащIэу щытар Къармэхьэблэщ. Ди зэманым кIуэдыжащ.
  • Думэн Хьэсэн зэритхыжамкIэ.
  •  
  • Мыщэм и махуэ
  • Псэущхьэ телъыджэ
  • Мыщэм и махуэр, дыгъэгъазэм и 13-р, Урысей Федерацэм и мызакъуэу, нэгъуэщI къэралхэми щагъэлъапIэ.
  • ЩакIуэхэм, мэзхъумэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ гу зэрылъатамкIэ, мэзым щыпсэу хьэкIэкхъуэкIэхэм я нэхъ иныр щIымахуэ жей кIыхь щищIыну и гъуэм щигъуэлъхьэжыр а махуэращ.
  • Псысэхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ зи цIэр фIыкIэ къыхэщ мы хьэкIэкхъуэкIэр, зэрытщIэмкIэ, къаруушхуэ зыбгъэдэлъщ, зи щхьэр зыхъумэжыфщ, шынэ зымыщIэщ, набдзэгубдзаплъэщ, езым нэхърэ нэхъ цIыкIухэм фIырыфIкIэ ящымыхьэщ. АрщхьэкIэ, и бын цIыкIухэм е езым утеуамэ, къыпхуимыгъэгъун хуэдизу и жагъуэ пщIауэ аращи, дахэ хэзэгъэжынкIэ ущIыщыгугъыжын щымыIэжу апхуэдэщ.
  • Зи зыгъазэ зы мазэу къалъытэ псэущхьэм псынщIагъэ къызэрымыкIуэхэр щыдалъагъуи къохъу. Апхуэдэхэм деж, ар шым тежыфынущ, щыхьым я нэхъ иныр и IэблитIымкIэ хуэгъэмэхынущ, ар дыдэр и фIалъэ лъакъуитIымкIэ хуехьэжьэнущ, щIым куууэ гъуэ щызыщIа дзыгъуэ цIыкIур мэкIэ къигъуэтынурэ, абы кърилъэфыфынущ.
  • ГъэщIэгъуэнщ
  • ЩIымахуэ жей кIыхьым,махуэ 200-м нэблагъэкIэ екIуэкIым, зыщыхуигъэхьэзыркIэ, лъэбыцэжьым и шхэныр щегъэтри, и кIуэцIым къыщызэтенахэри егъэкIуэщIыж.
  • Мыщэбзым и шырхэр дунейм къыщытригъэхьэр щIымахуэм езыр жейуэ гъуэм щилъырщ. ЩIэжьей цIыкIухэм къашэчыр мащIэ дыдэщ — грамм 350-м нызэрыхьэсщ.
  • Лъэбыцэжьхэм яхэтщ килограмм 800-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэри. КъагъащIэр илъэс 25-м къыщыщIэдзауэ 40-м нызэрыхьэсщ.
  • Мыщэ лъэпкъыгъуэхэм ящыщу нэхъ цIыкIу дыдэр Малайзием щыIэхэращ. Абыхэм, ику иту, метр 1,5-рэ я кIыхьагъщ, килограмм 30-м къыщыщIэдзауэ 60-м нэблагъэ я хьэлъагъщ.
  • Хэт зыгъэлъапIэр?
  • Мыщэм и махуэр ягъэлъапIэ цIыху къызэрыгуэкIхэми а псэущхьэхэм якIэлъыплъ экологхэми. Дыгъэгъазэм и 13-м къызэрагъэпэщ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм сабийхэр ирашалIэ, Iуэхум ехьэлIа усэ цIыкIухэм къыщрагъаджэ, зи гугъу тщIы псэущхьэр лIыхъужь нэхъыщхьэу зыхэт театр теплъэгъуэхэм, макъамэрэ уэрэдкIэ гъэпсахэм, щрагъэплъ. Гукъыдэжыр щебэкI апхуэдэ зэхуэсхэу джэгукIэ дахэкIэ гъэпсахэм быным я гъусэу къэкIуа адэ-анэхэри, псысэм къыхэхута хуэдэу, нэжэгужагъэ къыщагъэлъагъуэу, жыджэру яхэтщ.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.
  •  
  • ГушыIэхэр
  • Сыт щыIэ абы нэхъыфI?!
  • Я адэр лIэуэ телъти, и къуэхэр щхьэщытт, Iыхьлыхэри благъэхэри зэхуэсат.
  • — Ей, сэ фэ къыфхуэзгъанэри!.. — къыхэщэIукIырт адэр.
  • — ЖыIэ, ди адэ, сыт къытхуэбгъанэр? — еупщIырт и къуэхэр.
  • — Ей, сэ фэ къыфхуэзгъанэри!.. — аргуэру жиIэрт адэм.
  • — Ди адэм къытхуигъанэр къыщIыджимыIэр хамэ щIэтщи аращ.
  • ФыщIэкI! — унафэ ящIщ абыхэми, езыхэм нэмыщI адрей псори пэшым щIагъэкIащ.
  • — ЖыIэ иджы, ди адэ, сыт къытхуэбгъанэр? — щIэупщIащ зэш-   хэр.
  • — Мы дуней нэхур къыфхузогъанэ, хуэмыху къом! Сыт щыIэ абы нэхъыфI?! Дахэ-дахэу фытет, фымыуцIэпIу.
  • Узэджэр къокIуэ
  • ТIу шыгум ису здэкIуэм, япэкIэ плъэхэри — зы лIыжь тхьэмыщкIэ гуэр хьэлъэ телъу кIуэрт.
  • — Мобы дызэрыщIыхьэу, сивгъэтIысхьэ жиIэнурэ къыдэлъэIунущ. Сэ сымаджэ зысщIынщи, сигъуэлъхьэнщ. Уэ сымаджэ илъщ жыIэ, — жиIэри, язым щIакIуэ зытрипIэри, шыгум игъуэлъхьащ.
  • Шыгур жэурэ хьэлъэ зытелъ лIыжьым лъэщIыхьащ.
  • — КхъыIэ, сигъэтIысхьэ, щIалэфI, хьэлъэ стелъщ, псапэ хъунщ! — жиIащ лIыжьым.
  • — Уэлэхьэ, мыхъуну, тхьэмадэ, сымаджэ хьэлъэ илъщ! — жиIэри шым яхэуэри блэжащ.
  • — Алыхьым узыншэ ищIыж! — жиIащ лIыжьым.
  • Куэд ямыжу, шыгухур и гъусэм еджащ:
  • — Дыкъыблэжащ а сымаджэ зыщIэпщIам, тэджыж! — жиIэри.
  • АрщхьэкIэ къэтэджыжыркъым.
  • ЩIакIуэр трихрэ еплъмэ — «сымаджэр» лIат.
  • Къигъэшыжауэ къыщыблэжыжым, лIыжьыр шыгухум еупщIащ:
  • — Щхьэ къэбгъэкIэрэхъуэжа, тIу?
  • — Сымаджэр лIащ! — жиIащ шыгухум.
  • — Алыхьым гущIэгъу къыхуищI! — жиIащ лIыжьым.
  • КъардэнгъущI Зырамыку.