ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ди  къэралым  и къэкIуэнур  зэлъытардэращ

2020-06-30

  • КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ УФ-м и Конституцэм халъхьэжа зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа IэIэтым хэтащ.

  • IэIэтыпIэ №147-м, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыIэращ Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и УнафэщIымрэ абы и щхьэгъусэмрэ здекIуэлIар.
  • Егоровэм и къалэныр зэфIигъэкIа нэужь, журналистхэм ядэгуэшащ:
  • — УФ-м и Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм папщIэ Iэ тIэтыныр псом ди дежкIи тхыдэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зи гугъу тщIыр Урысей Федерацэм и Хабзэ Нэхъыщхьэращ. Абы къыхэкIыу, дэ псоми дэлъытащ ди къэралым и къэкIуэнури, абы ис цIыхухэм я псэукIэнури.
  • — ЗэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуауэ си гупсысэр къыщызгъэлъагъуэм зытезгъэщIар лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэрщ. Ар ди къуэрылъху-пхъурылъхэм къапэщылъыр гъащIэ дахэу къыщIэкIынырщ, лэжьыгъэ пэрыт цIыхум и гуащIэм пщIэ хуэщIынырщ, жьыщхьэ махуэ хъунырщ, унагъуэ узыншэ, лъэрызехьэ куэду щыIэнырщ. А псор къыдэхъулIэн папщIэ къэрал зэпIэзэрыт дыщыпсэун, къулыкъущIэ пашэхэр диIэн хуейщ. Абы къыхэкIыу мыхьэнэшхуэ яIэщ гъэзэщIакIуэ властым парламент кIэлъыплъыныгъэ ткIий иIэным, властыр зи IэмыщIэ иралъхьэну кандидатхэр набдзэгубдзаплъэу къыхэхыным, ди къэралым и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ суверенитетыр гъэбыдэнымрэ теухуа зэхъуэкIыныгъэхэм.
  • Си гугъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр жыджэру IэIэтым хэтыну. Путиным зэрыжиIам тету, Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм къару щагъуэтынур цIыхухэр арэзы техъуэрэ Iэ яIэту щытмэщ.
  • Мэкъуауэгъуэм и 25-м щIидзауэ екIуэкI IэIэтыр сыткIи зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщащ, екIуалIэхэм я температурэр къамыпщауэ щIагъэхьэркъым, щIэх-щIэхыурэ ягъэкъабзэ, зэрызахъумэжыну хьэпшыпхэр ират.
  • IэIэтыр бадзэуэгъуэм и 1 пщIондэ екIуэкIынущ, аращ Урысейпсо IэIэт махуэр зытрагъэхуар.
  • Къэбарт Мирэ.