Зи бзэр зымыджыр уи бынкъым
2020-06-16
- * * *
- Бзэм урипсэлъэхукIэ щIыболъыкI,
- Зэхуэпкъусыху нэхъыби къокI.
- * * *
- Сыт хуэдэ псалъэжьри
- си адэжь и псэукIэщ,
- Си Хэкужь и хъыбарщ.
- * * *
- Зи бзэр зымыджыр уи бынкъым,
- Иримыпсалъэр уи лъэпкъэгъукъым.
- * * *
- Уи бзэкIэ пхуэмыIуатэ гупсысэр
- IэпэтэрмэшкIэ къыбжаIэ псысэщ.
- * * *
- Уи бзэ уимыIэжмэ, адыгэ жьэгуи удэсыжкъым,
- Уи бзэр уимыIэжмэ, адыгэ нани плъагъужкъым.
- Джэдгъэф Хъусен.
- ХьэтIохъущыкъуей къуажэ