ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм пэсщIын щыIэкъым
2020-01-21
- ЕгъэджакIуэу ущытыныр зэрыгугъур дэтхэнэ зы цIыхуми ищIэу къыщIэкIынщ, ауэ щыIэщ а IэщIагъэм гурэ псэкIэ бгъэдэтхэри, пIащIэу махуэ къэскIэ лэжьакIуэ кIуэхэри. ЕгъэджакIуэхэр зыIууэ гугъуехьхэм иригъэкIуэтыркъым мы тхыгъэр зытеухуа, пэщIэдзэ классхэм щIэсу а IэщIагъэм дихьэхауэ щыта Бакъ Мадинэ.
- Абы и япэ узэщIакIуэ Къарэмырзэ Любэ и бзэ IэфIым, и зыIыгъыкIэ екIум, и дерс егъэкIуэкIыкIэм итхьэкъуа пщащэр класс нэхъыжьхэм нэсыху а IэщIагъэр и хъуэпсапIэу щытащ. 9-нэ классыр къыщиухым, я пхъур программисту еджэмэ нэхъ къащтэу, ар зэман къакIуэм и IэщIагъэу къалъытэри, и адэ-анэм я чэнджэщкIэ, Мадинэ КъБКъУ-м Информационнэ технологиемкIэ и колледжым щIэтIысхьауэ щытащ. Стипендие лъагэ къихьу, и гъусэхэм фIыкIэ къахэщу еджа хъыджэбзым ар диплом плъыжькIэ къиухат. ИужькIи, информатикэр нэхъ убгъуауэ иджын мурадкIэ, ар 2011 гъэм еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэжащ, абы къыдэкIуэу, Мадинэ Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым менеджеру, еджапIэм и сайтыр зэригъакIуэу лэжьэн щыщIидзащ.
- Езы пщащэм зэрыжиIэжымкIэ, и гу лъащIэм щигъафIэу, зыщIэхъуэпсу илъ IэщIагъэм хуиIэ лъагъуныгъэр а илъэсхэм «къэушыжри», балигъ гъащIэм хэува нэужь, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ иIэ къудамэм заочнэу щIэтIысхьэжри, 2013 — 2018 гъэхэм щеджэжат. ИужькIэ магистратурэри диплом плъыжькIэ къиухыжащ.
- Мадинэ и хъуэпсапIэхэр къызэрехъулIэнум шэч къытрыуигъэхьэркъым ар университетым къыщызэрагъэпэщ конференцхэм, зэпеуэхэм, творческэ, литературэ зэхьэзэхуэхэм, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым икIи пашэныгъэхэр къызэрыщихьым.
- НыбжькIэ щIалэми, Бакъым лэжьыгъэ IэнатIэ зыбжанэ зэрихъуэкIыну хунэсащ. Ар, Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым зэрыщыIэм хуэдэурэ, Налшык къалэ дэт 10-нэ курыт школым есэпыр щригъэджащ зы илъэскIэ, иужькIэ гъуазджэхэмкIэ колледжым къыщызэIуаха кадет корпусым къигъэзэжри, есэпымрэ информатикэмкIэ щIэблэр щригъэджащ. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ къудамэр къиухыжа нэужь, Мадинэ а IуэхущIапIэ дыдэм ди анэдэлъхубзэмрэ литературэмкIэ сыхьэт бжыгъэхэр къыщратауэ ирегъаджэ.
- Бакъым къыдэкIуэтей щIэблэр анэдэлъхубзэм дрегъэхьэх, лъэпкъ щэнхабзэм, хабзэм щIепIыкI. ЕгъэджакIуэ набдзэгубдзаплъэм сабийм бгъэдэлъ зэчийр къызэрихутэн икIи абы адэкIэ зэрызригъэужьын Iэмалхэр къегупсысри, гурэ псэкIэ ядолажьэ.
- Мадинэ езыр и хьэл-щэнкIи щапхъэщ иджырей пщащэ цIыкIухэм я дежкIэ — Iэсэщ, сабырщ, и къалэныр игъэзащIэрэ зыхэт гупми яхэзагъэу апхуэдэщ. Иригъаджэ цIыкIухэм зэрыжаIэмкIэ, и дерсхэм удихьэхыу, гъэщIэгъуэну зэхеухуанэ ахэр, зы напIэдэхьеигъуэу блолъэтри, урокыр зэриухым тегузэвыхьу апхуэдэщ. А псор къызыхэкIыр бгъэдэлъ щIэныгъэрщ, щхьэх имыщIэу и къэухьым махуэ къэс хигъахъуэ зэпыту зэрыщытырщ. И предметым и закъуэкъым Мадинэ фIыуэ зыхищIыкIыр, атIэ хабзэми, дунейм и зэхэлъыкIэми, литературэми, нэгъуэщIхэми куууэ щыгъуазэщ, и дерсхэми ахэр тэмэму къыщегъэсэбэп.
- Къыхэгъэщыпхъэщ Мадинэ «1 КъБР» телевиденэм нэтын щхьэхуэхэр игъэхьэзыру зэрыщылажьэри, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и аспирантурэм республикэм и Iэтащхьэм и стипендиер къихьу зэрыщеджэри. Ауэ, сыт хуэдэ IэнатIэ иримыхьэкIами, егъэджакIуэ IэщIагъэм пищIын щымыIэу жеIэ.
- — Дэтхэнэ зы цIыхуми къыхиха IэщIагъэм ирилажьэ, улахуэ кърихь къудей мыхъуу, абы ирипсэууэ, ирибауэу, дунейм иритету щытын хуейуэ къызолъытэ сэ. Уи лэжьыгъэм, уи IуэхущIафэм уигъэбжьыфIэн, уигъэдэхэн папщIэ, ар фIыуэ плъагъуу, удихьэхыу, зэ нэху щыуэ лэжьакIуэ сыкIуащэрэт жыпIэу ущытын хуейщ. Апхуэдэу ущымытмэ, уи IэщIагъэм зэи удихьэхынукъым, ар уигуми уи псэми къыдыхьэнукъым. Сэ лъэныкъуитIкIэ лъагъуэ щыпхысшауэ сылажьэ щхьэкIэ, нобэ сыхагъадэми, егъэджакIуэ IэщIагъэрщ къыхэсхынур, сыту жыпIэмэ, ар си псэм нэхъ пэгъунэгъущ, абы пэсщIын щыIэкъыми, — жеIэ Мадинэ.
- ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэм мурад дахи иIэщ. Лэжьыгъэ ирихьэкIхэм къадэкIуэу, Бакъыр «ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и драматургием» теухуа и кандидат лэжьыгъэр тхынми яужь итщ.
- А псор дауэ здэпхьыфрэ жыпIэрэ уеупщIмэ, Мадинэ жеIэ: «Япэрауэ, си щIалэгъуэщ, иджыпсту гугъу зезмыгъэхьмэ, дапщэщ а псом сыщылъэщIыхьэжынур?! Тыншкъым, ауэ хъуэпсапIэ ущиIэм деж, абы уи лъэр зэрынэпхусыным яужь уитщ».
- Ди гуапэщ Мадинэ и мурадхэр къехъулIэну!
- ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.