ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Си нэ джыджым къиджыкI уи пщэдейр

2020-08-11

  • Къандур Зейн и усэхэр
  • Къандур Зейн 1983 гъэм Иорданием и щыхьэр Амман къалэм къыщалъхуащ. Ар къызыхэкIа унагъуэр Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм Къэбэрдейм иIэпхъукIа адыгэхэм ящыщщ.
  • И адэ Къандур Ауни пащтыхь гуащэ Нур и IуэхущIапIэм щолажьэ, и анэ ЕхъулIэ Ехья ипхъу Фейруз унэгуащэщ.

  • Зейн Иордан университетыр фIы дыдэу къиухауэ, Амман и хьэщIэщышхуэм ящыщ зым щолажьэ. Ар икIи сурэтмоделщ. Щыгъын дахэхэр егъэлъагъуэ. И усэхэм и гъусэу нобэ теддзэ Къандур Зейн траха сурэтхэр «Living Well» («ГъащIэ дахэ») журналым къытехуащ. Зэрысабийрэ усэмрэ философиемрэ дахьэх. Зэрытхэр инджылызыбзэми, и усэхэм адыгэлъ ящIэтщ, адыгэ гупсысэкIэ яIэщ.
  • ЩIэдзапIэмрэ ухыгъэмрэ яку дэлъ уахътым и кIыхьагъымрэ хьэлъагъымрэ зыхуэдизым, абы и псэм и къарур зэрыпэлъэщым егупсыс усакIуэм и тхыгъэхэм нэщхъеифэ ятетми, хъуэпсапIэ дахэкIэ гъэнщIа сатырхэм гъащIэм и нэхум ухураджэ, «уи хъуэпсапIэм ущIэмыкъуфынумэ, къэбгъэщIар зыми щыщкъым» къыбжаIэ хуэдэщ.
  • Зейн и усэхэр верлибр, «усэ хужь» гъэпсыкIэм итщ, ауэ ди адыгэ усэр зэса рифмэ гъэпсыкIэм идгъэтIэсащ, пщащэм и гупсысэхэр абыкIэ нэхъ къыпхуэIуэтэну къытщыхъури.
  • Къеблагъэ
  •  
  • Сыт щыгъуэ зэмани
  • Пхыплъыф сэх-сэрейм
  • Пхыплъыфи абджынэм,
  • КъэгъэщI уи дуней.
  •  
  • Тхьэ закъуэрщ зыхулъэкIынур
  • Псэм и къарум пэлъэщыну…
  • Абыи лъэкIыну ар?
  •  
  • Уэ пхулъэкIыну ар?
  • А уи гуфIэкIэ нэпцIыр…
  • А уи псэлъэкIэ нэпцIыр…
  • ПцIы защIэу зэхэлъ дунейм
  • Плъагъу закъуэрщ уи фIэщ пщIын хуейр…
  •  
  • Абджынэ
  •  
  • Щхьэгъубжэм къыпхедзыр нэху
  • Махуэ къэс, имыщIэу псэху.
  • Къыпхедзри, гъуабжэгъуэщу
  • Хошыпсыхьыж псэм и жэщым…
  •  
  • Къеблагъэ мы си псэ махэр
  • Зыхэт кIыфIыгъэм и лъахэм:
  • Си гъуэгур къыздэбгуэшыну
  • Си махуэр къыздэбгъэщIыну…
  •  
  • Псэр зыгъэхуабэ бзийр
  • ТекIуэну нэхум и бзийм?
  • Е уафэм трищIэ бжьыгъэм
  • ИгъэункIыфIыну дыгъэр?..
  •  
  • Дыгъэр зыубыд абджыпсыр
  • Къути, къэутIыпщ мы си псэр.
  • Уи псэм и псэхур мэIуху
  • Зыхъумэр пкъутамэ, нэху
  • Къуитыжыфынукъым дыгъэм.
  • Ар икъутэну лIыгъэ
  • КъызыкъуэкIынур хэт?!
  • ЦIыхур зэм-зэм мэгуфIэ,
  • ЦIыхур зэм-зэм нэщхъейщ.
  • Зэми зауэм и мафIэм
  • Храгъэсхьэж дунейр…
  •  
  • ЩIыбкIэ еIэжа псэр
  • Дыгъуасэр аращ щыпсэур…
  • КхъыIэ, къызжеIэ плъэкIыну
  • НэгъуэщI зыгуэр ухъуну.
  • Си дыгъэ бзийм и нэхум
  • Си гъуэгур къысхуигъэнэхуу,
  • Си лъагъуэр къэзгъуэтыжыну
  • КъыздэIэпыкъу, плъэкIынум.
  • ЗэхэмыкIыжу си жьэгур,
  • Къэзгъэгъуэтыж си гъуэгур.
  •  
  • Псэхугъуэр гъэру игъащIэм
  • Щаубыдыфакъым гу лъащIэм.
  • Псэм игъэпщкIуа гъэпцIагъэр
  • Сыт щыгъуи къэнэнущ щэхуу.
  • Къеблагъэ, кхъыIэ, къеблагъэ,
  • Сэ сыпежьэнущ нэхум…
  •  
  • Гурылъ
  •  
  • Псы уэру гупсысэр йожэх,
  • Йожэхыр, имыIэу кIэух…
  • «ФIэкIыпIэ гуэри имыIэ
  • Уи натIэм илъым»
  • ЩIыжаIэр аракъэ?..
  • Згъуэткъым тепыIэ…
  • Куэдрэ си жагъуэ къащIми,
  • Пагагъэм дэчых имыщIэ…
  •  
  • ЛъапIэIуэщ нобэ гурылъыр
  • Гу лъащIэм щысхъумэжыну…
  • МащIэIуэщ гъуэгуу спэщылъыр —
  • Зызгъазэу сыщIэпхъуэжыну…
  •  
  • ЩIалэгъуэм къызих гъэпцIагъэм
  • Сегъэлъагъуж си делагъэр.
  • Сегъэлъагъужри, нэгъуэщIу
  • Соплъыжыр си дуней гъащIэм.
  •  
  • Аргуэру акъылыншагъэм
  • Ирихужьауэ, гугъэм
  • Къелыхъуэ телъыджэ гуэрхэр…
  • Зэи къэмыхъуа гуэрхэр:
  • Псэм гупсэхугъуэ щIиIэн,
  • ХъуэпсапIэр нахуапIэ щыхъун…
  •  
  • Ажалыр — гъащIэ лъагапIэщ, —
  • Псэр зыщыхуну щыхупIэм
  • ДыхуокIуэр дыкъэмыувыIэу…
  • Нэщхъеирилэ лъэужьу
  • Гъуэгум къытеднэр, пщэдджыжьым
  • ЗэщIепхъэнкIэж жьы щIыIэм.
  •  
  • Дыхуейкъым нэпс
  •  
  • Гъэр ищIамэ си гур нэпсеягъэм,
  • Си гурыщIэм къэукъубейуэ щIедзэ.
  • СхулъэгъэIэсыжкъым си Iэр гугъэм,
  • Зэрыхуейуэ сехьыр гъащIэ псыдзэм.
  •  
  • Ар хэкIыпIэ? —
  • Укъыхагъэзыхьу,
  • УпхыкIыжмэ къэбгъэщIыж бэлыхьым…
  • Дуней узытетым зыщыбгъэпщкIуу,
  • Уэ бдзыжа уи жьауэм зыщIэбгъапщкIуэм…
  •  
  • Си акъыл икIам гухэщIым и бжэ
  • ЗэIуихам сищIащи хьэжэпхъажэ,
  • Си гуфIакIэм нэпсыр къыфIыщIэжу,
  • ГукъэкIыжхэм иретхьэщIыкIыжыр.
  •  
  • Мурад щыгур лъагэщ икIи жыжьэщ.
  • Си нэ джыджым къиджыкI уи пщэдейр.
  • Си нэм жиIэ гъуэгум тету ежьи,
  • НасыпыфIэу уехыжынщ дунейм.
  •  
  • Къытпэщылъщ а гъуэгур уэри сэри…
  • Нэпси щIумыгъэкI… Сыгъынкъым сэри.
  •  
  • Ар пэж?
  •  
  • Ар пэж? — Дунейм ехыжахэм я псэхэр
  • Къэпсэужрэ, зыми имыщIэу,
  • Сабий нэ кугъуэхэм я лъащIэр
  • ЗыгъэпщкIупIэ ящIыжрэ, псэухэу?
  •  
  • Мы ди гъащIэ гъэпцIагъэ дыджым
  • Си щхьэфэцыр къысфIегъэтэджыр,
  • Лъынтхуэ къэскIэ, сызэщIикъузэу,
  • КъысфIыхохьэ шынагъэ узыр…
  •  
  • А гупсысэм и нэщхъеягъуэр
  • Си Iэпкълъэпкъым хыхьащ техьэгъуэу…
  • Зэщхьэщимыхуу си акъылыр,
  • СогъэщIагъуэ сыкъызэрелыр…
  •  
  • КхъыIэ, сынишыж мы гъэрыпIэм,
  • Мы си гъащIэм и шыгъушыпсыпIэм
  • Сыхэшыж… Иджыри кIасэкъым…
  • Уехыжыну дунейм — пасэкъым.
  • Щхьэхуимытмэ, гур пхуэмыушэ —
  • Сэ сожьэжыр, фыщыт узыншэу…
  •  
  • Псалъэ щэхухэр
  •  
  • Псалъэ щэхухэм я рифмэ Iущащэхэм
  • Гум и щэхухэр яхуэхъумэнкъым.
  • ГугъапIэ гуэри зимыIэж пщащэхэм
  • Я макъ щэхухэр нэжэгужэнкъым.
  • Хэт ар зи лажьэр?
  • ГугъапIэм и нэхухэр
  • Дзыхь къытхуимыщIу зэщIикъуэжынущ,
  • Игъэкъуэншэжурэ сыткIи цIыхухэр,
  • Къырыщхьэ тхъуахэм щхьэдэхыжынущ.
  • Къуршыщхьэ тхъуахэм я мыл нэ щIыIэхэм
  • УахуемыплъэкIыт, — ахэр плъэгъуакIэщ.
  • Рифмэ щэхухэм гу щIыIэ-псэ щIыIэкIэ
  • СаукIынущ, якъутэу мыл дзакIэр…
  • Къыщхьэдэхынурэ къуршым зы благъуэ,
  • Къытегъуэлъхьэнущ шынагъуэу лъагъуэм…
  • Ауэ… умышынэ,
  • Пшэ хужьыр — плъагъурэ?
  • Ар хуэм-хуэмурэ уэ къыпхуоIэгъуэ…
  • ТеувапIэ хьэзырщ мо къуршыр —
  • Пшэ хужьым шэси…
  • Уихьынущ хьэршым…
  •  
  • ГурыщIэ
  • зэIумыбзхэр
  •  
  • Хэгъэгу жыжьэ…
  • Уафэгум щIэуэ
  • Чэщанэжьхэр щIахъумэр пшагъуэм.
  • КIэлындор кIыфIым и бжэ хужьхэр
  • Пасэрей псэхэм зэзэмызэ
  • Хуэм дыдэу къащIри дамэдазэ,
  • Къыхукъуоплъыжыр дунеижьым.
  • ЕгъэпщкIур бжэм си пащтыхьыкъуэр,
  • Си щауэр — хьэлъэ дыдэу щатэу,
  • Нэщхъейуэ, гуи къыслъимытэу…
  • Ар къэзгъэнэнукъым и закъуэу.
  •  
  • Си нэкъыфIэщIи си нахуапIи
  • Гухэлъым хузэхэмыхужу,
  • Къелъыхъуэри зы къуэгъэнапIэ,
  • Гурылъым зыщегъэпщкIур пэжым.
  •  
  • А пэжым сыIэщIэкIыфыну?
  • Сэ сыкъэрабгъэщ… сыщIопхъуэжыр…
  • Гува-щIэхами, сощIэр, пэжыр
  • Зэгуэрым къыслъэщIыхьэжынущ…
  • Къоуэжыр сигу къызгурымыIуэр,
  • КъызгурыIуэжмэ — хуейщ хэдэни —
  • ХъуэпсапIэм къыжьэдэскъуэу шхуэIур
  • Си гухэлъ щэхум къысхуидэну?..
  •  
  • СутIыпщыжмэ хъуэпсапIэр,
  • Къысхуэмынэжу зы гугъапIэ…
  • Тэмакъым псалъэр схуемыгъэхыу…
  • Апхуэдэу Тхьэм нэлат зэрихыр?..
  • Сэ а нэлатым сыкъелыну
  • Си фIэщи хъужыркъым, итIани
  • Зыгуэрым сыкъыгурыIуауэ
  • СылIэжмэ, сщIынукъым гукъанэ.
  •  
  • Зиусхьэн
  •  
  • СынолъэIу, зиусхьэн, къысхуэгъэгъу…
  • Сабий цIыкIум хуэдэу уобауэр…
  • ЗыкъысхуэщIыт зы мащIэу гъунэгъу…
  • УокIэзызри уи фэр пыкIауэ…
  • Утегушхуэу гъунэгъу зыкъэпщIым,
  • КъыпхуэщIэнкIэ хъунщ уи гум щыщIэр.
  • Уимыгугъэ делэ сыхъуауэ,
  • Ауэ, пщIэркъэ, апхуэди къохъур.
  • Си нэр нэхэм щIэбжьэхъуауэ,
  • ГъащIэу пIэрэ кIэншэу къалъыхъуэр?
  • ИумыхьэкIыу уи нитIыр, къаплъэт,
  • Къаплъи, пцIыуэ жыIэт бжесIэнур…
  • А уи плъэкIэр къызгурыIуэну…
  • Уэстыфынукъым зыри псалъэ,
  • Ауэ…
  • СынодэIуэнщ сыт щыгъуи…
  • Умыдзыхэу зыкъэщIыт гъунэгъу,
  • ДыгъэтIыси, си гъащIэм и гугъу
  • ТIэкIу дыгъэщIыт —
  • Уи гур зэрыгъур
  • ЗыхызощIэ
  • Уи дзыхь къызэгъэз.
  • Е, плъэкIынум,
  • Си дзыхь зэзгъэгъэз.
  • Сыт, къызжеIэт, си нэм щIэплъагъуэр?..
  • Сэ щыслъагъур а уи нэм щIалэгъуэщ…
  • Ауэ зыри мыгурыIуэгъуэу…
  • Уэ си нитIыр уи гум ирохьыр.
  • Си Iэпкълъэпкъри, си хьэл-щэнри,
  • Си гуфIэкIэри хэт уи пщIыхьым?..
  • ЖыIэт, пэжыр сыхуейщ къэсщIэну…
  • КъыумыгъэпцIэжыт зэи уи псэр…
  • ТIэкIу нэхъыфI укъэхъуа? Зэтелъхьи
  • Уи нэ фIыцIэхэр, уи гупсысэр
  • Гъэкъэбзэжыт — аращ нэхъыщхьэр…
  • Гукъыдэжыр пхуэсIуэтэжыну
  • СхулъэкIынущ, уи нэпс пIэпыхур
  • Зэи зыми имылъагъуну
  • ЗгъэпщкIуфынущ — дызэдищэхуу.
  • ХуумыщIыжу гукъанэ уи псэм,
  • Къызбгъэдыхьи, лъэщIыж уи нэпсыр.
  •  
  • ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ.