Апхуэдэщ Дэбагъуэ СулътIан
2020-06-09
- Сыт хуэдэ лъэхъэни ди адыгэ лъэпкъыр къулейщ дызэрыпагэ, дызэрыгушхуэ цIыху цIэрыIуэхэмкIэ. Абыхэм яхэтщ ди Хэкум исыжхэри зи зэфIэкI лъагэхэр хамэ щIыналъэхэм наIуэ щызыщIхэри. Иужьрейхэм ящыщщ Радиационнэ физикэмкIэ дунейпсо физикэ зэгухьэныгъэм (IRPS) и вице-президент, Москва дэт Инженер-физикэ институтым (МИФИ), хамэ къэрал зыбжанэм я апхуэдэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я профессор, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Дэбагъуэ СулътIан Барэсбий и къуэр. ЩIэныгъэхэмкIэ лъэпкъ академие куэдым я академикщ, ФИАН-м и щIэныгъэ лэжьакIуэ пашэщ, Италием Ядернэ физикэмкIэ и лъэпкъ институтым (LNFINFN) и «XLab Frascati» лабораторэм и унафэщIщ Дэбагъуэр.
- Адыгэ еджагъэшхуэм и къэхутэныгъэхэм гулъытэ хэха хуащIу, ахэр къытрадзэ дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ журнал зэмылIэужьыгъуэхэм, газетхэм. Дэбагъуэм и цIэр фIыкIэ къизыIуэу абы зэфIих лэжьыгъэр хэIущIыIу ищIу иджыблагъэ тетхыхьахэм ящыщщ «Научные известия» (редактор нэхъыщхьэр Шумахуэ Русланщ) журналыр. Абы зэритхымкIэ, лъэпкъ щIэныгъэлIым и пщIэр нэхъри еIэт илъэс къэс тIэунейрэ иригъэкIуэкI хабзэ «Channeling» дунейпсо щIэныгъэ конференцми, сыт щыгъуи лажьэ, физикэм ехьэлIа «Advanced Accelerator and Radiation Physics» дунейпсо семинарым ар и къызэгъэпэщакIуэу икIи и унафэщIу зэрыщытми.
- Дэбагъуэр Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Шэджэм жылэм 1961 гъэм къыщалъхуащ щIэныгъэм пщIэ хэха щыхуащI егъэджакIуэ унагъуэм. Ар зэрыбыниплIым я нэхъыщIэти, щапхъэ дахэ хуэхъуащ и адэ-анэри, и анэкъилъху нэхъыжьхэри. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм псэ хьэлэлу илъэс куэдкIэ пэрытащ СулътIан и адэ-анэр, кърахьэлIа лэжьыгъэфIым хуэфэщэн къэрал гулъытэ лъаги игъуэтащ. Дэбагъуэ Барэсбий Сыхьэт и къуэр РСФСР-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я егъэджакIуэу щытащ, абы и щхьэгъусэ, бынхэм я анэ Къэрэжан ХьэмлатIэ ипхъуми къыфIащащ РСФСР-м егъэджэныгъэмкIэ и отличник цIэ лъапIэр.
- — Ди адэ-анэр зэрыбыным тхуэхъуащ гъуэгугъэлъагъуэ, щапхъэ нэс. Псом хуэмыдэу сэ абыкIэ си кIэн нэхъ къикIауэ къызолъытэ, сыту жыпIэмэ унэм щыдэслъагъу щапхъэхэмрэ къыбгъэдэкI ущиехэмрэ нэмыщI, си анэр си класс унафэщIу пэщIэдзэ классыр къэзухащ, — игу къегъэкIыж СулътIан. – Дерсхэр щекIуэкIкIэ, мамэ зэи стримыIэтыкIыу, адрейхэм хуэдэ дыдэу, уеблэмэ къыщысхуэ нэхъ ткIии къыхэхуэу, апхуэдэт. Сэри абы сесауэ, унэ лэжьыгъэхэр къызыхуэтыншэу згъэзащIэрт, дерсхэм жыджэру сыщылажьэрт, си классэгъу куэдым щапхъэ сахуэхъуу.
- СулътIан къыдеджа и ныбжьэгъухэм ноби ягу илъщ я япэ егъэджакIуэ щыпкъэр. Анэ пэлъытэу и гъэсэнхэм ящхьэщыта Къэрэжан цIыкIухэр дахагъэм, пэжыгъэм, Iэдэбагъым, лъэпкъ нэмысымрэ пщIэмрэ яхэлъыным хуиущийрт, щIэныгъэ кууи ябгъэдилъхьэрт. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм и дерсхэм я нэхъыбапIэм джэгукIэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къыщигъэсэбэпырт, сабийхэр предметхэм дригъэхьэхыу, щIэныгъэ куум и лъагъуэ цIыкIум тришэу. СулътIан зэрыжиIэжымкIэ, псом хуэдэжтэкъым есэпыр, математикэр зи лъабжьэ дерсхэр. Абыхэм дахьэха щIалэ цIыкIум и акъылым, гупсысэм щIэх дыдэу заужьат, математикэм и псэр хуеIи хъуат. Курыт школым щадж адрей предметхэр джынымкIи ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэми, физкультурэмрэ спортымкIи жыджэрагъышхуэ хэлъми, балигъыпIэ щиува лъэхъэнэм ирихьэлIэу СулътIан иубзыхуакIэт гъащIэ гъусэу къыхихыну IэщIагъэр: ар математикэмрэ физикэмрэ епхат. И адэ-анэри, и егъэджакIуэхэри и чэнджэщэгъуу щIалэр хущIэкъурт а щIэныгъэхэр нэхъ куууэ зэриджыным. Физикэр школым щезыгъэджхэм къахуэкIуэ хабзэ «Квант» журналыр езыми къыIэрыхьэрт, Iэ тридзауэ. Абы и къыдэкIыгъуэхэм ит псори щIиджыкIырт, зыгуригъаIуэрт, физикэм хуабжьу зэрыдихьэхыр нэрылъагъу дыдэу. НыбжьыщIэр дапщэщи жыджэру хэтт школым, районым, республикэм математикэмрэ физикэмкIэ щекIуэкI олимпиадэхэм, нэгъуэщI зэпеуэхэм, текIуэныгъэр и Iэрылъхьэуи къэкIуэжырт.
- Курыт школыр фIы дыдэу къиуха нэужь, Дэбагъуэр лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и физико-математикэ факультетым физикэмкIэ и къудамэм. Студентхэм щIэныгъэ куу егъэгъуэтыным сыт хуэдэ лъэхъэни хущIэкъу ди университетым и фIыгъуэ дыдэт 70 — 80 гъэхэр. Лекцэ къыщеджэну, семинар купщIафIэхэр щрагъэкIуэкIыну абы щIэх-щIэхыурэ кърагъэблагъэрт къэралым и еджагъэшхуэхэр. Къапщтэмэ, физико-математикэ факультетым и студентхэм я пащхьэ куэдрэ къиувэрт Ломоносовым и цIэр зезыхьэ МКъУ-м, РАН-м ФизикэмкIэ и институтым, Долгопрудный къалэм дэт Физтех-лицейм, Дубнэ щыIэ къэрал университетым, СССР-м щылажьэ нэгъуэщI щIэныгъэ центрхэм я IэщIагъэлIхэр. Физикэ щIэныгъэм хэлъ щэху псори къэхутэным гурэ псэкIэ дихьэха щIалэщIэр а псоми нэхъри трагъэгушхуэрт и мурадхэм ялъэIэсыным.
- — Ди республикэм а лъэхъэнэм щылэжьа физикэ школыр ди къэралым и апхуэдэ IуэхущIапIэ нэхъыфIхэм халъытэу щытащ. Ар ирагъэщхьырт еджагъэшхуэ, физик цIэрыIуэ Задумкин Сергей къызэригъэпэщауэ щыта школым, — жеIэ Дэбагъуэм. — Сэ абы срихьэлIэну къысхуихуакъым, атIэми си насып къикIри, срагъэджащ абы и гъэсэнхэу ХъуэкIуэн Хьэзрэталий, Темрокъуэ Анатолий, Шыбзыхъуэ Азэмэт сымэ. Абыхэм я фIыщIэ ину къызолъытэ си япэ ехъулIэныгъэхэм ящыщ куэдыр. Ахэращ сезыгъэсар щIэныгъэм сыхуэлэжьэну, ар си гъащIэ гъусэу сыпсэуну.
- КъБКъУ-м щызригъэгъуэта щIэныгъэм Дэбагъуэм щыхигъэхъуащ МКъУ-м и аспирантурэм, ФИАН-м и докторантурэм. А IэнатIэхэм абы ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ и кандидат, доктор диссертацэхэр. ЗэфIэкI лъагэ къызыкъуэкIа адыгэ щIалэм утыку кърихьа и къэхутэныгъэхэм пщIэшхуэ щагъуэтащ щIэныгъэ дунейм. Абы щытхъу псалъэхэр хужаIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием и академик Киржниц Давид, еджагъэшхуэ-физик Ширков Дмитрий, Ленин, Сталин, Нобель сымэ я цIэхэр зезыхьэ саугъэтхэр зыхуагъэфэща Гинзбург Виталий, адыгэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Къумахуэ Мурадин сымэ, нэгъуэщIхэми.
- — Псом хуэмыдэу сигу къинащ Къумахуэ Мурадин. Япэ лекцэхэмрэ семинархэмрэ къыщыщIэдзауэ сэ къызгурыIуат ар щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ еджагъэшхуэу зэрыщытыр. Физикэм хуэдэ дыдэу фIыщэу математикэри зэрищIэм къыхэкIкIэ, абы псынщIэу икIи нэрылъагъуу къыбгуригъэIуэфырт зытепсэлъыхь псори, — и егъэджакIуэ икIи унэтIакIуэ Iэзэм топсэлъыхь Дэбагъуэр. — Мурадин сцIыхуащ, сригъэджащ, сыдэлэжьащ зэман кIыхькIэ, илъэс 25-кIэ. ЩIэныгъэлI къызэрымыкIуэу зэрысцIыхуам нэмыщI, ар икIи адэ пэлъытэ схуэхъурт, апхуэдизу къысхуэнабдзэгубдзаплъэти. Абы и фэеплъыр мыкIуэдыжыну си гум, си псэм къыхэнащ. Къумахуэр зи IэщIагъэм нэсу хэзыщIыкI щIэныгъэлI къызэрымыкIуэт.
- СССР къэралыр щызэхэщэщэжа лъэхъэнэ гугъуми я дамэпкъ зэтауэ зэдэлажьащ Къумахуэмрэ Дэбагъуэмрэ. Ахэр щызэдэлэжьащ Атом энергетикэмкIэ институтым, Курчатовым и цIэр зезыхьэм, зэгъусэу къызэIуахауэ щытащ Рентген оптикэмкIэ институтыр, мызэ-мытIэу къызэрагъэпэщащ дунейпсо, къэралпсо щIэныгъэ зэхуэс зэмылIэужьыгъуэхэр. Мурадин и жэрдэмкIэ, лIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм Дэбагъуэм и лэжьыгъэм щыпищащ РАН-м. Абы щызэфIих къэхутэныгъэхэр хэIущIыIу щыхъуащ Европэми Америкэми. А щIыпIэхэм мызэ-мытIэу ирагъэблэгъащ щIэныгъэлIыр, зыхэт дунейпсо щIэныгъэ зэпеуэхэм грантхэр къыщихьурэ. 1998 гъэм ар и къэхутэныгъэхэм щыпищэну аргуэру ираджащ Америкэми Италиеми. А Iуэхухэм фIыуэ щыгъуазэ Гинзбург Виталий «апхуэдэ Iэмал благъэкIыркъым, физикэм гъунапкъэ ищIэркъым» щыжиIэм, СулътIан тегушхуэри къэралым икIащ. Ар арэзы техъуащ Фраскати щыIэ щIэныгъэ центрым а зэманым и унафэщIу щыта Бертолуччи Серджио къриухылIа Iуэхугъуэхэм икIи абы лъандэрэ Италием Ядернэ физикэмкIэ и лъэпкъ институтым (LNFINFN) и къудамэм и пашэу мэлажьэ. Ар унагъуэщ, и щхьэгъусэ Татьянэрэ абырэ бынитI зэдагъуэтащ. Ахэр балигъ хъуащ, адэ-анэр я дэIэпыкъуэгъуу лъэ быдэкIэ гъащIэм хоувэ.
- Щалъхуа щIыналъэм пэжыжьэу псэуми, Дэбагъуэр псэкIи лэжьыгъэкIи пыщIащ и къэралым, адэжь щIыпIэм. И егъэджакIуэ Iэзэхэм я щапхъэм тету, Дэбагъуэ СулътIан 2011 гъэ лъандэрэ зэхешэ физик цIэрыIуэхэм я дунейпсо конференцхэр. Италием щыпсэуми, Фраскати къалэм щыIэ, Ядернэ физикэмкIэ лъэпкъ лабораторэм и унафэщIу щыту, ар шэщIауэ ядолажьэ МИФИ-м, ФИАН-м я щIэныгъэлIхэм. Дэбагъуэм и нэIэм щIэту курсовой, диплом, нэгъуэщI щIэныгъэ лэжьыгъэхэр ягъэзащIэ ди хэкурыс студент куэдым. Абы и фIыгъэщ сыт щыгъуи лажьэу физикхэм я дунейпсо семинар зэрыщыIэри. Дэбагъуэм кърегъэблагъэри, темэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ абы лекцэхэм къыщоджэ Германием, США-м, Японием, Италием, нэгъуэщI къэралхэми ящыщ щIэныгъэлIхэр. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэр хуабжьу сэбэпышхуэ яхуохъу езы щIэныгъэлIхэми, аспирантхэми, студентхэми.
- ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ, дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ адыгэ еджагъэшхуэ Дэбагъуэ СулътIан и пщIэр щылъагэщ ди республикэми. ГукIи псэкIи адыгэ нэсу къэна, ди анэдэлъхубзэр зыIурылъ, лъэпкъ хабзэр зезыхьэ хэкупсэм куэд щIакъым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къызэрыфIащрэ. СулътIан и ехъулIэныгъэхэм, ар здынэс лъагапIэхэм гурэ псэкIэ щогуфIыкI ар къызыхэкIа унагъуэри, Дэбагъуэхэ я лъэпкъри, адыгэ псори. Мураду гъащIэм хуиIэ псори къехъулIэну ди хэкуэгъу щIэныгъэлI щыпкъэм дохъуэхъу, узыншэу лъэпкъ щIэныгъэм иджыри куэдрэ хуэлэжьэну ди гуапэщ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.