«Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я бжыгъэр вгъэмащIэ хъунукъым»
2020-08-04
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и коллегием и зэIущIэ зэхэтащ иджыблагъэ. Абы щыхэплъэжащ щэнхабзэ, гъуазджэ, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр 2020 гъэм и япэ мазихым зэрылэжьам, апхуэдэуи къэнэжа илъэс ныкъуэм я гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэунэтIауэ щытыну къалэнхэр яубзыхуащ.
- Видеоконференц мардэм тету къызэрагъэпэща зэIущIэ зыубгъуам хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ-дзэ Хъубий Марат, IэнатIэм хы-хьэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, республикэм и муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я Iэтащхьэхэм я къуэдзэхэр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыщыпсалъэм къыхигъэщащ пандемием и хабзэхэм тетын хуей зэрыхъуам гугъуехь мымащIэхэр къыдэкIуами, IэнатIэм и лэжьакIуэхэм абыхэм хэкIыпIэхэр къыхуагъуэтын зэрахузэфIэкIар икIи я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр ягъэзэщIэным зэрыхущIэкъуар. Абы папщIэ гъуазджэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэ-хэм къагъэсэбэпащ онлайн Iэмалыр.
- Министрым зэрыжиIамкIэ, 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм я лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу щытащ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэныр, IэнатIэм и материально-техникэ лъабжьэр гъэбыдэныр, лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм хагъэхъуэнымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуныр, цIыхубэ творчествэм зегъэужьыныр, республикэм щыпсэухэм щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм щыгъуазэ защIынымкIэ Iэмалхэр къахузэгъэпэщыныр.
- «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ республикэм и муниципальнэ щIыналъиблым щаухуэ е щызэрагъэпэщыж Щэнхабзэм и унэу 10. А лэжьыгъэхэр мы гъэм и дыгъэгъазэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну я мурадщ.
- 2020 гъэр Фэеплъымрэ щIыхьымрэ я илъэсу щагъэуващ къэралым, 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщахьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум и дамыгъэу. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и муниципальнэ, творческэ зэгухьэныгъэхэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэм ящIыгъуу, къызэригъэпэщащ икIи иригъэкIуэкIащ а махуэшхуэм теухуа, мыхьэнэшхуэ зиIэ жылагъуэ-щэнхабзэ Iуэхухэр.
- 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм щэнхабзэ-узэщIыныгъэ Iуэхуу 2600-рэ ягъэхьэзыращ икIи ирагъэкIуэкIащ. Абы цIыхухэр зэхуамышэсу, зэпэIэщIэу екIуэкIахэри яхэтщ.
- Министерствэм гулъытэ хэха хуещI ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм я зэфIэкIхэр къызыкъуахынымкIэ защIэгъэкъуэным. Абы и лъэныкъуэкIэ екIуэкI лэжьыгъэфIхэм ящыщщ щIалэгъуалэр зэрагъэгушхуэр, гъуазджэмкIэ сабий еджапIэхэр зыхуей хуэзэу зэрызэрагъэпэщыжыр.
- «КъБР-Медиа» IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм щынэхъыщхьэу щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ къэралымрэ къыщекIуэкI Iуэхухэм, республикэм и къэрал властым и органхэм я лэжьэкIэм, ди щIыналъэм и хъыбарыфI къэралым щыIуным я нэIэ тетыныр, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным и Iуэху зыIутым, жылагъуэ-политикэ, щэнхабзэ Iуэхухэм, коронавирус узыфэ зэрыцIалэм теухуауэ КъБР-м щыIэ санитар-эпидемиологие щытыкIэм, УФ-м и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм цIыхубэр щыгъуазэ щIыныр.
- КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий щэнхабзэм и IуэхущIапIэхэр зэрылэжьар къызэрыщыхъур жиIащ икIи IэнатIэм и лэжьыгъэр адэкIи зэтеухуауэ екIуэкIыным ехьэлIа къалэнхэр къигъэуващ икIи щэнхабзэм и IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ бжыгъэхэр бгъэмэщIэнкIэ Iэмал зэримыIэр къыхигъэщащ.
- Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат къыщыпсалъэм къыхигъэщащ къытщIэхъуэ щIэблэр хабзэ дахэ яхэлъу гъэсэнымкIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхъукъащIэхэр цIыхубэм я деж нэхьэсынымкIэ щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэмрэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр икIи абыхэм пэрытхэм ехъуэхъуащ я лэжьыгъэм ехъулIэныгъэхэр щаIэну.