ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

И Iугъэгъури, и IутIыжри зэпылъщ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм и псалъалъэ

2020-06-10

  • «ХьэтІохъущыкъуеймэ, псэлъапщІэ ефт», жыхуаІэ жыІэгъуэр куэдым ящІэ щхьэкІэ, и тхыдэм щыгъуазэр мащІэнкІэ хъунущ. Іуэхур къызэрекІуэкІа дыдэр хэти жиІэжыфын, ауэ, къызэраІуэтэжымкІэ, ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэнанэм къуажэм сабийуэ къыдэхъуэм зэрырагъэхъуэхъур зэхэзыха Наурызхэ я гуащэнанэм ар жиІащ, жаІэ: «Сыт гъэщІэгъуэну хэлъ, нану къалъху къэс а зы хъуэхъубзэр хузэкІэлъыбгъэІужыным». Іуэхур зытетыр нэгъуэщІт. ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэнанэр зрагъэхъуэхъуну сабийм къызэкъуипхъуэту зэи ехъуэхъуртэкъым, сыт щыгъуи махуищ пІалъэ къаІихырт лъэІуакІуэхэм. Ар абы апхуэдэу щІищІэри, хэплъыхьауэ, нэхъапэкІэ дахэ зыжриІа сабийм хуигъэфэща псалъэхэм къытримыгъэзэжу, щІэщыгъуэу, гуимыхужу псалъэ зэрызэпигъэувэрат. Наурызхэ я нанэм а псор щыжраІэм, апхуэдэ адыгэбзэ ХьэтІохъущокъуэхэ яхузэгъэпэщыну фІэщщІыгъуейщ, жиІащ, жаІэ.

  • Арати, Ислъэмей Мэршэнкъулхэм ящыщу Пагуэ и цІэу зы лІыжь губзыгъэ къуажэм дэсти, ХьэтІохъущыкъуей Мэршэнкъулхэм я нэхъыжьхэр къакІуэри къелъэІуащ: «Ягъэ кІынкъым, дэ зыгуэр жытІэмэ, щхьэщытхъу ттеІукІынщ, пэжым и телъхьэу къэуви, Наурызхэ я гуащэнанэм тхуепсалъэ», — жаІэри. «СыткІэ и фІэщ сщІыну сэ мыр?» жиІэу Мэршэнкъул Пагуэм чэнджэщ къыщыхилъхьэм, тхьэмахуэкІэ сабииблым ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэнанэм яхузэхилъхьа хъуэхъуиблыр хузэкІэлъагъэкІуауэ жаІэ. Щыхьэту бгъэувмэ, я псалъэр цІыхум къабылу ящтэну Мэршэнкъул Пагуэ тхьэмадэ зыхыбл гъусэ ищІри, Наурызхэ я нанэм деж къакІуэри, ХьэтІохъущокъуэхэ я гуащэнанэм къыщыжу хуежьащ. «Си фІэщ хъункъым зэхэзмыхауэ», щыжиІэм, и арэзыныгъэ зригъэгъуэтри, щызэпыу къыхэкІыу, махуиблкІэ ХьэтІохъущокъуэхэ я адыгэбзэр Пагуэм Наурызхэ я фэм зыдигъазэу иригъэдэІуауэ жаІэ. Абдежым и зэгуэпыр ирикъухри, Наурызхэ жаІауэ аращ яІуэтэжыр: «Ире-ХьэтІохъущокъуэ, ире-ХьэтІохъущыкъуей, Тхьэм деж уплъэмэ, и псэлъапщІэр ефт, мыпхуэдиз дахэм фІыгъуэр дауэ сабийм къызэрыхудэмыкІуэнур?» — жиІэри. Абдеж къыщегъэжьауэ, нэчыхьытх хъуарэ псалъэр ХьэтІохъущыкъуейм щыщмэ, псэлъапщІэ ефт, зыкъыфтрифыщІэжынущ, жаІэ.
  • Апхуэдэщ адыгэбзэм и гуащІэр.
  • Алмэстыр зи кIэпкъым пыс нэхъей — сытми щыщтэ хъыджэбз танэм щхьэкIэ гушыIэу жаIэ псэлъафэщ.
  • Бгъэчэф хъун — цІыхум и плІэр къеуфэхарэ лалэ хъуамэ, жаIэ.
  • БзэгуIуантIэ — КъурIэн егъэджэкIэ хабзэхэм щыщщ. КъурIэным щыщу ныбжьыщIэр «Аль-Бурудж»-кIэ зэджэ 85-нэ сурэм щынэскIэ, и бзэгур хуэкъутэн хуейщ жаIэрти, бзэгуIуантIэ хуащIырт. Ар зэрыщытыр мырат: хэдыкIи, тхыпхъэтеди, къэдыхьи хэмыту щэкI хужьыбзэ къагъэхьэзырырт, апэситI къыщIагъужырти, къуажэм и ефэндым деж екIуалIэрт, щIалэр «Уэ сэма изатил бурудж»-м нэсащи, и бзэгур схуэIуантIэ жаIэу. Ефэндым андез ищтэрти, сабийм япэщIыкIэ щэкI кIапэр бзэгум и хъуреягъкIэ къригъэкIуэкIырти, бзэгущхьэмкIи бзэгущIэмкIи апэсы зырызыр тригъэзэгъа-щIигъэзэгъа иужь, етIуанэу къэна щэкI кIапэр трипIэжырт. Ар IэпитIкIэ имыкъузыщэу зэтриубыдэрти, ныбжьыщIэ цIыкIум «Уэ сэма изатил бурудж» псэлъафэр зыбжанэрэ жригъэIэрт.
  • БзэгуIуантIэ щыхъукIэ, къэин щыхьэтхэр щытт, зи бзэгу яIуантIэм лъэныкъуитIымкIи и анэшхуэхэр, псэумэ, щытт. IуэхугъуитI къызэдиубыдт абы: япэрауэ, къэпсэлъыкIэр къабзэ, шэщIа хъун щхьэкIэ и бзэр абы хуакъутэрт; етIуанэрауэ, «къаин щыхьэт» жыхуаIэр зи бзэгу яIуантIэм и ныбжьэгъу-лъэгуажьэгъу сабийхэрат: мо тэрэзу къэзымыпсэлъыф, зи бзэгупэр яIыгъым псалъэхэр бзэгурэфым хуэдэу къызэрипсэлъым щхьэкIэ щыдыхьэшх, ауан ящIу къеплъакIуэхэрт. Абы иримыгубжьу зызэтриубыдэфмэ, ныбжьыщIэр зэреджам хуэдэу щэныфIэ, шыIагъэ хэлъу къэхъунущ, жаIэрт. Хабзэр нобэр къыздэсам зэрахьэ, мыин дыдэми, тхьэлъэIу пылъу, хъуахъуэу унагъуэм щызэхэсхэщ.
  • БэрэIущ — и ныбжь нэмысауэ Iущыгъэрэ зэхэщIыкI инрэ къызыкъуэкIым щхьэкIэ жаIэ, Iущ я Iущыж, жыхуэпIэным хуэдэр къикIыу.
  • Гуарэ — дэтхэнэ зы Iуэхуми и кIуэрабгъурэ щIапхъэмкIэ сыт щыгъуи псэлъакIуэ пхуэхъуну, ауэ ар гъэкIуэтэнкIэ хэзылъхьэн щымыIэ цIыхум щхьэкIэ жаIэ. Псалъэр Щоджэнхьэблэм щыщхэм зэрахьэ.
  • Гуастэрэ Бастэрэ зопсалъэ — сыт хуэдиз зэжрамыIэми, зэгурыIуэркъым, жыхуиIэщ. Зэгъунэгъуу псэууэ лIыжьитI дэсащ ХьэтIохъущыкъуейм, я цIэ дыдэр яIэщIэхужри, Гуастэрэ БастэкIэ еджэ хъуауэ. А тIум я зэдауэ мыухыжым къытекIа псалъэщ.
  • Гуащэм — унагъуэм унэгуащэр яхэмытыжу нысэр къахыхьэмэ, е нысэ къашагъащIэм куэд дэмыкIыу гуащэр щхьэщыукIуриикIмэ, гуащэ палъэу унагъуэм ялъытэ хъу гъунэгъу нанэм е адэ шыпхъу къахэнэм гуащэмкIэ еджэрт. Гуащэмыр мазитI нэхърэ нэхъыбэкІэ яхэстэкъым е къахыхьэрейтэкъым унагъуэм: апщIондэху нысэ цIыкIур къызыхыхьа лъэпкъым и хабзэ, и дуней тетыкIэ, илъытапхъэ-игъэфIапхъэхэм хуиущийрт. «Гуащэм дэкIуатэ» ящIыжу щытащ, гугъу закъыдезыгъэхьа бзылъхугъэ зэрахузэфIэкI хуэдизкIэ ялъытэу, ягъафІэу.
  • Губзэ — и гум щыщIэр къыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэу ар зи нэгум къищ цIыхум и щытыкIэм щхьэкIэ аращ жаIэр. ГъэщIэгъуэнщ, мы псалъэр Узун-Яйла ит ХьэтIохъущыкъуеижьми щахъумащ.
  • Гундэлэн хэцIывэжащ — умыгъуэтыжыну кIэбгъу зищIащ, жыхуиIэщ. Нобэ мы псэлъафэр пхэнжу къызыгурыIуэ щыIэщ, дауэ Гундэлэн узэрыхэцIывэжынур, жаIэу. Ар къызыхэкIыр «Гундэлэн» фIэщыгъэр иджы щыIэхэм нэхъыбэу зэрацIыхур псыцIэущи аращ. АрщхьэкIэ упхрымыкIыфыну мэз Iув екIэкI иIащ а Гундэлэныпсым, Гундэ Елэн и мэзкIэ еджэу. Арат зыхэцIывэжыр, иужькIэ къэпсэлъыкIэм теухуауэ псалъэм мащIэу зызэблихъуа хъуами.
  • ГутIэ — сытми къигъэмахэу, сытми хуэгущIэгъущIу щытым щхьэкIи езы щытыкIэм щхьэкIи жаIэ. «Мыпхуэдизу умыгутIэ, упэлъэщынукъым», жаІэу зэхэпхынущ. Гухэмрэ гутIэмрэ я мыхьэнэкІэ зэпэблагъэ дыдэщ, ауэ зэщхьэщыкIыныгъэ мащIэ гуэри хэлъщ. Гухэр куэд зигу темыхуэ, цIыху гумахэу зы пIалъэ гуэркIэ щытрамэ, гутIэр а щытыкIэм куэдрэ имыкIыу итращ.
  • Гъуэгубгым нэсын — гъуэгу ныкъуэр зэпычын, жыхуиIэщ.
  • Дахэрыжьэ — щабэ дыдэу ягъажьэ, гъуэжь дахэу къищIыкI тхъурыжьым (джэдыкIэрыпщым) щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.
  • Дахэрыжьэр матэгъажэм халъхьэртэкъым, ар благъэзэгъэцIыхуми яхьыртэкъым, «нысэ Iусщ», жаІэри нысащIэм щхьэкIэ ягъажьэу арат. Унэишэ хъуарэ нысащIэм IэплIэ ирашэкIыну бгъэдашэ нанэхэм и нэгур зэлъыIухауэ Iуплъамэ, «Зи гъащIэр дахэ хъун, дахэрыжьэ зыIухуам ухуэди», жаIэ хабзэщ. Щоджэнхьэблэм къахьыжа псалъэщ, ауэ зэры-ХьэтІохъущыкъуейуэ зэрахьэ.
  • ДумэрданэтIас пшынэ ирагъауэ — ДумэрданэтIасыр Борэхэ япхъут, хуабжьу пшынауэ цIэрыIуэт. Пшынэ щеуэкIэ, и щхьэр иридзэкIрэ и нэхэр зэтрипIэу еуэрти, абы ещхьу зызыщI пшынауэхэм щхьэкIэ ар жаIэу къэнауэ зы псалъэщ.
  • Дыщэ щIэгъэплъ дыжьын щIэгъэплъ — дыщэр е дыжьыныр зэрыдыщэ нэсыр е зэрыдыжьын нэсыр къызэрапщытэ щIыкIэм зэреджэр аращ.
  • Емыгъэз амбар — тхьэмыщкIэхэм, дэхуэхахэм зызэрыщIагъакъуэ Iуэхугъуэщ. ХьэтІохъущыкъуей къуажэкум хуэзэу шыкуэтэн лъагэ щIэту дуушхуэ ягъэувырти, хэт сыт хузэфIэкIми, ар ирехьэжыгъэ, ирегуэдз, сыт ирехъуи, пIалъэ кIэщIкIэ зэмыкIуэкIыну гъавэхэкIхэм щыщ кърахьэлIэрт. Къуажэм щыщми, нэгъуэщIыпIэ къикIами, хуэныкъуэр абы хэIэбэу къыхихыну хуиту щытащ. ХузэфIэкI хъумэ, къыхилъхьэжыну хьэкъ иIэт, ар къехъулIэну къимыгъэгугъэми, хьэлэл хуащIырт.
  • Жьэгумэгъу — мафІэр зэхэкІыжу къэна яжьэм зыгуэрхэр иратхъэурэ хъыджэбзхэр плъэрт, я насыпыр зыхуэдэ къащІэну. Яжьэр зэрыщэщрэ и пІэм имызагъэу тхыпхъэ традзэхэр хэгъуэщэжмэ, а тхыпхъэр тезыдзэм и насыпыр иджыри къэмысауэ къалъытэрт.
  • Забураджэ — сыхьэт бжыгъэкIэ зэпашу члисэхэм къыщIэIукI тхьэлъэIу уэрэдхэм щхьэкIэ аращ жаIэр. Псалъэр нобэми зэрахьэ.
  • ЗэбгрыутысыкІын — зэбгрыпхъын, ипхъэн, жыхуиІэщ. Бжьэхъуэкъуейхэм ноби зэрахьэу псалъэ гъэщІэгъуэнщ.
  • ЗэIукъун — едэмэпкъауэурэ зыхэт цIыху Iувыр зэлъыIузыгъэкIуэтым ищIэр аращ.
  • И Iугъэгъури, и IутIыжри зэпылъщ — уэд щыхъури къыпхуэщIэнукъым, гъум щыхъури къыпхуэщIэнукъым, нэгъуэщIу жыпIэмэ зы щIыкIэм тет зэпытщ, жыхуиIэщ.
  • И тыкъыным пылъщ — и къурмакъейм телъщ, хуегъэхкъым, иробампIэ, жыхуиIэщ. «Тыкъын» псалъэр иджырей къэбэрдей адыгэхэм куэдым ящІэжыркъым, ауэ кIахэ адыгэбзэм къыхэнауэ нобэми псалъэ щхьэхуиту хэтщ. ХьэтІохъущыкъуей къуажэм хьэблэу хэтым зэрахьэ псалъэщ.
  • И жэмыкуэ лыр хэзщ — сыт имыпщэфIми хъеррэ махъэрэ пылъщ, IэфIщ, гурыхьщ, жыхуиIэщ.
  • И лъэгуажьэгъу и жэрэгъущ — пэшэгъу-псэлъэгъу ищIыр и ныбжь итхэращ, жыхуиIэщ. «ИкIи деплъейкъым, икIи еплъыхкъым, и лъэгуажьэгъу и жэрэгъуу мэпсэу», жаІэ.
  • КIэрыхубжьэрыху — къэна, щIакIэ, къыдэхуа.
  • Къуардащэ — ипэм щэкI, щIыIу, нэгъуэщI дэрбзэр хуэIухуэщIхэр къуажэ-къуажэкIэрэ къыдашэти, кърахьэкIыу дэту щытащ, абыкIэ сату ящIу. Бахъсэн псыхъуэ дэс къуажэхэр зэпэгъунэгъубзэу зэрыщысым къыхэкIыу, абы сату щызыщIыну къакIуэхэр хьэмкIэшыгукIэ зы щIыпIэ деж къекIуалIэхэрти, итIанэ сату зыщIынухэм ящэнухэр урысыбзэкIэ «коробка» жыхуаIэхэм илъу зэбгрыкIырт. А сату щIакIуэхэрат къуардащэкIэ зэджэри. УрысыбзэкІэ «коробейник» жыхуэпIэнуращ.
  • Къуардэ — урысыбзэкIэ «коробка» жыхуаIэращ.
  • Логъащтэ — щэкІуэкІэ хабзэхэм щыщщ. Iэуэлъауэшхуэ ирагъэщIу мэзым хэс псэущхьэхэр къыхахурэ зыщIыпIэ щрахулIэкIэ аращ зэреджэр.
  • ЛъэрыкIуэ-лъэрыуэу кІуэн — ипэ иту кIуэм иужь итыр къытеувэу зэкIэлъыпIащIэу зыщIыпIэ кIуэн, жыхуиIэщ.
  • МацIэр цIиблым ягуэшыж нэхъей — нэпсейщ, иризыгъэкъу щыIэкъым, зэкIэми хуэлъэщ, жыхуиIэщ. Къалэдэсым я псэлъафэщ.
  • Мыхъу-мыпцIэ — сыт хуэдизу иужь уимытами, сыт хуэдиз пщIэнтIэпс хыумылъхьами, зэхэмыхьэ, зэрымыубыд Iуэхугъуэм, лэжьыгъэм щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.
  • ПкъыбзалIэ — и Iэ ищІ мыухыжым утезыгъэзашэ, жиIэнури къипсэлъынури къыпфIэмыIуэхужу екIуэкIым щхьэжагъуэ ухуэзыщI цIыхум щхьэкIэ жаIэ. Мы псалъэр ХьэтІохъущыкъуейм и мызакъуэу нэгъуэщIыпIи щызэрахьэу щытагъэнущ. Нало Заур и псэлъафэ дыдэт: хэт и пкъыбзалIи лIышхуэщ, жиIэу. «ЛIышхуэ» жыхуиIэр IэнатIэ гуэр пэрыту зыкъызыфIэщIыжа гуэрхэрат.
  • ПкъыбзафIэ — и Iэ ищІымкIэ жиIэну зыхуей псори нахуэ икIи нэрылъагъу зыщI цIыху.
  • Пкъыбзэ — и Iэ-и лъэр, и щхьэр, и нэгур дищIурэ псалъэ цIыхум игъуэт щытыкIэм аращ зэреджэр. Мыбы къытекIа жыIэкIэщ «пкъыбзафIэ», «пкъыбзалIэ» жыхуиIэхэр.
  • Псапэпс ефэн — гъуэгу тету псы щIэлъэIуам и псыхуэлIэ ибгъэкIмэ, абы къыпэкIуэ фIыщIэгуапэ псалъэм хэту «псапэпс Тхьэм уригъафэ» жаІэу зэрехъуэхъуж псалъэщ.
  • Псыбабэ І — псыхъуэгуащэ.
  • Псыбабэ ІІ — и ныбжьыр хэкIуэта пэтми, зи щIыфэри зэмылъа, и щIалэгъуэм бгъэдэлъа дахагъэри къызыхэна бзылъхугъэм щхьэкIэ жаIэ.
  • ПхъэшкIурэ — цым хуэдэу щабэу пхъэмрэ пхъафэмрэ я кум къыдэкIым аращ зэреджэр, мафIэ зэщIэгъэнэгъуейр псынщIэу зэрызэщIагъанэ Іэмалщ.
  • ПцIыр IэгуплIэкIэ ехь — сыт къипсэлъми, пцIыкIэ екудэ, жыхуиIэщ.
  • ТАБЫЩ Мурат.
  • Зеикъуэ  къуажэ