ЦIыкIураш
2020-12-03
- Щыхьым и жыг
- Хьэмид и адэр бжьахъуэт. Губгъуэм ист зэзэмызэ фIэкIа къыдэмыхьэжу. Зы пщэдджыжь ар пIащIэу къэкIуэжащ.
- — КIуэт, тIасэ, пщыIэм дэкIыт. Бжьэматэхэм зэран яхуэхъуIамэ, жызоIэри, согузавэ, — зыхуигъэзащ абы Хьэмид. — Сэри зызгъэгувэнкъым, иджыпсту сыныдэкIыжынщ.
- Хьэмид иджыри къэтэджатэкъым. И гуапэ хъуакъым къыжраIар. Щхьэхырт, и жеини къакIуэрт. Адэр абы тIэу-щэ щхьэщыхьащ, къытригъэзэжурэ. Сытми ерагъкIэ къыщыпщащ щIалэ цIыкIур. Хущхьэрт, щатэрт.
- — Си закъуэ сытесыфынукъым абы, — жеIэ, и нэр щIиукъуанцIэу адэм къеплъурэ, — сошынэ!
- — Махуэ шэджагъуэм сыт шынэ, зиунагъуэрэ?..
- Хьэмид «хъунщ» жиIэртэкъым. Щыст, и Iупэр къыIуригъэпIиикIауэ.
- Асыхьэтым гъунэгъу щIалэ цIыкIу Щыхьым къыдыхьащ.
- — Сэ сынэкIуэнщ, Хьэмид, уи гъусэу, — жиIащ абы, — ауэ сытми сфIэфI сэ губгъуэр!
- Мэзым пыхьэж губгъуэшхуэм пхыкI гъуэгум пэмыжыжьэу щыт кхъужьейм бгъэдэт пщыIэм тесщ «бжьахъуитIыр». Хьэмид иджыри зэпимыгъэуауэ мэхущхьэ, мэщатэ, зызэфIеш. Щыхьым къыщIэкIауэ хьэмбыIуу щыс къыпфIэщI бжьэматэхэм яхоплъэ. ЗащигъэнщIыркъым хьэуа къабзэм, бзу цIыкIухэм къраш уэрэдым.
- Асыхьэтым Хьэмид пщыIэм къыщIокI, джыдэ иIыгъыу.
- — Си фэеплъ къэзгъэнэнущ! — жеIэ абы. МакIуэри, куууэ хиупщIэурэ, и цIэр кхъужьейм пIащэу третхэ. — БлэкIми къыблэкIыжми ялъагъуу игъащIэкIэ тетынущ ар, — жи Хьэмид, и «лэжьыгъэр» зэфIигъэкIа нэужь.
- Щыхьыми мурад ищIащ и фэеплъ гуэр къигъэнэну. Мэзым жэщ, жыгыщIэ цIыкIу къихьри, пщыIэ бжэIупэм щыхисащ.
- … Фэбжь зыгъуэта кхъужьейр зэригъукIыжрэ незэман. Итаи имытаи. Щыхьым хиса жыгым губгъуэшхуэм лъагэу зыщиIэтащ. Абы и щхьэкIэ баринэм бзухэм уэрэд къыщраш, шэджагъуэ хуабэр хъуамэ, губгъуэм ит лэжьакIуэхэм я зыгъэпсэхупIэщ. Зэреджэри Щыхьым и жыгщ.
- Хьэх Сэфарбий.
- Хьэр дыгъужь лъэпкъщ
- Хьэхэр щIы хъурейм и дэтхэнэ зы плIанэпэми щопсэу. Ахэр дыгъужьым къытекIауэ щIэныгъэлIхэм къалъытэ. ЦIыхум хьэр къигъэIэсащ мывэ лъэхъэнэкIэ зэджэ зэман жыжьэм.
- Нарт хъыбархэми адыгэ таурыхъхэми куэдрэ я гугъу щыщащI хьэхэм. Хъыбархэм къызэраIуатэмкIэ, нарт Бэдынокъуэ хьэри бгъэри кIэрыщIащ. Адыгэ IуэрыIуатэм нэхъыбэрэ ущрохьэлIэ щакIуэхэмрэ къулыкъу зэхуэмыдэхэр гъэзэщIэным епха хьэхэмрэ. Япэрейм хохьэ хьэ джафэ, хьэпщIэу адыгэбзэм зыфIища хьэхэр, етIуанэрейм — унэхьэхэмрэ мэлыхъуэхьэхэмрэ.
- Унэхьэхэр лIэужьыгъуэ 400-м щIегъу. Ахэр зэхуэдэкъым я инагъкIэ, теплъэкIэ, къарукIэ. Хьэм дзэ 42-рэ Iутщ.
- Адыгэм хьэмыщэ зыфIищар пщIантIэхьэщ, урысхэм дворняга, дворняжка жыхуаIэрщ. Ар мыщэм хуэдэу къарущ. ХьэмаскIэ хъужыр хьэ цIыкIу лъэпкъщ, урысхэм моська жыхуаIэрщ. Адыгэбзэм псалъэжь иIэщ «ХьэмаскIэр хьэзэрышх ублэщ» жиIэу.
- Мэлыхъуэхьэхэр мэлыхъуэхэм я гъусэу мэл гуартэр зыхъумэ хьэщ. Ар «кавказская овчарка» жыхуаIэрщ.
- Уэсылъэ щIыпIэхэм (тундрэм) Iэжьэм щIэщIа хьэхэмкIэ къыщакIухь. НэгъуэщI лъэпкъхэм яхэлъ хабзэу куэдрэ урохьэлIэ унэкIуэцIым щаIыгъ хьэ цIыкIухэм.
- Хьэр икъукIэ губзыгъэщ, абы и нэри жанщ, и дзэпкъым хуэдэу, мэкIэ IэкIуэлъакIуэщ, тхьэкIумафIэщ. Хьэпшыр къалъхуагъащIэм зы тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу зэхихын щIедзэ, тхьэмахуитI нэмысу и нэхэр къопщI. Езыр илъэси 10 — 12-кIэ, нэхъ гъащIэшхуэр 16 — 17-кIэ мэпсэу.
- Хьэр цIыхум и ныбжьэгъу пэжщ. Хьэ гъэсахэм я хъыбар телъыджэ куэд гъащIэм ущрохьэлIэ. Псом хуэмыдэу ахэр къагъэсэбэп къэралым и гъунапкъэхэр щахъумэ щIыпIэхэм.
- Хьэхэм уз зэмылIэужьыгъуэхэри япкърытынкIэ мэхъу. Ахэр зи IэмыщIэ илъхэм сыткIи къабзэлъабзэу щагъэтын хуейщ. ХьэмыцIыхухэмдэтхэнэзымизыщидзеипхъэщ.
- Къэрабэ
- Уарэ, мы къэрабэр
- Зэрыхьэлэмэт:
- Дыгъэм къигъэхуабэм,
- И напIэр къеIэт.
- Дыгъэм зыдегъазэ,
- Абы щогуфIыкI.
- Дыгъэр зэрыкъухьэу,
- И нэр щоункIыфIыкI.
- ЦIыхум ещхьыркъабзэу
- Ари мэжеиж.
- Дыгъэр къыщыщIэкIым,
- ГуфIэу къоушыж.
- Гъубжокъуэ Лиуан.
- Къуэжьыкъуей Ипщэ къуажэ
- Псысэ, шыпсэ
- Псысэ къэпыр,
- Шыпсэ чейр
- Таурыхъ дадэщ,
- ДощIэ, зейр,
- Ади мыди
- ЙомыхьэкI —
- А тIум щыщи
- КъытхуехьэкI.
- Псысэм шыпсыр
- ЩIэщIыхьауэ,
- Шыпсым лэпсыр
- ЩIэкIэжауэ.
- Псысэр шыпсэм
- Педгъэуэнщ,
- Хэт нэхъ текIуэми
- КъэтщIэнщ.
- Хьэщыкъуей Олег.
- Тхылъ
- Мэз гъуеижьым щIэсщ джэду,
- Мэз гъуеижьым щIэсщ жьынду,
- Дзыгъуэ гъуабжэ, дзыгъуэнэф.
- Ину щоIуэ мэз адакъэр,
- ТетIысхьауэ мазэ дакъэм.
- Пшэ удзыфэр — тхьэрыкъуэфщ.
- ЩIэсщ и щIагъым пыжьей банэм
- Зишыхьауэ зы цыжьбани,
- Бажэжь блэкIри фIэмыIуэху…
- Мамэ, хьэрфхэр сэ соцIыхур,
- ГъэщIэгъуэнщи мы тхылъ цIыкIур,
- КхъыIэ, къакIуи, къысхуэщэху.
- Къуныжь ХьэIишэт.
- Сабийхэр мэгушыIэ
- Аращ мамэ жиIэр
- — Нанэ, нанэ, уи пэр къабзи-тIэ? — жеIэ къуэрылъху цIыкIум, и анэшхуэм бгъэдэлъэдауэ.
- — Ана-а, сымыгъуэ, си пэр сыт щIэфIеинур, си псэ тIэкIу? — егъэщIагъуэ фызыжьым.
- — Сэ сщIэрэ, уи пэр зыхыумыIу къыумыгъанэу аращ мамэ жиIэр!
- Уэри щыуагъэ пщIырэ?
- ЕгъэджакIуэм: ЦIыкIухэ, зэхэщIыкIыгъуэу фытхэ, фи щыуагъэхэр нэхъыфIу къэзгъуэтын хуэдэу.
- ЕджакIуэм: — ТIэ, уэри щыуагъэ пщIыуэ ара, зэхэщIыкIыгъуэу ущIэмытхэр?
- Дэнэ здэпхьынур?
- Зэныбжьэгъу цIыкIуитI зопсалъэ:
- — Уэ инышхуэ ухъумэ, ди школым и директор ухъуну ухуей?
- — Сыхуейт, ауэдиректорым и къуэрдэнэздэпхьынур?
- Псалъэзэблэдз
- Къасбот и къуэрылъху Идар къалэм щыпсэурт. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэу школым къаутIыпщати, ар и адэшхуэм деж къэкIуат. Къуажэ школым щеджэ и ныбжьэгъу цIыкIухэм Идар епэгэкIырт, къалэ школым зэрыщеджэр зэпымыууэ къыдригъэжейрт. Анэдэлъхубзэ зэремыджэр и къуажэ ныбжьэгъу цIыкIухэм езыр езыгъэфIэкI гуэру, абы нэхъ Iэзэ ищIу къыщыхъурт. Къалэм мыIэпхъуэ щIыкIи, и школ щIэтIысхьэгъуэр къыщысым, адыгэбзэ щадж къуажэ школым имыгъэкIуэн щхьэкIэ, и адэм я гъунэгъу щIэп заводым тет пэщIэдзэ еджапIэм иритауэ щытащ. Ари Идар и щIэныгъэ гъэтIылъахэм ящыщу къилъытэжырт. АдыгэбзэкIэ цIыхум щIэныгъэ зригъэгъуэтыфыну и фIэщ хъуртэкъым щIалэ цIыкум.
- Идар и гъусэу куэбжэпэм деж къыдэкIауэ Къасбот щыст. Я гъунэгъу щIалэ цIыкIу Мулид абыхэм къабгъэдыхьащ. Идаррэ абырэ зыгъэшкIэт.
- Къасбот иIыгъ газетыр щызэкIуэцIихым, абы тет псалъэзэблэдзым (кроссвордым) занщIэу гу лъитащ. «Iыхьыы… дызэпевгъауэт иджы», — жиIэри и Iэпэр псалъэзэблэдзым иригъэжащ. Япэ екIуэкIыгъуэм итт: «Мадинэ» поэмэр зытха адыгэ усакIуэ». И нэгъуджэм къыщIэплъу Къасбот щIалэ цIыкIуитIым захуигъэзащ: «Хэт хъуну пIэрэ ар?» Идар занщIэу къитхъутхъукIащ: «Сэ дэнэ ар щысщIэнур? Къалэ школым апхуэдэ щаджыркъым!» «Абы умыщIэну сыт хэлъыр?! ЩоджэнцIыкIу», — жиIэри и Iэпэр псалъэзэблэдзым триубыдэри Мулид хьэрфхэр ибжащ. ЕтIуанэ къекIуэкIыгъуэм: «Хьэрун» поэмэр зытха усакIуэшхуэ», — Къасбот къеджэри щIалэ цIыкIуитIым яхуеплъэкIыжащ. Ауэ жэуапым и пIэкIэ Идар къилъащ: «Дэ адыгэбзи адыгэ тхакIуэхэм ятхаи деджэркъым жысIакъэ! Хэт абы хуейр?!»
- — Уа-а-а, Лермонтовыр адыгэ тхакIуэ-тIэ, — зэхихар игъэщIагъуэу Мулид къыдэплъеящ.
- Къасбот Iуэхур зыIутыр къыгурыIуат, уэ, итIани, адэкIэ пищащ: «ДжэдыкIэ къэзымыкIэцIу джэдыкIэм къриш» икIи щIигъужащ: «ИIэт, фи щхьэ цIыкIухэр вгъэлажьэт!» Идар дэплъейщ, къеплъыхри хэщэтыкIащ икIи, гупсысэ нэпцI зищIри: «Апхуэдэ щыIэнкIэ хъунукъым», — къыжьэдэхуащ абы.
- — Псалъэзэблэдзым мыхъункIэ Iэмал зимыIэ хагъэхьэркъым, ауэ абы пэмылъэщхэм нэхъ уарохьэлIэ. Уэ сыт жыпIэн, ПIытIэ? — Мулид зыхуигъэзащ Къасбот.
- — «Адакъэ» псалъэр хуэмыкIуэу пIэрэ? — жэуапыр щызэхихым, Къасбот аргуэру и Iэпэр псалъэзэблэдзым иригъажэри, и нэгъуджэр зыIуихщ, щатэри: «Узыщеджэ школракъым Iуэхур здэщыIэр, атIэ узэреджэ щIыкIэрщ», — жиIащ.
- И адэшхуэм хуэдэу ар Идари къыгурыIуамэ арат.
- Джаурджий ХьэтIыкъэ.
- Журт Биберд
- Дэнэ Бэдрэжузыр къыздикIар?
- Адыгэ хъыбарыжь
- Аддэ пасэм щыгъуэ, цIыхухэр фIыуэ щызэрылъагъум, хьэрэмыгъэ ягу имылъу, зыр адрейм емыфыгъуэжрэ лажьэрэ шхэжу щыщыта лъэхъэнэм зы къуажэ гуэрым дэсащ, жи, БэдэкIэ еджэу щIалэ ахъырзэман. Ар жылэр зэрагъэлъагъуэ, жылэр зэхъуапсэ щIалэт, ауэ хуэкъулейсызт.
- Апхуэдэу екIуэкIыурэ, Бэдэм и къэшэгъуэ хъуащ. ЩIалэм къуажэм хъыджэбз дахэу дэсыр къехъуапсэрт. Ар жылэм зэлъащIысащ. Пщым и дежи щынэсым, пщыр дыхьэшхащ, жаIэ:
- — Хэт мыгъуэ а факъырэм къыдэкIуэнур?
- А псалъэмакъыр Бэдэм лъагъэIэсыжащ. ЩылъагъэIэсыжым, Бэдэм жылэр зэхэту тхьэ иIуащ, жи: «Сэ сыпсэууэ мы дунеишхуэм сытетынкъым а пщым зезмыгъэцIыхужауэ», — жиIэри. А псалъэхэр пщым деж щынэсыжым, мор аргуэру дыхьэшхащ, жи: «Сыт мыгъуэ а факъырэм сэ къызищIэфынур?» — жиIэри.
- А псалъэхэри жылэм дэз хъуащ икIи цIыхухэм щхьэж езым къызэрыфIэщIым хуэдэу яIуатэу щIадзащ. Зым жиIэрт:
- — Уэлэхьир Алыхьым и цIэщ, Бэдэ жиIамэ, ищIэнукIэ!
- — Адрейхэми жаIэрт:
- — Си щхьэуз ищIэнщ абы, мы ди пщышхуэм пэувыфар хэт?
- Ауэрэ зэманыр екIуэкIыурэ, зы гъэмахуэ гуэрым Бэдэ еувалIэри, и мыхабзэххэу, мэкъу куэд пиупщIащ. ПиупщIри, еплъыр ехъуапсэу Iэтэу зэтрилъхьэжащ.
- ЦIыхухэм ягъэщIагъуэрт: «Ярэби, мы Бэдэ зы лъэпхъуамбыщIэ нэхъ мыхъуми иIэкъым, сыту пIэрэ мы мэкъу къомыр зэрищIынур?!»
- Ауэрэ щIымахуэр къэсащ. Зэманри макIуэ. ЩIымахуэми, икIыжыну и пщIыхьэпIэ къыхэмыхуэххэ хуэдэ, кIыхьлIыхь зищIащ. ЦIыху цIыкIум я мэкъумылэр къаIэщIэухащи, гузэвэгъуэр ятелъщ. А гузэвэгъуэр къуажэпщми къылъэIэсащ. КъыщылъэIэсым, Бэдэр къриджэри еупщIащ:
- — Уэ, щIалэ, мэкъу уи куэду жаIэри, пэж?
- — Пэжщ…
- — Къызэщэ, си IэщIыр зэтолIэ.
- — Сщэркъым, мурад гуэр хузиIэщ.
- ТIэкIу дэкIри, аргуэру къриджащ:
- — Къызумыщэнумэ, IэщкIэ къызэхъуэж…
- — Хьэуэ, мурад гуэр хузиIэщ.
- Псалъэмакъыр аргуэру абдеж щаухащ. Пщыр къэгубжьащ:
- — Мы щIалэм и мурадыр къафщIэ, — унафэ яхуищIащ абы и блыгущIэтхэм. БлыгущIэтхэр кIуащ Бэдэ деж. КIуэри еупщIащ:
- — Сыт мы уи мэкъум хуимурадыр?
- — Си ныбжь нэсащ, унагъуэ зэзгъэпэщын хуейщ, уасэу стынущ, — жиIащ Бэдэ. Ар пщым жраIэжащ, щыжраIэжым нэхъри къэгубжьащ, ауэ щIыIэ-щIыIэу и гум зыгуэрхэр къэкIащ. КъэкIри щIэщтэжащ. «Ялыхь, мы си гум къэкIар мы щIалэм мурад къысхуищIауэ къыщIумыгъэкI», — тхьэ елъэIуащ пщыр. Аргуэру и блыгущIэтхэр Бэдэ деж иутIыпщащ:
- — КъафщIэ мыбы нэ зыхурищар, уасэ хуэттынщи къыхуэтшэнщ.
- Пщым и мурадыр Бэдэ деж нагъэсыжащ.
- — Дэгъуэщ, — къэгуфIащ Бэдэ, — сэ къэсшэнур пщым ипхъу Жузщ, езыри къыздэкIуэну хьэзырыпсщ.
- БлыгущIэтхэр къэкIуэжу Бэдэм и жэуапыр щыжраIэжым, къэмэхащ, жаIэ, зи щIыхь иныр. Жэщ псом жеякъым, хэлъащ гурыгъузым ихьу. Куэд щызэригъэзэхуащ абы и щхьэм, ауэ хэкIыпIэ лъэпкъ къыхуэгъуэтакъым. ЩIыIэр къыщIикъузэ мыхъумэ, зи къиутIыпщыртэкъым. Пщым и былымыр фIызэтелIапэ щыхъум, унафэ ищIащ и хъыджэбз тхьэIухуд Жузыр Бэдэ иритыну. ХьэгъуэлIыгъуэр жэщибл-махуиблкIэ зэхэтащ, жаIэ, абы къримыхьэлIауи жылэ псом псэ зыIут къыдэнакъым.
- Абы иужькIэ, щIымахуэм и уэлиигъуэр къэсамэ, Бэдэрэ Жузрэ я зэманыр къихьащ жаIэрт. Нэхъ иужьыIуэкIэ, а псори ящыгъупщэжри, щIымахуэм и ткIиигъуэм БэдрэжузкIэ еджэу щIадзащ, жаIэ, адыгэхэм.
- Хьэрф «А»
- УпщIэхэр:1. Джэдкъаз лъэпкъ. 2. Псы Iуфэ чыцэхэм, мэкъупIэхэм щыпсэу бзу гъуабжэ. 3. Адэм и анэш. 4. Хущхъуэ щахъумэ, щащэ IуэхущIапIэ. 5. Пщыхьэщхьэ, пшапэ зэхэуэгъуэ. 6. Адыгэхэм къагъэхъуа шы лъэпкъыфI. 8. Iуащхьэ щыкуэд, бгылъэ щIыпIэ. 9. Къэрэшей-Шэрджэсым шыпсэу адыгэ лъэпкъ, а лъэпкъым щыщ цIыху. 10. Дыхьэшхэн, щIэнэкIалъэ.
- Жэуапхэр пэжмэ, къехыу фыкъеджэнщ адыгэ уэрэдыжьхэм, хъыбархэм къыхэщыж лIыхъужьыцIэ.
- Жэуапхэр:1. Адакъэ. 2. Адэжынэ. 3. Адэш. 4. Аптекэ. 5. Ахъшэм. 6. Адыгэш. 7. Аргъей. 8. Арыкъ. 9. Абазэ. 10. Ауан.
- Сыт телъыджэ?
- ГушыIэ
- Нобэ слъагъур
- Сыт телъыджэ:
- Бууэ ди хьэм
- ШкIэр иреджэ.
- ЯхуэмыкIуэу
- Жэмри хъупIэм,
- Къупщхьэ йогъури
- Iулъщ бжэIупэм.
- Джэду хъушэ,
- ЕзмыгъэкIуу,
- Джабэ нэкIум
- КIэрытщ хъуакIуэу.
- Нэхъ телъыджэу
- ГъэщIэгъуэныр —
- Джэдуухъуэщ
- Жумэрэныр!
- Зэрызехьэу,
- ПыгуфIыкIыу,
- Зэми пфIэщIу
- ПщIыхь IэрыкIыу
- Къэпсэуащи
- Гуащэу сиIэр,
- Iуэху ящIэну
- ТемыпыIэ…
- КъысхуэмыщIэ,
- КъысхуэмыщIэ —
- Мыр пщIыхьэпIэ
- Е нахуапIэ?..
- ГушыIэфIыр
- ЩыжамыIэм
- ГуфIэгъуэшхуи
- Щумылъагъу.
- Нобэ и 1-щи
- Апрель мазэм,
- ПцIы сIэщIэкIми —
- Къысхуэвгъэгъу.
- ХьэцIыкIу Хьэсэн.