Елокъуэ Хъанджэрий
2020-08-06
- Москва и Iэшэлъашэхэм 1941 гъэм и щIымахуэ уаем бийм бгъэгукIэ щыпэувахэм яхэтащ Арщыдан къыдэкIа лейтенант нэхъыжь Елокъуэ Хъанджэрий.
-
Адыгэ щIалэр тIасхъэщIэх гупым и унафэщIт. Абы пщIэшхуэ хуащIырт и зэфIэкI лъагэм, хэлъ лIыгъэм, гу щабагъым щхьэкIэ. Штабым и тхьэмадэм къыхуигъэув къалэн псори Хъанджэрий и гупым дагъуэншэу ягъэзащIэрт. Мызэ-мытIэу ахэр бийм я щIыбагъым кIуэрт, хъыбар къахьын хуейуэ икIи IэнэщIу зэи къагъэзэжыртэкъым.
- Елокъуэр куэдрэ ирихьэлIэрт бийм и дзэ пэрытхэмрэ езым хуэдэ бий тIасхъэщIэххэмрэ. Ауэ Iэмал, Iущыгъэ куэдым хуэIэижь зауэлI хахуэм сыт щыгъуи хэкIыпIэфIхэр къигъуэтырт, къалэныр гъэзэщIа хъуным гупсысэщIэхэр ирихьэлIэрт. Абы и гупым нэмыцэм и штабхэр, Iэщэ хъумапIэхэр къахутэрт. Апхуэдэу, хэкIыпIэ псори къигъэсэбэпыфу, тегушхуауэ зауэу зэрыщытым папщIэ, Хъанджэрий генерал Панфиловым фIыщIэ къыхуищIауэ, къэрал дамыгъэ лъапIи къритауэ щытащ.
- Зэгуэрым лейтенант нэхъыжь Елокъуэр зи чэзу унафэр игъэзэщIэну ежьат, и тIасхъэщIэххэр и гъусэу. Абыхэм нэмыцэр зыдыхьауэ хуагъэфащэ Ананьино къуажэмкIэ (Москва и гъунэгъущ) яунэтIащ. Хъанджэрий и гупым къахутащ жылэм нэмыцэ гуп фIэкIа зэрыщымыIэр икIи ахэр псори зы унэ гуэрым ефэ-ешхэу зэрыщIэсыр.
- Елокъуэм и зауэлIхэр гуп-гупу игуэшащ. ТIур унащхьэм дэпщеин, зым бий плъырыр «Iуихын» хуейт, щыр пщIантIэм дэт псыкъуийм деж щетIысэхынут, езы Хъанджэрий унэм бгъэдыхьэнурэ нэмыцэхэм затыну яжриIэнут.
- ЩIымахуэ жэщ кIыфIыр къуажэм къыдэгъуэлъхьащ. ТIасхъэщIэххэр щхьэж и пIэ Iэуэлъауэншэу итIысхьащ. Нэмыцэхэми я IутIыжт — ефэт, ешхэт. Плъырыр Iэзэу лъэныкъуэ иригъэза нэужь, Елокъуэр унэ щхьэгъубжэм теуIуащ: «Фыкъэдухъуреихьащ, зыкъэфт», — жиIэри. Гужьеигъуэр къызыкIэщIэзэрыхьа нэмыцэ сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ хэт къыщIэжауэ я мотоциклхэм дежкIэ жэрт, хэти и автоматыр къигъуэтыжауэ унэм къыщIэу-кIырт, хэти ищIэнур имыщIэу, чэфыжьу щыст.
- Абы щыгъуэм Елокъуэр зи унафэщI тIасхъэщIэх щIалиблым нэмыцэ зауэлI 20 яукIауэ щытащ. Ахэр биидзэм и штабым щыщу арат.
- Мы Iуэхум папщIэ Хъанджэрий Бэракъ Плъыжь орденыр къэралым къритат, езыри батальоным и унафэщI ящIат. Хъанджэрий и гупым и зэуэкIэм теухуауэ усакIуэ-панфиловец Кузнецов Павел «Хэкум папщIэ» дивизэ газетым усэ къытрыригъэдзауэ щытащ.
- Апхуэдэу хъыжьэт — бгырыс щIалэр. Абы Iэмал гъэщIэгъуэнхэр къигъэсэбэпырт.
- Батальоныр щытыкIэ гугъум ихуат абы щыгъуэ, арщхьэкIэ абы и пашэ Елокъуэм унафэ къыIэрыхьат зы лъэбакъуэ ныкъуэкIи къикIуэт мыхъуну, зы жэщкIэ нэхъ мыхъуми заIыгъыну. Бийр хуабжьу къебгъэрыкIуэрт, абы и бжыгъэр ди зауэлIхэм нэхърэ фIыуэ нэхъыбэт. Арати, Хъанджэрий бзаджагъэм хуекIуащ. Абы и жыIэм тету къуажэ гъунэгъум шыгуу, шыдыгуу дэтым я гуплIэр зауэр щекIуэкIыну губгъуэм къахури, шыгуфэхэр Iэтауэ пщыхьэщхьэ хуэкIуэу ягъэуващ. Жыжьэу къаплъэ бийм ахэр псори топу къыфIэщIащ икIи «мы щIыпIэр хуабжьу зэщIаузэдащ» жиIэри, а жэщым ебгъэрыкIуэныгъэр игъэувыIат.
- ЕтIуанэ жэщым ирихьэлIэу ди зауэлIхэм дзэм дэIэпыкъуэгъушхуэ къаритри, зэзауэр къахьэхуат.
- Сыт хуэдэ щытыкIэ гугъуми къикIыфырт Елокъуэ Хъанджэрий. Абы и бгъэгум щылыд дамыгъэхэм къыхэхъуат Вагъуэ Плъыжьым и орденри, Хэку зауэ орденым и нагъыщитIри, медаль зыбжани. Совет зауэлI цIэм хуэпэжу ТекIуэныгъэр къэзыхьыжахэми яхэтащ ар.
- КЪАРДЭН Блыкуэ.