ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Уафэбгыкъу  и нэлат

2020-06-10

  • МэшбащIэ  Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48, 50 — 51,
  • 54 — 57, 62, 65 — 67-хэм итщ).
  • Бэлэтокъуэпщыр, адэкIэ пэщэм жиIэнум пэмыплъэу:
  • — Даур зыгуэр къыщыщIауэ ара, хьэмэрэ… зыгуэр къыIэщIэщIа?
  • — Хьэуэ, зиусхьэн, — Iэлигъуэт-пэщэр жиIэнум хунимыгъэсу, зэпсалъэхэм яку къыдоуэ Батыр ефэндыр: — «ЛIыфI къуэфI хуэщкъым» зыхужаIэр Мырзэбэчрэ абы и къуэ Дауррэ хуэдэтэкъым. ИтIани… дэ мызэ-мытIэу зэхэтхыжащ а щIалэр зипкъ, зи къупщхьэ къыхэкIа и адэм гуемыIуу зэрыхуэпсалъэр. Мырзэбэч апхуэдэ къилэжьыркъым. Ислъам диным дызыхуиущийращи сабийр — ар хъулъхугъэу е бзылъхугъэу щрырет — зыгъэсэн хуейр и жылэр къызыхэкIа и адэрщ. Анэракъым сабийр зыщIыгъуну диным къигъэувыр. Сэ сыщыуэу сощIри, Алыхь лъэщым и диныр щыуэнкIэ Iэмал иIэкъым. ЖысIам мыхъумыщIагъэ хэлъу щытмэ, ди хьэщIэ Ашабэм зэригъэзэхуэнщ.

  • Адыгэ Республикэм и махуэр хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ ягъэлъапIэ. Мейкъуапэ, 2000 гъэ

  • Ашабэм «зыри зэримыгъэзахуэу» зэрыщымыр щилъагъум, Батыр ефэндым и упщIэр нэхъри щIеIуантIэ:
  • — Зыри жыпIэркъыми, Миншакъ?
  • — Уэлэхьэ, ефэнды, а узыщIэупщIэр димыщIэщыгъуэж, — дыхьэшхыпцIыу къопсалъэ Ашабэр. — БжесIэнIауэ укъыспэплъэмэ, мызыгъуэгукIэ лIэн Iуэху лъэпкъ зесхуэркъым. Мы дуней хьэхум Iуэху нэмыщIыса куэд иджы-   ри къыщыспоплъэ. Дыпсэумэ, тлъагъунщ а къытпэплъэхэр.
  • — Сыт, Iиманыншэ, къыбгурымыIуар?! — губжьауэ къолъ Абрэджыр. — Иджыпстущ къыщыбжаIар дуней нэпцI узэрытетыр! Сыт-тIэ иджыри зи Iуэху зепхуэр?!
  • Бэлэтокъуэпщым хуэшэчакъым Мырзэбэч зэрызищIхэр:
  • — Абрэдж, уи щхьэ и пщIэр щыпхуэмыIыгъыжми, хьэщIэм хуэфащэ пщIэр хьэлыншэу умыгъэпуд!
  • — ХьэщIэр зейр уэрамэ, уи унэ щыгъэхьэщIэж. ЕмылъэIу щIыхьэхуу, хамэм и унэ къыздумылъэф, — Мырзэбэч иджы мыукIытэжыххэу и напэр здынэсыр Iэлигъуэт утыкум къриупцIэрт:   
  • — ЛIо? ПщIэшхуэ зиIэ дзэпщ Актай Къэбэрдейм зэрыщигъэпудар хуэдгъэгъупа и гугъэжу ара а укъызыдэщI уи хьэщIэм?!
  • Ашабэр тэджыжыну зэреIам гу лъитэри, Iэлигъуэт хьилагъэ хуекIуащ. И напIэхэр мамыру ирихьэхыжурэ пэщэм и Iэр иIэтри:
  • — Мырзэбэч, уигу къэзгъэкIыжын хуейуэ пIэрэ бысымыр зэрысэрар? Си унэ ущIэсу кIэмыргуеипщымрэ къэбэрдей хьэщIэмрэ уи макъ яхуэпIэтыну сыт къыщIебгъэзэгъар? Сыт ущIыпэпсэлъэжыр Батыр ефэндым? — пэщэм ефэндым дежкIэ зегъазэри: — ПщIэ зыхуэтщI Батыр, щIэшыжи еущиет мы Мырзэбэч! Дэ зыхыдощIэ Абрэджым и гукъеуэр зэрымыцIыкIуфэкIур… ИтIани, шыIэныгъэ зыхимыгъэлъу хъунукъым. Ирегупсысэ. ИреупщIыIуж. Пщэдей-пщэдеймыщкIэ и диным къихьэжмэ, щIалэм теухуауэ Бэлэтокъуэм иджыри зэ депсэлъэнщ. Согугъэ пэжкIэ дызэгурыIуэну. Гъуэгу махуэхэ!
  • Батыр ефэндымрэ Мырзэбэчрэ зэрыщIэкIыжу, Iэлигъуэт-пэщэм Къэбэрдейм къикIа уэркъым зыхуегъазэри:
  • — Сытыр ди Iэмал?.. Апхуэдэурэ допсэу. ШыIэныгъэ дахэ къызыкъуэфхащ, хьэщIэхэ. АдэкIэ пытщэнщ-тIэ.. Нобэрей IуэхукIэ псори дызыгъэгуауэщхьэуэр Кърымымрэ Къэбэрдеймрэ зэрызэгурымыIуэрщ… Фи фIэщ зэрыхъун, зы хъуаскIэм мафIэшхуэ къигъэлындынкIэ! НэхъыфIтэкъэ-тIэ ди тетхэр зэдгъэкIужыфатэмэ?
  • Шэтырым къыщIыхьэу Iэлигъуэт-пэщэм щыIуплъа дакъикъэм щегъэжьауэ Ашабэм къыгурыIуат мы бысымыр зищIысыр. Иджыпсту пэщэм зэригъэкIэсыну зыпылъ хьилагъэхэри Миншакъ зыкIи игъэщIагъуэртэкъым: «Дигъэунэхуну хуейщ, ауэ щыхъукIи, и хьилэр зэрызэкIэриIулIэн Iущыгъэр и мащIэщ. МэцIантхъуэ. Хэту пIэрэ мы псалъэмакъым зи фейдэ хэлъыр? Шэчыншэращи, бысымым иджыпсту кърихуэкIыр кърымжыIэ-пэщэIуатэщ. Плъагъуркъэ, къещэтэхын хуэдэ, а и шэнт алэрыбгъум зытриIуэнтIыхьыжурэ, зэрыдэпщейр! Хьэкъ тщищIыну хэтщ и зэфIэкI лъэщыр: Мырзэбэч щIихуж хуэдэу зещI, Бэлэтокъуэпщым пщIэ лей къыхуищIу зыкъытщегъэхъу. ИIуатэр зыщ, зэгупсысыр нэгъуэщIщ. И псэлъэкIэр-щэ?! «ХьэтIохъущокъуэпщым зытрилъхьэжа къалэн мытыншыр…» ИкъукIэ ирогузавэ-тIэ ар къэбэрдеипщым и къалэным! ФитIнагъэ фиблщ. Абрэджым ешхыдэ хуэдэурэ, «пщэдейкIэ» гугъэ хуегъэлъагъуэ. Дэ къыттелъэщIыхь щIыкIэурэ «хъуаскIэм къилыдыкIыну мафIэшхуэр» щIагъыбзэу къыдеIуэкIыж. ЛъэныкъуитIкIэ аргъынэр ирехьэх! Мыдэ Шурдым Жанхъуэт «ИкIи уимыкI, икIи уимыс, уисуи зызумыгъэлъагъу» жыхуиIэм ещхь дыдэщ… — куууэ хэгупсысыхьа Ашабэр Бэлэтокъуэм хущIэплъурэ иджы къыгурыIуэрт кIэмыргуеипщри езы Миншакъ и акъылэгъуу зэрыгупсысэр. Къэбэрдей хьэщIэм и гупсысэхэм къащIэдэIуа хуэдэ, кIэмыргуеипщым и нэгу къищырт Iэлигъуэт-пэщэм и псалъэхэм мыхьэнэ лъэпкъ зэраримытыр…
  • — Ди тетхэм я зэгъэкIужыным ехьэлIауэ, пэщэ, сэ си Iуэху еплъыкIэр бжесIэнщ. Бэлэтокъуэпщри абыкIэ акъылэгъу къыздэхъуну сфIощI. Кърымым зэи къыщывмылъыхъуэ захуагъэрэ зэгурыIуэрэ. Кърымым и лышх узыгъуэр адыгэрщ. Къэбэрдейри зи лIакъуэкъуэпс адыгэрщ. НтIэ, мис а лIакъуэ куэду зэтепщIыкIыжа адыгэр зы къэралыгъуэу зэрыщытыр: и щэнкIэ, илъкIэ, и псэкупсэкIэ — зы жылэм къикIыкIа жыг къудамэбэу щIым зэрыхэтыр Кърымым зэхищIыкIыху, ди тетхэм яку зэпэщIэтыныгъэ илъынущ. Пэжщ, адыгэ-шэрджэсхэм езым я зэхэтыкIэрэ я хьэкъувыкъурэ якъуэлъыжщ, ауэ ар езыхэм яижщи, зэи къэхъуакъым адыгэ лIакъуэхэр зыр адрейм къуахсыхыу щIы щхьэкIэ щезэуэжа! Къэхъуакъым адыгэ-шэрджэсхэм щхьэж зытес я щIы Iыхьэр щызэпаубыдыжа… Лъэпкъ Iущыгъэ адыгэм диIэщ, «Жэм лъакъуэ шкIэ иукIыркъым» — жиIэу. Дэ зэи дызэрыукIыжыркъым. ДызэхущIэуэжми, дил ди лэпсу допсэу. ЗыщIыпIэкIэ деущэкIыурэ, лъыпсыр пыжу хамэщI къыщыдзэуркъым. ЗэпэщIэтыныгъэр къыздикIыр къэплъагъуну ухуеймэ, пэщэ, мис а хамэщIкIэ — къапщтэмэ, дэ адыгэхэм дищIкIэ — гъаблэгу зыкIуэцIывыхь ТыркумкIэ, КърымымкIэ, УрысеймкIэ зыщыплъыхь. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэ мэхъу адыгэщIыр абыхэм ягуэшрэ пэт зэраIэщIэмыгуашэрэ. Дэрщи, ди Iэ едзыхауэ зыгуэрми зеттыну ди мурадкъым. ДищI къыщIэхъуэпсIамэ, ди хьэдэр темылъу, а къэхъуапсэм Iэрыдгъэхьэнукъым! Аращ адыгэм и пэжыр.
  • Iэлигъуэт-пэщэр кIэмыргуеипщым еплъмэ, къэбэрдей уэркъым къыхуеплъэкIыжу едаIуэрт Ашабэм и псалъэ Iэдэбым.
  • — Пэжщ, хьэщIэ. Пэжщ, — жиIэри Iэлигъуэт-пэщэм игукIэ: «А зи гугъу къысхуэпщI «фи щIыр» мафIэ лыгъэм едгъэщта нэужь, слъагъу хуэдэщ шыпшэруанэу уздещэтэкIыжынур!» щIигъужри, хьэщIэм хупыгуфIыкIащ: — Шэхьбэз-Джэрий зэраIэщIэукIам къыхэкIыу Къэбэрдейм зыщызыгъэпщкIу Къанокъуэхэм я жыIауэ, «Лъэпкъ мащIэ тегушхуэгъуафIэщ». Къулейсызыгъэщ лъэпкъым и мащIэр.
  • Iэлигъуэт-пэщэм и хъуэрыбзэ пIэскIугъэр къэбэрдей уэркъым бадзэ дзакъапIэу къыщыхъуакъым:
  • — НэгъуэщI жыIэгъуэ пэжи къытхуагъэнащ ди пасэрей Iущхэм: «Хэкужьыхьэ лъэщщ».
  • Iэлигъуэт-пэщэмрэ Ашабэмрэ щызэсэмыркъауэкIэ кIэмыргуеипщыр псалъэмакъым къыхашэн я хьисэпу ираIуэкIыурэ, и цIэр къыжаIэ щхьэкIэ, Бэлэтокъуэр щыст, и тхьэкIумэм цIэ иригъэпщхьауэ.
  • … Жыжьэ дыдэ щыхэпщырт Бэлэтокъуэм и гупсысэ нэщхъейхэр. КIэмыргуеипщым зэригъэзэхуэжырт къызыхэкIа пщы лъэпкъыр, и нэхъыжьхэр нэхъапэхэм къызэрыгъуэгурыкIуар. А гъуэгухэм пишачэрт езым и пщыгъуэ пIалъэр… 1699 гъэ пщIондэ гузэвэгъуэншэурэ къекIуэкIат Бэлэтокъуэм и тетыгъуэр. Ауэ, 1699 гъэм и дыгъэгъазэу, Беслъэнейм Шэхьбэз- Джэрий ираукIыхьри, кърым хъаным  и нейр, адрей адыгэ лIакъуэхэми ещхьу, КIэмыргуейм къыщхьэщыгъуэгъуат. Нэхъеижрати, къуийщIыIу гуэрэфыжьу, кърым тэтэр мырзэхэр нэгъабэ Къэбэрдейм щыфIагъэжри, зы мыгъуагъэм адрейр кIэлъыпIащIэу, кърым хъан губжьыр адыгэхэм къатебгащ. Шэхьбэз-Джэрий и кIуэдыр зыдалъагъун хуейр Къанокъуэхэ я щхьэ закъуэу уэркъхэм ягъэуври, Беслъэнейм ис адыгэхэм заухеижат… АрщхьэкIэ хъаныкъуэр зыIэщIэкIуэдар зыщыщ беслъэнейхэм яхэкIри, загъэпщкIуу ахэр здекIуэтэкIыжа къэбэрдейхэми иджы къыдапшынын хуей хъуащ Шэхьбэз-Джэрий и лъы уасэр. «Псори зи кIэм къикIар нэгъуейхэрщ, мы Iэлигъуэт-пэщэр я пашэу. Иджыпстуи мыращ ахэр зэщIэзыгъаплъэр, — егупсысырт пщыр: — Абы и закъуэтэмэ! Мес, Абрэджымрэ Батыр ефэндымрэ я жьэр увыIэххэркъым. Абазэхэр абыхэм къахыхьэжащи, псоми зэхэвэзэхэжьэу щхьэж и щхьэ и фейдэ къелъыхъуэ… Мы нэкIу тэбакъ тхъуэплъым сыкъыщIишар сыту пIэрэ? Сыт иджы спихыну зыхэтыр? Даур и унафэ ищIыну ара? Адэ-анэмрэ бынымрэ ятеухуауэ уаз ет. Апхуэдэ дыдэу, уаз-залымыгъэкIэ я унафэхэр сагъэгъэзэщIэну си ужь къитхэщ. НэхъыфIщ Ашабэр гъусэ зэрысщIар… АрщхьэкIэ, Миншакъ щымысу, дэ     тIур иджыри дызэпсэлъэн хуей                     хъунущ…»
  • — Дызэхэпх си гугъэкъым, зиусхьэн. Зыгуэрым уигъэпIейтейрэ? — къызыпхегъэIукI аргуэру пэщэм. КIэмыргуеипщыр лIитIым яхущIоплъри подыхьэшхыкI. Iэлигъуэтщи, а зыщIэупщIам и жэуапым пэмыплъэу, и нэхэм хъуаскIэ къащIрегъэхри, Ашабэм зыхуегъэзэж:
  • — Пэжщ. Пэжщ, къэбэрдей хьэщIэ. НэгъуейхэмкIэ нэрылъагъущ лъэпкъ мащIэм и насыпыншагъэр. Адыгэхэм фщогъупщэ нэгъуейхэр зэгуэр лъэпкъ лъэщ уардэу зэрыщытар. Ноби ди лъым щыгъуркъым а лъэщыр, аращ ди лъэ щIэмыхуу дызэтезыIыгъэри. Фэ адыгэхэм фхудиIэ гужьгъэжьыр иджы вжесIэпэнщ… Фипхъухэу ди хъан нэхъыжьхэм щхьэгъусэу ядэпсэуа Алтыншашрэ Мэлхъурыбрэ Iэ щIыIэкIэ къыхэIэбат ди лъэпкъ тхыдэм! Нэгъуей хъанхэр фи адыгэпхъухэм фыздэубзэ яхуэхъури, Астрахъан хъаныгъуэмрэ Ордаишхуэмрэ Урысейм фызжыIэкIэ гухьауэ щытащ. Абдежщ ди лъэпкъым и кIуэдыр къыщежьар. Иджы мис, дызыхуэкIуаращи: нэгъуейхэр мащIэ хъуащ, ар зи Iэужьри адыгэпхъухэрщ!
  • Iэлигъуэт-пэщэм и губгъэныр нэхъри зэщIигъэсту, Ашабэр ину дыхьэшхри:
  • — НтIэ! НэгъуэщIу хъунутэкъым… Фщыгъупщэжауэ ара Иван пащтыхьыр «фыздэубзэкIэ» узэщыжа фи хъанхэм я малъхъэгъуу зэрыщытар?!
  • — И чэзу дыдэу гу лъызбгъэтэжащ абы, хьэщIэ. Аракъэ сэри жысIэну сызыхэтыр: фипхъухэр вгъэдадийхэурэ, пащтыхьхэмрэ хъанхэмрэ яхувогуэшри, дуней тхыдэм мыгъуагъэу щыIэр абыхэм кIэдахъуэкIэ тхузэблах…
  • — А жыхуэпIэхэм уи анэшхуэри ящыщтэкъэ, пэщэ? — погуфIыкI аргуэру Ашабэр.
  • Iэлигъуэт-пэщэм жэуап къитыжыну хунэмыс щIыкIэ, дыхьэшх макъ лъэщ лъагэ къэIуащ… Зыхуэмыубыдыжу а дыхьэшхыр кIэмыргуеипщырт.
  • — Дыхьэшхэн жытIауэ пIэрэ, Бэлэтокъуэ? — мыарэзыуэ къопсалъэ Iэлигъуэт.
  • — ПщIэ зыхуэфащэ пэщэ, — къыщиудурэ аргуэру мэдыхьэшх кIэмыргуеипщыр, — ди малъхъэр сигу къэкIыжауэ арщ. — Ордаишхуэм и хъан Тихнамат Исмэхьилщ зи гугъу сщIыр…
  • — НтIэ? Ар адыгэ малъхъэу щытащ. НтIэ сыт? Iущт а хъаныр. Жыжьэ плъэрт, ауэ… ари щхьэхуиттэкъым, дэ дэщхьу. Адрей Iэджэми хуэдэу, ари хуиттэкъым зэгуакIуэр илэжьыну.
  • — Хуитыныгъэ жыхуаIэр… ар щхьэж къызэрыгурыIуэщ, Iэлигъуэт.
  • — КIэмыргуеипщ, а псалъэхэмкIэ укъыдэщыну ухэту армэ, — пэщэр хьилагъэ хэлъу Бэлэтокъуэм Iуоплъэри, щхьэдигъэIухыжын и гугъэу: — Хъунт ар, уагъэщхьэхуиту щытатэмэ…
  • Ашабэр иджы нэщхъейуэ Iэлигъуэт попсалъэ:
  • — ЦIыху къэс, щхьэж елъытащ и хуитыныгъэ жыпхъэр. Елъытащ и лIыгъэм, и Iущым, и куцIым, и къэухьым. ИтIани, лъэпкъ псом я щхьэхуитыныгъэр зылI и лIыгъэкIэ къазэуркъым. Iущрэ лIыгъэкIэ зэдэууэ зэкъуэувэн хуейщ лъэпкъыр. Куэд-мащIэми, жыжьэ-гъунэгъуми, а зэкъуэтыр сыт щыгъуи лъэщщ. Мис, дэ мыбдеж лIищ дыщызопсалъэри, щыми зэгурыIуэ дяку илъкъым.
  • Iэлигъуэт-пэщэм и пэфыкъ игъаджэу пыдыхьэшхыкI зещI:
  • — Уэ уащыщкъым, хьэщIэ, зи Iуэху еплъыкIэ IупщI зимыIэж лIыхэм. Узыхуейр хьэкъыу уощIэ.
  • — Апхуэдэу къэплъытэр пэжмэ, си гуапэщ…
  • БжэIупэмкIэ къиIукIа зэрыгъэкIий макъым шэтырым щIэсхэр зэригъэплъыжат. ХъумакIуэ Бэубэч къыщIэлъадэри:
  • — Адыгэхэр къэкIуащ!
  • — Сыт зыхуейр?
  • — ХьэщIэхэр здэтхьам щIоупщIэ.
  • — Дауэ?… ХьэщIэхэм яшхэр шыфIэдзапIэм зэрыIутыр ялъагъуркъэ?
  • — Ялъагъуми, ар яфIэмащIэщ. ЗэщIэплъауэ къамэ Iэпщэм йопхъуэхэр. МэпщэфыIэ…
  • — ЯфIэмащIэмэ, пщыри абы и гъусэ уэркъри дэ зэрыдихьэщIэр схуажеIэж.
  • — Дызэхахрэ, яжетIэкIэ?!
  • Iэлигъуэт-пэщэм зигъэгусэ щIы-   кIэу:
  • — Флъагъуркъэ, хьэщIэхэ, а ди зэхэтыкIэр? Мис апхуэдэу къаугъэщ фи лъэпкъэгъу адыгэхэр: кIэмыргуеи, беслъэнеи, абази — псори зэщхьу къыдоныкъуэкъу. Езыхэми гурыщхъуэ зэхуащIыж, дэращи, дзыхь къытхуащIыххэркъым! Дауэ феплърэ, сыщIэкIыу сайпсалъэмэ нэхъ къезэгърэ?
  • — Дзыхь къыпхуэзымыщIым, пэщэ, уи псалъэр зыхищIэн уи гугъэрэ? НэгъуэщI Iуэху иджыри къытхууимыIэжмэ, дежьэжынщ дэри. Дыкъалъагъумэ, езыхэри сабырынхэщ.
  • — Арауэ щытмэ, зэрыжыфIэщ… — Iэлигъуэт-пэщэр хьэщIэхэм якIэлъо-               кIуатэ: — Армыхъуамэ, дыуэршэрынтэкъэ иджыри… Хэщхьэжыгъуэри къэблэгъащ. Дызэдыхэщхьэжынт, Алыхьым къыдита ерыскъымкIэ. Гъуэгу махуэхэ! ФIыкIэ Алыхьым дызэхуишэ!
  • Апхуэдэу къакIэлъыкIуатэурэ къаздыжриIэм, нэхъ иужьыIуэ иту къыщIэкIыж кIэмыргуеипщым пэщэр къыкIэлъоIэбэри, и IэфракIащхьэр иубыдурэ:
  • — А зи гугъу пхуэсщIауэ щыта мэлищэр къуршым ис дзэм икIэщIыпIэкIэ яIэрымыхьэмэ, уагъэпшынынур щэнейкIэ нэхъыбэщ, — щэхуу щыжиIэкIэ, Бэлэтокъуэр гуемыIуу абы Iуоплъэ, хуищIэу пеIэжу и IэфракIэр къыIэщIеудри, пэщэм жэуап иримыту къыщIокIыж. Ашабэр япэIуэ ищати, бысымымрэ хьэщIэмрэ IэфракIэ зэпеIэкIэ зэжра-Iар зэхихатэкъым, ауэ илъэгъуат кIэмыргуеипщым и зыкъыIэщIэудыкIар.
  • ХХI
  • Зэдауэхэмрэ зэгурымыIуэхэмрэ лIэужьыгъуэ зыбжанэ мэхъу: хэт Iэщэ къызэдрахри лъы ягъажэ, хэти лъыгъажэншэу зэрогъэкIий, языныкъуэхэр щэху-щэхуу зопIэскIури, нэгъуэщIхэм гу къылъамытауэ зэбгъэдокIыж.
  • Нобэ Ашабэм тIэунейрэ и нэгу щIэ-кIа зэгурымыIуэныгъэхэри зэхуэдэтэкъым. Япэм — Абрэджымрэ Батыр ефэндымрэ Iэлигъуэт-пэщэм и шэтырым къыщIахуат. ЕтIуанэм — хэIущIыIуи замыщIу, Бэлэтокъуэм и IэфракIэр Iэлигъуэт-пэщэм къызыIэщIригъэчыжат. Зыми гу лъитатэкъым а етIуанэм. Зыми… Миншакъ къищынэмыщIа. Иджы Ашабэр егупсысырт Iэлигъуэт-пэщэмрэ кIэмыргуеипщымрэ яку бзыщIыпауэ илъ щэхум. Сыт ар?
  • Миншакъ илъэгъуар къыфIэщIа къудейуэ къызыщигъэхъуну зэныкъуэкъуж щхьэкIэ къехъулIэртэкъым сыту жыпIэмэ, къыфIэщIатэкъым ар! Къыщыхъуатэкъыми, иджы къыфIеблыжурэ, пщым гурыщхъуэ ирищIэкIырт. Пщыри ерыщу псалъэншэт, итIани, нэрылъагъут бампIэ губжь гуэр абы щыму зэригъэвыр. Зыгуэрым иризэгуэпырт Бэлэтокъуэр: зэм и жьэпкъыр щIикъузэрт, зэми щэхуу и щхьэ хуэдыхьэшхыжурэ, и пащIэкIэм ауан IупщIэр щIэжырт. Шы лажьэншэм имычэзууэ щIопщыр тришащIэрти, сабэ лэрыгъуейр и шыкIэу, ари иригъэлъырт.
  • Миншакъ и нэгу щIэкIам абы и кIэр хуабэху Бэлэтокъуэм еупщIами зы   ягъэ кIынутэкъым, итIани, пIащIэу     ипэ имылъадэмэ нэхъ къищтэу, иджыри зишыIэрт. Шэч хэлътэкъым кIэмыргуеипщымрэ Iэлигъуэт-пэщэмрэ я зэхуаку щэху гуемыIу гуэр зэрыдэлъым. Ашабэм игу ирилъхьащ и ежьэжыгъуэ пщэдджыжь пщIондэ пщым жиIэнум пэплъэу, жимыIэхэIамэ, езыр щIэупщIэпэну…
  • «Къэбэрдейм щагъэхъыбару зэхыдох кIэмыргуеипщымрэ Кърымымрэ    я зэхущытыкIэ къызэрымыгуэкIыр. Нобэ си нэкIэ слъэгъуар къэбэрдейхэм яхуэсIуатэкIэ я фIэщ сыхъуни сымыхъуни…» — Бэлэтокъуэм и хьэщIэщ жьэгум щитIысхьэжами, гупсысэурэ зэригъэзахуэрт Миншакъ.
  • Ичындыр къэблэгъати, хьэщIэ-       хэм къащIэупщIэну къыщIыхьа гъу-нэгъу-жэрэгъухэри пIащIэу зэбгрыкIыжхэрт. Нэкъаррэ Мэремрэ Бэлэтокъуэ гуащэр щыпсэу щIылъэныкъуэмкIэ — я къэшэнхэр щыхьэщIэмкIэ — екIуэкIахэт. Миншакъ иджыпсту и закъуэу хьэщIэщым щIэсти, зэран къыхуэхъу щымыIэу, и гупсысэхэм куууэ хыхьэрт: «Кърым тэтэрхэм къафIэддыгъужа пщащэ цIыкIуитIыр фIэгъэнапIэ тщIыуэ щытми, аркъудеймкIэ къытхузэщIэгъэушэнукъым лъэпкъыр. Адыгэхэм я щыпэлъагъукъым тэтэрхэм къращIэкI пудыныгъэр. Езы адыгэхэр-щэ? НобэреитIыр — Абрэдж Мырзэбэчрэ Батыр ефэндымрэ — пэщэм и шэтырым здыщIэсым, кIэмыргуеипщым къыдэфыщIеину зэрыхэтам фIэкIа ухуейкъым ди зэхэтыкIэ нэсым уIуплъэну! Iэлигъуэт пэщэри бажэбзым ещхьу IуитIбзитI Iужажэщ, армыхъумэ, зэм зэриуштрэ, зэми Iэжьэгъу захуищIыж нэхъей зигъэфэрыщIу сыт абдеж зэрызыщищIам къикIыр?! КъытщыгуфIыкI хуэдэурэ, щIитIыкIыжри ди лъабжьэу… Хьэуэ, а ди къыщIэкIыжыгъуэ къудейр-щэ?» — Ашабэм аргуэру и нэгу къыщIыхьэрт кIэмыргуеипщым и IэфракIэ еIэжыкIэр, аргуэру лIыр къауфэрэзыхьырт гурыщхъуэ мыфэмыцхэми, аргуэруи и щхьэ еущиежырт: — «Мы дызихьэщIэ пщыр ди жагъуэгъу хьэмэрэ ди ныбжьэгъу? Хьэуэ, сэ къызгуроIуэ, сэ фIы дыдэу зэхызощIыкI кIэмыргуейхэмрэ нэгъуейхэмрэ зы лэгъуп ишхыкIыу ящI-япс зэрызэбгъурылъыр? Я мази, я дыгъи, я IэхъупIи, я мэз лъахи зэнтIэIужу щызэдэпсэукIэ, дауи, куэд зэдайуэ яхэлъщ. Зэгъунэгъущи, гъунэгъу хабзэ зэкIэлъызэрахьэ. Сыт-тIэ иджы абы шэч гуэрхэр щIесщIэкIыжыр? Абы къикIыу пIэрэ кIэмыргуеипщым, и адыгагъэр щыгъупщэу, нэгъуейхэм задигъэшауэ?! И IэфракIэр пэщэм къызэрыIэщIиудыжам щIагъыбзэ хэслъэгъуэну сыхуит-тIэ     сэ? Гуэныхь тезыр къэзмыхьу къыщIэукIт…»
  • Азэныр щыджэм, Ашабэм бжэкъуагъым къуэт андезщтапIэм игу хуэмыкIуащэу хуеплъэкIри, ичындыр мэжджытым дэмыкIыу хьэщIэщым щрихыну мурад ищIащ. Абы хэту Бэлэтокъуэм бжэр къыIуехри:
  • — Андез къэпщтакIэу укъыспэплъэ си гугъати, хьэщIэ?
  • — Пэжыр жысIэнщи, зиусхьэн, нобэ Батыр ефэндымрэ Абрэджымрэ дагъэлъэгъуахэм яужькIэ, нэмэзыр мыбдеж щысщIыну си псэм нэхъ сIэпех.
  • — Уэлэхьэ, Миншакъ, уи гъащIэр Алыхьым кIыхь ищI, узахуэкIэ… Ауэ нобэрей нэщI махуэшхуэм…
  • — Пэжщ, зиусхьэн. Пэжщ, — Ашабэм зыхищIащ пщым нимыжыIысар. — Мэжджытым укIуэу жэмыхьэтым ичындыр ядэпщIыну уи пщы къалэнщ. Уэрэ сэрэ дызэхуэдэкъым: сэ сыкъыдыхьамэ сыдэкIыжынущ, си Iуэху тыншщ. Уэращи — жэмыхьэтым уахэсщ.
  • — Миншакъ, а нобэ ди нэгу щIэкIар адыгэ зэхэтыкIэм и теплъэгъуэ къызэрыгуэкIщ. Плъэгъуакъэ, Iэлигъуэт-пэщэм и деж фIыщIэ къыщахьын папщIэ, хабзэм елъэпауэурэ ди лъэпкъэгъухэм зыхуагъэфэщэжым и мардэр. Апхуэдэ дыдэу, пщэдей сулътIаным е хъаным егуэпэн щхьэкIэ, ягу къыщхьэрыуэнум уемыгупсысыххэт! Адыгэ хабзэр фейдэщIэхым ущу къыдагъэудж… СэркIэ а гупыр зэрыщытыпсу хьэдзыгъуанэ шэрэзщ. Къыщызэдзакъэми, зызошыIэ, жагъуэгъугъэгуфIэ сымыхъун папщIэ, зыхэсщIауэ зэи гу зылъезгъатэркъым.
  • — Ари хъарзынэт, ауэ нэхъыфIыжыр уапэдзэкъэжмэщ, — и щхьэр ещI Миншакъ.
  • — Сэ сызэIуоплъ зэкIэ… Ауэ, — Болэт зэуэ зыщIогупсысыкIри: — ДызэIумыплъмэ, нэхъыфIу къэплъытэрэ, Ашабэ? Зэманыр пщIэншэу дымыгъэкIуэду пIэрэ?
  • — Сигу укъипсэлъыкIащ, зиусхьэн, — Миншакъ зимыIэжьэу нобэрей теплъэгъуэм щIэупщIэну тегушхуэ хуэдэ хъури, аргуэру зыщIилъэфыжащ. Пщэдджыжьыр иджыри иIэщ пIалъэу. Пщэдджыжь еупщIынщ, иджыпстущи, хьэщIэм жери: — Уи нэмэзыр, зиусхьэн, Алыхьым къабылу пIих. Мэжджытым ефэндыуэ е Мырзэбэч хуэдэ гуэру къыщысщIэупщIэIамэ, яжепIэнщ си лIыкIуэ къалэн уэ зэрумыхьыр. Запумышэ зыми. Зыхуейр жрыреIэ. Апхуэдэхэм жэуап щеттыжын пIалъи къытхуихуэнщ зэгуэр. Си нэмэзыр мыбдеж щысщIынущ. Нэкъаррэ Мэремрэ я пщащэхэр кърырегъани, уи гъусэу мэжджытым нрырекIуэ.
  • — Абыхэми зэран дахуэхъункъым. Алыхьым зэхуишэжахэщи, насыпыфIэ ахэр ирехъу, — гуапэу погуфIыкI Бэлэтокъуэр.
  • Ашабэ Миншакъ и нэмэз уахътыр псынщIэу зэфIигъэкIащ: щэнейрэ, Къулъхуолэ къибжурэ тIысащ, тэджыжащ, итIанэ адыгэбзэкIэ тхьэ елъэIуащ и унагъуэкIэ, и лъэпкъкIэ, зауэм щихъумэну. А зыщхьэщылъэIукI зауэр хэкум къихьэн щыхъуми, ар зыублам     и щхьэ-и псэкIэ езы Кърымым пекIуэкIыжыну тхьэм елъэIуащ. Ашабэр тхьэ хуелъэIуащ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуи: лIыгъэрэ Iущрэ къызыкъуихыу Кърымым пщы уэлийр пэщIэувэну.
  • Нэмэзлыкъыр фIидзэжри, Миншакъ щхьэгъубжэм бгъэдыхьащ. Мазэгъуэ нэхур пэрыхьэту пщIантIэм дэзт. Жыг пщIащэхэр щIэхъаеурэ дыжьыныфэу тепщIыпщIыкIырт. Жьыбгъэ гуапэр едэхащIэрт жыг къудамэ гуэрэнхэм. Ашабэм и гупсысэхэр дахащIэртэкъым, псэм итIысхьэурэ ахэр ныкъуакъуэ зэпытт: «Насыпыншагъэр и натIэт си лъэпкъым? ДэнэкIэ зыдмыгъазэми, зыгуэрым лей къыдихыну хэтщ. Нобэ нэгъуей пэщэм зыкъызэрытхуищIахэр-щэ! Дыщхьэхуиту зытлъытэж щхьэкIэ, пэрыуэншэу зыдгъэщхъыу, лъэдийм фIэлъ лъахъэр зылъытхыфыркъым. Напэрэ пэжкIэ дызэдэпсэу догугъэж, ауэ щыхъукIи, зытшыIэурэ дошэч фэрыщIыр, псэжьыр, залымыр. Махуэ къэс дрихьэлIэрэ пэт, яхудэтчыхыурэ дошэч. Зыр адрейм дыщысхь хуэдэу зызэхудощI, укъыткIэлъыплъыжмэ, дызэрыщIэгъэлъэдэну дыхьэзырщ. Ди хабзэр, Iэщэр, фащэр дунейм тетым я нэхъыфIу жытIэурэ, дропагэ. Дипхъухэр пащтыхь е сулътIан нэхъ цIэрыIуэхэм щхьэгъусэу яшэ. АрщхьэкIэ сыт?! А ди пхъурылъху дыдэхэр тетыгъуэ йохьэри, Iэщэр дэ, езыхэм я анэшхэм, бжыкI пэбдзу, къытхуагъэдалъэ!».
  • Миншакъ и нэхэр мазэгъуэ пщIыпщIым тезашэри, щхьэгъубжэм къыIукIыжауэ аргуэру зеуIуж: «УщIэмызагъэр сыт, Ашабэ? Зэм уащотхъу уи адыгэхэм, зэми уахуошхыдэ. Уи дыджри уи IэфIри иджы зы псыежэх щIэхъуар сыт? Дэ езыхэм къэдмылэжьыжа лъэпкъ дгъэвыркъым! — Миншакъ и гупсысэр Нэкъаррэ Мэремрэ я дежкIэ йощэтэкIыжри: — Жэщыбг хъуащ. Мэрем… Уэращи, гухэлъым и дамэхэм иджыри узэрахьэ… Налмэс и анэр       дунейм зэрехыжар къыпIэщIэмыжыIащэрэт! Чыдэш ХьэтIатIи, и пхъум гу щимыхуэ щIыкIэ, Налмэс Къэбэрдейм ныддишэжыну къытщIигъуащ. Нэкъар-щэ?.. Хэт и гугъэнт Сурэтрэ абырэ КIэмыргуейм иджы щызэрихьэлIэжыну? Уоу, дуней, дуней! Уоу, дуней хьэху… Сыту уIэфIыщэт уэ! Сыту егъэлеяуи удыджт… Модэ лъэмакъ гуэр зэхызох, псэлъыхъухэр икIэм-икIэжым къекIуэкIыжа хуэдэщ…»
  • Ичындыр мэжджытым щызыщIа Болэт нетIэ хьэщIэщым къыщIэплъати, Миншакъ зэризакъуэр игъэщIагъуэу:
  • — Иджыри уи щхьэ гуэр? Нэкъаррэ Мэремрэ къагъэзэжатэкъэ?
  • — Зэрыплъагъущ, зиусхьэн, — погуфIыкI Миншакъ, — си закъуэт-тIэ сэ? Алыхьыр си гъусэ пэжщ. Нэкъари, Мэреми, Iэта-Ильяси, Даур ящIыгъужу мэжджытым нэкIуа си гугъэу арат?
  • — Даур си гъусащ, ауэ мыдрейхэм сатеплъакъым, — дыхьэшхырт кIэмыргуеипщыр: — Ди пщащэ хьэщIэхэм я щхьэгъубжэхэр иджыри нэхущ. ЩIалэгъуэм зэман и бэщ, Миншакъ.
  • — Ари пэжщ, зиусхьэн, ауэ хъунщ — Джэрыджэр щIалэщ, мыдреитIыр: Iэта-Ильясрэ Нэкъаррэ, шкIащIэм ягъэдела выжьу, сыт зыщIагъэгувэр?
  • — Ашабэ, щIалэгъуэ езым уимыIа хуэдэ?! Гухэлъ мафIэр куэдрэ жьэражьэу маблэ.
  • — НтIэ мыгъуэ. Уи псэр зыхьым дэп маскIэм укIэлъыхохьэ, — акъылэгъу мэхъу хьэщIэр. — Сигу къэбгъэкIыжар: иджыпсту си унэ щIэсым и деж апхуэдэу уэршэракIуэ зэгуэр дыхуэкIуат. Си шууэгъу щIалэм сэрэ гу лъыттакъым жэщыр зэрыхэкIуэтам. Зыщыдмыгъэхъеиххэм пщащэм и анэшхуэр бжэм адэкIэ къыщопсалъэри: «ХьэщIэхэм пIэ яхуэщIи загъэпсэхунщ, сипхъу цIыкIу. Уэри си лъэпагъ къакIуэ…» Ар щызэхэтхам, плъэгъуащэрэт ди къыщIэпхъуэжыкIар!
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).
  • Сурэтыр ПэтIуащIэ Феликс ищIащ.