Адыгэ бзылъхугъэ
2020-08-06
- УзыщIэхъуэпсыр къохъулIэ
- «Бзылъхугъэ» напэкIуэцIым и хьэщIэщ зэманым декIу, зыпэрыт Iуэхум хуэжыджэр, зыхэт гупым фIыкIэ къыхэжаныкI дохутыр Мэремщауэ Тамарэ. Абы 2008 гъэм Налшык дэт курыт еджапIэ №27-р дыщэ медалкIэ къиухащ икIи академик Павловым и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт медицинэ университетым ар щIэтIысхьащ. 2014-2016 гъэхэм Алмазовым и цIэр зезыхьэ медицинэ IуэхущIапIэм клиническэ ординатурэр акушерствэмрэ гинекологиемкIэ къыщиухащ. Санкт-Петербург дэт медицинэ факультетым ультразвуковой Iэмалхэмрэ бзылъхугъэр къэпщытэнымкIэ IэщIагъэ щызэригъэгъуэтащ. Абы къыкIэлъыкIуэу Мечниковым и цIэр зезыхьэ медицинэ университетым «Гинекологическая эндокринология» программэмкIэ щеджэжащ. Тамарэ хэтщ Урысейм ЦIыхум и репродукцэмкIэ ассоциацэм.
- Пщащэ тхьэIухудым, щэныфIэм, дохутыр Iэзэм лъэныкъуэ куэдкIэ зэрызиужьыным хущIокъу. И лэжьыгъэм къыхудэхуэ зэман мащIэм абы хамэ къэралыбзэхэр зэрегъащIэ, адыгэ къафэм зыхуегъасэ. Тамарэ зытет гъуэгу дахэр и нэщэнэщ ар фIыкIэ узыщыгугъ хъунухэм зэращыщыр. Абы и щыхьэтщ нобэ фи пащхьэ нитлъхьэ и гупсысэхэр.
- КъежьапIэр псоми я щхьэщ
- — Дэ унагъуэшхуэхэм дащыщкъым, ауэ нэхъыщхьэращи, фIылъагъуныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, зэхэщIыкI диIэщ. Си адэ Мэремщауэ Александррэ си анэ Къэмбэчокъуэ Мадинэрэ си дэлъхумрэ сэрэщ яIэр. Си адэр гъащIэм гъуазэу, гъуэгугъэлъагъуэу щыдиIэщ. Хъыджэбз цIыкIу куэдым хуэдэу, сэри сызэрыцIыкIурэ си анэр дахагъэм, Iущагъым, хабзэ дахэм я щапхъэу къызолъытэ. Си псэм пэсщI си дэлъху закъуэ Алим щыпсэури щылажьэри Новосибирскщ. Адыгэхэм я хьэлкъым я унагъуэм щыщхэм куэдрэ тепсэлъыхьу е я фIылъагъуныгъэр хэIущIыIу ящIу, ауэ гугъущ, апхуэдизу къобэкIыр щIэпхъумэну.
- Дохутыр мыхъумэ, хэту седжэми здэрт
- — Пэжыр жысIэнщи, сэ сащыщкъым зэрыцIыкIурэ дохутыр хъуну щIэхъуэпсахэм, уеблэмэ, 10-нэ классым сынэсыху дохутыр IэщIагъэм зыщыздзейуэ, абы нэмыщI сыту седжэми здэуэ щытащ. Ауэ, зэрыжаIэщи, нэхъ узыщышынэрщ гъащIэм къыппекIуэкIыжыр. Си адэ-анэр къызэчэнджэщу, дохутыр сыхъумэ, зэрафIэкъабылыр къыщызжаIэм, си фIэщу сегупсысри, сытегушхуащ. Абы щыгъуэ сэ дэнэ щысщIэнт а IэщIагъэм ирилэжьэн щIэздзэн и пэ гугъуехьыу къыспэщылъыр зихуэдизыр. Ауэ щыхъукIи, зэи сыхущIегъуэжакъым, IэщIыб сщIыну сыщыхуей къэхъуакъым. IэщIагъэ нэхъыщхьэ щызэзгъэгъуэтар Санкт-Петербургщ. Япэу абы сыщыкIуам 11-нэ классым сыщIэст, зыплъыхьакIуэ сежьати, си ахъшэр сфIадыгъури мащIэу гугъу срагъэхьат, ауэ мурад сщIат къалэм и «нэфI зыщезгъэхуэжынуи», зэзгъэхъулIащ.
- ЕгъэджакIуэ хъуфыр зырызщ
- — Ди IэщIагъэм щымащIэкъым сэ сызыдэплъей, щапхъэ схуэхъу цIыхушхуэхэр. Сезыгъэджахэми мымащIэу яхэтщ цIэ лъапIэр медицинэм къыщызылэжьыфа дохутырышхуэхэри, ауэ щыхъукIэ, сэ схужыIэнукъым фIэкIыпIэ имыIэу егъэджакIуэ нэс схуэхъун срихьэлIауэ — сэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ а псалъэм. ЩIэныгъэ зиIэр куэдщ, ауэ егъэджакIуэ нэс хъуфыр зырызщ.
- Нэхъ хьэлъэр
- — Медицинэм къыщыхэсхыну унэтIыныгъэм нэхъ гугъу сыдехьащ. Сызэреджа илъэсихым зыбжанэрэ схъуэжащ, иужькIэ, еханэ курсым сыщIэсу, хирург IэщIагъэм сыхуеджэну тезухуат. Ауэ, си сапэр угъурлы хуэхъуну щыгугъыу зи гъащIэр къысIэщIэзылъхьа цIыхур лIауэ си нэгу къыщIэувэри, сыхущIегъуэжащ. ЦIыхум и узыншагъэ пIэщIэлъыныр жэуаплыныгъэшхуэщ, ауэ гъащIэ пIэщIэлъыныр куэдкIэ нэхъ инщ, нэхъ гугъущ. Арати, дерматолог, косметолог унэтIыныгъэхэм нэхъ тезгъащIэу, косметологиемкIэ курсхэри къэзухри, мазитIкIи сылэжьащ. Лэжьэн щIэздза иужьщ сэ а IэщIагъэр сызэрысымейр къыщызгурыIуар.
- Акушер-гинеколог IэщIагъэр къызэрыхэсхари гъэщIэгъуэнщ, зы махуэм сытегушхуат. Абы ирилажьэ дохутыр гуэрым сыхуэзауэ сепсэлъылIэри, къызгурыIуащ сызыхуейр. Абдеж ординатурэм сыкIуэну экзаменхэр стын хуейти, си дэфтэрхэр къыхэсха унэтIыныгъэм псынщIэу естыжщ, экзаменхэр стыри, сыщIэтIысхьащ. ЗанщIэу си нэгу къыщIыхьат си цIэ- унэцIэм врач-репродуктолог пыту, ар си лэжьапIэ пэшым тетхауэ, бгъэхэIум тету зэрызесхьэнур.
- Дохутырхэр нэгъуэщIщ
- — Адрей IэщIагъэхэм медицинэр куэдкIэ къыщхьэщокI. Псом япэрауэ, медицинэр къыхэзыха псоми ящIэ а IэщIагъэм, къахуэныкъуэ цIыхухэм, Гиппократ и тхьэрыIуэм езыхэм тыхь зэрызэхуащIыр. Сымаджэм и узыр дагъэпсынщIэн папщIэ дохутырхэм куэд, куэд дыдэ зыхуагъэныкъуэ, а IэщIагъэм арыншауэ урилэжьэфынукъым. ЕджапIэм узэрыщIэтIысхьэу щIедзэ абы. Уи жей умыгъэныкъуэу, къару тумыгъэкIуадэу уеджэфынукъым. СощIэж, дыщеджэм щыгъуэ, ди егъэджакIуэхэм операцэ зэращIым деплъыну дашати, сыхьэт 12-м щIигъукIэ щекIуэкI къэхъурт. Зы меданкIи теплъэкъукI, тегупсысыкI мыхъуу, къарурэ зэфIэкIыу яIэр стIолым телъым бгъэдалъхьэрти, абы куэдым сригъэгупсысащ. ЕтIуанэрауэ, а IэщIагъэр къыщыхэпхым деж, езым уи фIэфIыныгъэкIэ апхуэдэ псэукIэм «Iэ щIыбодз». Дохутырыр Iэпкълъэпкъым и мызакъуэу, псэми и дохутырщ, ар зыщыбгъэгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым, псалъэм къаруушхуэ иIэщ. Сыт хуэдэ IэщIагъэми абы ирилажьэм гупсэхугъуэ иримытмэ, урилэжьэфынукъым икIи къохъулIэнукъым. Дохутырхэм я дежкIэ я сымаджэхэм я псалъэ гуапэм, абыхэм я гукъыдэжым нэхъ «улахуэфI» щыIэкъым.
- Улажьэмэ, лажьэр
- бгъэхъужынщ
- — Мы зэманым сэ сыщолажьэ Налшык дэт «Центр ЭКО»-м. А клиникэр Урысейм щыIэ «Центр ЭКО» IуэхущIапIэ иным и зы къудамэщ, апхуэдэу къэралым 30-м щIигъу итщ. Иджырей мардэм къигъэув жыпхъэхэм тету лажьэ клиникэм бзылъхугъэхэм зыхуей дэIэпыкъуныгъэ псори щрат. Клиникэр Налшык зэрыщылажьэрэ илъэситху мэхъури, абы щыщу сэ илъэсрэ ныкъуэм сыщыIэщ. Зи IэщIагъэм хэзыщIыкI, абы хуэпэжу щылажьэ гупым ди къалэныр сабий узыншэ дунейм къытехъуэнымкIэ бзылъхугъэм дыдэIэпыкъунырщ, сабиймрэ бзылъхугъэмрэ зэIэпыкIыху я узыншагъэм дыкIэлъыплъынырщ. Ди щIэныгъэм хэдгъэхъуэнуи клиникэм IэмалыфI къыдет. Абы илъэс ныкъуэ къэс сессие къызэрагъэпэщыурэ Москва къалэ дыщызэхуашэс. Махуэ зыбжанэкIэ дэ дыхэтщ медицинэм къыщыхалъхьа IэмалыщIэхэм щыхэплъэ зэIущIэхэм, абы кърагъэблэгъа IэщIагъэлIхэм допсалъэ, ди упщIэхэм я жэуап къыщыдолъыхъуэ. Ди щIыналъэм щекIуэкI конференцхэми Iэмал зэриIэкIэ дыхэтщ. Псалъэм папщIэ, нэгъабэ Налшык щекIуэкIащ Урысейм ис акушерхэмрэ бзылъхугъэхэм я дохутырхэмрэ я зэIущIэ. «Зэманым декIур лIыфIщ». Апхуэдэуи, дэ IэмалыфI диIэщ Интернетыр къэдгъэсэбэпу вебинархэм дыхэтыну, дызыхуейхэм абыкIэ дыщIэупщIэну.
- IэщIагъэ къудейкъым
- — ЗэкIэ псалъэ хэIэтыкIа жысIэныр емыкIуу къыщIэкIынщ, си ныбжьым, лэжьэн зэрыщIэздзэрэ блэкIа зэманым тещIыхьауэ, ауэ, шэч хэмылъу, си IэщIагъэр къыгуэхыпIэ имыIэу си гъащIэм епхащ. НэгъуэщIу си гъащIэр си нэгу къысхущIэгъыхьэркъым. Мы зэманкIэ IэмалыншагъэкIэ унэм дыдэсын хуей хъуащи, гугъу сохь, къызэрымыкIуэу сигу къокI лэжьапIэр. Ар къызэрыхэсхам куэдрэ сыщогуфIыкIыж. Зэ еплъыгъуэкIэ си IэщIагъэр къызэрыгуэкI гуэру къызыщыхъуни щыIэу къыщIэкIынщ, ауэ бын зимыIэу зи щхьэ къозыхьэлIа цIыхухэм уадэлэжьэну тыншкъым. Псом япэрауэ, абыхэм уазэреIэзэр псалъэщ, абыхэм епт гугъэрщ. Илъэс куэдкIэ быным щIэхъуэпса адэ-анэм я гъусэу абыхэм къахэхъуа гъащIэщIэм ущыщыгуфIыкIкIэ уасэ зимыIэ гурыфIыгъуэщ. Мис а дакъикъэхэр къару къигъэхъуапIэщ, мы дунейм укъызэрыщысэбэпыр, цIыхухэм уазэрыхуэщхьэпэр пщIэныр насып инщ.
- Пэжым ухуеймэ, зыкъытхуэзыгъазэ дэтхэнэми и Iуэхур щхьэхуэщ, гъэщIэгъуэнщ, Ди щхьэщыгу итыр ди дэIэпыкъуэгъуу уи фIэщ мыхъун хуэдэ куэдым махуэ къэс дыхоплъэ. Абы къыхэкIыу сыхуейт ди цIыхухэм я хъуэпсапIэм хуэпэжу хуэкIуэну — узыщIэхъуэпсыр къохъулIэ!
- Мурадхэр
- — Зэи мурад инхэр сщIыркъым, къызэмыхъулIэнкIэ сошынэри. Зэрыхъун хуейм хуэдэу ирехъу! Сэ абы схухэлъхьэнращи, сызэрефIэкIуэнум яужь ситщ.
- Инэрокъуэ Данэ.
- Жьыщхьэ махуэ
- Хужь зыдэс жьантIэр
- Унэ гупэм ит жыг хадэ екIум деж жьы къабзэкIэ ягъэбэуэну къыщIаша Хужь (Кэнжэ къуажэ) и цIэмрэ и теплъэмрэ зэрызэщхьырщ занщIэу гу зылъыстар. Угъурлыгъэр щынэIурытт абы и деж, уэсым хуэдэу хужьу тхъуа щхьэцымрэ гугъуехь минхэм я Iэужь къызытещ лэдэххэмрэ нанэм екIупсырт.
- «Тылым и лэжьакIуэ», «Анэ лIыхъужь» къэлэжьыгъуей цIэ лъапIэхэр, зезыхьэ Тау (Щэуей) Хужь иджыблагъэ и ныбжьыр илъэс 95-рэ ирикъуащ. Уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу жыпIэ хъунущ ар жьыщхьэ махуэ хъуахэм зэращыщыр. Ар къызыхуэтыншэу зэрыпсэум гу лъытэгъуейкъым, уеблэмэ, езыр зэрытыншыным тещIыхьауэ унэри щIапIэри ухуащ. Ауэ а беягъэ псом ефIэкIыж мылъку бгъэдэлъщ нанэм, и бынхэмрэ абыхэм къатепщIыкIыжахэмрэ къытеубгъуарэ къыхуэсакъыу къыщхьэщытщ.
-
Быний зыпIу цIыху пэжу дунейм тезыгъэхьа Хужь и къуэ нэхъыщIэрщ къыбгъэдэсыр, ауэ анэм и къалэныр зыщымыгъупща бын гумащIэхэр лъагъунлъагъу къэкIуэрейщи, зыщамыгъэнщIу анэм и IэфIагъэм хосыхь. Мы унагъуэм сэ иджыри зэ хьэкъ сщащIащ уи нэхъыжьхэр нэхъыбэрэ пхуэпсэуху ахэр нэхъыфIыжу зэрыплъагъур. КъэщIэгъуейкъым Хужь бын гулъытэкIэ зэрыгъэфIар. Нэхъ гъэщIэгъуэныжт езы зэдэлъху-зэшыпхъухэм я зэхущытыкIэ дахэр. Иджы апхуэдэр мащIэ дыдэ хъуакъэ-тIэ?! Зым и фIыр адрейм зэригъэбэтэным, и дахэ зэрыжиIэным хущIэкъуу, зэхуэсакърэ зэхуэгумащIэ зэпсалъэу… Ар зи фIыгъэр, дауи, ахэр зыпIа адэ-анэрщ.
- Насыпым сыт и уасэ?
- Тау Мухьэмэдрэ Хужьрэ щIалиплIрэ хъыджэбзиплIрэ зэдапIащ, зауэ нэужь зэман хьэлъэм абыхэм я быным я ныбэ изу, я фэр къимыщу къагъэхъуам и закъуэкъым, атIэ IэщIагъэ ирагъэгъуэтащ, унагъуэ дахэу ягъэтIысыжащ. «Насыпым сыт и уасэ? — жиIати: — ГъащIэ псо», — жэуапу иратыжауэ щытауэ жаIэ пасэм. Таухэ я унагъуэ дахэм къахуигъэфэща насыпыр яхъумэри ягъэбэгъуащ, гъащIэм и махуэфIи и махуаи ахэр хуэпэжащ а насыпым. Аращ езыр къащIетэжари.
- НатIэм къритхам уфIэкIынукъым
- 1925 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м Хужь Шэджэм I къыщалъхуащ. Я къуажэ дэт курыт еджапIэм классиплIыр къыщиухри, колхозым щылэжьэн щIидзауэ Хэку зауэ- шхуэр къэхъейри, езым хуэдэ куэдым хуэдэу, гугъуехь минхэр и фэм дэкIащ.
- И щхьэгъусэ Тау Мухьэмэд 1942 гъэм зауэ IэнатIэ Iуту, Харьков деж зэхэуэ гуащIэм хэхуэри, лагъымым и лъакъуэ лъэныкъуэр пиудати, пасэу къагъэкIуэжауэ щытащ. Ар илъэс 66-м иту дунейм ехыжащ, ауэ абы къигъэна цIэ дахэр нобэми быным я жьауэщ. Лъакъуэ лъэныкъуэ фIэкI пымытми, абы лэжьыгъэм я нэхъ хьэлъэм зрипщытырт. Ар илъэс куэдкIэ къуажэ щхьэлтету лэжьащ. Жылэм ягъэщIагъуэу нобэр къыздэсым жаIэж, щхьэлым бэджыхъ фIэлъын дэнэ къэна, сабэ кIапэ щIэмылъу а лIым зэрызэрихьар. Сыт хуэдэ гумызагъагъэ пхэлъын хуейт абы щхьэкIэ?! ИужькIэ нэгъуэщI IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытати, дэтхэнэри хуэфащэу ирихьэкIащ.
- Хужь къуажэм щылэжьащ. Колхозым лэжьыгъэ щымащIэт?! Бзылъхугъэхэм лэжьыгъэ зэхэдз яIакъым. Сабийр цIыкIуми, къиинми, сымаджэми, колхозым къыщыплъыс лэжььыгъэ Iыхьэр щыбгъэзэщIэн хуейт. ЗэрыжаIэжымкIэ, Хужь и щIалэ етIуанэр плъыржьэру сымаджэти, а зы махуэ закъуэм лэжакIуэ имышэну бригадирым елъэIуат. Дауи, къыхуамыдэу дашащ. Хужь къыщысыжам, сабийр щыIэжтэкъым…
- Гъэмахуэм колхозым щыIэт, щIымахуэм джэдкъаз ягъэхъурт. ХадэхэкIхэр унэми щыхасэрти, унагъуэр ерыскъыншэ хъуртэкъым, езым къадэхуэр ящэурэ абы ирипсэурт.
- «МэжэщIалIэу къэхъуам зэи и ныбэ из хъужыркъым», — жиIэрти, бынунагъуэшхуэм я тхьэмадэ Мухьэмэд быным я ныбэ изу къэтэджынымкIэ хузэфIэкI ищIэрт. КъыдэкIуэтея иужь абыхэм щIэныгъэ зэрыритыным хущIэкъуащ. Зэрылъху-зэрыпIым я нэхъыжь Хьэжысмел къэжэпхъати, Нартан дэт Интернатым иратри, пIалъэ гуэркIэ щеджауэ зэхуащIыжащ. Арати, Шэджэм Ищхъэрэ дэта Интернатым ягъэкIуащ. Абы щыщеджа зэманым Хьэжысмел щIэныгъэ зригъэгъуэтам и мызакъуэу, балъкъэрыбзэри фIыуэ зэригъащIащи, ноби уэрсэру иропсалъэ. Армэм къулыкъу щищIа иужькIэ мылицэм хыхьэри, илъэс куэдкIэ щылэжьащ.
- Абы къыкIэлъыкIуэ Аслъэн Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и экономикэ къудамэр къиухащ. А IэщIагъэмкIэ илъэсищым щIигъукIэ Череповец щылэжьащ. Псы хозяйствэмкIэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэу, иужькIэ «Центр изучения, использования и охраны водных ресурсов КБР» федеральнэ IуэхущIапIэм и унафэщIу щытащ. Аслъэн и лэжьыгъэфIым къыпэкIуэу «Псы хозяйствэм и ветеран», «Лэжьыгъэм и ветеран» цIэ лъапIэхэр, апхуэдэу фIыщIэ, щIыхь тхылъ куэд дыдэ къыхуагъэфэщащ, езыми а IэнатIэм хузэфIэкI хилъхьащ.
- Таужан бын ещанэщ. Абы сатум щыхуагъасэ техникум къиухри, тыкуэнтесу лэжьащ.
- Руслан КъБКъУ-м и зоотехние къудамэм щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ. Колхозым хэтащ, и гуащIэ хилъхьэу фермэм щылэжьащ, мы зэманкIэ бэджэнду щIы къищтэурэ толажьэ.
- Ритэ курыт еджапIэ нэужьым техникумым щIэсу щхьэгъусэ игъуэтащ, щхьэусыгъуэ гуэрхэм къыхэкIыу и еджэным пищэжыфакъым, ауэ унагъуэ дахэ иухуащ.
- Ислъам зэкъуэшхэм я нэхъыщIэщ. КъБКъУ-м и агрономие къудамэр диплом плъыжькIэ къиухащ. «Террасовые сады» IуэхущIапIэм агроному зэрыщылажьэм хуэдэурэ, мэкъумэш хозяйствэ щIэныгъэхэмкIэ и кандидат лэжьыгъэр пхигъэкIащ. ЩIалэр зыпэрыт IэнатIэм зэрегугъум гу лъатэри, куэд дэмыкIыу абы и унафэщIу хахащ. Езым и фIэфIыныгъэкIэ а IэнатIэр зригъэтIылъэкIри, Бахъсэн дэт «Къэббалъкъгибрид» IуэхущIапIэм и генеральнэ унафэщIым и къуэдзэу ягъэувауэ нобэми ехъулIэу мэлажьэ. ПсапащIэ Iуэхухэм хуэжыджэр Ислъам къуажэдэсхэм фIыуэ яцIыху, щытхъу псалъэ хужаIэ зэпытщ. А псом я щхьэжщ абы и анэр зэригъэтыншыр.
- ФатIимэт бухгалтеру еджэри, а IэщIагъэмкIэ лэжьащ, иджы дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и станцым IэщIагъэлI пэрыту щолажьэ.
- Абы къыкIэлъыкIуэ Заирэт хъыджэбз нэхъыщIэщ, жыпIэнуракъэ, унагъуэм псэуэ яIутыр ара хуэдэщ. НэхъыщIэфI хьэлу ар псоми ятеубгъуащ, псом хуэмыдэу и анэм. Зэирэт и анэм зэрепсалъэр, зэрыхуэсакъыр сыт и уасэ?! Хужь и лъэр абы хуэдэу зыгъэжан щымы- Iэу жаIэ зэдэлъхузэшыпхъухэм. Хъыджэбз нэхъыщIэми КъБКъУ-м и экономикэ къудамэр къиухащ. Абы IэнатIэ зыбжанэ ехъулIэу ирихьэкIащ, иджыпстукIэ Муниципальнэ IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм и ассоциацэм бухгалтер нэхъыщхьэщ. КъБР-м щIыхь зиIэ и экономистщ.
- Зи пашэр хъупхъэм и Iуэху йофIакIуэ
- Зэдэлъхузэшыпхъухэм я сабиигъуэр ягу къыщагъэкIыжкIэ жаIэ я адэр ткIийуэ зэрыщытар, ауэ лэжьыгъэм зэрыщIапIыкIам и фIагъ куэд къазэрекIари дыщIагъуж. Щхьэж и къалэныр пыухыкIауэ пщэдджыжьым пщэрылъ щащIырти, я адэр къэкIуэжыху, ар зэфIагъэкIын хуейт. Шэджагъуэ нэужьым Мухьэмэд сабийхэм я егъэджакIуэхэм захуигъазэрти, классым зэрыщIэсар зригъащIэрт.
- Мухьэмэд инсульт къеуэри, илъэсиблым щIигъукIэ Iэрызехьэу зэрахьэжащ. Ар дунейм щехыжам Хьэжысмелрэ Таужанрэт унагъуэу тIысыжар, адрейхэр зыхуей хуэзыгъэзар Хужьщ.
- Апхуэдиз зылъэгъуа фызыр тхьэусыхэн дэнэ къэна, гугъу ехьауэ жиIэртэкъым. Зауэ лъэхъэнэм, абы къыкIэлъыкIуа гъэхэм е и быныр къызэрагъэтэджам, ахэр зэрырагъэджам теухуауэ упщIэ естмэ, кIэщIу зыгуэрхэр жиIэрти, зэфIигъэкIырт. «Мамэ, пщыгъупщэжауэ ара, щхьэ умыIуэтэжрэ гугъуехьыу плъэгъуар?» — жиIэрэ и бынхэм ящыщ щIэупщIэмэ: «Ааа, мыгъуэ, хэт а зэманым тыншар?» — жиIэрт. Шэч хэмылъу, а бзылъхугъэр бэшэчу, лэжьэрейуэ щытащ. Нобэ унагъуэм илъ фIыгъуэм абы и гуащIэшхуэ хэлъщ, ауэ, сэ сызэрегупсысамкIэ, ар гъащIэм теухуауэ щIэмытхьэусыхэр илъэгъуар имыщIэжу аратэкъым, атIэ, а гугъуехьыр щызыгъэгъупщэн жьыгъэ IэфIкIэ Тхьэр къызэретарщ.
- Нанэм сепсэлъэху илъэсих ныбжьым иту аддэ жыжьэу къаплъэу щыта щIалэ цIыкIум гу лъызмытэу къэнакъым. Сабийхэр, псом хуэмыдэу щIалэ цIыкIухэр, къуейщIей хабзэщ. Мыри сабий щхьэхынэхэм ящыщу фэ теттэкъым. КъызэрыщIэкIамкIэ, и нанэр къыщеджэным ежьэу арат.
- — А, си Мухьэмэд, мыдэ къакIуэт, — зэрыжиIэу, сабийм и гур къызэрыгъуэтыжауэ Хужь къыбгъэдыхьэри, и Iэр иубыдащ. — Мы цIыкIухэр сиIэу, сэ лей къыстехьэнкъым, — нанэм щыжиIэкIэ Мухьэмэд арэзыуэ и щхьэр ищIырт.
- Сэ куэдрэ гу лъыстащ адэшхуэ-анэшхуэ зыбгъэдэсу къэхъуа сабийр нэхъ гушхуауэ, лъэ быдэкIэ дунейм зэрытетым. И адэшхуэм и анэ къызыщхьэщыт Мухьэмэд цIыкIу и насыпыр тIууащIэ-щащIэ хъуну гугъэфIхэр уегъэщI.
- Хужь и быным я быныжу 11, абыхэм къатепщIыкIыжауэ 18 иIэщ. Ахэр зэхуэсыжа иужькIэ нанэм и тхъэгъуэр тIууащIэщ — ахэращ Хужь псэуну къару къезытыр, и гур хуэзыгъэфIыр. Сыт-тIэ, армырамэ, нэгъуэщI гъащIэ дахэкIэ узэджэнур?!
- Гупсысэ куукIэ гъэнщIауэ адыгэм диIэ псалъэжьыфIхэм ящыщщ мыри: «Зи пашэ хъупхъэм и Iуэху йофIакIуэ, нэхъыжь зимыIэм, Iэнкун и куэдщ». Псом хуэмыдэу мы унагъуэм ехьэлIауэ а гупсысэр йозэгъ.
- И бынхэм я закъуэкъым Хужь зыгъэлъапIэр. Абы къуажэми пщIэшхуэ къыщыхуащI. Къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу абы къыIэрахьа хъуэхъу телеграммэхэм ди къэралым и Президент Путин Владимиррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ я Iэ щIэлът. Ахэр Хужь ехъуэхъурт, къэралым хуищIа лэжьыгъэм, бын дахэ къызэригъэтэджам папщIэ фIыщIэ къыхуащIырт, и илъэс бжыгъэм къыхупищэну къехъуэхъурт. Дэри Хужь хужаIа псалъэ дахэхэм пыдощэ икIи зыдэс жьан- тIэр иджыри илъэс куэдкIэ игъэдахэу псэуну ди гуапэщ!
- Щомахуэ Залинэ.
- Дэ къытхуатх
- Удэфар зэрагъэIэсар
- ГукъэкIыж
- Си лъакъуэхэм сэкъат ягъуэтами, Iуэхуншэу сыщымысыфу Винсовхозым щылажьэхэм я дэфтэрхэр зесхьэну сагъэуват. Сом зырызыурэ зэхуэсхьэсри, нэхъ тыншу лэжьапIэ сыкIуэфын папщIэ, щымахуэкуу «Запорожец» зыкъизых лыдыжу къэсщэхуат. Ди хьэблэм цIыхуу дэсыр щыгуфIыкIат си машинэ цIыкIум, хъуэхъуакIуэр ди унэм щызэблэкIырт, сэри си щхьэ сыхуэарэзыжу сыщыст. Псори гуфIат, хуэкъулейуэ псэу ди гъунэгъу лIы угъурсызым къищынэмыщIа.
- «Сыт ищIыс мыбы машинэ жиIэу къищэхуар. Абы елъытауэ си мотоцикл зэгуэтыр «Волга» хуэди», — жиIэурэ сыхуэзэху къысщыдыхьэшхырт. Егъэлеяуэ си жагъуэ хъурт. Хъуми, зыхуэзгъэшэчырт зыри жызмыIэу, ауэ а лIым сыхурикъужыну мурад сщIат. Арати, щIымахуэ шылэр иту, дунейр щкъыщкъыжу зэщIэщтхьауэ пщэдджыжь гуэрым си дэлъху цIыкIу Музэчыррэ сэрэ дежьауэ дыплъэмэ, зыгуэрым Iэрэ лъэрэ къещI. Деплъмэ, си машинэр зримыпэсу къызэща ди гъунэгъу лIырат. КъызогъэувыIэ, лIыр къитIысхьэну къыщекIуэталIэм, си Iэпхъуамбэр сощIри, «Хьэуэ, тIасэ, хьэуэ, укъизгъэтIысхьэнукъым! Хэт и машинэра «Волга»-р, сысейра хьэмэ диижауэ гуэщым щIэт уи мотоциклра?!» — щыжысIэм, лIышхуэр къолъаIуэ.
- — КхъыIэ, куэдщ жыпIар, конторэм нэс сешэх, лэжьапIэм сыкъыкIэроху жи.
- — Алыхь, уэ гъумыщIэшхуэр си машинэм уимыхуэну, — жызоIэ, машинэбжэр изодзылIэжри, си гъуэгу сытоувэж.
- Музэчыр цIыкIу и хьэм бажэ къиубыдащи, зэрылъэлъу мэдыхьэшхри, зэм-зэм зэпигъэуурэ, «хуэфащэр епщIащ», — жи.
- Конторэм нэс километри 6-7 хуэдиз дэлът. ЛIым сигу щIэгъурт, ауэ абы хуэмеям къысщIэнакIэу дэтынтэкъым.
- Арати, лэжьапIэм фIыуэ къыкIэрыхуауэ нос, Винсовхозым и унафэщIым деж щIохьэри, есщIар жреIэж, хуотхьэусыхэ. УнафэщIым телефонкIэ среджэ. Къэхъуам щыщIэупщIэм Iэнкун сыхъуауэ зызолъэфыхь, итIанэ сыщыхигъэзыхьыпэм Iуэхур къызэрекIуэкIар хузоIуэтэж.
- ЖысIэр и кIэм нэзмыгъэс щIыкIэ:
- — Хуэфащэр, хуэфащэ дыдэр епщIащ, — жи. – А лIы удэфам узэрыхурикъуам папщIэ нобэ щыщIэдзауэ уи улахуэм сом 30 пхудэщIызгъунущ!
- Тхьэмадэм и унафэкIэ ди гъунэгъум псалъэ къызитащ афIэкIа си «Запорожец»-м теухуауэ псалъэ жимыIэну. Сэри къэзгъэгугъащ, дяпэкIэ езыр гъуэгу къытезмынэу къыздэсшэну.
- ИужькIэ ди хьэблэми лэжьапIэми куэдрэ къыщрахьэкIащ лIы удэфам и хъыбарыр.
- Зэманыр кIуащ, абы иужькIэ машинэ куэд зэсхъуэкIащ, зым нэхърэ адрейр нэхъыфIыжу, ауэ гъэщIэгъуэнракъэ, ди гъунэгъу лIыр зыщыдыхьэшхауэ щыта си «Запорожец»-р нобэми псэущ, къежыхь. Зэсщэжауэ щыта лIым ар хуэсакъыу зэрехьэ.
- Хьэмыкъуэ Марие.
- Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр