Жьындуужь
2020-06-16
- Зы щIалэ гуэр псэут, мы дунейм къуалэбзууэ тетым я бзэр къыгурыIуэу. А щIалэм и фызым кIытэ игъэгъуну трикIутат. КIытэм бзухэр бгъэдэтIысхьауэ ящыпырти, бзуухъур къэпсалъэри:
- — Зыр жьэдэвдзи тIур ефтхъух, — жиIащ.
- Ар щIалэм зэхищIыкIри, дыхьэшхащ. Щыдыхьэшхым, и фызыр къэгубжьащ:
- — Сыт щхьэкIэ укъысщыдыхьэшха? — жиIэри.
- — Уэ сыпщыдыхьэшхакъым, сэ сыщIэдыхьэшхар мо бзуухъум жиIар аращ! — щыжиIэм, фызыр къэпсэлъащ:
- — Иджыпсту къуалэбзууэ щыIэм я цыпэ зырыз къысхухэпчу щхьэнтэ сымыщIмэ, сылIэнущ!
- ЩIалэр къэгузавэри, къызэхуигъэсащ дамэ зытету щыIэр. Жьындуужьыр зыкъомкIэ къакIэрыхуауэ къыщысым, щIалэр еупщIащ:
- — Сыт алъандэрэ укъыщIэмыкIуар? — щIэупщIащ.
- Жьындури къэпсалъэри, жэуапыр иритащ:
- — Сэ сыкъыщIыкIэрыхуаращ, мывэмрэ вагъуэмрэ зэпэзбжырти, абы сыкъигъэгуващ, — ет жэуап.
- — НтIэ, дэтхэнэр нэхъыбэт?
- — Мывэр нэхъыбэт! — жиIащ.
- — ИтIанэ-щэ?
- — ИтIанэ лIамрэ псэумрэ зэпэзбжат.
- — НтIэ, абы дэтхэнэр нэхъыбэт?
- — Абы лIар нэхъыбэу къэслъытащ! — жиIащ.
- ЩIалэм идакъым:
- — Ар пэжкъым! — щыжиIэм, жьындур къэпсалъэри:
- — Ар зи щхьэр зымыгъэпсэужыф псори лIам хэзбжати аращ, — пищащ.
- — ИтIанэ-щэ? — жиIэри, щIалэ гуэрыр жьындум еупщIащ.
- — ИтIанэ лIымрэ фызымрэ зэпэзбжат.
- — НтIэ, дэтхэнэр нэхъыбэт?
- — Фызыр нэхъыбэт.
- — Ар дауэ хъун? — жиIэу щIалэм щимыдэм, жьындур къэпсалъэри:
- — Ари зи фыз едаIуэ псори бзылъхугъэхэм яхэзбжауэ арат, — щыжиIэм, щIалэр зыщIэгупсысыжри, зыци къыхимычу иутIыпщыжащ.
- Ауэ щыхъум, къуалэбзууэ щыIэм я цым щыщ къыхезымыгъэча жьындур губзыгъащэу къалъытэри, и лъакъуэр ятхьэщIыну унафэ ящIауэ дамэ зытет псоми ятхьэщIырти, зыгуэр къэпсалъэри жиIащ:
- — Мы жьындум и лъэгур сыту щабэ.
- НэгъуэщI зыгуэри къэпсалъэри:
- — И лъэгум хуэдэу игури щабэщ абы! — щыжиIэм, жьындур шынэри пабжьэм хэтIысхьэжащ. Аращ жэщу фIэкIа махуэу ар дунейм къыщIытемыхьэри.
- ГЪУКIАКЪУЭ Идар.