ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мишустин  Михаил  и кандидатурэр «Урысей  зэкъуэтым»  деIыгъ

2020-01-18

  • «Урысей зэкъуэт» партым диIыгъащ Мишустин Михаил Урысейм и Правительствэм и УнафэщIу гъэувыным теухуауэ Урысейм и Президент Путин Владимир къыхилъхьар», — жиIащ партым и Совет Нэхъыщхьэм и секретарь, ФедерацэмкIэ Советым и УнафэщIым и къуэдзэ Турчак Андрей.

  • Абы къыхигъэщхьэхукIащ Мишустин Михаил щIэныгъэ куу зиIэ унафэщI IэкIуэлъакIуэу зэрыщытыр икIи «Урысей зэкъуэт» партым и фракцэу Къэрал Думэм щыIэм хэтхэм абы папщIэ зэакъылэгъуу Iэ зэраIэтар.
  • Турчак Андрей жиIащ УФ-м и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къэралым адэкIэ щегъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэхэм я купщIэр тэмэму къызэрыщыгъэлъэгъуар. «Урысей зэкъуэт» партым хэтхэм ар Урысейм и дэтхэнэ зы цIыхуми хуэгъэза псалъэу къелъытэ. Абы къыхэкIыу Президентым къигъэува Iуэхухэр икIэщIыпIэкIэ гъэзэщIэн хуейщ. Къэралым и Iэтащхьэм зэрыжиIащи, «Урысей зэкъуэт» партым увыпIэ нэхъыщхьэ щеубыд властым и IэнатIэхэм. Абы и лIыкIуэхэр иджыпсту хущIокъу Президентым къиIэта Iуэхухэр къэралым и дэтхэнэ щIыналъэми щыпсэухэм къазэрыщыхъуар нэрылъагъу къащIыну.
  • ЦIыхухэм я гупсысэхэр Iэмал имыIэу къэлъытапхъэщ УФ-м и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэувахэр гъэзэщIэным хуэунэтIа закон лъабжьэхэр щызэтрагъэувэкIэ. Абы къыхэкIыу «Урысей зэкъуэт» партыр егугъуу ядэлэжьэнущ УФ-м и Президентым, абы и Администрацэм, къэралым и Правительствэм и унафэщIу щIэуэ ягъэувам, Министрхэм я кабинетыщIэм хэтхэм.
  • Апхуэдэ зэдэлэжьэныгъэм и фIагъым куэдкIэ елъытащ Президентым къигъэува къалэнхэр гъэзэщIа зэрыхъунур. «Урысей зэкъуэтым» и лIыкIуэхэрщ Къэрал Думэм и депутатхэм я нэхъыбапIэр, апхуэдэу властым и лIыкIуэ органхэм я лэжьакIуэхэм я нэхъыбэр. Абы къыхэкIыу ди къэралым зегъэужьыным хуэгъэза унафэ нэхъыщхьэхэр къыщащтэкIэ партым и лIыкIуэхэм куэд елъытауэ зэрыщытынур жиIащ Турчак Андрей.