Уафэбгыкъу и нэлат
2020-07-03
- МЭШБАЩIЭ Исхьэкъ
- Тхыдэ роман
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48, 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68,
- 70 — 72, 74, 77-хэм итщ).
- Пащтыхь Пётр I хэкIэсауэ къыгурыIуэжат зауэлI хеитIыр, и нэм лъы къытрихуэу, зэрыIэщIэукIар, арщхьэкIэ IэфракIэм едзэкъэжыф щыIэ? А къыIэщIэщIам Мазепэр къызэрыщIидзар хыхьэжауэ урыс пащтыхьыр иджы щхьэлажьэт. И фIэщ хуэщIыртэкъым гетманыр къызэрепцIыжар: «…Щыуагъэхэр, аргуэрыжьу щыуагъэхэр. Дэтхэнэра пэжыр? Хэт пцIы зезы- хьэр? Апхуэдиз зэманым пэжкIэ сызыщыгугъар дауэрэ нэпцIт?» — гупсы-сэ жэуапыншэхэм хэзэрыхьа пащтыхьыр нэщхъейт. Губжь егъэлеям еныкъуэкъу Пётр и нэшкIул сэмэгум хуэш техьэгъуэ ирижэху, шухьэ къэптал удзыфэм и Iунэ дыщафэхэр дритIэтей-ирипхыхыжурэ, пэшышхуэр хуримыкъуу, и щхьэр зэрихьэрт. Пащтыхьыр лIы щхьэц хъурыфэ Iувт. Дамащхьэхэм теуэж а щхьэц утIэрэзар щхьэгъэкъыу иридзэкIыурэ, и жьэпкъыпэ плIимэр ерыщу щIикъузэжу лIыр папщэрт. Мо накъэпакъэ Iупэ Iувышхуэр бауэкIэщIу щыхэпсчауэкIэ и нагъуэ хъуреишхуитIыр натIабгъуэ лъагэм, къазыхъу нэгэгъуу, къыщIэтIысхьэрти шынагъуэу къыщихупэрт. Езыр шырыкъу лъащхьэ лъагэрэ, лIы лъакъуэ кIыхьыжьу, и гуауэми дамэдууфэ щIэмыхъукIыу иныжь къутахуэт Пётрыр, егъэлеяуэ лIышхуэт…
- Бжэр къыIузыха бейгуэлым пащтыхьыр еплъри, къыщитхъын хьэзыру:
- — Иджыри сыт?!
- — Зи щIыхьыр ин! Михаил Алегукович Черкасскэр1 къыпIущIэну къэкIуати…
- — КъыщIэвгъэхьэ, — жеIэри пащтыхьыр бжэмкIэ маплъэ.
- Пэшышхуэм къыщIыхьа лIыжь жьакIэхум зэрыIуплъэу Пётр и нэгу зэ- хэуар зэлъыIукIри, гуфIэурэ пежьащ. Черкасскэм IэплIэ хуищIурэ, абы и гъусэ щIалитIыр зэпиплъыхьырт иджы пащтыхьым. ФIэхъусхэр зэра-хыу пащтыхьымрэ Черкасскэмрэ етIысэха нэужь:
- — Дыщыгъуазэщ, Пётр Алексеевич, фи зауэ ехъулIэныгъэхэм. Саксониемрэ Польшэмрэ апхуэдэу къытхущIэкIыжыну хэт и гугъэнт!
- — Апхуэдэ дищыпэлъагъут дэ, Михайлэ? Хьэжьпэжь дыхэхъухьыжащ а зэкIэщIэлъадэ-зэкIэщIэжыжым. Абыи дыкъелынущ! — гъуагъуэу мэдыхьэшх Пётр.
- — Ауэ сытми дыкъелын! Ахэр здэщыIэр щамыщIэми, Урысейр езыр къэралыгъуэ лъэщт. ДяпэкIи лъэщынущ. Шэч къытесхьэркъым Карл зэрывгъэлъеижынуми, — погуфIыкI Черкасскэр.
- — Михайлэ… Мы щIалэ хьэлэмэтитIыр пщIыгъуу укъыщIысхуэкIуар, дауи, Карл зэрыжэрым укъысхутепсэлъыхьыну арагъэнкъым… Сыт фи Iуэху?
- — Узахуэщ, зи щIыхьыр ин. Си адэр къыщалъхуа Къэбэрдейм къикIащ мы шынэхъыщIитIыр. Мо ижьымкIэ щысыр Шурдымхэ Елэнщ, мыдрейр — Табыщхэ Къэбардщ.
- Черкасскэр здэпсалъэм щIалитIри къызэдэтэджри, Пётр пащтыхьым жьэпкъыпэ-щхьэгъэщхъ хуащIащ. ЩIалэхэр къызэрытэджар фIэнэмыс дахэу, игъэщIагъуэурэ:
- — Зэрыадыгэхэр наIуэщ. Солъагъу я хабзэ щэныр.
- — Уэркъ щIалэхэщ, Пётр Алексеевич, япкъ ямыIыгъыжу къекIуэкIакъым.
- — Мыдэ, ди дзэхэм екIупсу хэтынут мы щIалэхэр! ЛIэужь дахэщ, Михайлэ. Ауэ… сыт хуэдэ Iуэхут уи лъэпкъэгъу-хэр къызытекIухьар? Сэри сыткIэ сыкъыщыщ а Iуэхум. Псори къызжефIэт…
- Черкасскэм жиIэнуми нимыгъэсу, пащтыхьым и псалъэхэм къадэуIэбжьа Елэн Къэбард зэуэ хуеплъэкIри:
- — Къытхуэгъэгъу, Урысейм и пащтыхь. Къытхуэгъэгъу, ди лъэпкъэгъу тхьэмадэ, ауэ дэ дыкъыщIежьар «хэт и дзэм декIупсыну» жыхуэтIэу аркъым. Къэбэрдей пщы уэлийм дыкъыпхуегъэлIыкIуэ.
- ЩIалэм жиIам емыгусысыххэу, Пётр Черкасскэм йоплъри:
- — Михайлэ, Къэбэрдей жыжьэм щапIа уи лIакъуэгъум урысыбзэ Iурылъщ! Ар дауэ?
- Черкасскэм и гуапэт пащтыхьыр къэзыгъэуIэбжьын гуэр зэрыригъэлъагъуфар. И жьакIэхум Iэ дилъэурэ Михаил Алегукович мамыру пыгуфIыкIырт. Урыс пащтыхьым и нэ пIащитIыр щIалэхэм чэзууэ ятриубыдэурэ:
- — КъызоцIыхуж… КъызоцIыхуж а лъыр! Иван Васильевич и зэман лъандэрэ Урысейм щыпкъэу къу- лыкъу хуэзыхьа адыгэлъыр иджыри а зэрыгуащIэщ! Мыдэ… Швециер и пIэ изгъэтIысхьэжмэ, тырку сулътIаным ткIыбжьу гурызгъэIуэнущ адыгэхэм я хьэсэпэр дэтхэнэм и хадапхэми. А дэфтэр мыгъуэжьым Iэ щытеддзэм, бетэмал…
- Арыххэу лей къызэрыжьэдэцIэфтар къыгуроIуэжри:
- — Фыщымытыт хьэщIэхэр! ФетIысэх… Дыщысурэ дыпсэлъэнщ. Михайлэ, уэ уощIэ Iуэхур зыIутыр.
- Черкасскэм псори къыгурыIуэрт. ЩIалэхэм яIуплъэщ, Пётр еплъыжри:
- — Зи щIыхьыр лъагэ, уи деж дыкъэкIуэн ипэ къихуэу, си шынэхъыщIэхэм яжесIащ Къэбэрдейм ехьэлIауэ ди Iуэху зыIутыр. СакъыгурыIуауи сфIощI, ауэ…
- — Михайлэ, пщIэ зыхуэсщI Михайлэ, шэч къыттрахьауэ ара уи лIакъуэгъухэм? — Пётр и нэ топышхуэхэр къригъэбырдыкIыурэ хьэщIищми чэзууэ яIуроплъыхь.
- Къэбард адэкIэ хуэхьынутэкъым мы теплъэгъуэ фэрыщIыр. ЩIалэм зигъэпсчэуIущ, урыс пащтыхьым и нэкугъуэм хуиту иплъэри:
- — Ди лъэпкъэгъу тхьэмадэм и жы- Iэм шэч къытетхьэжауэ аркъым уи деж дыкъыщIэкIуар, Урысейм и пащтыхь. Уи нэкIэ дэ укъытIуплъэурэ уи жьэкIэ къыдэптыну жэуапым дыкъыкIэлъыкIуауэ арщ. Ди адэжьхэм я зэман лъандэрэ благъагъэ2 дяку илъу дыкъэгъуэгурыкIуат Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ. Дипхъу фи нысащ. ДэфтэркIэ зэгурыIуэныгъэ дяку дэлъщ. Иджы IуэрыIуэтэжу зэхыдох Тыркумрэ Урысеймрэ зэращIылIа дэфтэрымкIэ фыкъыддэщI мыхъуну. ЩыIар щымыIа хуэдэу къыщIезыгъэдзыж зэгурыIуэныгъэ зэрызэфщIылIэфам иджы шэч къытетхьэжыркъым. ЛIыкIуэ дыкъыпхуэзыщIа ХьэтIохъущокъуэ пщы уэлийм ди нэкIэ тлъэгъуарщ жетIэжынур. Ар ди лъэпкъ хабзэщ.
- — СхужефIэж ХьэтIохъущокъуэм, Карл и унафэ зэрысщIу, тырку сулътIаным и ужь сызэрихьэнур. СхужефIэж гурэ псэкIэ сызэрыфщIыгъур. Шэч къытесхьэркъым пщы уэлийм кърым хъаныр къызэрыдимыгъэплъынум.
- — Урыс пащтыхьым зэтриухъуанщIэу зэрызиухеижыр Черкасскэм фIэма-щIэ нэхъей, зи гупкIэм исым дежьууэ, къопсалъэри:
- — Шэч къытевмыхьэ, щIалэхэ, урыс пащтыхьыр и псалъэм зэи зэремыпцIыжынум. Пётр жиIамэ — ищIэнущ…
- Елэнрэ Къэбардрэ зэхэщIыкIыгъуэу зэплъыжырт: гуемыIут пащтыхь чэфыжьыпкъэм и псалъалэ фэры- щIыр. ТхьэмыщкIафэт хэхэсу дунейм ехыжыну мо лIыжь жьакIэху адыгэныкъуэм къыхуамыщIа хьэтырыр.
- … Урыс пащтыхьым деж Меньшиковыр пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу щыщIыхьэм:
- — Сыт хъыбар? — пIейтейуэ зишэщIащ Пётр.
- — Мазепэ3 и мылъкур здищтэри, Карл декIуэкIащ.
- — ПцIыщ, хьэщылъху!
- — Пэжщ, Пётр Алексеевич. ПцIыр Мазепэщ…
- «ПцIыр, пэжыр. ЩыIар, щымыIар… Къэбэрдей щIалитIым я зэплъыжы-кIар. ПцIыр… ЦIыхухэр щIызэрымыгъэпэжыфыр… Къэбэрдей щIалэм и Iуплъэгъуэ щIэнэкIалъэр… ПцIыр!» — урыс пащтыхьыр утыкум чыну щыкIэрахъуэри, гъуагъуэу къыхэкIиикIащ:
- — Абы сызэрыхуэкIуэр къызжезыIа Искрэрэ Кочубейрэ… ТIури хейуэ! — арыххэуи зыхуэмыубыдыжу дыхьэшхыурэ: — Зы Иван гуэрым зы Пётро гуэр къигъэпцIат жи… Уэ-хьа-хьа!
- Меньшиковыр гужьеяуэ еплъырт зи нэхэр топ шынагъуэу къытетIысхьауэ, мыузыншэ дыхьэшхым ихь пащтыхьым.
- Пётр I делэ-дыхьэшхыгу хъуауэ, зыхуэубыдыжыртэкъым:
- — Иван гуэрым, уэ-хьа-хьа…. Пётро… Сыт уи нэхэр щIысхуэбгъэдыкъыр! — зэуэзэпсэу Меньшиковым хуолъ Пётр. — НакIуэ зауэлIхэм деж!
- Бэтэгъей ныкъуэщI нэхъей, урыс пащтыхь лъагэшхуэр иджы кIуэрт, зытеувэр шырыкъу лъэгу налхэмкIэ хиупIэу. Сыт щыгъуи хуэдэу, ныкъуэефэ-чэфыжьыпкъэт ар. Сыт щыгъуи ещхьу, щIиупцIыкIырт и шухьэцей щхъуантIэ пщампIагъуэр. Мазепэм кърищIамрэ Къэбэрдейм къи- кIахэр губгъэн-ауану къызэрыIуплъамрэ зэрызэпэшачэр хузэмыгъэзэхуэн хуэдэу иджыпсту чэфтэкъым Пётр: «Мазепэр Пётр къепцIыжащ: зэрыщыгугъауэ къыхущIэкIакъым. Пащтыхь Иван Къэбэрдейм ирищIы-лIа псалъэм езы пащтыхь Пётр епцIыжащ: дэфтэрым «тырку тIуанэ трищIащ». Урысейм икIыу дзэ зэкъуэт тIэкIу Къэбэрдейм игъакIуэ щхьэкIэ, Пётр и Швецие зауэр, дауи, гупкIи гупхи хъунутэкъым, ауэ… Мазепэ Иван пащтыхь Пётр къопцIыж. Пётрщи, пащтыхь Грозный Иван йопцIыж… Хьэуэ! Сыти жыIи, зауэлIыпхъэ дахэт-тIэ а къэбэрдей щIалитIыр!» — урысей пащтыхьым и шырыкъу лъэмакъыр иджы хэкIуэдэжырт зи ныбжьыр илъэс етхуанэм ит БытырбыхущIэм и пшагъуэ гуэрэнхэм.
- XXVIII
- ШыщхьэуIу мазэт. Бадзэуэгъуэмрэ шылэмрэ ещхьыркъабзэу, ХьэтIохъущокъуэпщым иджыри етIысэхыпIи жьыIурыхьэгъуи имыщIэу зэхэзекIуэрт. Дэнэ лъэныкъуэкIэ зимыгъазэми, пщы уэлийм и Iуэху блэкI щыщыIэт. ХьэтIохъущокъуэр цIыхухэм яIущIэрти, игъэгушхуэхэу куэдрэ епсэлъылIэн хуей хъурт. Iэщышхуэхэр нэхъ тыншу къуршым зэрахуну Iэмалхэр къызэригъэпэщырт. Ар зи пщэ ирилъхьахэм и нэIэ ятримыгъэкIыу ядэIэпыкъурт. Мывэкъалэхэмрэ щIытI зыхъумапIэхэмрэ зэраухуэм гумызагъэу кIэлъыплъырт. А псом къищынэмыщIауэ, пщы уэлийм и къа-лэнт къуршхэм Iыхьэ-Iыхьэурэ щитIысыкI дзэхэм чэзууэ яIущIэну, гупсэхуу яхэпсэлъыхьыну.
- ХьэтIохъущокъуэпщыр езыри лIы Iущт. Тегъэларэ телъэщIарэ Iуэхум химылъхьэу цIыху жьэнахуэт. Пщы уэлийм жылэм ягуригъэIуэну зыхуейр мырат:
- «Къуршхэм дыкъызэраухъуреи- хьыр ди къелыпIэщ. Дэ тхуэдэу узэрызэуэн! Тафэм нэхърэ нэхъ быркъуэшыркъуэщI зымылъэгъуа тэтэрхэм я дежкIэ ди бгылъэ щIыпIэхэр бдзапцIэ лъапхъэдэнэм хуэдэщ. Пэжщ, кърымыдзэр егъэлеяуэ инщ икIи лъэщщ. Ауэ ар и щIыпIэ щызэуэжыркъым, къизэури и щхьэхуитыныгъэкъым. ЗэрыпхъуакIуэ зауэр дапщэщи гуащIэ мащIэщ. Щхьэхуитыныгъэ зауэр лIы куцIрэ лъы лъэщкIэ гъэнщIащ. Ди адэжьхэм я Iэмалырщ дыкъэзымыгъэпцIэжынур: къуршхэм иджыри дыкъахъумэнщ. Нобэрей щытыкIэм хуэдэ зэи ищIатэкъым адыгэм. ИкъукIэ шынагъуэщ дызэувэлIа IэнатIэр, ауэ щыхъукIи, дызыпсыхьыжынур ар зэрышынагъуэрщ. Пэжщ, къытхэкIащ епцIыжакIуэхэр. Апхуэдэми дыкъелынущ, дызэкъуэт закъуэмэ. Къытщхьэщыт Алыхьышхуэм елъагъу лей зезыхьэри, хей хуэныкъуэри. Алыхьым дыкъехъумэ. Дэ тхуэдэкъым зызыгъэщхъыу бийм хуэжыIэщIэр. Тхыдэр щыхьэтщ адыгэ зэи къызэримыкIуэтымкIэ!» — жиIэурэ, пщы уэлийр дзэхэм щепсалъэкIэ, абы къыпэджэж макъ зэщIэрыуэр жэуапу щыIэм я нэхъ нахуэт. ЗауэлIхэм я псэхэр гъэнщIат, ягухэр изт, я щхьэр лъагэт. Лъэпкъ уэрэдыжьыр зауэлIхэм гушхуауэ ирашажьэрти, пщым игурэ и щхьэрэ зэтелъу, адрей дзэхэр здэщыIэмкIэ иунэтIырт. ЩIыпIэ зэгъуэкI зэхуэмыдэхэм егупсысыпауэ зизыгъэзэгъа дзэхэм ящыщу зы гуп къигъанэртэкъым ХьэтIохъущокъуэм. Псоми яIущIэрт, дэтхэнэми епса-лъэрт. Языхэз къимыгъанэу я псалъэм гупсэхуу щIэдэIурт.
- Пщы уэлийр мызыгъуэгукIэ зыIумыщIэу къэнар ЦIыпIынэ Хьэсанш зи нэхъыжьу, Бэгъудэкъуэ дэс дзэ закъуэрти, абыхэми нобэ яхыхьэну и мурадт.
- Пщы уэлийм къыгурыIуэрт: «Къэ-бэрдейхэм кърымыдзэр здыдашэну къуакIэбгыкIэр бийм къызэрытехьэлъэн хуейр я зэхэуэкIэм и закъуэкъым. Кърымыдзэр и топ мыкIуэмытэжьхэр кIэрыщIауэ мы лъагъуэ зэгъуэкIхэмрэ щхьэдэхыпIэ зэхэзэрыхьахэмрэ къафIэкIа нэужьи, щIыпIэр зи лъахэу, фIыуэ зыцIыхуж къэбэрдейхэм хуиту къахуэухъуреихьынущ. Абы къищынэмыщIауэ, тыншу итIысыкIа ди щIалэхэм гугъуехьыншэу яхуIулъэщIыкIынущ кърымыдзэм и джатэпэрыжэр. Япэдыдэ зэхэуэм фIэкIа хэмылъами, кърымыдзэм зэуэзэпсэу кIэрыхушхуэ игъуэтынщ.
- Бийм, дауи, икIуэтыжыпIэ къилъыхъуэнущ. Хьэргъэшыргъэ къахыхьэу кърымхэр зэрехьэжьэжа нэужьи, кIуапIэрэ жапIэрэ ямыгъуэту къурш Iэдэм дзыкъыу тхудэубыдэнщ».
- Пщы уэлиймрэ и шу гъусэхэмрэ кIуэрт, Иналыбг зыщхьэщыт Тамбиипсыр я сэмэгурабгъуу къанэурэ. Зы теуэгъуэ ныкъуэкIэ ахэр Уафэбгыкъу цIыкIу и жьэгъум щIэту екIуэкIахэщ. Гъэлъэхъу щыIэ IэхъупIэмкIэ зи шыщхьэр гъэзауэ пщIэгъуэплъыр зыгъэущ ХьэтIохъущокъуэм шхуэмылакIэр иукъуэдийри зэщIэувыIыкIыурэ зыкъиплъыхьащ. Пщы уэлийр Бахъсэн псыхъуэкIэ зэпрыплъырт. Шу гъусэхэр — Къэсей хьэжыр, Къэзанокъуэр, Быжыр, Шурдымыр, БжьыхьэлIыр, Ашабэр — къэувыIащ, ХьэтIохъущокъуэм жиIэнум пэплъэу.
- Ашабэм езым и хьисэп гуэрхэр зэпилъытурэ щыму зыкъиплъыхьырт: «Пщы уэлийр мыбдеж Iущу егупсы-сам шэч хэлъыжкъым. Мин щэ ныкъуэуи, хыщIуи щрырети, мыпхуэдэ къуэкIийм дэна дзэм зыкъегъэлыпIэ гуэр иIэжынукъым. Дзэ пэрытым и щхьэр зэрыфIэтхыу, абы и щIыбагъ къыдэтахэр тIы щхьэзэм хуэдэу зэщIэгъуаеу щIэпхъуэнухэщ. ДэнэкIэ жэн?! ИкъукIэ зэригъэзэхуат-тIэ ХьэтIохъущокъуэм апхуэдэ зэхэвэзэхэ-жьэм кърымхэм къахухэкIынур! Сыту фIыт ар — мыбдеж къытхудэшатэмэ… Зэ еIэгъуэу хэтчыжынт лъэгудыгъуэ банэжьыр!»
- Пщы уэлиймрэ и шу гъусэхэмрэ Iэгъуэблагъэр къыщIызэхаплъыхьым Къэсей хьэжыр икъукIэ пэжыжьэт, ауэ абыи къыгурыIуэрт мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхукIэ шухэр щIызэхэзеплъэри, пIалъэ-пIалъэкIэрэ тхьэ елъэIуну игу къыпылъадэрт.
- Шу гупри Алыхьым зэделъэIунтэ- къэ езы Къэсей я пашэу!.. АрщхьэкIэ пщы уэлийр щымти, хьэжыми ар игъэпIейтеин темыгушхуэу, шухэр здэплъэмкIэ зигъазэри, и псэр къыфIыщиудащ:
- — Бисмилляхьи рахьмани рахьим! Уоу, си Алыхь! Сыту дуней дахащэт-тIэ мы дыкъызытепшар! Мыракъэ жыхуаIэжыр: «Нэм и делэр Iэм и бла- нэщ» Уэ Алыхь лъэщым къысхуэбгъэгъунщ, ауэ: мыпхуэдиз дахагъэр Iэ пфIэту зыIэщIэбгъэкI хъурэ? Зым еттынкъым, Алыхь лъэщ! Уэ къыдэптащи — Уэ къытхуэпхъумэжынщ.
- Зэгуэрым нащхъуэу щытауэ, иджы къундэпсо кIэкъинэу жэбзэжа и нэ къэпсыIахэм бзыхьэхуэ зэпэплIимэкIэ нэкIэпсыр щIилъэщIыкIыурэ Къэсей плъэрт пщы уэлийм зыздигъэзамкIэ. ХьэтIохъущокъуэм IупщIу илъагъурт Бахъсэн псыхъуэ деж Хьэрэкхъуэрэ декIуэкIыу яухуа япэ мывэкъалэ тIысыпIэхэр, мыдэкIэ укъэкIуатэмэ — етIуанэр. АдэжкIэ зыщрашырт щIытI зыхъумапIэхэм: Джэдмышх, Хьэцыбанэкъуэ, Бырсыкъуэ, Уэтэрыжь, Брамыкъуэ IэхъупIэхэр гъунапкъэкIэрэ къызэщIаугъуаеу.
- Пщы уэлийр АфэбгкIэ маплъэри — зэхих къыфIощI жыг пщIащэхэм я жыжьэ даущыр, къурш псынэхэм я Iущащэр. АдэIуэкIэ къыщехуэх Шэпэпэ псыкъелъитIым я хъушашэр Кургъуокъуэ и тхьэкIумэм иджыпсту къедэхащIэ къыщохъуж. Пщы уэлийр маплъэ Гублэрыгъ мэзымкIэ, къецIыхуж Алэщыкъуэ удэзыш лъагъуэ цIыкIур. Мес ЩIылъэмыж кIуэ гъуэгу задэр — выгухэм убыгъэ джафэу трахар. АдэжкIэ къыщолъагъуэ Сэлэ-джыкъуэ дэкI гъуэгур къыздыщежьэ Шыдуанэ.
- Пщы уэлийм шхуэмылакIэр иутIыпщу шыр ежьэжарэ пэт, аргуэру шхуэIур ткIийуэ къыжьэдекъуэжри къоувыIэ. БейгуэлитIми — зыр пщым и шыпэу, адрейр и шыкIэу — я увыпIэ яубыдыж. ХьэтIохъущокъуэр Быж ЛIыгъур хуоплъэкIри:
- — Мы бгылъэр дауэ къыпщыхъурэ, ЛIыгъур?
- — Сегупсысащ, зиусхьэн, а жыпIэну узыхуейм.
- — ЖысIэну сызыхуейр жызмыIэ щIыкIэ дауэ къапщIэрэт? — мэдыхьэшх пщы уэлийр.
- — Шурдым Жанхъуэтщ мы щIыпIэхэр нэхъыфIыжу зыцIыхури, зиусхьэн, уеупщIмэ, а сэ жысIа дыдэр жэуапу къуитынщ.
- — Пэжу ардыдэр уи гугъэрэ, Жанхъуэт? — йоупщI пщыр уэркъ лэгъупэжьым.
- — Си гугъэщ, зиусхьэн. Мы щIыпIэм ещхьу, етIуанэ диIэкъым.
- — Зэхэпха, Жэбагъы, нэхъыжьхэм жаIэр? — пщы уэлийр мэгушыIэ: — Мазэ зыбжанэкIэ щэху къызыфIэзгъэщIу, сыбзыщIар цIыхухэм ящIэрт… Аращ, Къэзанокъуэ: щэху псори нахуэщ.
- — Зиусхьэн, уи щэхур зэрызекIуар гъуэгу нахуэкъым. Уэ езыми къыбгуроIуэ: «Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуаIэщ» щIыщыжаIэ хабзэр. Зы къеуэгъуэм фигухэр игъэгъурти, зы лъагъуэм фи псысэхэр щызэIущIэжауэ аркъудейщ.
- — Пэжщ, Жэбагъы. «Зэхамыха хъыбар яIуатэркъым» жаIэу щытми, псэм илъ щэхухэр щызэрыщIэм нэхъ Iуэтэжыгъуэ сыт щыIэ?! Ди гуапэщ ди гупсысэхэр зэрызэтехуэр. Иджы дубзыхунщ псори.
- Шухэр епсыхри, гуп зэпэхъурейуэ удзыпцIэм щитIысыкIащ. Къэбэрдей пщы уэлийм и шу гъусэхэр езым хуэфэщэжу шууейхэт. Къупа-щыпауэ зэпкърахат дэтхэнэр дэнэкIэ кIуэнуми, хэт сыт хуэдэ гъунапкъэхэр иIыгъынуми. Пщы уэлийм къыхилъхьащ кърымыдзэм жьыIурыхьэгъуэ ирамыту зэраудыныщIэну мэсхьэбыр: КIэщI-кIэщIурэ дзэ гупыщIэ кърадзылIэурэ, адрей гупхэри зыр зым зэблихъумэ, езыхэм я къарур кIуэщIынукъым, ауэ бийм и лъэр псынщIэу щIэджэлынущ. Кърымыдзэм и щхьэр зэрагъэунэзэну Iэмалхэр адыгэ бгырысхэм, дауи, я щIэщыгъуэжтэкъым…
- — Апхуэдэ зэуэкIэ къызыкъуэдмы- хыу щытмэ, ди сэшхуэхэр дыгъэпсым пэдгъэджэгуурэ кърымыдзэм диупщIатэу кIэрыхьэжынущ! — пхъашэу пегъэщыж ХьэтIохъущокъуэм.
- Гупым IупщIу къагурыIуэрт я Iуэху зыIутыр. Псори зэакъылэгъуу чэнджэщкIэ зэрыIыгът. Пщы уэлийр нэщхъейуэ къопсалъэри:
- — Дыкъызэрежьэрэ сегъэгуауэщхьэуэ Гурыт Мэчыхъу къызэрытхудэмыкIам. Уафэбгыкъу зы IуэгупIэ иIэкъым Гурытым и лъэ нэмысауэ… Мыдрейуэ, Мэчыхъурэ фызыжьымрэ хьэIуцыдзхэм къахуэдгъэнауэ къысфIощIри, сигу къоуэ. Гъуэгуанэр гугъуми, къыдэтшын хуеящ. ГуащIэншэщ лIыжь-фызыжьыр. Бийращи — гулыцI жыхуаIэм епщIыхьыххакъым.
- — ДызэремылъэIуа лIэужьыгъуэ щыIэкъым, зиусхьэн, арщхьэкIэ уIэли-ууди… — Шурдым Жанхъуэт псом япIэкIи жэуап къитащ. — Зэхэпхакъэ, Блахъуэмрэ Бэхъунымрэ Мэчыхъу ярищIар?
- — Зэхэзмыхами, сщIэжыртэкъэ сэ Гурытым и лIыгъэр здынэсыр. Жэбагъы, си щхьэ къыбгъэдэкIыу фепсалъи, жылэм къыдэнахэр, кхъыIэ, къыдэфш. Дэ дызэрыхъуу ахэри хъунщ.
- — Уоу, зиухьэн! Алыхьу лъапIэм гъуэгу къыуитынщ, — къопсалъэ Къэсей хьэжыр, — апхуэдэщ псапэр. Алыхьым псори дыкъелъагъу, псори дризэхуэдэщ.
- — Уи щхьэкIи, си щхьэкIи, жылэдэс-хэм я цIэкIи Мэчыхъу селъэIуащ, зиусхьэн. Щыхэзгъэзыхьыпэм, сыкъыдихужащ.
- — Апхуэдэу ящIэркъым! — Ашабэм хуабжьу игу дыхьат Мэчыхъу и лIыхъулIыбжьыр, итIани, Жэбагъы къызэрыдигъэувыкIар игъэдахэртэкъым.
- — ЦIыху къэс и хьэл-щэн иIэжщ. Абы емыкIу хэслъагъуэркъым, — Жэбагъы лIыжьым къыдэщIырт. Къэсей хьэ-жыр Миншакъ еплъри, и напIэ нэбжьыцыншэхэр игъэпIэжьажьэурэ:
- — Ашабэ и къуэ, зыми утепсэлъыхь хъунукъым. Хьэхущ мы дунейр. Пщыгъупщэжа?
- Миншакъ и пащIэкIэ щIэгуфIыкIыу-рэ и щхьэ дахэшхуэр арэзыуэ ищIащ.
- — Фыплъэркъэ… ШууитI къыткIэлъопIащIэ, — Шурдым Жанхъуэт Iэдакъэжьауэ ещI.
- Кърымыдзэр Iузэв хым къызэрыIухьэрэ, адыгэ щIалэхэр кIэлъып-лъырт. Пщы уэлийм иджыпсту къы- кIэлъыпIэщIар а кIэлъыплъакIуэ щIалэхэм ящыщ Джэрыджэ Мэремрэ мы махуэхэм Урысейм къикIыжа Табыщ Къэбардрэт.
- ЩIалэхэр епсыхри фIэхъус ятащ. Джэрыджэм пщы уэлийм зыхуигъазэурэ жиIащ:
- — Зиусхьэн, кърымыдзэр Инжыдж къикIащ. Шур шууэ, лъэсыр лъэсу Бгитху зэхэтымкIэ къоIэ.
- Дыгъуасэ лъандэрэ зыпэплъэ хъыбарым мыхьэнэ иримыт хуэдэу ХьэтIохъущокъуэр иджы къыпогушыIыкIри:
- — Дзащхьэр Инжыдж къикIауэ щытмэ, дзэкIэм зыщиIуантIэр дэнэ щIыпIэ?
- Мэрем пщы уэлийм и щIагъыбзэ мыгурыIуэгъуэм къыдэуIэбжьауэ Миншакъ дежкIэ маплъэ. Ашабэр щIалэм хупогуфIыкIри:
- — Блэ зепщыпщэм кIапэ къызыкIэлъелъэф…
- — Блэ кIапэр, зиусхьэн, КIэмыргуейм къикIауэ Мэхъуэшым къопщхьэ, — псынщIэу зэрегъэзэхуэж иджы Мэ-рем. — Блащхьэр Iузэв хым зыкъыхишиикIыу адыгэщIым къызэрихьэрэ тIэкIу-тIэкIуурэ паущэбыкI Мамсыр Нэкъаррэ Даур-Темрыгуейрэ къызэщIагъэуIуа жаней, бжьэдыгъу, кIэмыргуей, мэхъуэш, беслъэней щIалэхэм. Абыхэм къадэIэпыкъуну къахыхьащ Iэта-Ильясрэ Бэубэчрэ я лъэпкъэгъу щIалэхэри.
- ХьэтIохъущокъуэм и гуапэт Нэкъар-рэ Дауррэ я цIэхэр иджыпсту зэры- зэхихыр. Пщы уэлийм и нэгу къыщIэувэрт Iэта-Ильясрэ абы и шынэхъыщIэмрэ. Выри, шыри, топри, гъуэгу гъуэмылэри якIэрыщIауэ къэкIуатэ кърымхэм бэуапIэ ирамыту адыгэ щIалэхэр ефыщIауэрт… ХьэтIохъущокъуэм къыгурыIуэрт а щIалэхэм ящI теуэ уащхъуэдэмыщхъуэхэм яIэ мыхьэнэр!
- — Нэгъуей щхьэрыуам уи дзыхь иумыгъэзыщэ. Ныбжьэгъууи зэм къыпхущIэкIынщи, жагъуэгъуу ерейм къыпщIэнэкIэжынщ. Iэлигъуэт-пэщэм и бейгуэлыр дауэ уи фIэщ зэрыхъу-нур? — мэчэнджащэ ЛIыгъур.
- Пщы уэлиймрэ Къэзанокъуэмрэ зоплъыжри, ХьэтIохъущокъуэр погуфIыкI:
- — Пэжщ, ЛIыгъур, а жыпIэр. Сэри зэхэсхащ апхуэдэ гупсысэхэр, ауэ си фIэщ сщIынур си нэм илъагъуращи, тлъагъункъэ мыдэ зауэм зыкъызэрыщызэкъуахыр. Сыт иджыри къыджепIэн, Мэрем?
- Мэрем и пIэкIэ Къэбард пIащIэу къопсалъэ:
- — ХъыбарыфIи диIэщ: кърымыдзэм иIыгъ топитхум я зыр щIалэхэм Инжыдж щIрагъэлъэфащ.
- — Мис ар, дауи, гуфIапщIэ зыхуэфащэщ! — гухэхъуэу и макъым зрегъэIэт пщы уэлийм. Шу гъусэхэми зэпеуэу а хъыбарыр ягъэщIагъуэ. Пщы уэлийр арэзыуэ и пащIэкIэ щIогуфIыкI:
- — Къахуэнэжа топиплIыр Балъкъ, е сэ сщIэрэ, Бахъсэн щIимылъафэу къахузэпрышмэ, къуршылъэхэм дралъэфейуэ щытми, ахэр къызэрагъэсэбэпа хъуну щIыкIэм иджыри дыгъужь ирихужьащ… Тхьэм фиузэщI, щIалэхэ! Вгъэзэж хъунущ. Хъыбарыншэ дяпэкIэ дывмыщI.
- Бийр къыздикIынумкIэ я шыщхьэр гъэзауэ кIуэ шууитIым якIэлъыплъу- рэ пщы уэлийм игу къиузыкIащ. ХьэтIохъущокъуэм и нэгу къыщIэувэрт иджы дыдэ Блахъуэм уIэгъэ къищIа и къуэ нэхъыжьыр — илъэс пщыкIух зи ныбжь Мыхьэмэт-Бэмытыр. Абы кIэлъыкIуэ Нэдшэхь… Жан-щэ? Лъэтеу-вэ хуащIа къудейт а пщащэ цIыкIум…
- «Сыт мы сигу къэкI хьэдэгъуэда- хэр! Сэр фIэкIа бын зиIэ щымыIэжу ара? Адрейхэм я быным ещхьыркъабзэщ сысейхэри, адрейхэр здэщыIэ къуршхэм щрыреIэ. СыткIэ нэхъ лей а сысейхэр?! Жылэ быныр зэрыхъуу, ахэри хъунщ!» — зогииж пщыр.
- Сосрыкъуэбг и сэмэгурабгъумкIэ къыкъуэплъырт ЦIыпIынэ Хьэсанш и дзэр щитIысыкIа Бэгъудэкъуэ бжьэпэр. Уафэбгыкъу пэмыжыжьэу къызэхэуващ пщы уэлийм дзапэ дыщIэкIыну шуудзэмрэ лъэсыдзэмрэ. ЩIыIэбжьт къущхьэхъу жьыбгъэр. Пшэху щхьэхынэхэр шыщхьэуIу уафэм дыщIэхъаеу жьыр зэрыджэгум Iуащхьэмахуэ мамыру кIэлъыплът. Гъэм и махуэми, щIым и щтырыгъуми, а Iуащхьэ угъурлыр пыгуфIыкIыу цIыхухэм къахэплъэурэ: «Махуэщ къыфпэплъэр! Махуэм и фIыр фэращ зейр!» жиIэ нэхъей, мылылъэ дыкъуакъуэм дыгъэ нэпсыр хилъащIэрт.
- АдэкIэ щыумэзэхащ афэху джани, дарий гъуапэ щхъуантIи зылъымы- са Уафэбгыкъу. Гъуабжэлъабжэ джафэу щхьэщыгъэщхьа и щыгум къыщожьэри, къуэкIий зэв кIыфIым и жьэлъэтIанэм бгы лъэджажэкIэрэ дзэлытI зещI. Жагъуэгъур дэухьэ а зэвыпIэ дыджым: и лъэ къыхудэмыхыурэ кIуэдыпIэ ихьэнущ. Езыр набдзэншэ къуийрэ и нэщIащэхэр щIэуфIыцIыхьыжурэ Къущхьэхъу лъахэм хоплъызэ Уафэбгыкъу: «Ха- мэ лъапэ къысхуэзышийм и мыгъуэщ! Мыгъуагъэм и Iейр абы хузогъэIыхьэ» — жиIэ нэхъей, и мывэ нэкугъуэхэр я домбеякъ щхъуафэу егъэдыкъ. Апхуэдизу зэхуэмыдэзэмыщхь гупсысэхэр зыщхьэщылъ бгы зэхуэгупитIым я лъапэм иджыпсту щIохьэ ХьэтIохъущокъуэ пщы уэлийр зи пашэ шу гупыр. Абыхэм ЦIыпIынэ Хьэсанш къапоплъэ. И блыпкъыр уIэгъэпхкIэ зэщIэкъузауэ ЦIыпIынэм и ужь къитщ ХьэтIохъущокъуэм и щIалэ нэхъыжьымрэ Бей пелуанымрэ. Пщы уэлийм зауэ дзапэщIэкI дэзыщIыну дзэр уэру къызэхокIуатэри, Къашыргъэ гъукIэмрэ абы и уадауэ Дэмдейрэ я сэшхуэхэр лъагэу зэбла-дзын хьэзыру къоув. Ижь дыдэ лъандэрэ лъэпкъым зэрехьэ:
- … ЛIы икъугъэр нобэ мэзауэ!
- Бэгъурдакъым къыщырегъащтэ,
- Дзапэ башым нобэ щIокIыж… — къэбэрдейхэм иджы зэдрашажьэ.
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).
- 1Алигъуокъуэ и къуэ Михаил Черкасскэ Новгород къалэм щаIыгъ дзэм и лIыщхьэу къулыкъу пэрыхьат. «Ар дзэпщу къалъхуащ» зыхужаIауэ щытар а Черкасскэ дыдэрщ. Тыркумрэ Кърымымрэ Урысейр щыщызэуа лъэхъэнэм Черкасскэм дзэпщ Iущыгъэ хьилэ къызыкъуихауэ щытащ. Бантыш-Каменскэр тетхыхьащ 1679 гъэм Черкасскэр Киев деж зэрыщызэуам. 1682 гъэм пащтыхьыгъуэм имыхьа Пётр и шыпхъу нэхъыжь Софье пащтыхь тажыр щхьэратIэгъэну бейгуэлхэм зыкъыщаIэтам, Пётррэ абы и къуэш Иванрэ дэщIэгъу пэжу ягъуэты-жар а Черкасскэрщ. Абы тетхыхьащ Устляров академикыр. Пащтыхь Пётр зэригъэпэща лъэсыдзэмрэ кхъухьыдзэмрэ я генералиссимус цIэр Черкасскэм къыхуагъэфэщащ 1695 гъэм. Абы тетхыхьыжащ Брикнер.
- 2 Пащтыхь Грозный Иван и япэ щхьэгъусэ Анастасие дунейм щехыжым, къэбэрдеипщ Идархэ Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ щхьэгъусэу ишащ. Чристан диныр къыщрагъащтэм, Гуащэнэ фIащащ Марие (Мария Темрюковна) цIэр. Пащтыхь Иван и щхьэгъусэу щыта Анастасиерэ Мариерэ (Гуащэнэ) я бэнхэр иджыпсту щызэбгъэдэтщ Урысейм и къалащхьэм (Москва) щыIэ Архангельскэ соборым и бэнылъэ щIыунэм. XVI лIэщIыгъуэ лъандэрэ Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ яку дэлъа зэгурыIуэныгъэрщ пащтыхь Пётр I зэпцIыжар.
- 3 Костомаровым етх:
- «Мазепэ Иван и щэным нэхъ хьэлэмэту хэлъар: хэт имыгъэныбжьэгъуами, абы зэрыхуэпэжыр зыщыгугъар зыIэригъэхьэху пщIондэт. ЗызытригъащIэу щыта цIыхум и къарур кIуэщIу гу щылъита махуэм тыншу пиупщIырти ежьэжт Мазепэ. Пётр I и закъуэкъым гетманыр зэпцIыжар. Урыс пащтыхьым а ири- щIа дыдэр яригъэлъэгъуащ Польшэми, Дорошенки, Самойловичи». Зи хущхьэ хъум и бзууэ дэта пэтми, языныкъуэхэм зэраIуатэмкIэ, Мазепэм зэрихуар и Украинэм и сэбэп зыхэлъхэрт».