ТIыкъэ мэгушыIэ
2020-06-16
- Си жыпым илъщ
- Анэм: Сыт Iей, си щIалэ цIыкIу, афIэкIа умызэуэну дызэгурыIуатэкъэ? Мис аргуэру дзитI хэплъхьащ зауэ-банэм.
- ТIыкъэ: Хьэуэ, мамэ, хэслъхьакъым, ахэр си жыпым илъщ.
- Дауэ къищIэрэ?
- ЕгъэджакIуэм: ЩIыIубым махуэм езым и хьэлъагъым хуэдиз ешх.
- ТIыкъэ: А щIыIубым и хьэлъагъыр зэрыхъур дауэ къищIэрэ?
- Иджы узыжыркъэ?
- ЕгъэджакIуэм: ТIыкъэ, сыт дыгъуасэ школым укъыщIэмыкIуар?
- ТIыкъэ: Си дзэр узырти…
- ЕгъэджакIуэм: Иджы узыжыркъэ?
- ТIыкъэ: СщIэркъым, ар дзэ дохутырым деж къэзгъэнащ.
- Щхьэцыр щIэтхъур сощIэ
- ТIыкъэ: Папэ, папэ, уи щхьэцым тхъугъэ хидзащ.
- Адэм: Щхьэцыр щIэтхъур, си щIалэ цIыкIу, адэ-анэм я бынхэр къыщемыдаIуэм дежщ.
- ТIыкъэ: Иджы къызгурыIуащ ди нанэ и щхьэцыр уэсу къыщIетхъухар!
- Зытхыжар ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ.