Уафэбгыкъу и нэлат
2020-06-09
- МэшбащIэ Исхьэкъ
- Тхыдэ роман
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48, 50 — 51,
- 54 — 57, 62, 64 — 65-хэм итщ).
- — Пэжщ Миншакъ жиIэр, — къопсалъэ Мамсырыр.
- — Шэрджэсхэ, пэжщ тIуми жыфIар. Зиусхьэн, си жыIэм укъедэIуатэмэ… УмыкIуэ а къоджам и деж. Ар дзыхь зыхуэмыфащэ цIыхущ, — жиIэурэ пщым и нэгум хуиту щIоплъэ Iэта-Ильяс.
- — Сыадыгэщ сэ. ЛIы къызэджамэ, псалъэ лей хэмылъу сыдошэсыкI. ИтIанэ, сыщыгъуазэщ а сыздэкIуэм и хьэсэпэ здынэсми. Си зырикIщ ар: жагъуэгъукъым, жэрэгъукъым… «Узыхуейр сыт?» — жесIэну сэри къыстохуэ, — кIэмыргуеипщыр шу гупым мамыру яхоплъэри, пыгуфIыкIыурэ мэгушыIэ:
- — Дауэ феплърэ: «Шуудзэм фримащIэщ, шугъусэм фрикуэдщ» къывжимыIэну пIэрэ Iэлигъуэт-пэщэм?
- Шу гупыр къигурыгукIыу зэщIэдыхьэшхэри, апхуэдэ нэжэгужагъэм псори иджы нэхъ IэтIэлъатIэу дэгуфIэжат.
- КIэмыргуейхэм я пщыр, пщIэ хуащIым и мызакъуэу, псэкIэ фIыуэ ялъагъурт. Зэрыпщым и хьэтыртэкъым ар къызыхэкIыр. ЦIыхухэм ягу дыхьэрт Бэлэтокъуэм и Iуэху зехьэкIэр, и цIыхугъэ къабзэр. Хьэуэ, кIэмыргуеипщыр жагъуэгъуншэтэкъым, хэбгъэзыхьмэ, емышыжу къыхущIэуэхэри и мащIэтэкъым. Апхуэдэ лIы зэIузэпэщым бий имыIэныр, дауи, щхьэгъэпцIэжт: «Алъпым дыгъужь хуэлъэщ» жиIатэкъэ пасэрей Iущым! Бэлэтокъуэм дежтэкъым ар щаублар, щаухыжынури ар щыпсэу гъащIэртэкъым. ЦIыху гъуабжэлъабжэм щыуагъэ бжьыгъэр зэи къытещыркъым: хозэрыхь и гъуабжэ бжыгъафэм. Ауэ щыхъукIи, кIэмыргуеипщым ещхь цIыху щыпкъэ нэIурытым щыуагъэ щыIэщIэщIэр — уэрэдрэ Iуданэу жагъуэгъухэм ирахьэжьэ. Ар цIыхум дапщэщи хабзэжьу къыдокIуэкI. ИтIани, а яуIужыну зыхуэхьэзыр мащIэхэм зэрахьэ фIырщ мы дунейр мыбгъунлъэу зэтезыIыгъэр.
- КIэмыргуеипщыр дагъуэншэкъым, ауэ зи акъыл зэтес адыгэлIщи, щыуэу щыхэбжьахъуэ къэхъуми, зэригъэзэхуэжыну йолIалIэ. Пэжщ, жыIэзыфIэщщ ар. И дзыхь къэзымылэжьхэр щызригъэуасэри мащIэкъым. Бэлэтокъуэр тхьэусыхакIуэ къыхуэкIуэ дэтхэнэми гупсэхуу щIодэIу, зэпэщIэтыныгъэхэр цIыхугъэ дахэкIэ иубзыхуну хэтщ, ауэ къыщемыхъулIэхэри Iэджэрэ къохъу. КIэмыргуейхэм я пщыр фIыуэ яцIыхуж: къыпщIэдэIурэ пэт, Болэт и щхьэр ищIрэ, лъагэу иIэтыжамэ, игу зэбгъэбгъауэ арщи, пхуэфащэ жэуапри нехьэкI-къехьэкI хэмылъу къыптегъуэгъуэнущ! Жьэнахуэщ Бэлэтокъуэр.
- … ПцIэгъуэплъыр хэущыкIыу макIуэ. КIэмыргуейхэм я пщыр мэгупсысэ. Иджыпсту абы зэрегъэзахуэ цIыху ерыщхэр щытепщэ дунеймрэ апхуэдэ дунейр зэрызэтет хабзэхэмрэ. «Мис езыр хущIокъу зыщхьэщыт лъэпкъым адэ палъэ захуищIыну. ПэжкIэ убгъэдыхьэмэ, а къалэныр зыхьын хуейр ефэндырат, ауэ абыи езым и «ефэнды унафэщIхэр» къыщхьэщытыжщи, зыр — КIэмыргуейм, етIуанэр — Бахъшысэрей, ещанэр — Истамбыл щыIэу, абыхэм зэрахьэхэр емынэми хузэхэхужынкъым. Жэмыхьэтым и Iуэху дахэу дагъэкIыным и пIэкIэ, Абрэдж гуэрхэм, Iэлигъуэт-пэщэ мыцIыхухэм, кърым хъан фейдэхуэлIэхэм, тырку сулътIан гъаблэгущтэхэм зэпеуэжу ефэндыхэр къахуоудж. Батыр ефэндыми, щыджэлэнкIэ хъуну здыхуигъэфащэхэм деж упщIэ иубгъуурэ Абрэдж Мырзэбэч игъэныбжьэгъу нэпцI зещI. Пэжращи, Батыр зэлIалIэр — Мырзэбэч Iэлигъуэт иIыгъ къулыкъур лъагъэс хъужыкъуэмэ, ефэндым дагъуэ гуэр гукъанэу къримыIуэкIыжынырщ. АрщхьэкIэ, пэщэ ухъуну ущIэхъуэпс къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIрэ?!
- Мырзэбэч пэщэ ящIын щхьэкIэ, пэщэуэ езыр щытын хуейщ! Кърым хъанхэм я зэхэтыкIэр-щэ? Абы я Iуэхухэри зэхэвынэ-зэдэвынейщ: зыр тахътэм тотIысхьэ, адрейр традз. Трамыдзыфыр е яукI, е щхъухьпсыхь гынкIэ Iуах… Къэбэрдейр Кърымым сыткIэ къыщхьэщыкIыу пIэрэ? Ахэр зэрошхыжыпэ: псори Iущщ, губзыгъэщ, псоми лIыгъэ яхэлъщи, махуэ къэс пщы уэлий зэдэгъажэ ящI. Къатежар пIалъэкIэ пщы уэлий мэхъури, аргуэру зэрышхын щIадзэж… Си щхьэм къысхуигъэтIасэркъым, дауэ иджы ХьэтIохъущокъуэпщыр кърымыдзэм зэрыпэлъэщынур? Мис арат зыр зым ауан ищIу дызэхэмысу, зы адыгэ къэралыгъуэ зэкъуэту дызэкъуэувэн щIыхуеяр! Иджы мес, я щхьэм зауэр нэсати, «Маржэ!» жаIэу къэбэрдейхэр къыдэуващ. Къагубзыгъыжащ иджы зы лIакъуэу дыкъызэригъэщIар!..»
- — Мес Сарайхьэлъкъ…- къызыфIимыгъэIуэхуу къопсалъэ Iэта-Ильяси, нэщхъейуэ: — Ее-ей, си нэгъуеегъухэм, дауи, ящыгъупщэжащ хьэщIэ зэрырагъэблагъэм и хабзэ дахэр…
- — Сыт щхьэкIэ? Кърым тэтэру дэри дакъыхуэкIуатэмэ, зэуэзэпсэу къащIэжынут а хабзэхэр, — жеIэри, Нэкъар мэдыхьэшхыпэ: — Сыт хуэдэ хьэщIэгъуэ уэ зи гугъу пщIыр, нэгъуей?! Дэ, зиусхьэным и жыIауэ, шуудзэ хуэдиз дохъу…
- Ашабэр Нэкъар жиIам дыпыгуфIыкIащ, ауэ Бэлэтокъуэр а къыщежьэм жиIауэ щытам иджы хущIегъуэжауэ:
- — Гупышхуэу дыкъыщыкIуаи къэхъуащ нэхъапэхэм.
- — Мы нэгъуейм дзыхь хуэпщIрэ? — Миншакъ Мамсырым йоIущащэ.
- — Иджыпсту хузощI, — щэхуу педзыж абы Нэкъар, — ауэ и лъэпкъэгъухэм дахыхьэмэ, къызэрытхущIэкI тлъагъункъэ… Сытыт укъыщIызэупщIыр? Иджы ипэкIи зэ къызэптат а упщIэр… ЛIо, зыгуэр дэпщIэрэ мыбы?
- — Мы дунейм куэдыщэми дзыхь щахуэпщI хъунукъым, — нэщхъейуэ педзыж Ашабэми, — хэт ищIэрэ цIыхум игу илъыр? Зэхэсхар пэжу щытмэ, Абрэджыр яхэтащ Iэта-Ильяс лей езыхыу зыгъэпудахэм. НэгъуэщIуи укъеплъ мэхъу а Iуэхум… — подыхьэшхыкI аргуэру Миншакъ. — Налмэсрэ Сурэтрэ я пщащэ къабзагъэм цIыхухъунэ зэрытемыплъамкIэ мы нэгъуейр щыхьэт пэжщ. Мис ар си щхьэкIэ нэхъ сфIэкъабылщ!
- Шухэр Сарайхьэлъкъ дыхьэпIэм екIуэлIащ. Бэлэтокъуэпщым шу гупым иджы закъыхуигъазэри:
- — Фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейщ: кърагъэблэгъар си закъуэщ. Мыбдеж фыкъыщыспэплъэ. Дауэрэ дызэмыпсэлъами, хъыбарыншэ фыхъункъым. Ашабэ Миншакъ гъусэу здызощтэ.
- — Зиусхьэн! — гузэвауэ къопсалъэ Iэта-Ильяс, — Мамсырымрэ сэрэ дыздэпшатэмэ нэхъ тэмэмт. Сэри тэрмэш сыпхуэхъунтэкъэ?
- Пщыр щыму и пащIэкIэ щIогуфIыкIри, и шыщхьэр Iэлигъуэт пэщэр къыздыпэплъэ СарайхьэлъкъкIэ егъазэ. Абы и ужь йоувэ Ашабэ Миншакъ.
- Iэта-Ильяс укIытэжауэ и щхьэр ирихьэхащ. ИщIэртэкъэ абы нэгъуейхэм яхузэфIэкIынур! Иджыпсту хуэдэу дапщэщ пщыр хуэныкъуэнт шу гъусэфI? Нэгъуейр къызэрызэфIэзэрыхьам Андемыркъан бейгуэлым гу лъитэри:
- — Ди зиусхьэным адыгэбзэри нэгъуеибзэри зэхуэдэу ещIэ. Ар езыгъэблэгъам езым и адэшхуэр адыгэ малъхъэу щытащ.
- — И адэшхуэ Iущыр хэту щымытами, а къуэрылъхум хьэщIэ зэрырагъэблагъэм мэскъал хищIыкIыркъым.
- — Къэвгъанэ иджы зэдауэр! — къопсалъэ Нэкъари, нэгъуейр лъэныкъуэкIэ Iуеш: — КъыбгурыIуауэ ара Iэлигъуэт-пэщэм Бэлэтокъуэр къыздишар зэрымыхьэщIапIэр?
- — Ара? — и нэ зэв цIыкIухэр нэхъри зэву зэхуишэурэ Iэта-Ильяс фэрыщIу жанейм зыкъыпещIыж: — СщIатэкъыми! НтIэ дауэ иджы дызэрыдэIэпыкъунур, зыгуэр къэхъумэ?
- БэмпIат хуабжьу нэгъуейр. Гупым яхэкIщ, шым епсыхри, дыгъэм къигъэхуэба удзыпцIэм гууэщIу хэгъуэлъхьащи, шыр зэрыхъуакIуэм кIэлъоплъ. Iэта-Ильяс и гупсысэхэр аргуэру кIуасэрт нэгъуей лъэпкъым и тхыдэм. «Ди хъан щэджащэхэм дуней хъурейр я IэмыщIэ иралъхьэн къафIэщIыжу дыкъыкIуэцIрашурэ мы шэрджэсхэм дыкъыханат. Адыгэхэм езыхэм яйр къаIыпх нэхърэ, уеуэрэ букIмэ нэхъ къащтэ. Ящымыщри (ар дыщэзэрылэми) яфIэIумпэмщ. Адыгэ шэрджэсхэр зэи хьэлыншэкъым. ЦIыхугъи, лIыгъи, псапи къадокIуэкI, арщхьэкIэ сыткIэ ар къахуэщхьэпэрэ, зым и IупщIэр адрейм щIыбагъыу къызэрохьэкI. СагъэцIыхужынкъым сэ адыгэхэр! Дапщэрэ си нэгу щIэкIа я пщэ лъынтхуэхэр къытридзауэ ахэр зэрызэрышхыр… Дапщэрэ слъэгъуа къуэгъэнапIэкIэ лъакъуэпэщIэдз зэрызэхуащIыр — ари сфIэпсэкIуэду сакIэлъыплъу! Дауи ирехъуи, зэи сехъуэпсакъым а адыгэм…»
- Уэгум икIэрэхъухь пшэ гуэрэнхэм яхэплъэурэ нэгъуейм зэригъэзахуэрт кърымхэм я зэхэтыкIэр, зэригъапщэрт илъэгъуахэр, зэхихахэр. «Абрэдж Мырзэбэч! Сэ тхьэрыIуэ сщIащ а къызэпха лейр уи щхьэкIэ уэсхыжыну! СощIэ, иджыпсту мо Iэлигъуэт-пэщэр, мо фирхьэун фиблыр дэщIыгъуу къызэрыпкъуэтыр. Батыр ефэндыри фэ фэщхьыркъабзэу напитIщ. Е-е-й, сыныздищтатэми кIэмыргуеипщым! Фэ гуп цIапIэ цIыкIум зывэзгъэщIэжынти, сылIыгъэншэми сынапэншэми цIыхум я нэгу иджы щIэзгъэкIынт!»
- … Сарайхьэлъкъ адыгэ жылэхэм емыщхьу зэхэсщ. Мыбы уэрам нэхъыщхьэ иIэкъым. Шэтыр щхьэ папцIэхэр лъэныкъуэ зырызурэ зэбгрыпхъащ. Шэтырхэм япэмыжыжьэу къыщытщ шыфIэдзапIэхэр, абдеж дыдэм щызэтелъщ мэкъу Iэмбатэхэмрэ зэнтхъыр щаIыгъ пхъэбгъу зэгуэIулIахэмрэ. Шы табынхэр чийбжэгъум къыхэщIыкIа Iуэшхуэхэм щаIыгъщ. Мэлхэр итщ Iуэ щхьэхуэ. Унагъуэ къэс я IэщыIуэхэр зэпэщхьэхуэщ.
- Жылэм къыщхьэщыт бгым и лъапэхэмрэ нэпкъхэмрэ ярызу Iэщыр щохъуакIуэ — мэлхэр, шыхэр, махъшэхэр. Шэтырхэр е бжэгъукIэ, е чийкIэ, е мывэкIэ къэхухьакъым. УщIауэ тафэм тетщ ахэр. Джэдэщу, е нэгъуэщI къуэдзапIэ хуэдэу зы ухуэныгъэ гуэр абыхэм къабгъэдэткъым: джэдкъаз зэрызэрамыхуэр нэрылъагъущ. Шэтыр бжэIупэхэм зыр нэхъ ину, адрейр нэхъ цIыкIуу, уарцэ хьэгъажэхэр щызэтелъщ. Ар нэгъуейхэм пхъэм и пIэкIэ къагъэсэбэп гъэсыныпхъэщ. Пхъэщхьэмыщхьэ жыг и гугъу умыщIыххи, сыт хуэдэуи зы жыг лIэужьыгъуэ хасэркъым нэгъуейхэм. Гъэмахуэ цIывыгъуэм жьауапIэу зыщIэбдзэну зы къудамэ щхъуантIэ хъуреягъым ущрихьэлIэркъым.
- — Нэгъуейр, зиусхьэн, дэнэ щымытIысами, нэгъуейуэ къонэж, — игъэщIагъуэу зеплъыхь Миншакъ.
- — Ар сыту, хьэщIэ? — щIэупщIэ хуэдэу зещI Бэлэтокъуэпщым, Миншакъ зи гугъу ищIыр фIы дыдэу къыгурыIуэ пэтми.
- — Тедзэщ Iэпхъуэшапхъуэм и псэукIэщ. ЗыIэзыбжьэу защтэу гъуэгу зэрытехьэжынум теухуащ я зэхэсыкIэр.
- — Беслъэнейхэм я жыIауэ, — мэдыхьэшх кIэмыргуеипщыр, — я уарцэ Iугъуэр ди нэхэм къыщIэбжьэми, ирепсэу, зыхуэдгъэшэчынщ. Я кърым лъэпкъэгъухэм якъуэлъадэурэ къыдэмызэуэж закъуэмэ, я гугъу тщIыркъым. А фи Шэрэджыщхьэ къитIысхьа хьэблэ цIыкIуитхур — кърым тэтэрхэм я къуэшхэрщ зи гугъу сщIыр — дауэрэ иджыпсту къыфхэзагъэрэ?
- — ДызэлъэIэскъым абыхэмрэ дэрэ. Нэхъапэхэми бжесIати, япэрауэ, мащIэ дыдэщ я бжыгъэкIэ, итIанэ, мывэ жьэгъухэм щIэсщи, щIрырес, — мэщатэ Ашабэр.
- — Ибэгъухьынщи, къыздикIари ящыгъупщэжауэ къэбэрдеищIыр къыфпаубыдыжынщ, — мыарэзыуэ и нэщхъыр къызэхоуэ кIэмыргуеипщым.
- — КъэбэрдеищIыр бегъымбар щIакхъуэкъым, дэнэкIэ кърахуа хьэхэбасэми хупачу. КъыздикIам къыщрелъыхъуэж щхьэж и щIы Iыхьэ! — къыщетхъыпэ иджы Ашабэр.
- — Сэ зи гугъу сщIыр, хьэщIэ… Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэ дызыщихъумэну хэтар къытпемыкIуэкIыжыну пIэрэ, жыхуэсIэщ, — лъей лъапщэм къамышыр дигъэзэгъэжурэ зеплъыхь Бэлэтокъуэм.
- — Зиусхьэн, Щоджэныкъуэм, «Дапщэщми зэгуэр къэбэрдейхэр я IэфракIэпэм едзэкъэжынущ тэтэрхэр къуршым къызэрырагъэхьам папщIэ…» щыжиIаращ, дауи, иджыпсту а къыдэпIуэкIыр?
- — Ардыдэщ, Миншакъ, — и щхьэр ещI пщым.
- — УлъэмыIэсмэ, едзэкъэжи пэт, — псалъэмакъыр и псэм къызэрытехьэлъэр нэрылъагъуу, Ашабэм и нэгур нэхъри зэхоуэ.
- Сарайхьэлъкъ адэжкIэ, Псыжь Iуфэ нэхъ пэгъунэгъуу, зэхэтт шэтырышхуэ зыбжанэ. Ахэрат Iэлигъуэт-пэщэм и хэщIапIэр.
- Бэлэтокъуэмрэ Ашабэмрэ шыфIэдзапIэм ирахулIэри епсыхахэщ. ШыфIэдзапIэр нэщIтэкъым. ГурыIуэгъуэт Iэлигъуэт-пэщэм зэримызакъуэр. Шэтыр щIыхьэпIэр Iэщэ якIэрылъу зыхъумэ лIитIыр кIэмыргуеипщымрэ Миншакърэ япэ къиувэри ирашэжьащ.
- Iэлигъуэт-пэщэм и псэупIэр зэрызэлъыIухам укъимыгъэуIэбжьынкIэ Iэмал щыIэтэкъым: алэрыбгъухэм къахэплъ шэнтиуэ щабэхэмрэ Iэнэ хъуреишхуэмрэ жыхафэм и щIэлъэныкъуэр яубыдырт. Тебзэхэри, тепхъуэхэри, хьэпшып цIыкIуфэкIухэри нэм къеуэу щхъуэкIэплъыкIэ цIугъэнэт. Миншакъ къыщыхьа дыхьэшхыныр ишыIэурэ: «Делэ къуэлэн и щIасэщ» жыхуаIэр мыпхуэдэу къыщIэкIынщ!», — жыхуиIэу зиплъыхьырт. Бысымыр къазэрыпэплъэм шэч хэлътэкъым: Iэнэшхуэм тетт пхъэ фалъэ цIыкIухэмрэ кхъуэщынхэмрэ.
- Лъэныкъуэегъэзу къыщыт шэнт лъакъуэ лъагэм къытест лIы нэзэв къамылыфэ. Къэптал хуитышхуэми щIиуфэртэкъым а лIым Iуву телъ щэл хьэрэмыр. ЛIым и натIэ лъахъшэр упщIэ пыIэ хъурей цIыкIум нэхъри лъахъшэ щIэхъукIырт. Бэлэтокъуэпщым, дауи, игъэщIэгъуакъым Мырзэбэчрэ Батыр ефэндымрэ Iэлигъуэт-пэщэм и шэтырым къазэрыщыпэплъэр. ИтIани, зи нэ зыгъэдыкъыу къыпэщыс бзэгузехьитIым щаIуплъэм, кIэмыргуеипщыр зэгуэпурэ егупсысащ: «Мыхэри сыткIэ къыщыщт ди псалъэмакъым?»
- Iэлигъуэт-пэщэм беслъэней псэлъэкIэ зищIурэ:
- — Зиусхьэн. КIэмыргуей ефэндымрэ Мырзэбэчрэ уэдгъэцIыхужын хуейуэ къыщIэкIынкъым, ауэ гуапэ тщыхъунт уи лIы гъусэр дыбгъэцIыхутэмэ…
- — Си гъусэр, пэщэ, Къэбэрдейм ис лъэпкъылI цIэрыIуэхэм язщ, Ашабэ уэркъхэм къахэкIащ, Миншакъщ и цIэр.
- — Зэ догуэт, зиусхьэн! А… Миншакъра? — кърым хъаным и лIыкIуэр фIыуэ щыгъуазэт Менлы-Джэрийрэ Ашабэмрэ яку зэгуэр къыдэхъуа зэпэщIэтыныгъэм. Щыгъуазэт Миншакъ и щхьэгъусэм Актай нэдазэкIэ зэрытрамыгъэплъами. — Уэллэхьи-биллэхьи, си гуапэкIэ, Ашабэ, зиусхьэн Бэлэтокъуэр бысым уэ зэрыпхуэхъуар! Нэхъ гуапэжырщи — уи щхьэкIэ укъызэрысцIыхуар…
- Абрэджым игу ирихьакъым Iэлигъуэт-пэщэмрэ хьэщIэмрэ я псалъэ ехьэжьэкIэр. Мырзэбэч бампIэм къызэщитхъыурэ:
- — КъыджеIэт, Бэлэтокъуэ, жаней абрэджымрэ абы гъусэу здищта нэгъуеймрэ Жанейм кIуэрэ хьэмэрэ къикIыжрэ? Сыт хэпщIыкIрэ а тIур жанейхэм щIакIэлъыкIуам? А уи унэм ебгъэблэгъа бзылъхугъэхэри хэт хъуну! Сыт щхьэкIэ къыщыувыIауэ пIэрэ ахэр уи деж? Си къуэр къыщIызэщIэбгъэстри къызыхэкIар сыт?
- Щэн IэдэбкIэ адыгэхэм зи цIэ ятеIуа кIэмыргуеипщыр нэщхъей ешауэ и пащIэкIэ щIогуфIыкI:
- — УпщIэ куэдыщэ къысхузэтебухъуанщIэрэ, Абрэдж и къуэ, ауэ щыхъукIи, языхэзым и жэуапри уимыхамэу! Пэж жысIэр?
- — Сэращ иджыпсту щIэупщIэр, Бэлэтокъуэ! УлIмэ, жэуап къызэптынщ.
- Иджыри къэс псалъитI я щхьэ зэтезымыча Батыр ефэндыр гузавэри зэкIэлъигъэпIащIэурэ:
- — Мырзэбэч, Алыхьым и пащхьэ зыщышыIэ!
- — Сумыущиижыт иджы! — хокIиикI Мырзэбэч. — ДызэгурыIуатэкъэ си псалъэмакъым укъыхэмыIэбэну?
- Абрэджыр къызэрытехьам гу лъитауэ Iэлигъуэт-пэщэм и нэхэр щIеукъуанцIэри, зэдауэр гушыIэм хуигъэкIуэжын и мураду:
- — Уа, шэрджэсхэ, сыт иджы къыфхэхъыжьар! Мыхъуми, Къэбэрдей къикIа хьэщIэхэмкIэ тIэкIу фыплъэ! Миншакъ, дауэрэ фыпсэурэ-тIэ къэбэрдейхэр?! ХьэтIохъущокъуэпщым сыт и узыншагъэ? Мыдэ, IуэрыIуэтэжу зэхэтхащ абы и хъыбар…
- ЗэкIэлъигъэпIащIэу Миншакъ ирита упщIэ зэщымыщхъухэм я жэуап хуэныкъуэххэтэкъым Iэлигъуэт-пэщэр. Къэбэрдей хьэщIэм хущIэплъурэ: «Аджыдэ мыгъуэ! Зы махуэ нэхъ мыхъуми, Чынгыз, е Батий хуэдэ зы дзэпщ диIэжатэми! ЗэщIэтпхъэнкIэнт адыгэ щхьэзыфIэфIхэм фи лIыгъэр! Пэжщ, тырку сулътIанымрэ кърым хъанымрэ зыкIи нэхъ тIасхъэкъым я адэшхуэжьхэм нэхърэ… Флъагъункъэ, тлъагъункъэ мазитI-щы дэкIмэ, фызэрызепщыпщэр!»
- Батыр ефэндымрэ Iэлигъуэт-пэщэмрэ я псэ зэрыщIэ нэхъей, ислъам диныр зыIыгъым и фарзхэмкIэ псалъэмакъыр зэуэзэпсэу яIуэнтIэжри:
- — Нобэ, Батыр, нэщI мазэ лъапIэм и япэ махуэщ. Дэ щэращ тщIащ, хэщхьэж пщIондэ нет тIыгъщ, ауэ ди кIэмыргуейхэм нэщI ямыIыгъынри хэлъщ… НэщI дикIыжмэ, махуищкIэ Хьидыр дгъэлъэпIэнущ, Алыхьышхуэм къызэрытхуиухам дытету. Фэ-щэ?
- — НтIэ, Алыхьу пэжым апхуэдэу иухащ. АдэкIэ къыкIэлъыкIуэну Къурмэнри махуищу лъапIэщ, — игу къызэрыгъуэтыжыпауэ къыIурощэщ Батыр ефэндым.
- — Алыхьу лъапIэм къыдигъэхъулIэ ди гурылъхэм я нэхъыфIыр. Алыхьу лъэщым и нэфIыр муслъымэнхэм къытщыхуи, ди нэщIи нэмэзи къабылу тIих, — дихьэхыпауэ мэлъаIуэ иджыри Iэлигъуэт-пэщэр. ТхьэлъэIум мащIэу кIэлъочэнджэщэжри: — Иджы, зиусхьэн, кIыхьлIыхь зезмыгъэщIу, укъыщIезгъэблэгъар пхуэсIуэтэнщ. Ашабэ уэркъри ди зэпсалъэм щыхьэту къыщIредэIу. Абрэдж Мырзэбэч и къуэ Даур… (Iэлигъуэт-пэщэм и псалъэр зэпегъэури, бзэгупэм къытехьа: «Къэбэрдей фэрыщIхэм КIэмыргуей зыфIащар» жыIэгъуэр Миншакъ фIэлIыкIауэ ирекъухыж).
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).