ТхакIуэ, журналист цIэрыIуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу
2020-06-09
- Журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий Гъумар и къуэр 1940 гъэм накъыгъэм и 25-м Шэджэм Езанэ къуажэм (иджы Шэджэм къалэм) къыщалъхуащ. Абы школыр къыщиухри, Барэсбий щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым.
- 1965 — 1968 гъэхэм ар щылэжьащ Пермь, Свердлов областхэм къыщыдэкI газетхэм, Каменск-Уральск къалэ газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щытащ. 1968 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къигъэзэжри, Барэсбий журналистикэм и IэнатIэ зыбжанэм щылэжьащ — телевиденэм и редактор нэхъыщхьэу, абы и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщIу. Илъэс зыбжанэкIэ абы зэрихьащ КъБР-м Печатымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI къулыкъур. 2003 гъэм щегъэжьауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и политикэ обозревателу щытащ.
- Тхьэмокъуэ Барэсбий УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтащ. Журналистикэм щиIэ фIыщIэм папщIэ абы къыфIащауэ щытащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, «И къару емыблэжу зэрылажьэм папщIэ» медалыр, министерствэ, ведомствэ зыбжанэм я щIыхь тхылъхэр къратащ.
- Тхьэмокъуэм и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэ хьэлэмэтхэр нобэми щIэщыгъуэщ, щIэупщIэ яIэщ. Абы къыщIэнащ цIыхухэм гукъинэ ящыхъуа тхыгъэ купщIафIэ куэд, щIэблэр зыущий, зыунэтI псалъэхэмкIэ гъэнщIат абы щIэх-щIэхыурэ газетхэм, журналхэм къытрыригъадзэ тхыгъэхэр. Апхуэдэщ «Адыгэ псалъэ» газетым мазэ къэс къытехуэу щыта «Ислъамым и нур» напэкIуэцIыр.
- Барэсбий и Iуэтэжхэр, усэхэр щызэхуэхьэсауэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ «Удз гъэгъахэр», «Насыпыр Iыхьэ мыгуэшщ», «Псалъэ Iэсэ» тхылъхэр, нэгъуэщIхэри.
- Тхьэмокъуэ Барэсбий егъэлеяуэ цIыху гуапэу, гулъытэ хэлъу щытащ. Ар зи гур къабзэ, зи бзэр IэфI цIыхут, гупым яхэзагъэу, и пщIэр зыдэлажьэхэм я деж щылъагэу. Барэсбий адыгэлI щыпкъэт, и дуней тетыкIэкIэ, и хьэл-щэн дахэхэмкIэ, и къабзагъэмкIэ щапхъэт. Апхуэдэущ ар зыцIыхуущытахэмдигукъызэринэжари.
- Псори абы хуэдэу дунейм дытетыфатэмэ
- Мы цIыху дыщэр дунейм зэрытета илъэс блыщI иримыкъум щыщу щэ ныкъуэ хуэдизым абы сэрэ дызэрыцIыхуу щытагъэнущ. ЖысIэнкъым а зэман мымащIэм дэ ди псэр зы чысэм илърэ дызэрымылъагъумэ, дызэхуэзэшу дыкъызэдекIуэкIати, адрей дызыхэт, къытхэт псом нэхърэ нэхъ лейуэ дызэхущытати, сытти жысIэу. Ауэ сыт щыгъуи дызэрыщIэу, дызэрылъытэу, зыр адрейм хуей щыхъум дызэрыгъуэту дыкъызэдекIуэ-кIащ. ИкIи си гугъэжщ и псалъэ-кIи, и тхыгъэкIи, и IуэхукIи, и цIыху щIыкIэкIи фIыуэ сцIыхуу щытауэ. Ар цIыху щыпкъэт, узригъэхъуапсэу. Щабэт, Iэсэт, гуапэт, дахэт и псалъи и Iуэхуи, гу къабзэ-псэ къабзэт. Щапхъэт сыт и лъэныкъуэкIи. Сэ сфIэфIт, зэман згъуэтыххэмэ, абы нэхъыбэрэ сыхуэзэну, сепсэлъэн, нэгъуэщI зыри хэмытыххэми, ауэ зэманыр дэзгъэкIуэн къудей. Арауэ къыщIэкIынт ар «Адыгэ псалъэ» газетым щыщыIэм и лэжьапIэ пэшым куэдрэ «сыщIыщIэкIэрахъуэр».
- Барэсбий тхакIуэт, усакIуэт, журналистт. Абы и тхыгъэхэм, езыми хуэдэу, удахьэхырт. Ирепрозэ, иреусэ, ирежурналист лэжьыгъэ. Ар сабийми балигъми яхуэтхащ. И прозэр щхьэхуэу къапщтэмэ, псом япэу игъэщыпхъэу къыщIэ- кIынущ «Иджырей псысэхэр». Тхыбзэ диIэ зэрыхъурэ блэкIа зэман куэдыщи мыхъум мыпхуэ-дэ зэи дрихьэлIакъым. ИкIунур зыхуэдизыр тхьэм ещIэ, ауэ Барэсбий и деж къыщежьа жанрыщIэу ди адыгэ лъэпкъ литерату-рэм къыхыхьащ мы псысэ лIэужьыгъуэр. Псысэ жиIэ щхьэкIэ, мыхэр а дэ дызэсэжауэ игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкIхэра- къым. ЩIагъыбзэ защIэщ. ЩIагъыбзэр, зэрытщIэщи, пэж жыIэкIэфIщ. ТхакIуэм ар Iэзэу къигъэсэбэпын хузэфIэкIырт. ХьэкIэ- кхъуэкIэхэм я дуней тетыкIэм бзэ дахэкIэ, шэрыуэкIэ тепсэлъыхькIэрэ, иджырей, мис мы нобэрей зэман дыдэм ди зэхэтыкIэр зыхуэдэр къегъэлъагъуэ, гъащIэм хэлъ ныкъусаныгъэ зэран къытхуэхъухэр ди нэкIэ дегъэлъагъуж. Ауэ щыхъукIи, художественнэ литературэм узыщрихьэлIэ басняхэмрэ мыбырэ зыкъым. Тхьэмокъуэм и япэ апхуэдэ рассказ хьэлэмэтыр, «Кхъуэц къызэралъыхъуар» зыфIищар, 1994 гъэм «Iуащхьэмахуэ» журналым къытрадзащ. Абы лъандэрэ псэуху зэпигъэуакъым Тхьэмокъуэм мы жанр щIэщыгъуэм, гъэщIэгъуэным щылэжьэн. А итххэр газетхэм, журналхэм щIэх-щIэхыурэ къытехуэу щытащ. Абыхэм я нэхъыфIхэращ «Шылъэгур Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIар» и иужьрей дыдэ тхылъым, 2008 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIами, нэхъыбэу итыр.
- «ЗэIущIэ» псысэ-щIагъыбзэм пфIэхьэлэмэту уоджэ. Мыщэжьым хьэкIэкхъуэкIэу мэзым щIэсыр зэхуишэсауэ Лъэбышэ зи цIэ бажэжь цIыкIум и суд ещIэ. Бажэ бзаджэм ар IулъхьэкIэ къыщигъэгугъэм, мыщэм занщIэу хуит къещIыж. ИгъащIэ лъандэрэ дунейм зезымыгъэужь, цIыхум Iэгъуи гъуази хуимыгъуэту нобэми зэ- бэн Iулъхьэм фIеягъэу хэлъымрэ абы мыхъумыщIагъэу къыдэкIуэмрэ апхуэдэу гъэщIэгъуэну, дыхьэшхэну, ауанышхуэ хэлърэ ахэр зыдэплъагъум ущIигъэнакIэу къыхуэгъэлъэгъуэнтэкъым, тхакIуэр хьэкIэкхъуэкIэхэм я деж мыIэбамэ. ГъэщIэгъуэну зэхэлъщ «Номинхэр» зыфIищари. Номин хьэрычэтыщIэхэр ефэу здызэхэсым, езыхэм щыщ зым, къулейсызыгъэ къызылъысам дэIэпыкъуну къагъэгугъэ, ауэ етIуанэ махуэм щIогъуэжри, псоми загъэпщкIуж. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу дэ дрохьэлIэ апхуэдэ, ауэ номинхэм я деж ар щIэщыгъуэ щыпщохъуж, укъыщеджэкIэ, апхуэдэ номинхэм нэхъри гущыкI яхуумыщIу къанэркъым.
- Гуапэт, мы жанр лIэужьыгъуэщIэр зыхуэгъэшэрыуэн тхакIуэ къытхэкIрэ дяпэкIи пащатэмэ. Абы, шэч хэмылъу, и фIагъ къекIынт ди лъэпкъ литературэм.
- Хъарзынэу, хузэфIэкI ищIэу Барэсбий илъэс куэдкIэ хэлэжьыхьащ ди къэбэрдей усыгъэми. Мыбдежым уигу къэмыкIыжын- кIэ Iэмал иIэкъым лIэщIыгъуэ кIуам и кIэуххэм ирихьэлIэу абы «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIауэ щыта «Псалъэ Iэ-сэ» усэ тхылъыр. А зэманыр зэ- рыщытар дощIэж. Къэралыр, къэралми и мызакъуэу, дуней псор зэрыщыту къызэретхъужьауэ, щыIар якъутэу псэукIэхъуэж щащI лъэхъэнэт ар. НтIэ, мис а дунейкъутэжым цIыху гуа-пэ, цIыху пэж, дин Iыхьлы Тхьэмокъуэ Барэсбий и макъ щабэр усэбзэкIэ къэбэрдей адыгэм яхэIуащ. Гужьеярэ дэнэкIэ сыт къыщыхэдудын жаIэу зэхэлъэдэжахэм хъийм фимыкI, фызэрыцIыхур зыщывмыгъэгъупщэ яжриIэу, Алыхь зэрыщыIэр ягу къигъэкIыжу. Феплъыт езы тхылъым фIищами: «Псалъэ Iэсэ». Сыту ещхьыIуэт ар езым и цIыху щIы- кIэмрэ а и усэхэр зыхуэдэмрэ! Хуабжьу ди гуапэу, щIэщыгъуэ дыдэ къытщыхъурэ гупсэхугъуи къыдиту деджащ мы усэ тхылъ цIыкIум.
- Езым ар апхуэдэу имыщIами, мы тхылъым ит усэхэр Iыхьэ щхьэхуэурэ бгуэш хъунущ: хабзэм, зэныбжьэгъугъэм, цIыхугъэм, Хэкум, гъащIэм и IэфIым теухуа- хэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми зыр адрейм къызэрыщхьэщыкI фIагъ гуэр дыболъагъу. Ауэ, а псори зэубыдылIэжауэ уахэплъэмэ, хьэл нэхъыщхьэу абыхэм яхэлъыр гурыIуэгъуэ мэхъу: егъэлея, къэгупсыса, жыIэкIэ мышыу къыхэмыхьэу, зи, ауэ дэ дызэрыпсалъэ дыдэм хуэдэу къызэрыгуэкIыу тхащ, хэлъ гупсысэм IэкIэ утригъэIэбэу.
- Аргуэру сыкъекIащ нэхуфIи,
- Дунейм изох фIэхъус
- сыгуфIэу:
- — Фыузыншэ, цIыхухэ,
- напэ хужьхэ,
- Телъыджэ куэд зи нэгу щIэкIа!
- Жейм я нэхъ IэфIыр
- ефхьэкIа,
- Вагъуэбэ нурхэр фи
- жэщгъуэлъу?
- «Фыузыншэ, цIыхухэ, напэ хужьхэ»… Зэрыщабэ, зэрыгуапэ мы псалъэхэр! Езы Барэсбий дыдэ мы иджыпсту къопсалъэ хуэдэу къыпщохъу. ЗанщIэу гу лъыботэ — псэ къабзэ зиIэ цIыхущ апхуэдэу зытхынкIи жызыIэнкIи хъунур. Дунейм нэхъ щылъапIэ дыдэ гулъытэ зиIэращ апхуэдэу бзафIэри. Гулъытэ здэщымыIэм, фIы и лъэныкъуэкIэ, нэгъуэщIи щыIэкъым. ЦIыхур сыт ныбжьым щити сыт щиIи щимыIи хуэныкъуэщ гулъытэ. Ар дэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым… Хъунутэкъым, ауэ тщогъупщэ!
- Дэ мащIэу зи щхьэфэ диIэбар Тхьэмокъуэм ди адыгэ литературэм хилэжьыхьаращ. Ауэ абы фIэкIа ищIакъэ, итхакъэ Барэсбий? Ди лъэпкъ журналистикэм абы зылI ищIэн хуилэжьащ. И тхыгъэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи мыувыIэу газетхэм, журналхэм къытехуэрт, радиокIэ, телевизоркIэ къатырт. Апхуэдэу Iуэху дахэ, хьэлэмэт къэхъуну Алыхьым иухауэ къыщIэкIрэ а псори зэгуэр зы ящIыжауэ диIатэмэ, езы Барэсбий щыпсэуа зэманым къэбэрдей адыгэм яIа гъащIэмрэ лэжьыгъэу ящIамрэ абыхэмкIэ щыгъуазэ зыпщIыфынут, нэгъуэщI къыхэмыхьэу. Ахэри, мы жыхуэтIа художественнэ тхыгъэхэм хуэдэу, щабэу, хуабэу, гуапэу тхащ.
- Щабэу, хуабэу, гуапэу, захуагъэм, пэжыгъэм темыкIыу щыпсалъэкIи, щытхэкIи, щищIэIакIи, сыщыуэу е сыбэлэрыгъыу зыгуэрым зыгуэркIэ и жагъуэ сщIымэ, си зэран екIмэ, жиIэу гузавэу и гъащIэр ихьащ мы цIыху хьэлэмэтыщэу къытхэтам… Мыхэр щыжысIэм, щыстхым, ауэрэ, езыри си нэгу къыщIэзгъэхьэжщ, и ду-ней тетыкIахэми сегупсысыжри, сигу къэкIари? ЦIыхуу дэнэ щIыпIэкIи щыIэу хъуар а Барэсбий хуэдэу дыщытамэ, мы дунеижьыр сыт хуэдэу пIэрэт зэрыхъунур?! Зэи цIыхум цIыхур щыдикъузэ, хьэрэм щыфIишх, щигъэикIэ къэхъунтэкъым, иукIынтэкъым еуэу цIыхум цIыхур… ИгъащIэкIэ зауэ щыIэнтэкъым!
- Ауэ, лIо пщIэнур, дыщытыфынукъым дэ Тхьэмокъуэ Барэсбий хуэдэу!
- ХЬЭХ Сэфарбий,
- тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ
- щIыхьзиIэ и лэжьакIуэ.
- И IуэхущIафэ дахэхэм пызощэ
- Си адэр и хьэл-щэнкIэ, дуней тетыкIэкIэ зыми ещхьтэкъым. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым абы дэплъагъу псэ къабзагъэмрэ хьэлэлагъымрэ. ЦIыхухэм IейкIэ я гугъу ищIу зэи зэхэпхынутэкъым. НэгъуэщIхэм я мыхъумыщIагъэм дыщытепсэлъыхькIи къытхуигъэдахэртэкъым. Зи гугъу тщIыр щыуауэ, щымыуэ щымыIэу къилъытэрт. Абы лъагъумыхъуныгъэ зыхуиIэу зы цIыхуи дунейм теттэкъым. ГъэщIэгъуэныракъэ, цIыху псори фIы и лъэныкъуэкIэт зэрилъагъур.
- Си адэр фIы защIэкIэ сигу къинэжащ, и дуней тетыкIам теухуауи куэд стхыжащ. Абы хуэдэу быным хуэнэхъуеиншэ уигъэлъыхъуэнт. СызэрыцIыкIурэ дызэныбжьэгъуу дыкъызэдекIуэкIащ, си анэм нэхърэ нэхъ спэгъунэгъуу. Илъэсищ ныбжьым къыщыщIэдзауэ сызригъэдэIуа таурыхъхэр си фIэщ хъупэрт, апхуэдизкIэ удихьэхыу жиIэрти. Зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм кином дыкIуэрт, ди нэгу зедгъэужьырт. МыхъумыщIагъэ сщIауэ къыщызэшхыда къэхъуауэ къысхуэщIэжыркъым.
- Си щыуагъэм псалъэ дахэкIэ гу лъызигъэтэжырти сигъэукIытэрт, абы къытезмыгъэзэжыну зэрыщыгугъыр и псалъэм къыхигъэщу. Нобэ фIагъ гуэр къыздалъагъумэ, ар зи фIыщIэр щапхъэ схуэхъуа си адэращ. Абы схухиша гъуэгуанэ захуэм сытетщ, езым сыхуэфащэу, и IуэхущIафэ дахэхэм зэрыпысщэным иужь ситщ.
- Си адэ-анэм хабзэ, нэмыс, зэгурыIуэ яку дэлъу къекIуэкIащ. Си адэр дунейм ехыжын ипэкIэ си анэм къыжриIат къызэрыхуэарэзыр, напэ хужькIэ ахърэ- тым щызэIущIэжыну зэрыщыгугъыр.
- Ар дунейм ехыжа нэужь, цIыху куэдым къыджаIэ-жащ ядэIэпыкъуауэ зэрыщытар, гуапагъэ зэрыдалъэгъуар, фIыкIэ ягу къызэринэжар. Хэт унэ къратынымкIэ, хэт и щIалэр дзэм дэкIынымкIэ хуэщхьэпат. КIэщIу жыпIэмэ, и IитIыр зэрыщIэртэ-къым, и щхьэ щытхъужу, зыгуэрым дэIэпыкъуауэ дунейм къытригъэхьэртэкъым.
- ТХЬЭМОКЪУЭ Iэминэ,
- журналист.
- * * *
- Псы кIантIэ уэр цIыкIухэр, гуфIэжу Iущащэу,
- Пэлыду дыгъэпсым, лъэнтхъуийхэм къапхопсыр.
- Мей уардэ ещIахэр, кхъужьейхэр дахащIэу
- ЕгъэпскIыр щIыхубзэ пщэдджыжь
- салъкъыныпсым.
- СщIынт ахэр сурэту, схуэщIыну щытатэм.
- Плъагъунт и дахагъыр си мэз фIыуэ слъагъум.
- Сыт щIыкIэу сурэтым истхэн берычэту
- Мэзыжьым мэфI щIэтхэр, къуалэбзэ уэрэдхэр?..
- Сыт щыкIэу сIуэтэну мэз жьауэ гуапагъэр?
- ПфIэщIынущ сащытхъуу мэз дыгъэм, мэз пшагъуэм
- ТIуащIэ… ТIуащIэу мэз нэху, лъагъуныгъэ
- Сэ зыртэм пхузиIэр, ар пхуэхъурт фIэщыгъэ?..
- * * *
- Йожэх Шэджэмыпсыр, къыхихыу салъкъыныр,
- Бгырыс бысымыфIу мэгуфIэ толъкъунхэр.
- СеIэтри акъужьым, сехьыж сабиигъуэм —
- Сыхуожэ, сыхолъэ псы уэр абэрагъуэм.
- Сапхъуатэ толъкъунхэм, срахьэ архъуанэм,
- Нэ вагъуэхэр пщIыпщIу саутхыпщIыр, итIани
- Сапоуэ ныбжьэгъухэм — сихуащ лIыгъэщIапIэ
- Сыхохьэ аргуэру, сосых Iэжьэкъуапэу…
- КъысфIэщIырт мыбдежыр дуней курыкупсэу,
- Псыпыхуу домбейхэм Шэджэмыр я гупсэу.
- Зэманым щысхьыншэу сихьащ щIыкъуэ
- бжьиблхэм,
- Си гъуэгу быркъуэшыркъуэм къеуар мы зы щыблэ.
- Борэнхэм, толъкъунхэм сатхьэлэу, сакъелу
- СыздэкIуэм, Шэджэм, уи псы къабзэм сыхуэлIэрт,
- ИмыкIт си тхьэкIумэ уи псыгъуэ макъамэр,
- Дапщэщи къысщIихуу уи акъужьри си дамэт…
- ЩIэрыщIэу сыпIуоплъэ, согуфIэ нахуапIэу,
- Шэджэм, къэсцIыхужу бгырыс бысым гуапэр.
- ЩIэрыщIэу мы сигури сфIокIуэж сабиигъуэм —
- Щызоуэ толъкъунхэм, псы уэр абэрагъуэм….
- Жьынду
- Ныжэбэ жэщым емызэш жьындур.
- Ярейщ и макъыр къыщIэIукI щIы щIагъым.
- Ярейщ хуэгуфIэ гуемыIу къанцIум —
- Iэмалыншагъэм и гъуэжькуий къэблагъэм.
- Ныжэбэ жэщым къысхуещIыж есэп
- КъэскIуа гъуэгуанэм и кIыхьагъ — и бгъуагъыр.
- ИгъащIэм сыткIэ сыхъуфа сэбэп?
- Е хэт зыгуэркIэ къыхуэсхьа мыгъуагъэ?
- Гупсысэ дыджхэм си тэмакъыр щач —
- ЩIэщхъубэ мылхэм, дэпхэм сатоувэ,
- НатIэгукIэ сыжьэхоуэ, жиIэу «жьач»,
- Щыуагъэ Iэджэм я абрэмывэм.
- Ныжэбэ жэщым емызэш жьындур.
- ХущIоджэ ар зыгуэрым и насыпым.
- ГущIэхыу джэрпэджэжри мэжьу,
- МэщэIу, мэпыхьэ, къехкъым и нэбдзыпэ.
- Сэрауэ щытмэ ер зыхуэетар,
- Си гугъэ Iэджэр схуэмыщIами нахуэ,
- Сыхуэарэзыщ дуней сызытетам…
- ЦIыхуфIхэ, псоми фхухъу сяужьыр махуэ!
- Тхьэмокъуэ Барэсбий
- Анэ
- (Iуэтэж)
- … Жэщыбгщ. Казармэр щымщ. Си напIэр зэтелъми, сыжеифыркъым. ГупсысэкIэ сызэпхоплъыж зэманым, илъэсрэ ныкъуэрэ хуэдизкIэ згъэзэжауэ. Си нэгум щIэтщ спэжыжьэ си къуажэ цIыкIур, абы и уэрамхэм, и унэхэм ящыщ зы…
- ЩIалэгъуалэ зыбжанэм агитатор къалэнхэр ди пщэ къыдалъхьауэ, хьэблэ-хьэблэкIэрэ къэткIухьырт: хэ-хыныгъэхэр зэрырагъэкIуэкI щIыкIэм, депутату хахынухэм я гугъу тщIырт, хэхакIуэхэм я спискэхэр дгъэтэмэмыжырт…
- Уафэм щIэуэным хуэдэу, щиху псыгъуэ закъуэр къызыщхьэщыт унэ плIимэ цIыкIур нэщхъей-нэщхъейуэ къысIуплъащ: пщIантIэм хьэи джэдкъази дэттэкъым. Зи лэчыр текIыжа бжэр, сыщытеуIуэм, кIыргъри, зэIужащ. Iэнкун сыхъуауэ, къесшэлIэжри:
- — ХьэщIэ нокIуэ! — сыджащ.
- — КъыщIыхьэ, тIасэ, — къэIуащ фызыжь макъ.
- СызыщIэбэкъуа пэшыр ныкъуэкIыфIт, зыхэпщIэуи щIыIэт. Пхъэ гъуэлъыпIэшхуэм ист фызыжь кхъахэ дыдэ, щхьэнтэ щабэшхуэхэр къегъэтIылъэкIауэ, цы Iуданэ гуэрхэр зэрихъэу. УнэлъащIэу пэшым щIэтри а зы гъуэлъыпIэшхуэрат зэрыхъур, шэнтщхьэгуэ зыбжанэм къыщинэмыщIауэ. Пэшхьэкущхьэм шыуан, нэгъуэщI хьэкъущыкъу гуэрхэр тетт, ауэ ахэр зыгуэркIэ къагъэсэбэпу зэрыпщIэн щыIэтэкъым, апхуэдизкIэ пэшыр бгынэжаифэти.
- — Сыагитаторщ, нанэ, — жысIащ сэ, гъунэгъуу щыт шэнтщхьэгуэмкIэ сыкIуэурэ.
- — Хъарзынэщ, тIасэ, тхьэм фIыкIэ зэрыуигъэхьэ уи къулыкъур. Къеблагъэ. ТIыс.
- ГъуэлъыпIэм пэгъунэгъуу сыщетIысэхащ.
- — Ухэлъ хуэди-тIэ…
- — Сыт мыгъуэр тщIэн, жьы ды-хъуащ…
- Iуданэ зэрыхъэр и куэщIым ирилъхьэри, и напщIэр хишу дакъи-къэ хуэдэкIэ къызэплъащ, бжьыхьэ пщIащэм хуэдэу гъуэжь хъуа и нэкIум иIэ лэдэххэм, куууэ итIысхьэжа и нэ- хэм нэщхъыфIагъэ мащIэ къащIы-хьауэ:
- — Хэтхэ уарей, тIасэ? — къызэупщIащ.
- — Нэзрэн Хьэмид срикъуэщ, — жыс-Iащ, къызэрызэджэр Лиуанщ.
- Фызыжьыр мащIэу хэщэтыкIри, кIыхьу хэщэIукIащ.
- — А-а-а, си Лиуан цIыкIу мыгъуэ, дэ- нэ гущэм ущыхэту пIэрэ?..
- Жьы къыкъуэуам щхьэгъубжэIу- пIэр Iуидзри, пэшыр зытIэкIукIэ нэхъ нэху къэхъуащ, ауэ а нэхугъэ мащIэри щIэх дыдэу хэгъуэщэжащ — пшапэр зэхэуэрт.
- Нанэм сеупщIащ и цIэ-унэцIэмкIэ, зэрыхъуа илъэс бжыгъэмкIэ. Жэуапми сыпигъэплъакъым:
- — Агънокъуэ Марусэ жыхуаIэр сэ-ращ, тIасэ. Илъэс Iэджи сыхъуащ, тхьэм ещIэ абы и пэжыпIэр… Илъэс тIощIым щIигъуащи, уи цIэджэгъум къигъэзэжыркъым… Бзэха мыгъуэщ.
- Марусэ и гугъу къысхуищIыжащ и щхьэгъусэр фин зауэм зэрыхэкIуэ-дам. И къуэ Лиуан, дахэ-дахэу шко-лым щеджакъым, къафIыщIэкIыжри, зыкъомрэ, жылэр игъэгузавэу, къуейщIейхэм, бзаджащIэхэм яхэ-тащ.
- Илъэс тIощI япэкIэ зэуэзэпсэу къуажэм дэбзэхыкIащ. И анэми, и Iыхьлыхэми зы псалъэ яжриIакъым. Зы письмо закъуэщ къитхар (ари зы илъэс- кIэ хъыбарынша нэужь). Абыи псалъитI-щыт итыр: «Умыгузавэ, къулей сыхъуауэ сынэкIуэжынщ».
- — Сыт мыгъуэкIэ сыхуейт сэ абы и къулеягъэм?.. Си закъуэ дыдэу сыкъигъэнащ… Хэт сыщIэзылъхьэжынур?..
- Сэ сыкъэпIейтеящ: «И щхьэ мыгъуагъэ хуезгъэхьыжу, и хъыбарыр нэхъри тезгъэуэндэгъуауэ пIэрэ? Сы-Лиуануи щхьэ жесIат?»
- — Хьэуэ, Марусэ, — жысIащ, щы- мыгъэ гуемыIур зэпызудри. — Дэ зэи уи закъуэ дыдэ утщIынкъым… ДыкъэкIуэнкъэ!.. Мыдэ къызжеIэт нэхъ узыхуэныкъуэхэр…
- Куууэ итIысхьэжа и нэ утхъуахэр нэпсым игъэщIытащ, «фIыгъуэр къыпхуищIэ, сыт сыхуеиж сэ», жиIэ- ри, и щхьэр хуэм дыдэу игъэсысащ.
- Хэхыныгъэхэм я гугъу хуэсщIыну сыхунэсакъым. Iэуэлъауэшхуэ ищIу бжэр къызэIуидзри, пощтзехьэ Исуфышхуэ къыщIыхьащ.
- — Къащтэ гуфIапщIэ, Марусэ! — макъыхъуу жиIащ абы, и пащIэкIэхэр гуфIэгъуэм хагъэлъэтри. — Уи Лиуаныр дунейм къытехьэжащ!..
- И куафэм кIэрылъ сумкэшхуэм къыдипхъуэтри, письмо щIыху плIимэ нанэм и пащхьэм щигъэсысащ:
- — Къытехьи къафэ иджыпсту!..
- Марусэ, сыну жам ещхьу, зыри жимыIэу заулкIэ щысащ, итIанэ, и щхьэр и IитIымкIи иубыдыжри, и напэ псор зыщIэзыубыда лэдэххэр нэхъыбэж хъуа къыпфIэщIу, Iущэщащ:
- — Къеджэт, тIасэ! Сыт хуэдиз щIауэ сыпэплъэрэ сэ а тхылъымпIэ кIапэм.
- Исуфышхуэ напIэзыпIэм письмор зэтриудри, къыдипхъуэта тхылъымпIэ напэм къеджэу щIидзащ:
- «Сэламым и ужькIэ сыпсэущ, солажьэ, иджыри къэс зыгуэрурэ дыкъекIуэкIами, дяпэкIэ си гъуэгур зэIу-ха хъуащи, умыгузавэ, дянэ, ди мурадщ дынэкIуэжыну. Си щхьэгъусэри, си бынитIри сщIыгъунущ. Ауэ, дянэ, IэнэщI дыдэу дынэмыкIуэжын щхьэкIэ, зы тIэкIурэ дылэжьэж- мэ нэхъ тфIэкъабылщи, къэнэжа мащIэм щхьэкIэ умыпIэщIэж…»
- — ЖиIэр сыт зищIысыр?! — къыхэкIиикIащ фызыжьыр, и макъыр псыгъуэ дыдэ къэхъуауэ. — Зы махуэ, зы сыхьэт зумыIэжьэж… УфIэмащIэ укъызэрытар?!. УфIэмащIэ илъэс тIощIым щIигъур?!..
- Тхыгъэм адэкIэ къеджэ Исуфышхуэ и псалъэхэр зэпиуду нанэр пыхьэрт, шхыдэрт, лъаIуэрт, нэпсхэри мыувыIэжу къыфIыщIэжырт.
- Письмом къеджэн иухщ, тхылъымпIэр сэ къысIэщIилъхьэри, «ГуфIэгъуэ кIыхь ухъу…» — хъуахъуэурэ, Исуфышхуэ бжэм хуиунэтIыжащ.
- — Модэ Къанщауэхи яхуэсхьыжын хуейщ мыпхуэдэ письмо…
- — Ааа, си щIалэ цIыкIу, зэ догуэт… ГуфIапщIэр!..
- — Ухэмыт, аууей! — щIэбзэхыкIыжащ пощтзехьэр.
- — Си псэм ищIат, пщIыхьэпIэу слъэгъуат, угъурлыуэ укъэкIуат, — бзэрабзэрт фызыжьыр, и IэлъэщI Iувыр зришэкIауэ къэтэджурэ. — Си псэр зышхын цIыкIу, тIысыт, къысхуеджэт иджыри!..
- Письмом и кIэм сынэблэгъауэ, бжэм макъ ирамыгъэщIу, фызыжьитI къыщIыхьащ. «ГуфIэгъуэ кIыхь ухъу…» — хъуахъуэурэ Марусэ IэплIэ хуащIри шэнтщхьэгуэхэм тетIысхьащ. Фызыжьхэм кIэщIу я ужь итт уэс дадэм ещхьу зи жьакIэхур зи бгъэгум къытелъ лIыжь лъахъшэ цIыкIу.
- — ХъыбарыфI зэхэсхащ, — жиIащ абы, и цей къуапэ ижьыр дрихьейуэрэ гъуэлъыпIэ кIапэм тетIысхьэри. — Сыт къатхыр?..
- Письмом щIэрыщIэу сыкъеджэу щыщIэздзэм, псори щым хъуащ. Я щхьэхэр щIаупскIэу яфIэгъэщIэгъуэну къызэдаIуэхэрт. Ауэ «IэнэщI дыдэу дынэмыкIуэжын щхьэкIэ» жыхуиIэ псалъэхэм сызэрынэсу, мыарэзыуэ фызыжьхэр зэIущэ-щащ, тIэкIутIэкIуурэ я макъым зрагъэIэтащ:
- — КърекIуэж псынщIэу, зыхэмытын хэмыту!..
- — КъэкIуэжынщ, на…
- — Хуэтхын хуейщ, къепIэщIэкIыну… Иджыпсту дывгъэтх…
- — Махуэ зытхухкIэ къэкIуэжыну пIэрэ?..
- — КъэмыкIуэжу ддэрэ?! — и башыр тригъэуащ лIыжь жьакIэхуми.
- — Уи насыпым къигъэзэжащ, Мару-сэ, гуфIэгъуэшхуэщ…
- Зыгуэрым уэздыгъэр пигъэнащ. АпхуэдизкIэ пэшыр нэху къэхъуати, гуфIэгъуэм зэщIищта нэкIухэри нуру блэ къыпфIэщIырт. Къэгумэхауэ, зэ-ми гуфIэу зэми пыхьэу, Марусэ письмор и нэм хуихьырт, и бгъафэм щIикъузэрт, зэпиплъыхьырт. Куэдрэ къытригъэзэжурэ хъуахъуэрт:
- — Си гъунэгъухэращ дамэуи псэуи фызиIэр, сIуэтэжыхукIэ сызыгъэпсэуар, си лъэнкIапIэр щIэзымыгъэхуар… ФIыгъуэм щымыщIэнхэ, си псэр щхьэузыхь зыхуэхъунхэ, къурмэн сызыхуэхъунхэ…
- * * *
- … Жэщыбгщ. Казармэр даущыншэщ. Си напIэр зэтелъми, сыжеифкъым. Си гум къопIэстхъ, иужьрейуэ дыдейхэм къысхуатха письмом ит псалъэхэр: «Агънокъуэ Лиуан и унагъуэр, икIэм-икIэжым, къэсыжащ. Бетэмал, къэгувэIуащ. Зы мазэ хуэдэ- кIэ нэхъ пасэу къежьэжатэмэ, Мару- сэ тхьэмыщкIэр псэууэ кърихьэлIэжынут…»
- ИлъэситIым щIигъукIэ пэплъэжащ анэр и къуэм, иужьрей письмор къыIэрыхьа нэужь… Махуэ къэс, и узыншагъэм къыщихьым, зыбжанэрэ куэбжэпэм Iухьэурэ, уэрамым ириплъэрт, Лиуан епсалъэрт, еубзэрт, елъэIурт къэпIэщIэну.
- Письмо Iэджэ иригъэжьащ, зым нэхърэ адрейр нэхъ угъурлы хъуну щыгугъыурэ, еджакIуэ куэдым Iуэхутхьэбзэ къаригъэщIащ, сэр дыдэми тIэунейрэ письмо сигъэтхащ…
- Хэт ищIэн апхуэдизу Лиуан къэзылъэхъар? Письмо Iэрыхьэхэм я лъэ- Iур щыхуэмыгъэзащIэми, имыгъэгувэу жэуап къаритыжыну хузэфIэкIыртэкъэ? Къаритыжыни хуеякъэ? Зиущэхужри, къэсыжыхункIэ къитхаIакъым. Абы, дауи, зыхищIакъым темыпыIэжу къежьэ и анэм и гум хьэзабу телъар, гугъапIэу щигъэфIахэр; зыхищIакъым анэхэм я гъащIэр егъэлеяуэ зэрыпсынщIэрыкIуэри…
- … МэIэуэлъауэ жьыбгъэр… Е радиом макъамэ гуэр къиту ара? Е, нахуапIэмрэ пщIыхьэпIэмрэ зэхэзэрыхьыжауэ, Шэджэмыпсым и даущ макъыр зэхэсхрэ?..
- Хьэуэ, уэрэдщ си гур зыгъэпхъэ- рыр, акъужь телъыджэу щIылъэм щызеуэр, аузхэри жылагъуэхэри къыдежьууэрэ, уэгум зыщызыIэтыр, дуней псом зыщызыубгъур. Ауэ уэрэдщ…
- «Анэр ухуэдэщ нэм, анэр
- ухуэдэщ псэм,
- Анэм уэ пхуэдэ теткъым дунейм…»