ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КЪАМБИЙ  Мухьэб   Алим  и  къуэр

2020-12-03

  • 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м куэдрэ сымэджауэ, и ныбжьыр илъэс 98-м иту дунейм ехыжащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и школым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Къамбий Мухьэб Алим и къуэр.

  • Мухьэб Алим и къуэр 1923 гъэм накъыгъэм и 23-м Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм къыщалъхуащ. 1931 гъэм пэщIэдзэ еджапIэм, иужькIэ курыт школым кIуащ икIи 1940 -1941 гъэ еджэгъуэм илъэс ныкъуэкIэ епщIанэ клас-сым щIэсу еджащ.
  • Хэку зауэшхуэм и пэщIэдзэм ар Дзэ Плъыжьым ираджащ икIи механик IэщIагъэ щрагъэгъуэту Астрахань дэт дзэ авиационнэ еджапIэм ягъэкIуащ. 1941 гъэм и щэкIуэгъуэм къыщыщIэдзауэ 1941 гъэм и шыщхьэуIу пщIондэ Къамбийр Астрахань къалэм кхъухьхэр щызэрагъэпэщыжу дэт заводым слесарь-механикыу щылэжьащ.  1942 гъэм и фокIадэм къыщыщIэдзауэ 1943 гъэм и жэпуэгъуэ хъуху дзэм хэту ар щызэуащ Сталинград, Ипщэ фронтхэм. 1943 гъэм и жэпуэгъуэм щегъэжьауэ 1944 гъэм и жэпуэгъуэ пщIондэ ар щIэсащ кхъухьлъатэзехуэхэр щагъэхьэзыру Кировобад къалэм дэта еджапIэм. 1944 гъэм жэпуэгъуэм ар къиухащ, лагъымзехьэ авиацэм и кхъухьлъатэзехуэ IэщIагъэр иIэу. Лейтенант нэхъыщIэ цIэр къыфIащри, Къамбийр а еджапIэм къагъэнэжауэ щытащ кхъухьлъатэзехуэ-инструктору.
  • 1946 гъэм Къамбий М. А.  къигъэзэжащ къыщалъхуа къуажэм икIи щIэблэр егъэджэным и гъащIэр триухуащ. 1946 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм къыщыщIэдзауэ 1953 гъэм и ба-                 дзэуэгъуэ пщIондэ абы математикэр  щригъэджащ Къармэхьэблэ дэт езанэ курыт школым. Зэрыла-жьэм хуэдэурэ Къамбийм къиухащ педагогикэ институтыр, иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр.
  • 1958 гъэм Мухьэб Алим и къуэр Къармэхьэблэ дэт курыт еджапIэ №1-м и унафэщIу ягъэуващ икIи а IэнатIэм илъэс 30-кIэ пэрытащ. ПэщIэдзэ классхэм щIэсхэр урысыбзэкIэ егъэджэным республикэм япэу щыхуэкIуа школхэм ящыщ хъуауэ щытащ ар зи унафэщIыр икIи  щIыналъэм щынэхъыфIхэм хабжэу къекIуэкIащ, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ  институтым къэхутэныгъэхэр щригъэкIуэкI лъабжьэуи иIащ илъэс куэдкIэ.
  • Къамбий  М. А. республикэм и жылагъуэ гъащIэми жыджэру хэтащ. Ар мызэ-мытIэу хахащ къуажэ, щIыналъэ Советхэм я депута-ту, егъэджэныгъэ IэнатIэм                         и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и обкомым хэтащ, егъэджакIуэхэм я союзпсо съездхэм я делегату щытащ.
  • КъытщIэхъуэ щIэблэр егъэджэным, гъэсэным Мухьэб хуищIа хэлъхьэныгъэхэм къэралым гулъытэшхуэ щигъуэтащ. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и  Президиумым  1968 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м къыдигъэкIа УказымкIэ абы къыфIащащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр. Абы къыхуагъэфэщащ Ленин орденыр, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр, медаль зэмылIэужьыгъуэхэр. Абы къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и школым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр. Къамбий М. А. и цIэр фIащащ Къармэхьэблэ дэт курыт школ №1-м.
  • ЦIыху гуапэ, егъэджакIуэ зэчиифIэ, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэ Къамбий Мухьэб Алим и къуэм и фэеплъ нэхур игъащIэкIэ дигу илъынщ.