«Ди гугъапIэхэр»
2020-06-10
- Аращ и фIэщыгъэр ЦIыпIынэ Iэмырхъан и тхылъыщIэм, Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIам.
- ЦIыпIынэм и гъащIэ псор Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ жылэм епхащ. Абы 1942 гъэм къыщалъхуащ, «Iуащхьэмахуэ» колхозым илъэс куэдкIэ щылэжьащ, и унафэщIу илъэс 12-кIэ щытащ.
- И гъащIэ гъуэгуанэм, лэжьыгъэм сэбэп къыщыхуэхъуахэм я гугъу щищIа, «На своей земле» зыфIища и япэ тхылъыр Iэмырхъан 2013 гъэм къыдигъэкIат. ЩIэджыкIакIуэхэм ягу ирихьауэ псалъэ гуапэхэр къыщыжраIэм, тегушхуэри, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дзэлыкъуэ щIыналъэмрэ къулыкъу IэнатIэ щызыIыгъахэм щытетхыхьа «Доброе имя — высокая честь» тхылъыр игъэхьэзыращ (2016). А гъэ дыдэм дунейм къытехьащ колхозым къыщыдэлэжьахэм ятриухуа «Земля родная, сердцу дорогая» жыхуиIэр. 2017 гъэм къыдэкIа «Прожито, пережито» тхылъри зытеухуар и къуажэгъухэращ.
- Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт ЦIыпIынэ Iэмырхъан и усэхэр щызэхуэхьэса «Гупсысэхэр» тхылъыр 2018 гъэм къыдэкIащ. Иджы щIэджыкIакIуэхэм яIэрыхьа еханэ тхылъми итыр ди щIыпIэм, цIыхухэм, усакIуэхэм я гугъапIэхэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ Iэмырхъан и къалэмыпэм къыщIэкIа адыгэ усэхэращ.
- ИСТЭПАН Залинэ.