ФиIэпщэАидэ: Си гъащIэм нэхъыфIу хэтари хэтынури Къэбэрдей-Балъкъэрым епхащ
2020-08-11
- Дунейр зэщIэзыубыда карантиным и зэранкIэ е и фIыгъэкIэ, республикэм къекIуэлIэжахэм ящыщщ Инджылызым хыхьэ Манчестер къалэм и университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэригъэгъуэту а къэралым щылэжьэн щIэзыдза адыгэ пщащэ ФиIэпщэ Аидэ.
- Хъыджэбзым «Управление человеческими ресурсами в международных компаниях» унэтIыныгъэр фIы дыдэу къиухащ. Аидэ ехъулIэныгъи зэфIэкIи и мащIэкъым, абы и щIэныгъэм хигъахъуэ зэпытщ, бзих ещIэ, мурад инхэр и куэдщ.
- Ар адыгэ хабзэм зэрыщIапIыкIам и мызакъуэу, абы и курыхыр зэрызэхилъхьар занщIэу нэIурытщ, уепсэлъылIа иужькIэ и акъыл жаным, Iущагъым, щIэныгъэм гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Пэжщ, апхуэдэ хъыджэбзыр занщIэу ухуейщ хэкум къэпшэжу, ухуэсакъыу, лъэпкъым и нэIэ щIэту пхъумэну, ауэ нэгъуэщI лъэныкъуэкIи гухэхъуэщ адыгэм къыддалъагъуу хамэ щIыпIэм зэрыщыIэр.
- Си гуапэу Аидэ дезгъэкIуэкIа псалъэмакъыр фи пащхьэ изолъхьэ.
- — Аидэ, псом япэрауэ, сыхуейт укъызыхэкIа лъэпкъыр, уи унагъуэр нэхъ гъунэгъуу дыбгъэцIыхуну.
- — СыкъэпщIащ, сэ ямылейуэ сфIэфIщ си унагъуэм я гугъу сщIыну, ар къызэрымыкIуэу сызэрыгушхуэ си фIыгъуэщ. Си анэр гу дохутырщ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, Налшык дэт Кардиологие центрым щолажьэ. Илъэс 20-м щIигъукIэ абы и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу КъБКъУ-м щригъэджащ. Си адэр экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ. КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. УФ-м и Правительствэм деж щыIэ Финанс университетым щрегъаджэ, профессорщ. Абы ипэкIэ ар илъэс куэдкIэ щылэжьащ фIы дыдэу илъагъу ди республикэм, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым. Уи упщIэм жэуап щесткIэ, гулъытэншэ схуэщIынукъым ди нэхъыжьыфIхэри. Си адэшхуэ ФиIэпщэ Борис Хьэмзэт и къуэр республикэм IэщIагъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэту къыщызэIуаха мэкъумэш еджапIэм и япэ ректору щытащ. Мы зэманкIэ абы зэрехьэ ди республикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ и цIэр. Мэкъумэш еджапIэ нэхъыщхьэр ди республикэм къыщызэIуахыу зиужьынымкIэ си адэшхуэм куэд хузэфIэкIащ. Си анэшхуэ Къумахуэ Антонинэ Iэбубэчыр и пхъум еджапIэ нэхъыщхьэм щригъаджэу щытащ. Абы и дэлъхухэм, доктор, профессор цIэрыIуэ хъуахэм Урысейм щIэныгъэм зыщегъэужьыным и мызакъуэу, дунейпсо щIэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэр шэч къызытумыхьэжынщ. Си анэмкIэ си адэшхуэ Щэрдан Абдул Хьэжмурат и къуэр физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, доцентщ. Ар илъэс куэдкIэ КъБКъУ-м щылэжьащ, абы и нэIэ щIэту республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм щыпэрыт IэщIагъэлI куэд ягъэхьэзырауэ щытащ.
- — Сыт хуэдэ школ къэбухар?
- — Налшык дэт школ зыбжанэм сыщеджащ. ПэщIэдзэ классхэм курыт еджапIэ №19-м сыщIэсащ, иужькIэ лицей №2-м сыкIуэжри, абы къыщызухащ. Ди зэпсэлъэныгъэр къэзгъэсэбэпу сыхуейщ си егъэджакIуэхэм иджыри зэ фIыщIэ яхуэсщIыну. Абыхэм сымыщIэ куэд къызагъэщIам и мызакъуэу, куэдым сытрагъэгушхуащ.
- — Хамэ къэрал ущеджэну дауэ утегушхуа? Хьэмэ ар уи гум куэд щIауэ щыбгъафIэ хъуэпсапIэт?
- — Хамэ щIыпIэ сыщеджэну зэи къалэну зыхуэзгъэувыжакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди къэралми итщ зыкIи адрейхэм емыфэгъуэкI еджапIэфIхэр. Ауэ къыжыIапхъэщ хамэ къэрал щIэныгъэ щызэбгъэгъуэтыным езым и фIагъи зэриIэжыр. Ар узыхуеджэ IэщIагъэм и щэху, уздэкIуа къэралым и псэукIэ, щэнхабзэ, бзэ нэхъыфIыжу зэрызэбгъащIэ ирехъу. ЛъэныкъуитIри сэркIэ псы Iубыгъуэ щIыIэт. Абы къищынэмыщIауэ, хамэ къэрал университетым и фIыгъэкIэ ди зэманым мыхьэнэ ин зиIэхэм ящыщу, цIыхугъэ нэхъыбэ, гъэщIэгъуэн куэдым нэIуасэ уазэрыхуэхъур зымыщIэр хэт? Ауэ щыхъукIи, хамэ къэрал къыщыпщIа псори уи щхьэ еплъэфэлIэжу ущысынри щыуагъэу къысщохъу. АбыкIэ уи хъуреягъым уадэгуэшэн, укъыщалъхуа щIыналъэм щIэ, фIы и лъэныкъэкIэ сэбэп ухуэхъун хуейуэ къызолъытэ, Iэмал имыIэу.
- — Уэ узэреплъымкIэ, сыт хуэдэ зэщхьэщыкIыныгъэ яIэ хамэкъэралхэм щыIэ егъэджэныгъэ Iэмалымрэ дыдеймрэ?
- — Шэч хэмылъу, къэрал къэс езым и егъэджэкIэ, и Iэмал иIэжщ. Сэ Iэмал сиIащ ди къэралым еймрэ Великобританиемрэ Германиемрэ щыIэхэмрэ зэпэслъытынууи, схужыIэнуращ, ди деж щIэныгъэр цIыхум щыбгъэдалъхьэкIэ зэкIэлъыкIуэкIэ зэхуэгъэкIуа иIэжу, иерархичнэу, регламентированнэу зэрыщытыр. Адрей къэралитIым еджакIуэхэр Iуэхум тегъэгушхуэнымрэ цIыху къэс бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэгъуэтынымрэ нэхъ зрагъэлIалIэ, абы къыхэкIыу студентыр зэреджэм, ират щIэныгъэм зэманкIэ гулъытэшхуэ хуамыщIу къыпщохъу. Великобританием лекцэхэм деж, зи гугъу ящIым теухуауэ, нэхъ Iэмалыншэ дыдэращ студентым иратыр, адрей псори езым лъыхъуэу къигъуэтын, щIипщытыкIын хуейщ, абыи куэдым ухуегъасэ.
- — Хамэ къэрал узэрыщыпсэуам сыт къуитар е сыт абы нэхъ щыпхуримыкъуу къыпщыхъур?
- — ПщIэрэ, нэгъуэщI щэнхабзэ, дуней ухэплъэныр, ухэсыхьыныр ар, шэч хэмылъу, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ уи зыужьыныгъэм, гупсысэм дежкIэ. Ар щIэныгъэм и закъуэкъым, атIэ дуней еплъыкIэщIэ зиIэ цIыху щхьэхуэхэр сыт и уасэ?! Къыпхуэмылъытэн хуэдизщ абыхэм къуат беягъыр, сыт и лъэныкъуэкIи уеплъмэ. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэм цIыхум и профессиональнэ зэфIэкIым зэрыхигъахъуэм, бзэ нэхъыбэ зэрызригъащIэм я закъуэкъым фIагъыу къашэр. Iуэхум, сыт хуэдэ ирехъуи, хуиIэ бгъэдыхьэкIэр куэдкIэ нэхъыбэ мэхъу, ар зэрызэфIэпхыну Iэмалхэр и пэм щыщIэдзауэ богъэпс.
- — Сыт хуэдэ къэралра уи къэкIуэнур щыплъагъур?
- — Хамэ къэрал щIэныгъэ щызэзгъэгъуэтмэ, сэ Iэмал имыIэу си хэкум къэзгъэзэжыну сыхуейщ. Си зэфIэкIи щIэныгъи есхьэлIэу езым си хьэрычэт Iуэху къызэIусхынут. Абы ехьэлIауэ мурад зыбжанэ согъэтIыгъуэ, ауэ ахэр къызэхъулIэн папщIэ, си щIэныгъэм, Iэзагъэм хэгъэхъуэн, нэгъуэщIхэм сыкIэлъыплъын хуейщ. ИджыкIэ аращ зи ужь ситыр.
- — Уи мурадхэмкIэ укъыддэгуэшамэ, арат.
- — Къэблагъэ зэманым си мурадщ маркетингым, гъэхьэщIэкIэм и IуэхукIэ цIыхухэм зэрадэлажьэм сыхуеджэну. Иджыри къэс зэзгъэгъуэта щIэныгъэмрэ слъэгъуахэмрэ зэхэплъхьэжмэ, си хъуэпсапIэр зэзгъэхъулIэным ар къежьапIэфI хуэхъунут.
- — Сыт хуэдэ къалэн щыбгъэзащIэрэ ущылажьэ компанием?
- — Мы зэманкIэ сэ Нидерландхэм и компание-ритэйлым сыщыIэщ, абы щылажьэхэм я Iуэхухэр зызогъакIуэ. Си кIэлъыплъыныгъэ-къэпщытэныгъэхэм япкъ иткIэ, бизнесым зэрызрагъэужьынум унафэ тращIыхь.
- — Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэсым дапщэрэ укъэкIуэжыфрэ?
- — Нэхъ мащIэу щэ-плIэ сыкъокIуэж. Дауэ сыкъэмыкIуэжынрэ, къуэпсым и къарур инщ! Уеблэмэ, сыздэщымыIа къэрал сыкIуэфыну Iэмал къысхукъуэкIауэ ар езгъэкIуэтэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъыщыкIуэжыр нэхъыбэщ.
- — Уи дежкIэ сыт ди республикэр?
- — Си хэкущ. Абы теухуауэ сэ куэдрэ сыпсэлъэфынущ. Ауэ хамэщIыр псэупIэ зыхуэхъуа ди нэхъыжьхэм жамыIэфа схужыIэнууи къыщIэкIынукъым. Абыхэм хуэдэу, си дежкIи ар адэжь щIыналъэщ, си бзэм, хабзэм и къигъэхъуапIэщ, арыншауэ си гъащIэр си нэгу къысхущIэгъыхьэркъым. Дэнэ щIыпIэ сыщыIэми, си гупсысэр зыхуэунэтIар си лъахэрщ, си унагъуэрщ, псэуми дунейм ехыжахэми, фIыуэ слъагъу цIыхухэрщ. Ныбжьышхуэ симыIэ-ми, си псы къэжапIэр дяпэкIэми, жысIэну сыхуейщ си гъащIэм нэхъыфIу хэтари хэтынури Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрепхар. НэгъуэщIу щытыфынукъым хэкум и гугъу щыпщIым и деж.
- Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.