ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Утыкум  къыхуигъэщIа

2020-06-09

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист, Ингуш республикэм щIыхь зиIэ и артист, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я артиадэм и лауреат Зеущэ Iэуес и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 55-рэ ирикъуащ.

  • Зеущэр Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм 1965 гъэм къыщалъхуащ. И цIыкIущхьэм щегъэжьауэ Зеущэм далъагъурт артист къызэрыхэкIынур. Iэуес и сабиигъуэм ирихьэлIэу нэхъ цIэрыIуэу, макъ лъэщ ягъэIуу утыкум ита Магомаев Муслим, Тут Заур, Лещенкэ Лев, Мэремыкъуэ Хъусен сымэ радиомкIэ зэхихмэ, телевизорымкIэ едаIуэмэ, ядежьурт, запищIыжырт. Апхуэдэурэ цIыкIу щIыкIэ и макъыр ипсыхьырт щIалэ гурыхуэм.
  • ЩIалэ цIыкIум и хэлъэтым, дауи, гу къылъитащ и егъэджакIуэ ПщыхьэщIэ Риммэ икIи абы Iэуес и адэ-анэм чэнджэщ къаритащ пасэу щIадзэу сабийр макъамэм нэхъри драгъэхьэхыну, абы нэхъ тегъэщIауэ ирагъэджэну. ЕгъэджакIуэм къыгурыIуат и еджакIуэ цIыкIум и макъыр лъэщу зэригъэIуфынур. А зэманым макъамэм тегъэщIауэ щрагъаджэу Бахъсэн дэта еджапIэ-интернатым Iэуес щагъэкIуам илъэситI классыр къиухауэ арат. А школым ущIэтIысхьэн папщIэ, уи зэфIэкI бгъэлъэгъуэн, зэпеуэ упхыкIын хуейти, Iэуес ари къызэринэкIри, къамылапщэхэм я гупым хагъэхьащ. ЗдэкIуами и егъэджакIуэхэм гу къылъатащ, ягу дыхьащ. Куэдрэ хэтт макъамэмкIэ екIуэкI зэпеуэ зэхуэмыдэхэм, текIуэныгъэ е ехъулIэныгъэ зыIэримыгъэхьауи зэи къахэкIыжыртэкъым.
  • 1980 — 1984 гъэхэм РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист Шэрий Иринэ вокалымкIэ къыдэлэжьащ Зеущэм. А зэманым макъамэмкIэ еджапIэм Зеущэ Iэуес ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ, щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ, макъамэм и щэхухэм зыщигъэгъуэзащ.
  • Зыхэт Iуэхум дихьэх, зи гуи зи пси ета щIалэр макъамэм, уэрэд жыIэным ухуезыгъасэ дерс щхьэхуэхэм еджапIэ нэужьым кIуэрт. Апхуэдэ дерс щхьэхуэхэм къыщыдэлэжьауэ фIыкIэ абы и гум къинэжахэм ящыщщ егъэджакIуэ Iэзэ Ван Нам Низен.
  • 1984 гъэм Зеущэ Iэуес щIэтIысхьащ Саратов дэт къэрал консерваторэм, Собинов Леонид и цIэр зезыхьэм. Ещанэ курсыр къиухауэ армэм дашащ. Къулыкъу щрихьэкIа Приволжскэ дзэм уэрэдымрэ макъамэмкIэ и ансамблым и солисту хахауэ щытащ.
  • Къулыкъур къиуха нэужь, Саратов и еджапIэм игъэзэжащ Iэуес икIи дирижёр IэщIагъэм зыхуигъэсащ.
  • 1991 гъэм Зеущэ Iэуес КъБР-м къэкIуэжащ. Мыгувэу ар Шэджэм къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и «Шэджэм псыкъелъэхэр» ансамблым и художественнэ унафэщI хъуащ.
  • ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Зеущэ Iэуес творческэ гъуэгум пасэ дыдэу теуващ, и макъыр екIуу псыхьа щIэхъуам ари и щхьэусыгъуэу къыщIэкIынущ.
  • Зэпымыууэ Iуэху дахэхэм хэтщ Зеущэр икIи зыхыхьэр щIэщыгъуэ ещI. 2002 гъэм Франджым къыщызэрагъэпэща «Дунейпсо щэнхабзэ» фестивалым, 2003 гъэм Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я артиадэм я лауреат хъуащ.
  • 2004 гъэм Зеущэ Iэуес «Уэ уи махуэщ нобэ» зыфIища альбомыр къыдигъэкIащ. 2009 гъэм абы къратащ Кавказым щекIуэкI макъамэ «Дыщэ микрофон» зэпеуэм и саугъэтыр.
  • Нобэ Зеущэ Iэуес КъБР-м и цIыхубэ артистщ. Бахъсэн ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и унафэщIым и къуэдзэу мэлажьэ. Къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм екIуу хэтщ, республикэм и пщIэр еIэт. ЕIэт макъ дахэкIи, цIыхугъэкIи, Iуэху бгъэдыхьэкIэкIи.
  • И макъ гурыхьымкIэ утыкур игъэбжьыфIэрэ къы-щалъхуа махуэ куэд узыншэу игъэлъэпIэну Тхьэм жиIэ.
  • НафIэдз Мухьэмэд.