ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгагъэр,  цIыхугъэр  зыгъэлъапIэ  Согуэ  Данил

2020-01-21

  • УэрэдкIэ  дунейм  йопсалъэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я артиадэм и лауреат Согуэ Данил Жамболэт и къуэм и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 80 ирикъуащ.

  • Композитор, Музыкэ театрым и артисту илъэс куэдкIэ лэжьа Согуэ Данил Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым Налшык дэт Музыкэ училищэр къиухащ.
  • Зэрысабийрэ макъамэмрэ уэрэдымрэ дихьэха Данил и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхылъиплI: «Дахащэу си адыгэщI» (1991 гъэ), «Жьэгу пащхьэ» (1995 гъэ), «Сэ уэрэдыр къыхызох» (2000 гъэ), «Зэ уадыгэну сыт и уасэ!» (2012 гъэ).
  • Къыхэгъэщыпхъэщ Согуэм и уэрэдхэм адыгэ лъэпкъым, хэкум, лъахэм гулъытэ хэха зэращыхуищIыр. Апхуэдэу абы иIэщ «Адыгэ хабзэ», «Адыгагъэ», «Си адыгэщI», «Адыгэ лIэужьхэр», «Адыгэ хэхэсым и лъэIу», «Адыгэ фащэ», «Адыгэ къафэ», «Си адэ лъахэ — си анэ куэщI», «Адыгэ псалъэ» уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри.
  • Согуэм и уэрэдхэр цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуащи, ахэр щIэх-щIэхыурэ радиокIэ къат, теплъэгъуэхэр трахыурэ телевиденэмкIэ къагъэлъагъуэ. Макъамэ гуакIуэрэ усыгъэ купщIафIэрэ зыщIэлъ а уэрэдхэм апхуэдэ цIэрыIуагъ щIагъуэтар ахэр зи IэдакъэщIэкIым и гуапагъэ Iыхьэ зэрахилъхьар арагъэнщ.
  • И япэ уэрэдыр дунейм къызэрытехьэрэ куэд щIами, Данил и цIэр лъэпкъ эстрадэм нобэми щыпэрытщ, абы и IэдакъэщIэкIхэм зэманыр зыпэмылъэщ мэгъу къару яхэлъщ. Яхэлъщ, купщIэ яIэщ, цIыхугум лъоIэсыфри.
  • Ди уэрэджыIакIуэ пажэхэу Нэхущ Чэрим, Сокъур Ольгэ, Кърым Иринэ, Даур Иринэ, Зеущэ Iэуес, Хъупсырджэн Альберт, Мэремыкъуэ Хъусен сымэ, нэгъуэщIхэми ягъэзащIэ Согуэм и IэдакъэщIэкI куэд.
  • Согуэ Данилрэ Даур Зоерэ я жьэгу пащхьэр адыгэ хабзэр щытепщэ унагъуэу зэрыщытыр я бжэщхьэIум узэребакъуэу гурыIуэгъуэ мэхъу.  Данил сыт и лъэныкъуэкIи зыдезыгъэкIу, зыщIэзыгъакъуэ Зое къыгуэхыпIэ имыIэу щэнхабзэм и хьэуам зэрыхэсыхьыр нэрылъагъущ. Данил дыщепсалъэм, къыщыгъупщэхэр гузавэу щIегъуж абы е мыхьэнэ иIэу къыщыхъу Iуэхугъуэ гуэрхэм щыгъуазэ дещI. Шэч къызытумыхьэжынуращи, нобэми макъамэ телъыджэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкI композиторым ар къызэрехъулIэр, творческэ къару зэриIэр куэдкIэ зи фIыгъэр абы щхьэгъусэ нэсу къыбгъэдэтырщ.
  • ЗанщIэу къыхэзгъэщынут — Данил  псэлъэрейхэм ящыщкъым. Ар гупсысакIуэу, лэжьакIуэу Тхьэм къигъэщIащ. ИтIанэ, мыбыи сегупсысащ, ар дунейм псалъэкIэкъым, уэрэдкIэщ зэрепсалъэри, абыкIэ адыгэ лъэпкъым дахагъэу жриIамрэ цIыхугуу игъэгуфIамрэ къыпхуэмылъытэн фIыгъуэу бгъэдэлъщ. Иджыблагъэ Согуэм дедгъэкIуэкIа псалъэмакъыр фи пащхьэ идолъхьэ.
  • — ЛIыпIэ иува ди адыгэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм ящыщу сэ уэрэдыпкъ зыхуэзмытха куэд щыIэкъым, — къригъэжьащ Данил. — Абыхэм яхэтт зи IэдакъэщIэкIхэр уэрэд хьэзыру къакIуэхэри, гугъу сехьу фIэкIа сызыхуэмытхэфхэри. Иджырей усакIуэхэм я усэ газетхэм, журналхэм къатехуауэ слъагъурэ, сигу ирихьмэ, езы тхакIуэм семычэнджэщу, щыстх щыIэщ. Усэм макъамэ щIэслъхьэн ипэ, хьэрф, псалъэ къэс нэрынэ-нэрынэу зэрызох, абы авторым щIилъхьа гупсысэр зыбжанэрэ си щхьэм щызызогъэзахуэри, итIанэщ макъамэр къыщыкIуэр. Къыщыхъу щыIэщ, усэр къызэрымыкIуэу уигу ирихьу, уеблэмэ и сатырхэр гум кIэрыпщIэу, ауэ уэрэд къыпхухэмыщIыкIыу.
  • — Данил, утхэну сытым къару къуитрэ?
  • — Сэ сымытхэу схуэшэчынукъым. Ауэ нэхъыбэу сытхэн гуращэ къызэзытыр, шэч хэмылъу, усэ дахэхэрщ. Ди тхакIуэхэм я усэхэр къытезгъэзэжурэ щIызоплъыкI, гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр къыщызогъуэт. Дауи, усэ псори уэрэд хъуркъым. Усэм и купщIэм, абы и мыхьэнэм, щIагъыбзэм елъытакъым уэрэд къыхэкIынрэ къыхэмыкIынрэ. Макъамэ хуэмыныкъуэ усэфIхэр щыIэщ, ауэ и нэхъыбэм макъамэ ящIэлъу тхащ, къахуэгъуэтын хуейуэ аращ армыхъумэ.
  • Уи уэрэдылъэ цIыкIухэм сапхыплъати, гу зылъыстаращ, ахэр адыгэ усыгъэм и курыххэр къыщыбгъуэтыну къыдэкIыгъуэ хьэлэмэтщ, ари лэжьыгъэфIу къэплъытэ хъунущ.
  • — Иджыпсту хуей дэтхэнэри матхэри, фIыр и лъащIэм макIуэ. Ауэ абыхэм къагурымыIуэр зыщ, Iэпэм къыпыкI псори уэрэд хъуркъым. Ди уэрэджыIакIуэхэм я нэхъыбэм къалэну зыхуагъэувыжыр нэхъыбэрэ утыкум итынырщ, цIэрыIуэ защIынырщ, а Iуэхум, Iэмал зэриIэкIэ, нэхъ псынщIэу мылъку къыхахынырщ. Ар гъуэгу нэпцIщ. Лэжьыгъэм апхуэдэу убгъэдыхьэ хъунукъым, абыи хуэпщI пщIэращ щыбгъуэтыжынур.
  • — Иджырей ди адыгэ эстрадэр сыт хуэдэу къэплъытэрэ?
  • — Сыт хуэдэ IэнатIэми хуэдэу, нэхъапэм цIыхухэр зэрылажьэу щытамрэ иджырей зэманымрэ зэбгъапщэмэ, зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэщ. Иджыпсту цIыхухэр нэхъыбэу я щхьэ Iуэхущ зэгугъур. Нэхъапэм лэжьыгъэм пщIэ иIэт, псом хуэмыдэу, усэмрэ уэрэдымрэ хуащI гулъытэр лъагэт. Иджы уи сом хэплъхьэн, уэ езым уи къару къызэрихькIэ а унэтIыныгъэм зебгъэужьыжын хуейщ. Ауэ мыри къыхэгъэщыпхъэщ. Тхэну хуей цIыхум щхьэусыгъуэ къилъыхъуэр- къым. Зэманыр хьэлъэ хъуами, абы IэнатIэм хуэпэж, гурэ псэкIэ ета цIыхухэр къыхигъэкъэбзыкIыу аркъудейщ. Лъэпкъым хуэлажьэ цIы-хум и гуащIэм зыми хухэгъэщIынукъым.
  • Си уэрэд жызымыIэ щIагъуэ яхэткъым ди эстрадэм и лэжьакIуэхэм. Iуэхуракъэ, иджы псори тхакIуэ, усакIуэ, уэрэджыIакIуэ хъуащ. Ауэ уи цIэр нобэ бгъэIукIэ зэфIэкIрэ. «Иджыри зэ дедэIуэжащэрэт!» — уэрэдым хужамыIэмэ, си дежкIэ а лэжьыгъэм мыхьэнэ иIэкъым. Ауэ ахэри бгъэкъуэншэныр щыуагъэу къыщIэкIынщ, псоми я щхьэ Iуэху зэрахуэ, зэрыхъум хуэдэу мэпсэу. Къэралым творческэ Iэужьым пщIэ хуищIу щытамэ, а псори къэхъунутэкъым.
  • — Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, уи творческэ гъуэгуанэм и къежьапIэм Москва Агитационнэ бригадэхэм я урысейпсо зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм фыщыIащ. Абы мащIэу и гугъу уэзгъэщIынут.
  • — Зеикъуэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIу сылажьэрти, 1964 гъэм Агитбригадэ къызэдгъэпэщат. ЛэжьакIуэфIхэр къыхэщу сценарийр стхыри, щIыналъэ зэпеуэм япэ увыпIэр къыщытхьат. Налшык щекIуэкIа зэпеуэм етIуанэ дыщыхъуащ, Солдатскэ щIыналъэм къикIа урыс гупым япэ увыпIэр иратри. Республикэм къыбгъэдэкIыу зы гуп Москва ягъэкIуэн хуейти, урысхэр лIыкIуэ ямыщIу, дэ дагъэкIуат. Къашыргъэ Билал, Бер Хьэбалэ, НэщIэпыджэ Ибрэхьим сымэ мазэкIэ дагъэхьэзырри дагъэкIуат. Ди гупым хэтащ «Адыгэ псалъэ» газетым иджы и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэди. Абы дыкIуэу дыкъэкIуэжыху Мухьэмэд и нэр къытримыгъэкIыу, нэпсейуэ газетрэ журналу къигъуэтыр щIиджыкIырт. Абдежым сэркIэ гурыIуэгъуэ хъуат журналист телъыджэ къызэрыхэкIынур. Зэрытлъагъущи, сыщыуатэкъым!
  • Зеикъуэ Агитбригадэр абы лауреат дыщыхъури, дыгуфIэу дыкъэкIуэжауэ щытащ.
  • — 2012 гъэм «Зэ уадыгэну сыт и уасэ!» уи тхылъыр дунейм къытехьащ. Лъэпкъым ухуэлажьэу къэпкIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, уадыгэну сыт и уасэ?
  • — Ар уасэншэ фIыгъуэщ. Гугъущ, ауэ зы лъэныкъуэкIи тыншщ. Адыгэлъ пщIэту укъалъху къудейкIэ зэфIэкIыркъым — адыгагъэ зыхэбгъэлъын, абы зытебгъэпсыхьын, адыгэ гупсысэкIэм, псэукIэм утетын хуейщ. Сэ Iэджэрэ къысхуохуэ сызэрыадыгэм сыщыщыгуфIыкIыж. НэгъуэщI щIыпIэхэм сыщыIауэ гуемыIу гуэрхэр си нэгу щIэкIмэ, ди хабзэ дахэхэм, ди цIыху щыпкъэхэм си гур къызэрагъэгъуэтыж. Уадыгэным нэхъ лъапIэ щыIэкъым!
  • — Адыгагъэм и IэфIыр щIэблэм къедгъэщIэн, яIурытлъхьэн папщIэ, сыт щIапхъэу къэплъытэрэ?
  • — Ар хуабжьу Iуэху инщ, лъэпкъыр зыгъэгузавэхэм ящыщщ. Унагъуэм, хьэблэм, къуажэм деж къыщежьэ Iуэхущ ар. АдыгэбзэкIэ псалъэ сабийм и адэ-анэм щыIэпыщIаудри мащIэкъым. Сэ сызэреплъымкIэ, мы Iуэхур иджыпсту псори дызэлэжьыпхъэщ, адэ-анэм я закъуэ ябгъэдэтлъхьэмэ, яхуэгъэкъаруунукъым.
  • — Уи псалъэхэм къыхэбгъэщащ уи творчествэр фIыуэ зылъагъухэр зэман гъунэгъум тхылъыщIэкIэ бгъэгуфIэну…
  • — Усэ нэхъыфIу къэслъытэхэм яхуэстха уэрэдхэр щызэхуэхьэсауэ, щIэ куэди иту «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фIэщыгъэм щIэт тхылъ мыгувэу дунейм къытезгъэхьэну сыщогугъ.
  • — Уи IэдакъэщIэкI псоми хэбгъэфIыкIыу, зэманми гъащIэми хуэмыгъэкIуэщIу сыт хуэдэ уэрэд уиIэ?
  • — «Адыгэр зы дыхъужарэт!» фIэщыгъэм щIэту Зеущэ Iэуес жиIэу уэрэд сиIэщ. Мис ар фIы дыдэу солъагъу, си хъуэпсапIэри аращ — лъэпкъыр зы дыхъужынырщ.
  • — Уи гукъеуэр-щэ?
  • — Художественнэ совет, фIымрэ Iеймрэ зэхэзыгъэкI IэщIагъэлI гуп дызэримыIэрщ си гукъеуэр. лъэпкъ гъуазджэм сытым хуэдэу зригъэужьынут абы.
  • — Илъэс 80 гъуэгуанэ къызэбнэкIащи, гъащIэм къыщыхэпха IэщIагъэм насыпыфIэ уищIауэ пхужыIэну?
  • — Мэршэнкъул Iэдэм тхьэмыщкIэм къызжиIауэ щытащ: «Уи насыпщ, Данил! Уэ дунейм уехыжми, умылIа пэлъытэ ухъунущ. Уи Iэужьыр уи яужькIи псэунущ».
  • — Уарэзы-тIэ абыкIэ?
  • — Си унагъуэр схуэузыншэмэ, ди щIэблэм я гуфIэгъуэ тлъагъумэ, абыхэм иджыри тIэкIурэ сакIэлъыплъыфмэ, сынасыпыфIэщ!
  • — ИлъэсыщIэ къихьам ди щIэджыкIакIуэхэм сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэнт?
  • — ЦIыхум и зэфIэкI, щIэныгъэ, IэщIагъэ, къулыкъу емылъытауэ, къызыхэкIа лъэпкъым пщIэ хуищIын, ар фIыуэ илъагъун хуейщ. Армырамэ, абы бгъэдэлъ, иIэ псоми мыхьэнэ яIэкъым. Дэтхэнэ унагъуэри узыншагъэ, дэрэжэгъуэ щымыщIэу, гукъеуэр я мащIэу псэуну си гуапэщ.
  •  Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
  •  
  • И макъамэр  иремыужьых
  • Зы махуи къанэркъым а цIыху гуапэм и уэрэд дахэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр радиомкIэ, телевиденэмкIэ къамыту. А макъамэхэр апхуэдизкIэ гуакIуэщи, узыIэпамышэнкIэ, гупсэхугъуэ къыуамытынкIэ Iэмал иIэкъым. Нэрылъагъущ ахэр гу къабзэм, псэ щабэм къызэригъэщIар. Алыхьым и шыкуркIэ, ди лъэпкъым и мащIэкъым макъамэтххэр, уэрэдус узэрыгушхуэ хъунухэр. Апхуэдэхэт игъуэ нэмысу дунейм ехыжахэу КIарэ Фолэ, ДыщэкI Залымхъан, Бахъуэ БетIал сымэ. Лъэпкъ макъамэм хэлъхьэныгъэ пыухыкIа хуищIащ уэрэдус, уэрэджыIакIуэ, цIыху гъуэзэджэ, хьэл-щэн дахэ зыхэлъ, сыткIи уи дзыхь зэбгъэз хъун, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Согуэ Данил.
  • Данил сэ зэрысцIыхурэ илъэс 25-м щIигъуащ. Ди зэрыцIыхуныгъэр къызэрежьам, адэкIи ныбжьэгъу дызэрызэхуэхъуам сыщытепсэлъыхьыну сыхуейт мы тхыгъэм. Дэ, щIалэ гуп дыхъуу, дзэм къулыкъу щытщIэри дыкъэкIуэжри, щIэддзэжауэ культпросветучилищэм дыщеджэрт. Мазэ бжыгъэкIэ дакъыкIэрыхуат дызыхагъэтIысхьэжахэм, абыхэм Iэмал имыIэу пIалъэ кIэщIым далъэщIыхьэжын хуейт, ар Iуэху тынштэкъым. Абы къыхэкIкIэ макъамэ Iэмэпсымэхэм зыщыхуагъасэ пэшхэм я IункIыбзэIуххэр дэ нэхъ къыдатырт икIи бжэхэр зэхуащIыжыху пианинэм дыбгъэдэст, баяным деуэфу зедгъасэрт, уэрэд зэдгъащIэрт. Апхуэдэу, пIалъэ гуэр докIри, къыдагъэбыдылIа пэшым и IункIыбзэIухыр къыдатыркъым, ар нэгъуэщIым къищтауэ къыджаIэ. ТIэкIу дызэгуэпауэ ещанэ къатым дыдокIуейри, пэшым и бжэр Iудох, дыщIэплъэмэ — щIалэ гуэр пианинэм бгъэдэсщ, Iэпэ зырызкIэ зыгуэрхэр къригъэкIыу, адыгэм зэрыжиIащи, «тецIыбыхьу». Зыри жыдмыIэу дыкъыIукIыжащ, зэрыхъу хъунщ, жытIэри.
  • ЕтIуанэ махуэм дымыхьэзырыщэу еджапIэм дыкIуащ. Къэхъуам щыщIэупщIэм, ди егъэджакIуэм Iуэхур зэрыхъуар жетIащ. Ар, зи ахърэтыр нэху хъун, Дагъыстэн Республикэм щIыхь зиIэ и артист, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэу щыта, гу щабэ, зэхэщIыкIышхуэ зыхэлъа Ханукаевэ Дорэт. Абы дызэрыригъаджэр уэрэд жыIэнырт.
  • — Си щIалэхэ, фымыгузавэ, псори и пIэ иувэжынущ, — жиIащ Ханукаевэм, — зыхуэвгъэшэч. Сэ вжесIэнуращи, а  щIалэм хуэдэу фегугъумэ, фыкъызыхэтIысхьэжахэм псынщIэу фалъэщIыхьэжынущ. Ауэ, мыри зыщывмыгъэгъупщэ, а зи гугъу фщIы щIалэр Согуэ Данилщ. Къыфхуихуэнщ адыгэ лъэпкъыр ДанилкIэ фыщыгушхуэн зэман. Согуэр зэфIэкI зыбгъэдэлъ цIыхущ, ар зы IэпэкIэ теуэу къыфщыхъуами, абы макъамэ гъуэзэджэхэр къегупсысыф, уэрэд хъарзынэ зыбжани итхащ. Данил хуэдэу фыерыщ, фи макъми, фи цIыхугъэми зевгъэужьи, зэи фыщыуэнукъым, фи щхьэрэ фи пщIэрэ улъиинукъым. Сэ вжесIа псори фигу къыщыкIыжын зэман къыфхуихуэнщ…
  • Ханукаевэ Дорэ иригъэджахэр, зи макъыр тэмэму «игъэувахэр», уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ хъуахэр пщIы бжыгъэ мэхъу. Абыхэм ящыщщ Согуэ Данили.
  • Согуэм уэрэдхэр итх къудейкъым, «Сосрыкъуэ» цIыхухъу уэрэджыIакIуэ гуп цIэрыIуэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщщ. Абы и зэфIэкIыр Музыкэ театрым щагъэува опереттэхэм еплъахэм я мызакъуэу, «Сосрыкъуэ» ансамблым къуажэхэм щигъэлъэгъуа концертхэми куэдрэ утыку къыщрахьащ.
  • — Данил удэлэжьэну хуабжьу тыншщ икIи гугъущ, — жеIэ Музыкэ театрым и солист, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий. — Театрым щIэуэ зыгуэрхэр щыщыдгъэувым и деж, ар Iуэхум къызэрыпхутечын щыIэкъым, игъэзащIэ ролым фIэкIа зыри зыхищIэркъым. Езым и уэрэдыщIэ щызэбгъащIэкIи, хуабжьу ткIийщ. И уэрэдым и режиссёр нэс ар мэхъуж. Апхуэдэущ зэрыщытын хуейри гу къабзэм къикI макъамэр дунейм къытезыгъэхьэ цIыхур. Си гуапэщ Данил дяпэкIи уэрэдыщIэхэмкIэ дигъэгуфIэну.
  • Согуэ Данил уэрэду 200-м нэблагъэ итхащ, абыхэм я нэхъыбэр цIыхубэ уэрэд хъуащ. Согуэм итхауэ зымыщIэхэри гъунэжщ. И зэфIэкIым хигъэхъуэн щхьэкIэ республикэм и композитор пажэхэм я чэнджэщхэм сыт щыгъуи щIодэIу, щIэ гуэр лъыхъуэ зэпытщ. Иужьрей илъэсхэм ар жыджэру ядолажьэ ди усакIуэ цIэрыIуэхэу Къэжэр Пётр, Бицу Анатолэ, Тхьэзэплъ Хьэсэн сымэ, нэгъуэщIхэми. Абы уэрэд цIэрыIуэ куэд дитхауэ щытащ игъуэ нэмысу дунейм ехыжахэу Къанкъул ФIыцIэрэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэрэ.
  • Данил и уэрэдхэр зытемыухуахэр жыIэгъуейщ. Ауэ иужьрей илъэсхэм Согуэм гулъытэ нэхъыбэ хуищI хъуащ адыгэ лъэпкъым хуэусэным, абы и хабзэ дахэхэр гъэIуным, и лIыгъэр къэIэтыжыным. Апхуэдэхэщ, «Жьэгу пащхьэ», «Адыгэ напэ», «Адыгэ хасэ», «Хабзэ», «Адыгэ лIэужьхэр», «Къызоплъыхь хэкужьыр», «Къэуш, адыгэ, къэуш», нэгъуэщIхэри. иремыужьых Данил и макъамэр зэи.
  • Ди газетыр къызэрыдэкIрэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу абы редакцэм и лэжьакIуэхэм тыгъэ лъапIэ тхуищIащ «Адыгэ псалъэ» уэрэдымкIэ. Дэ абы дримыгушхуэу къэнакъым.
  • КIэрэф Хьэсэнбий. 1999 гъэ.
  • Лъэпкъым  хуолажьэ
  • Хэт зэхиха симфоние произведенэ гуэрым и макъамэ цIыхум Iупэтелъ яхуэхъуауэ, а макъамэр къришу е фий макъкIэ къригъэкIыу? Апхуэдэ къэхъуми къыщыхъур а произведенэр фIы дыдэу, икъукIэ цIэрыIуэу, гурыхьу щыщытым и дежщ. Уэрэдыр-щэ? Ар щэрэ минщ. Дзапэ уэрэду дэнэкIи щызэхэпхыр аращ.
  • Ауэ уэрэдым гъащIэ гуэр иIэщ: языныкъуэхэр дунейм къытохьэри, куэд дэмыкIыу мэкIуэдыж, языныкъуэри зыкъомрэ мэпсэу, я щIэщыгъуэр йокIри, ахэри яIэщIохуж. Ауэ щыIэщ мыужэгъуу, цIыхухэм жаIэу, ар я гъащIэ гъусэу — илъэс тIощIкIэ, щэ ныкъуэкIэ, илъэсищэкIэ, щитIкIэ къадекIуэкIхэр.
  • Согуэ Данил и уэрэдхэр жаIэ, ягу ирохь. Мис иджы зы махуэ, адыгэ уэрэдымкIэ ныбжьыщIэ студие къызэзгъэпэщам, къуажэм къикIа хъыджэбз цIыкIу гуэрым и макъым седэIуэн хуейти, сыт хуэдэ уэрэд жыпIэнур щыжысIэм, «Заремэ» уэрэдыр жиIащ. Абы къикIыр аращи, Данил и уэрэдхэр цIыхум фIыуэ ялъагъу.
  • Согуэм уэрэд куэд итхащ, ауэ дэ, профессионалхэм, музыкэр зи IэщIагъэхэм, дунейм къытехьа произведенэм, иджыпсту зи гугъу сщIыр уэрэдращи, а уэрэдым дауэ дыщымытхъуами, дымыубами, ар хъуауэ къыщыплъытэнур лъэпкъым къищтэмэщ, дзапэ уэрэд хуэхъумэщ, аращ абы редактор нэхъыщхьэ хуэхъуу сэ къэслъытэр. Согуэ Данил и насыпщ, абы иIэщ апхуэдэ уэрэдхэр, дзапэ уэрэд цIыхухэм яхуэхъуауэ.
  •  Даур Аслъэн.
  • 1994 гъэ.
  •  

    Согуэ Данил «Мадинэ» оперэм щоджэгу.1971 гъэ

  • Зыми  емыщхь
  • Зыми емыщхь макъамэ къэгъуэтыным Данил гугъу лъэпкъ демыхьу къыпщохъу. Ар икIи пэжу къыщIэкIынщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Согуэр хущIэкъуркъым гум къимыкI макъамэ къигупсысыну. УсэфI къыIэрыхьа иужь, макъамэр езыр-езыр къыхуокIуэ. Ауэ хьэзыру къыпщыхъуа уэрэдым, нэгъуэщI макъамэ зэмылIэужьыгъуэхэри щIигъэувэурэ йоплъри, нэхъ екIур къыхехыж. Абы и уэрэдхэм ущыхэплъэкIэ, гу лъумытэу къанэркъым композиторыр псом хуэмыдэу и хэкум, и лъэпкъым хуэусэн зэрыфIэфIым, къызыхэкIа лъэпкъым, къыщалъхуа щIыналъэм абы хуиIэ лъагъуныгъэр зэрымыкIуэщIым. Абы и щыхьэт наIуэщ и уэрэдхэм я цIэ къудейр.
  • Согуэм и творчествэм щIыпIэшхуэ щеубыд лирикэ уэрэдым. Апхуэдэхэщ цIэрыIуэ хъуахэу «Бжьыхьэ уэшх», «Си Налшык», «ЕфIакIуэ, Зеикъуэ», «Дзэлыкъуэкъуажэ», «Псыхъурей», «Псалъэр Налшыкщ», «Лъэпкъым и лIыхъужь», «Сыт уи псэукIэ, адыгэ?», «Анэм хузотх…», «Ар си Заремэщ» жыхуиIэ уэрэдхэр. Абыхэм ящIэлъ макъамэ дахэм гур къызэщIеIэтэ, адыгэхэм я уэрэд IуэрыIуатэм пэгъу- нэгъущ. Аращ едаIуэхэм дежкIэ ахэр гуимыхуж зыщIыр.
  • Гур изыуд, Iэпкълъэпкъыр щIэзыгъалIэ гуауэшхуэ илъэгъуащ Данил. Чернобыль АЭС-м къыщыхъуа насыпыншагъэм и Iэужьхэр ягъэзэкIуэжын папщIэ дзэ къулыкъум ираджауэ щытахэм яхэту дашат Данил и къуэ закъуэ Альберти. Языныкъуэхэр, я насып текIуэри, я узыншагъэм сэкъатышхуэ игъуэтами, псэууэ къыхэкIыжащ мафIэ лыгъейм. Альберт Белоруссием щыщ Боровляный къалэм и сымаджэщым щIэхуащ, зэман куэд дэмыкIыуи, зи дахэгъуэ, зи щIалэгъуэ ныбжьыщIэр дунейм ехыжащ.
  • Журналисткэ Канапацкая Татьянэ и тхыгъэу Белоруссием къыщыдэкI «Лунинец» газетым къытрыригъэдза тхыгъэм итщ: «УсакIуэ цIэрыIуэ Колас Екъуб щагъэлъапIэ махуэшхуэм ирихьэлIэу 2002 гъэм екIуэкIауэ щытащ «Лунинецкие каласовики» зыфIаща уэрэд фестиваль. Зэхьэзэхуэм щытекIуащ курыт еджапIэм щIэс, Колас Екъуб и «На новой земле» усэм макъамэ щIилъхьэу уэрэдыр зыгъэзэщIэжа хъыджэбз цIыкIур. Альбинэ Белоруссием дежкIэ унэцIэ гъэщIэгъуэн зэрехьэ — Согуэ».
  • Дэтхэнэ сымаджэми гулъытэ хуэщIыныр лэжьыгъэ къалэну къэлъытэныр мащIэ къыщIэкIынщ. БэкIэ къыпщыгугъ сымаджэм и узыр псалъэкIэ, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэмкIэ щхьэщыпхыфын папщIэ, дохутыр IэщIагъэм укъыхуигъэщIауэ ущытыпхъэщ. Апхуэдэт сымаджэщым япэ дыдэу щIэхуа Альберт зыIущIа, гуэл щхъуантIэкIэ къулей щIыпIэ дахэ Полесьем щыщ хъыджэбз ныбжьыщIэ цIыкIур, госпиталым и медсестрар. Теплъэ гуакIуэ зиIэ бзылъхугъэм и щытыкIэкIи, гу пцIанагъкIи узыIэпишэрт. Арат илъэс 20 фIэкIа зи мыныбжь сымаджэм и гур абы щIыкIэрыпщIар.
  • Лъагъуныгъэшхуэр зи псэм щыуша щIалэм къыгурыIуэртэкъым е и фIэщ хъуну хуейтэкъым зэман мащIэ дыдэ фIэкIа къызэрыхуэмынар. Ауэ хъыджэбзым ищIэрт уз бзаджэм Альберт зэримыгъэпсэунур. ИтIанэми, псалъэкIэ е и щытыкIэкIэ щIалэм и Iуэхур зэрыIейр къригъащIэртэкъым. Сыт и лъэныкъуэкIи Альберт и гур фIы зэрыхуищIыным иужь итт, фIыуэ зэрилъагъур сытым дежи жриIэрт, и нэм, и псэм хуихьырт. Сымаджэщым и палатэм щыдахащ абыхэм я хьэгъуэлIыгъуэр. А лъагъуныгъэр армырауэ пIэрэ щIалэм и гъащIэр мазэ бжыгъэкIэ нэхъ кIыхь зыщIар? Армырауи щрети, насыпыфIэу дунейм ехыжакъэ?! А цIыхубз цIыкIум Альберт и унэцIэр къищтэу и сабийм ар къыхуимыгъэнамэ, мафIэ лыгъейм хисхьэпатэкъэ щIалэм и унэцIэри, и цIэри, и гъащIэри. Альберт дунейм щехыжари Альбинэ къыщалъхуари 1988 гъэрщ, ауэ мазитху я зэхуакуу. Пасэу яхэкIыжа къуэм и фэеплъщ щIыпIэ жыжьэм щыпсэу зэанэзэпхъур.
  • Чернобыль АЭС-м и щхьэгъусэр зэрыхэкIуэдам щхьэкIэ къалэм унэ къыщратащ Альбинэ и анэм. Абы и дахагъэм гу къылъамытэуи къэнакъым. Ауэ, сыт хуэдиз лъыхъу имыIами, быну нэгъуэщI лIым дигъуэтынур Согуэу ятхыну щхьэгъусэ хуэхъунум гурымыIуауэ, дэкIуэну арэзы те- хъуакъым. Иджы цIыхубзыр унагъуэ исщ, Согуэ унэцIэр хъыджэбз цIыкIуитIрэ зы щIалэ цIыкIумрэ зэрахьэ. Ахэр щIохъуэпс Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ я благъэхэр Полесьем кIуэуэ яхуэхьэщIэну. Псом хуэмыдэжу абыхэм къожьэ адыгэ композиторым, и адэшхуэм и IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу, уэрэд зыус Альбинэ цIыкIу. И макъамэ псори хъыджэбз цIыкIум зэритхыр и адэм и сурэту и пэшым щыфIэдзам еплъурэщ. Альбинэ Белоруссием, Москва, нэгъуэщI щIыналъэхэми щекIуэкIа зэхьэзэхуэ зыбжанэм я лауреатщ. Ди гуапэщ, Тхьэм иригъэфIакIуэ!
  • Гукъутэрэ гуфIэгъуэу зэхэлъ мы хъыбарырщ Канапацкэм дызыщигъэгъуэзар.
  • Согуэ Данил лIыгъэшхуэ зэрихьащ, гуауэм зримыгъэпIытIу, куэдым къазэрыщыщIым хуэдэу, фадэм зыдримыгъэхьэхыу и гузэвэгъуэм зэрыпэщIэтамкIэ. Гузэвэгъуэм къезыгъэлари фIыуэ илъагъу и лэжьыгъэр арауэ къыщIэкIынщ. Уэрэд иусахэм ящIэлъ гупсысэм, ар композитор нэсым зэриIэщIагъэм республикэм и унафэщIхэми гу лъамытэу къэнакъым. 1988 гъэм абы «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ, Дунейпсо Артиадэм и лауреати хъуащ.
  • Данил хэлъщ композиторым Iэмал имыIэу бгъэдэлъын хуей зы хьэл — цIыхум и макъым, и хьэл-щэным, хэхауэ иIэ щхьэхуэныгъэхэм елъытауэ игъэзэщIэфыну уэрэдхэр щыуагъэншэу къыхехыф.
  • Композиторым къыдэлажьэхэу, и ныбжьэгъухэу Уэтэр МуIэед, Урыс Iэмыр, Зеущэ Iэуес сымэ мыпхуэдэ псалъэхэр хужаIэ Согуэм.
  • Уэтэр МуIэед: — Согуэм и уэрэдхэмрэ и макъамэхэмрэ си псэр ягъэпIейтей. Сэри ахэр цIыхум я гум нэсу, авторми сэри жытIэну дызыхуеяр гурыIуэгъуэ ящыхъуу зэрызгъэзэщIэным яужь ситщ. Данил сызэрыдэлажьэм гузэгъэгъуэ ин къызет.
  • Урыс Iэмыр: — Согуэ Данил хуэдэ ныбжьэгъу уиIэныр насыпышхуэщ. Си фIэщ мэхъу дызыгъэгуфIэн уэрэд дахэ куэд дяпэкIи абы зэритхынур.
  • Зеущэ Iэуес: — Данил и уэрэдхэр сыт зэмани згъэзэщIэну сфIэфIщ, уи гум фIыр, дахэр щагъэуш. Ар мыувыIэу зэрылажьэри и хьэлыфIхэм ящыщ зыщ. Ди нобэрей гъащIэ мытыншым езым и увыпIэ Данил къызэрыщигъуэтыфам шэч лъэпкъ къытумыхьэми хъуну къызолъытэ. Ар абы наIуэ къищIащ и уэрэд цIэрыIуэхэмкIэ. Ахэр 250-м щIегъу. Си гуапэщ дяпэкIи ехъулIэныгъэ иIэну.
  • Дэбагъуэ Хьэсэн,
  • КъБР-м щIыхь зиIэ и артист,
  • Музыкэ театрым и солист.
  • 2005 гъэ