КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ Урысей Федерацэм и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа IэIэтым
2020-06-30
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мэкъуауэгъуэм и 27-м хэтащ Урысей Федерацэм и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа Iэ Iэтым. И щхьэгъусэ КIуэкIуэ Лианэ щIыгъуу ар кIуащ Налшык къалэ округым и хэхыпIэ участкэхэм ящыщ зым.
- «Нобэ си Iуэху еплъыкIэр къэзгъэлъэгъуащ — дыщалъхуа республикэмрэ ди къэралымрэ я къэкIуэнум папщIэ Iэ сIэтащ», — щитхащ КIуэкIуэ К. В. «Instagram» социальнэ сетым щиIэ напэкIуэкIым.
- Урысейм и Президент Путин Владимир ЦИК-мрэ Закон нэхъыщхьэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ лэжьакIуэ гупым хэтхэмрэ мэкъуауэгъуэм и 1-м щаIущIам ядиIыгъауэ щытащ IэIэтыр бадзэуэгъуэм и 1-м ирагъэкIуэкIыным теухуауэ къыхалъхьа жэрдэмыр икIи иужькIэ абы теухуа Указым Iэ щIидзащ.
- Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм ехьэлIа пандемием щхьэкIэ ягъэува хабзэхэм япкъ иткIэ ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм а махуэм и мызакъуэу, абы и пэ ит махуихми Iэ яIэтыфын хуэдэу къызэригъэпэщащ Iуэхур, цIыхухэр хэхыпIэ участкэхэм щызэтримыхьэн папщIэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.