ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛIыгъур   Хьэзиз  зэи   къикIуэтакъым

2020-01-21

  • 1942 гъэм гъатхэпэм Бахъсэн районым и военкоматым зауэм кIуэну ириджахэм яхэтт Зеикъуэ къуажэм щыщ ЛIыгъур ХьэкIашэ и къуэ Хьэзизи. Ар фронтым занщIэу Iухьат 65-нэ топгъауэ полкым хэту. А зэманым Керчь деж ди дзэхэр щытыкIэ гугъу щихуат. Бийм и дзэ нэхъ лъэщхэр къраутIыпщри, уIэгъэ, укIыгъэ яIэу совет сэлэтхэм къикIуэтын щIадзэ. Апхуэдэуи а щIыпIэр къызэранэкI.

  • А зэхэуэ гуащIэм хэтт Курп Ищхъэрэ щыщ Шормэн IисраIил и топгъауэхэри. Ахэр хыхьэрт 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм. Шормэныр иримыгушхуэу къанэртэкъым и хэкуэгъу шууейхэм я зэуэкIэм, я хахуагъэм, я лIыгъэм. IисраIил зыхэт топгъауэ полкыр 115-нэ шуудзэр здэщыIэ щIыпIэм къэкIуат лъэсыдзэхэм ядэIэпыкъуну. ЗэрызэгурыIуам хуэдэуи ящIат.
  • Хахуагъэ ин къыщагъэлъэгъуащ а щIыпIэм Зеикъуэ щыщ топгъауэ ЛIыгъур Хьэзиз, абы и гъусэхэу Ислъэмей щыщ Мыщхъуэжь Мэжид, Кушмэзыкъуейм икIа Джэрыджэ ХьэзрэIил сымэ. Зауэ гуащIэм Сталинград зыщиубгъуа нэужь, Хьэзизи, IисраIили, Мэжиди, ХьэзрэIили 64-нэ армэм хагъэхьэ.
  • Сталинград щекIуэкIырт зэхэуэ хьэлъэхэр. зы уни, зы щIы метр зэбгъузэнатIи бийм епт хъунутэкъым. Абы папщIэ псэемыблэжу зэуэн хуейт. Къалэр зыхъумэхэм  яхэтт сержант ЛIыгъур Хьэзизи.
  • — ИкъукIэ хьэлъэт икIи гуащIэт иужьрей махуэхэр, — къиIуэтэжырт ЛIыгъурым. — Зауэр Сталинград и къалэку дыдэм щекIуэкIырти, топуи, танкыуи, нэгъуэщI техникэуи, цIыхууи диIэр дызэгъусэт. Iугъуэмрэ сабэмрэ зэхыхьэжауэ махуэр жэщым хуэдэу кIыфIт, зыри я псэ еблэжыртэкъым. Нэмыцэхэри зэралъэкIкIэ къытпэщIэтт, хуейтэкъым икIуэтынуи дызытрагъэкIуэнуи. А зауэм дэри дыхэтт миллиметр 76-рэ хъу топымкIэ бийм и танкхэр, топхэр зэтеткъутэу.
  • Сталинград зауэм и ужькIэ сержант нэхъыжь ЛIыгъурыр 309-нэ гвардейскэ лагъымыдз (миномёт) полкым ягъакIуэ. А дзэ пакIэр ящыщт иужькIэ цIэрыIуэ хъуа «катюшэхэр» япэу зратахэм. Топгъауэ Iэзэм ахэр псынщIэ дыдэу къегъэIурыщIэ.
  • Хьэзиз яхэтащ Румыниер, Мэжэрыр, Югославиер, Чехословакиер хуит къэзыщIыжахэм. Зэхэуэ гуащIэхэм мызэу хахуагъэ, лIыгъэ къызэрыщигъэлъэгъуам папщIэ Хьэзиз къыхуагъэфэщат Хэку зауэ орденхэмрэ медаль зыбжанэрэ.
  • 1945 гъэм и бжьыхьэм Хьэзиз дзэм къыхэкIыжащ. Къуажэм къигъэзэжри, къыхуагъэлъэгъуа IэнатIэр хьэлэлу игъэзащIэу лэжьэн щIидзэжащ. Зеикъуэ Кировым и цIэр зезыхьэ и колхозым и бригадир къалэным илъэс 18-кIэ пэрытащ. Хьэзиз цIыху пэжт, губзыгъэт, и ныбжь елъытауэ дэтхэнэ зыми тэмэму епсэлъэфырт. Арат и лэжьэгъухэми ныбжьэгъухэми пщIэ, нэмыс къыщIыхуащIыр, лэжьыгъэр къыщIехъулIэр.
  • ЛIыгъур Хьэзиз джэдкъаз фермэм и унафэщIу, ухуакIуэ бригадэм и тхьэмадэу щытащ. Абыхэм ныкъусаныгъэхэр щыгъэкIуэдынымрэ лэжьыгъэ тэмэм щыIэнымрэ ар щIэбэн зэпытт. Сыт хуэдэ IэнатIэм пэрамыгъэувами, абы Iуэхур тэмэму къызэригъэпэщырти, гъусэхэр дэIуэгъу хуэхъурт.
  • Хьэзиз куэдрэ хахащ район, къуажэ Советхэм я депутату, щIыналъэ судым и заседателу. Абы щIэблэ къэхъур егъэджэным, гъэсэным пщIэ хуищIырт, абыхэм чэнджэщэгъу яхуэхъурт.
  •  ЛIыгъурхэ Хьэзизрэ абы и щхьэгъусэ Iэминатрэ дунейм ехыжащ. Мы унагъуэм щIалищ щапIащ, щагъэсащ. Чэримрэ Хъусенрэ Налшык къалэм щопсэу. Хьидэ Зеикъуэ къуажэм дэсщ.
  •  
  • Хейкуардэ Хьэсанэ.
  • Зеикъуэ  къуажэ.