Хыхэм я дунейпсо махуэ
2020-06-09
- Ар къызэрырахьэжьэрэ куэд щIакъым. Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным егъэщIылIа къалэнхэр зыхуэдэм теухуауэ 1992 гъэм Рио-Де-Жанейрэ (Бразилие) щекIуэкIа къэрал зэхуаку конференцым къыщыхалъхьащ мэкъуауэгъуэм и 8-р Хыхэм я дунейпсо махуэу илъэс къэс ягъэлъэпIэну. А жэрдэмыр даIыгъащ адрей къэралхэми. ИкIи, Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2008 гъэм къыщащта унафэм ипкъ иткIэ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым къыщыщIэдзауэ, зи гугъу тщIы махуэм гулъытэ хэха щыхуащI хъуащ ди планетэм и щIыпIэ куэдым. Апхуэдэ щIыкIэм тету Iэмал къыкъуэкIащ хыхэм яхуэсакъын, ахэр хъумэн зэрыхуейр цIыхухэм ягу къэгъэкIыжынымкIэ.
- ИпэжыпIэкIэ, щIыуэпсыр зэпIэзэрыт щытыкIэм иту къызэтегъэнэнымкIэ хыхэм ягъэзащIэ мыхьэнэр ин дыдэщ. КъедбжэкI хъумэ, абыхэм япсхэращ хьэуам хэзэрыхьа фIейр (углекислэ газыр, заводхэм къапиху гъуэзыр, нэгъуэщIхэри) куэду зыщIэзышэр, цIыху мелардищым хуэдизым я гъащIэр къанэ щIагъуэ щымыIэу хым къыхахым (бдзэжьейхэм, къэкIыгъэхэм, псырыкIуэ псэущхьэхэм) елъытащ.
- Пэжщ, цIыхум хы щхьэфэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм кIуэ пэтми зэрызаубгъум, зэрызыщаужьым я зэранкIэ, бдзэжьей лIэужьыгъуэ куэдым кIуэдыжыпэнкIэ шынагъуэ къахукъуэкIащ, я бжыгъэм зэрыкIэрыхум къыхэкIыу. Псори зэхэту къэдгъэлъагъуэмэ, дунейпсо хым и процент 40-м нэблагъэм зэран яхуэхъуакIэщ цIыхухэр. Ауэ щыхъукIи, а Iуэхугъуэри гудзакъэ зиIэ псори зэгупсысыпхъэхэм ящыщ зыуэ къэуващ.
- Дызэрыщыгъуазэщи, ди планетэм щыуфафэ хыхэр 4 мэхъу. Абыхэм я зэхэлъыкIэр зыхуэдэм, я зыхъуэжыкIэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ океанологхэри, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэри. ГъэщIэгъуэныр аращи, еджагъэшхуэхэм ноби хыхэм къыщахутэ иджыри къыздэсым зыщымыгъуазэу къекIуэкIа къэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэмрэ псэущхьэхэмрэ. Шэч къызытедмыхьэжынур аращи, ЩIы Хъурейм и плIанищыр зыIыгъ псы хъумапIэ гъуэзэджэхэр, дахэкIейхэр яхуэтхъумапхъэщ дяпэкIи къэкIуэну ди щIэблэхэм.
- Еджагъэшхуэхэм хыхэр джыным псом хуэмыдэжу къаруушхуэ ирахьэлIэ щыхъуар иужьрей зэманырщ. Зи гугъу тщIы псы хъумапIэшхуэхэм я щIэр здынэсыр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къахутащ. Ди планетэм тет псы псоми я нэхъ куу дыдэу къыщIэкIар Хы Щэхум хэт Мариан хытIыгу Ищхъэрэхэм япэгъунэгъу Мариан уэхырщ — зи лъащIэр километр 11-кIэ псы щхьэфэм пэIэщIэрщ. Езы Хы Щэхум и цIэр къызытехъукIари гъэщIэгъуэнщ. ФIэщыгъэ дахэкIэ абы «хуэупсар» 1519 — 1522 гъэхэм ЩIы Хъурейр псом япэу кхъухькIэ къызэхэзыкIухьауэ щыта Магеллан Фердинандщ, зи цIэ къитIуа хы абрагъуэм зэрытета зэман кIыхьым къриубыдэу, абы и псыр къэукъубеяуэ зэримылъэгъуам къыхэкIыу.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.