Вэрокъуэ Софият урыс таурыхъхэр адыгэбзэкIэ «къегъэпсалъэ»
2020-08-11
- Зым и дежкIи щэхукъым Урысейм щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэ сабийхэри иджыпсту урысыбзэкIэ зэрыпсалъэр, урыс таурыхъхэм нэхъыбэу зэрыдахьэхыр. Къалэдэс сабийхэм къадэкIуэу, къуажэдэсхэри анэдэлъхубзэм хуэхамэу, урысыбзэр уэрсэру ягъэшэрыуэу къыщIыдэкIуэтей щхьэусыгъуэхэм мультфильмхэри хохьэ. ГъащIэм зэрыщыхабзэщи, бгъэдыхьэкIэ къыхуэбгъуэтмэ, дэтхэнэ зы Iуэху зэIумыбзми хэкIыпIэ зэриIэмрэ ерыщу упэщIэувэмэ, узыпэрыт IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэфI зэрыхэплъхьэфынумрэ къилъытэри, телевиденэм и журналист Вэрокъуэ Софият иджырей урыс, хамэ къэрал таурыхъхэр адыгэбзэм къригъэзэгъэну иужь ихьащ.
- Вэрокъуэ Софият телевизореплъхэм къацIыхуащ «Вести КБР» программэмкIэ, нэхъ пасэу ГъукIакъуэ Идар и гъусэу иригъэкIуэкIыу щыта «Къэрабэ» сабий нэтынымкIэ. Софиятрэ и щхьэгъусэ Срыкъуэ Артуррэ бынитI яIэщ. Дэтхэнэ къалэдэс сабийхэми хуэдэу, я хъыджэбз цIыкIухэм тыншу къапхъуэта урысыбзэм зыдрагъэхьэхыурэ езыхэр зэпымыууэ зэрепсалъэ адыгэбзэр Iэпэдэгъэлэл ящIу гу щылъатэм, адыгэ хабзэм, бзэм, щэнхабзэм я пщIэр зэрехуэ-хым гууз-лыуз хузиIэхэм ящыщ Софият мурад ищIащ абыхэм фIыуэ ялъагъу таурыхъхэр зыдигъэIэпыкъуурэ я бынхэр адыгэбзэкIэ къигъэпсэлъэжыну.
- Нэхъапэм сабийхэр топ, гъуэрыгъуапщкIуэ, псыутх, нэгъуэщI джэгукIэ хьэлэмэтхэм дахьэхыу щытамэ, иджы ди нэгу щIокI зэманым зэрызихъуэжар. Иджырейхэр телевизор, планшет, жып телефон жыпIэми, щхьэж зыхуэщIа Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпурэ, жэщ-махуэ жамыIэу таурыхъхэм йоплъ, Интернетым «щокIуэд». «Барбоскины», «Мимимишки», «Лунтик», «Фиксики», «Три кота», «Щенячий патруль», «Синий трактор», «Двенадцать месяцев», «Жил-был пёс», «Дюймовочка», «Золотая антилопа», сабийхэр дэзыхьэх нэгъуэщI таурыхъхэм адыгэбзэкIэ еплъмэ, нэхъ гъэщIэгъуэныж зэращыхъунум шэч химылъхьэу Вэрокъуэр а Iуэху щхьэпэм пэрыхьащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, анэдэлъхубзэм къригъэзэгъэну таурыхъхэр къыщыхихкIэ Софият сабийхэм я деж щIэупщIэ нэхъ щызиIэхэр япэ зэрыригъэщыр, абы и лъэныкъуэкIэ цIыкIухэм я адэ-анэхэм зэрызыкъыхуагъа-зэ лъэIухэмрэ чэнджэщхэмрэ къызэрилъытэр, Интернет зэпыщIэныгъэхэр абыкIэ сэбэп зэрыхъур.
- — Нэгъабэ езгъажьэу япэу адыгэбзэ зыщIэслъхьа «Барбоскины» мультфильмым си сабийхэр щезгъэплъам ягу зэрырихьам дамэ къыстригъэкIащ. Псом хуэмыдэу згъэщIэгъуат тIуми абы щыщ псалъэухахэр къытрагъэзэжурэ зэрыжаIэр. Си щхьэгъусэми а Iуэхур къыщыздиIыгъым, зэакъылэгъу дыхъури, дызэчэнджэщурэ абы дыпэрыхьащ. ИкIи, дэ тхуэдэ адыгэ унагъуэхэм я щIэблэм яхуэщхьэпэн хуэдэу, а таурыхъхэр YouTube каналым къислъхьэу щIэздзащ. ИтIанэ ахэр ИнстаграмымкIэ зэбгрезгъэхащ. Ахэр зылъагъухэр абы щыгъуэм куэдкIэ нэхъ мащIэт, ауэ ягу зэрырихьыр, щIэупщIэ зэраIэр къызэрыслъагъэIэсыр гуапэт. А Iуэхугъуэм нэхъри сытригъэгушхуащ уэрэд цIыкIухэр зыщIэт, нэхъ гугъуу къысщыхъу мультфильмхэм я ужь сихьэным икIи ахэри къызэхъулIауэ къалъытащ, — жеIэ Софият.
- Вэрокъуэм зридзэкI лэжьыгъэхэр «макъыщIэхэм» хуэныкъуэ хъуащ. Мультфильмхэм хэт лIыхъужь-хэр «къэгъэпсэлъэныр» е нэгъуэщIу жыпIэмэ, абы ящIэлъ псалъэхэр жызыIэну хьэзырхэр мымащIэу къыщIэкIащ, апхуэдэ Iуэхум къыхыхьэну хуей щыIэмэ, хъыбар кърагъэщIэну ИнтернетымкIэ хъыбарегъащIэ щызэбгригъэкIым. А лъэныкъуэмкIэ Софият и лэжьыгъэр куэдым къызэрыдагъэпсынщIэр Iуэхур зыгъэкIуатэхэм ящыщщ. Къыпэджэжахэр япэу къызыхиша «Мазэ пщыкIутI» мультфильмыр цIыху куэдым зэдагъэхьэзыращ икIи ар цIыкIухэм ягу дыхьащ.
- Адыгэбзэр хъумэным зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми хэлъхьэныгъэ хуэщIыным хуэунэтIа мы Iуэху дахэм зэщIигъэуIуащ дуней псом щызэбгрыдза адыгэхэр. Псом хуэмыдэу хамэ къэралхэм — Тыркум, Сирием, Иорданием, Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм — щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр Софият къыхуотхэ, къопсалъэ фIыщIэ, хъуэхъу псалъэ гуапэхэр къылъагъэIэсу, адыгэбзэр нэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэхэм хэмышыпсыхьыжынымкIэ къэщхьэпэну лэжьыгъэр хыфIимыдзэу адэкIи пищэну щIэлъэIухэу.
- — Есхьэжьа Iуэхур згъэкIуэтэнымкIэ апхуэдиз цIыху къызэрысщыгугъым папщIэ къыслъыс жэуаплыныгъэр зыхэсщIэу пщэрылъ зыщысщIыжащ дяпэкIи проектым зезгъэубгъуну. КъищынэмыщIауэ, сабий нэтын зэмылIэужьыгъуэхэр згъэхьэзырыну си хъуэпсапIэщ. Ар къызэхъулIэн папщIэ, си напэкIуэцIым зи Iэ щIэлъ цIыхухэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъун хуейщ, си закъуэ къарукIэ ар сызыпэмылъэ-щын Iуэхугъуэщи. Ари къыздэзыгъэкIуатэхэм фIыщIэ яхуэфащэщ. Мы Iуэхум ехьэлIа проект згъэхьэзырри грант зэпеуэ сыхыхьащ. Абы кърикIуар иджыри къапщытэжакъым, — жеIэ Софият. — Нэхъыщхьэращи, адыгэбзэр гъэлэжьэнымкIэ, щIэблэм ар яIурылъу къэгъэхъунымкIэ си проектым мыхьэнэ иIэу къэзылъытэхэр къыздоIэпыкъу си напэкIуэцIым и щIэупщIэр нэхъри драгъэкIуеинымкIэ. СэркIэ куэд и уасэщ лъэпкъым щыщ куэд къызэрыскъуэувэр.
- Вэрокъуэм и лэжьыгъэхэм зыщыхэвгъэгъуазэ хъунущ абы Инстаграмым щиIэ sofiyavorokova напэкIуэцIым, Телеграмым къыщызэригъэпэща Псысэхэр и каналым. А таурыхъхэр зылъагъухэм зэбграгъэкIыурэ адыгэ сабий зэрыс дэтхэнэ зы унагъуэми ялъэгъэIэсамэ фIыт. Апхуэдэу Вэрокъуэм адыгэбзэкIэ зэридзэкIыу макъамэ зыщIилъхьэжа, сабийхэр дэзыхьэх таурыхъ хьэлэмэтхэр ди щIыпIэ телевиденэмрэ радиомкIэ къату хэIущIыIу ящIамэ, адыгэбзэм зиужьынымкIэ хэлъхьэныгъэфIт. МылъкукIэ зыщIэзыгъакъуэу проектыр зыгъэкIуэтэну хуейхэм Iэмал фиIэщ Iуэху щхьэпэм фыхыхьэну: ахъшэр ебгъэхь хъунущ мы картэмкIэ 4276 1609 3429 8317.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.