ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIэрэф Залымджэрий

2020-01-21

  • Нобэ фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэр 1907 гъэм «Дунейм и хъуреягъкIэ» («Вокруг света») журналым «Клод» унэцIэ нэпцIыр щIэту къытехуауэ щытащ. Абы и щхьэусыгъуэнкIи хъунур Iуэтэжым зи гугъу ищI урыс-япон зауэм Кавказым щыщхэр зэрыхэта щIыкIэм цIыхухэр иджыри хуиту зэрытемыпсэлъыхьырт. Хъыбарым зи цIэ къыхэщ КIэрэф Залымджэрий къозыгъэцIыху тхыгъэхэр мызэ-мытIэу тетащ «Адыгэ псалъэм». А псоми зэтехуэу къыхощ а зауэм даша адыгэ щIалэхэр зыпэмылъэщыну бийм Iэпщэ пцIанэкIэ зэрыпэщIагъэувар, ар ямыдэу зыкъызэраIэтар щIэпхъаджагъэу зэрыщымытар, абыхэм я пашэу щыта КIэрэф Залымджэрий хейуэ зэраукIар.

  • Нобэ утыку илъ дэфтэрхэм хъарзынэу щыгъуазэ уащI мы Iуэтэжым зи цIэ къыхэщ КIэрэф Залымджэрий и гъащIэ гъуэгу кIэщIым. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар а зэманым щIэныгъэ зиIэу лъэпкъым къыхэкIа закъуэтIакъуэхэм ящыщт, «Бгырыс словеснэ суд» жыхуаIэм зэдзэкIакIуэу щылэжьэн хуэдизу урысыбзэ ищIэу. Зауэм щыIухьа илъэсым щIалэр илъэс 33-рэ хъурт. Хъэдижэрэ Залымджэрийрэ зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ яIэт, етIуанэ щIалэ цIыкIур и адэр зауэм щыIэу дунейм къытехьащ. ЛIыхъужьым и лIакъуэр, дауэ хъуами, зэпыуакъым. УкI тезыркIэ дунейм ехыжа Залымджэрий и къуэ Токъан и щIэблэр Франджым щыщ Корсикэ хытIыгум щыпсэууэ хъыбар щыIэщ.
  • КIэрэфыр къызыдэкIа Къылышбийхьэблэм щыщт лIыхъужьым усэ гукъинэж хуэзыуса ПащIэ Бэчмырзэ. Адыгэ литературэм пщIэ щызиIэ тхыдэ романхэм язщ Нало Ахьмэдхъан урыс-япон зауэм адыгэхэр зэрыхэтар къыщигъэлъэгъуэжа «Нэхущ шури».
  • Къэбэрдеишхуэр   зэрыгушхуэ
  • Iуэтэж
  • Къэгузэващ, зэщIэхъеящ Къэбэрдеишхуэр. Нобэ уафэхуэплъэу щыт азэнджапIэм къыхуеджэныгъэ къыщыIуащ. МуIэзиным щIалэщIэхэр къриджащ Маньчжурие жыхуаIэ щIыпIэ жыжьэм щекIуэкI къэзэуат лъапIэм хыхьэу, зи фэр гъуэжь бийм текIуэу лIыгъэ къагъэлъэгъуэну. Куэдрэ гупсысакъым щауэхэр. Хасэ зэхуашэсщ, нэхъыжьхэр кърагъэтIысэкIри, Къэбэрдеишхуэм икIыу зы дзэ зэрагъэпэщыну унафэ къащтащ.
  • Шууей хъыжьэхэм заузэд Iэщэ-фащэкIэ. Мазэ докIри, ахэр зэрежьэнум хуэдэу къызэхуос. Абдеж дыдэм тхьэ щаIуэ я псалъэм емыпцIыжу хэкум хуэпэжыну. Яшхэри я щхьэхэри мазихкIэ зи унафэм щIэтыну дзэпщым IэщIалъхьэ, илъэс ныкъуэкIэ къалэжьыну улахуэри кърат, дзэзешэхэр къытрагуашэри зауэм даш.
  • Къэбэрдеишхуэм и къуэхэр иригъажьэрт. КъимыкIуэту лIыхъужьыгъэ зэрахьэну, къуентхъышхуэ яIэу къагъэзэжыну ехъуэхъухэрт. Къэнэщхъеящ щIалэфIхэр, фIыуэ ялъагъу я хэкум, Кавказым пэIэщIэ щыхъум. ШыкIэпшынэ макъыр щабэу къэIурт, мафIэгу шэрхъхэм я макъамэ гугъэкIуэдым зэшыгъуэу дежьууэ.
  • КIуэ пэтми хэкум нэхъ пэIэщIэ мэхъу щIалэфIхэр. Куэд щIат Кавказ къуршхэм я къуапэхэр гъатхэ пшагъуэм зэрыхэкIуэдэжрэ. Ауэрэ Уралыр къызэранэкIащ, абы адкIэжкIэ яшэ. Иджы гъуэгум Сыбыр тафэм зыщеубгъу.
  • КъуэкIыпIэмкIэ зауэм и мэр кърех. АпщIондэху мафIэгу тедзапIэхэм ислъэмейм и пшыналъэ нэжэгужэр къыщоIу. Щауэхэм псэ къахохьэжри, пщыхьэщхьэкIэрэ топсэлъыхь нэхъыжьхэм я гъусэу къапэщылъ лIыхъужьыгъэхэмрэ къуентхъ къаIэрыхьэнухэмрэ.
  • Мис ахэр Маньчжуриеми къэсакIэщ. Пщэдей щауэфIхэр япэ дыдэ зауэ IэнатIэм Iухьэнущ, я лIыгъэр къыщагъэлъагъуэу, я щIыхьыр Кавказ къуажэ псоми щаIуэтэжын хуэдэу.
  •  Зэхэуэм и гуащIэгъуэщ. Фочышэмрэ топышэмрэ я уэ макъым Маньчжурием и Iуащхьэхэр зэщIищтащ. ЩауэфIхэр сытым дежи зауэ IэнатIэм Iутщ. Урысыдзэм хэт лIыхъужьхэм нэхърэ мынэхъ тIасхъэу мэзауэ.
  • ЗэрытекIуэнур наIуэу, ахэр гъуахъуэурэ бийм йобгъэрыкIуэри, я лъэужь щIым къытрамынэу зэтраукIэ.
  • Иухащ зэхэуэр, абыхэм я япэ зэуэгъуэр. Куэд хаукIыкIащ ди щIалэхэм, куэд ягъеижынущ жьыхуегъэзэкI хъуа адэ-анэхэм, щхьэгъусэ щIалэхэм. Къела щIалэфIхэм яукIа я ныбжьэгъухэм ялъ ящIэжыну мурад ящI. Зэуэну, бийм хурикъужыну пабгъэу хохьэ ахэр къыкIэлъыкIуэ зэхэуэм, къикIуэтыну замыгъэхьэзыру.
  • Мазитху хъуащ ахэр зауэм зэрыщыIэрэ. Куэд дэмыкIыу я къуажэхэм текIуэныгъэр я Iэпэгъуу ягъэзэжынухэщ, Кавказ къуршхэм къахуеблэгъэжынущ. Ауэ зэкIэ зауэм Iутщ.
  • Къэсащ къахуэмыгъэс зэуэгъуэ махуэри. Нэхъ гуащIэжу, нэхъ гущIэгъуншэжу мэзауэ щауэхэр, япэрейм елъытауэ. Удзым ещхьу, ирещIыкI лIэныгъэм зи псэугъуэ щIалэфIхэр. Зэбгрыжу псыкъелъэм хуэдэу зытрадзэну хунэмыс щIыкIэ, пщIы бжыгъэхэр яхеукIыкI бий емылыджым. Шым зытрагъащIэу, жьым хуэдэу псынщIэу яхэлъэдэну хунэмысу, щэIу закъуи зэхыуамыгъэхыу Мухьэмэд лъапIэм къызэригъэгугъа жэнэтым макIуэхэр. Къэнэщхъеящ, пшагъуэ къытрихьащ щауэфIхэм я нэгум.
  • Къэбэрдеишхуэр щIэгушхуэ лIыхъужьхэм я ныбжьэгъухэм, я къуэшхэм ялъ ящIэжыну Iэмал ямыгъуэтыныр пэж? Зи фэ гъуэжь бийр нэхъ къарууфIэу ара ди щауэ бжьыфIэхэм нэхърэ? Хьэуэ! Хьэуэ! ЛIыгъэкIэ абыхэм къапеуэфын щыIэкъым, къамэр я жырыIэм IэщIэлъу бгъэгукIэ бийм пэщIагъэувэмэ. Аращ ящIэну-ри.
  • Зы махуэ докIри, щауэфIхэм губгъуэм зраугуашэ. Псыкъелъэ уэрым ещхьу, бийхэм я топхэм яжьэхолъадэ къамэр дзэкIэ зыкъуз щIалэ къабзэхэр. Ауэ дакъикъэ къэс бийм пэщIэувэну хьэзырхэр гъущI бэджыхъым йозэрыхьри, зыкъэмынэ хокIуадэ, хьэкIэкхъуэкIэ мыгъасэм ещхьу зэтраукIэ.
  • МащIэщ къэзыгъэзэжар абыхэм ящыщу. КъэкIуэжхэри адрей щIалэхэм жраIэжащ Iуэхур зыIутыр. Сыт-тIэ иджы ящIэнур? Дэнэ щыIэ Кавказ тхьэIухудхэр къызэрагъэгугъа текIуэныгъэр?
  • Аргуэру нэхъыжьхэр зэхуашэсри, Хасэ ирагъэкIуэкI. Унафэ къащтэ псори я унэ екIуэлIэжу хэкIуэдахэм я лIыгъэр псэухэм хуаIуэтэжыну.
  • Уэркъ щауэ щIалэ КIэрэфхэ я къуэр пашэу хахри, дзэпщым деж яутIыпщ нэхъыжьхэм я унафэм щыгъуазэ ищIыну, къэнэжахэр Къэбэрдейм яутIыпщыжыну.
  • Дзэпщым е жиIар къыгурымыIуарэ, е къиутIыпщыжыну хуэмеярэ, е щIалэм къытралъхьа пцIы гуэр и фIэщ хъуа? Сытми, КIэрэфхэ я къуэр къызэщIэгъэстакIуэ-щIэпхъаджащIэу къалъытэщ, ягъэтIысри, укI тезыр тралъхьэну унафэ къащ-тащ.
  • Щэхущ, щэхубзэщ чын губгъуэр пщэдджыжьым. Ихъуреягъыр умэзэхащ. Iэуэлъауэ макъ къэIуркъым, дзэшхуэ зэрыщытым хуэдэу. Псоми заущэхуащ, я пIэ ижыхьахэщ. Утыку нэщIышхуэм напэр щытрах пкъо итщ и лъабжьэм мащэ фIыцIэ къыщытIауэ. Абдежым цей зэфIэтхъа щыгъыу КIэрэфхэ я къуэ бжьыфIэр кIэрытщ.
  • КIэрэфыр — Къэбэрдеишхуэр зэрыгушхуэ КIэрэфыр!
  • Къыхуеджащ зэрагъэкъуаншэм. ЗауэлI хабзэм ебакъуэу, щауэфIхэм я лъэIур дзэпщым зэрыжриIар. ПыгуфIыкIащ КIэрэфыр, зауэлI уставым и гугъу щащIым.
  • И нэр щапхэну къыбгъэдыхьахэти, яхуидакъым.
  • Бийм хуэфащэр зэрылъысыжынур ищIэу, захуагъэм къыкъуэгушхукI нэкIэ Iуплъащ ар лIэныгъэм и нэхэм.
  •  КЛОД
  • Зыгъэхьэзырар  ЧЭРИМ   Марианнэщ.