ЩIымрэ Дыгъэмрэ хуэдабзэу
2020-06-09
- Квант мэскъал цIыкIужьейхэм я зыгъэзэкIэр зыдж физикэм (квантовая физика) и лъабжьэр зыгъэтIылъа Планк Макс и цIэр зезыхьэ Астрофизикэ институтым (Германие) щылажьэ щIэныгъэлIхэм иджыблагъэ хьэршым къыщагъуэтащ ди планетэмрэ ар зэлъэтэкI ди Дыгъэмрэ зэрызэгъэщIылIа-сытхэмкIэ хуабжьу ещхьу къалъыта уафэщIхэр.
- «KOI-456.04» нагъыщэр зрата планетэр зэрытпэIэщIэр нэхум илъэс мини 3-м и кIуэцIкIэ зэрызидз гъуэгуанэм хуэдизкIэщ. Ар йокIэрэхъуэкI «Kepler-160» зыфIаща вагъуэ жьэражьэм.
- ЩIы Хъурейм хуагъадэ уафэщI жыжьэм гъащIэ щыIэнкIэ зэрыхъунум щIэныгъэлIхэр езыгъэгупсысар а планетэмрэ ар зэпха, зи хъуреягъкIэ зэкIэрэхъуэкI езым и «дыгъэмрэ» я зэпэщIэхыкIэри а тIум зэрызыдагъазэри «дыдейм», икъусыкъужкIэ, зэрытехуэрщ.
- Мыри къыхэгъэщыпхъэщ. Астрофизикхэм ЩIы хъурейм едгъэщхь хъуну алъандэрэ къагъуэта планетэхэм я нэхъыбапIэр зэгъэщIылIар вагъуэхэм ящыщу, плъыржьэр пэтми, зи нурыр щхъухьзехьэ цIыкIужьейхэмрэ хуабагъэ инкIэ узыщыгугъыж мыхъуну упщIыIуахэмрэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэхэм я хъуреягъыр къэзылъэтыхь уафэщIхэм гъащIэ гуэри щыIэну фIэщщIыгъуейщ. Ауэ, мис иджы къахутар зэлъэтэкI Kepler-160 вагъуэ жьэражьэр, щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, и инагъкIи, и къызэщIэплъэкIэкIи ди Дыгъэм хуэдабзэщ.
- БЭРАУ Бышэ.