ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сыт адыгэ хъыбарым и гъуэгугъэлъагъуэр?

2020-06-16

  • Зэгуэрым адыгэхэр зэдэуэжырт, хабзэм къикIымрэ и мыхьэнэмкIэ зэгурымыIуэу. Лъэпкъыр а зэдауэм игъэпIейтеящ. Дауи имыгъэпIейтеинрэт: адыгэм и гъащIэм хабзэм увыпIэшхуэ дыдэ щиIыгът.

  • АРАТИ, зэхуэсышхуэ ящIри, а Iуэхум  тепсэлъыхьащ икIи зэгурыIуащ цIыху плIыщI къыхахыу лъэпкъыр арэзы зытехъуэн хабзэ къагупсысыну.
  • ЦIыху плIыщIыр мэзым и курыкупсэм хагъэтIысхьащ, псэуалъэ щыхуащIщ, зыхуеину псомкIи къызэрагъэпэщри. Быдэуи жраIащ зы гупсысэ гуэрым къытемыувыIауэ мэзым къыхэкI зэрамыIэнур.
  • Махуэ плIыщI дэкIри, мэзым лIыкIуэхэр ягъэкIуащ, Iуэхур зытетыр зрагъэщIэну. Мыдрейхэри а зэманым къриубыдэу фIыуэ зэчэнджэщат, зэдэуат икIи зым траубыдакIэт. ЛIыкIуэхэр къащеупщIым жраIащ:
  • — Дахэр — хабзэщ.
  • Ар псоми яфIэкъабыл, яфIэтэрэз хъуащ икIи нобэр къыздэсым а псалъэ купщIафIэхэр адыгэ хабзэм и гъуэгугъэлъагъуэу къэнащ. Аращ ар щIэдахэри, щIэгъуэзэджэри, куэдым щIафIэкъабылри.
  •  
  • Къэрмокъуэ Хьэмид.