ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Назир   и  къуэ  Мухьэмэд

2020-01-18

  • И щIалэгъуэр зауэм ирихьэлIэу нэщIэбжьэ куэд илъэгъуами, гъащIэ хьэлэмэт къигъэщIащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, Ленинград артиллерие академием и кафедрэм и унафэщI, генерал-майор Къатхъэн Мухьэмэд.

  • Уи блэкIар умыщIэу пщэдей блэжьынур пхуэубзыхунукъым, сыту жыпIэмэ узыдэплъеин, щапхъэрэ бзыпхъэрэ пхуэхъун ухуейщ. Езыр зыдэплъеин, «абы хуэфащэу сыщытащэрэт» жыхуиIэн Мухьэмэд иIэт. Ар и адэ Назирт. Революцэм и зэма- ным адыгэ цIыхубэр бэнэныгъэ гуащIэм къыхуэзыIэтахэм ящыщт Назир. Граждан зауэр къэхъейуэ совет властыр гузэвэгъуэ щыхэхуэми, къэрэхьэлъкъыр аргуэру къызэщIиIэтэри, революцэр яхъумэжыныр къызэригъэпэщащ. Къэбэрдей шуудзэм и дзэзешэу щыта лIы хахуэм и бынхэм я насып имылъэгъуами, абыхэм езыр зыщагъэгъупщакъым. Ар я псэм хэлъу, ягу щагъафIэу лIыпIэ иувахэщ.
  • ЦIыхухъу зыщхьэщымытыж унагъуэр «тыншу псэуащ» жыпIэныр къезэгъыркъым. И анэм и щIэгъэкъуэну Мухьэмэд къэхъуащ. Ар гурыхуэт, техникэм дихьэхырт. А зэманым хэт и ныбжьыщIэт лъакъуэрыгъажэм сышэсащэрэт жызымыIэр? Мухьэмэд махуэ псом щысыфынут пэщащэу, приёмник, патефон хуэдэхэр зэпкърилъхьэу, зэпкърихыжу.
  • Ауэ фIыуэ илъагъу Iуэхум хуеджэну къехъулIакъым. 1940 гъэм Къатхъэн Мухьэмэд дзэм ираджэ, Брест ипщэIуэкIэ щыIэ топгъауэ полкым къыхохутэ. ЕсэпымкIэ Iэзэ щIалэр есэп ищIынуи ягъэув: батареем и топхэр щыуэкIэ тэмэму триухуэну и къа- лэнт. А Iуэхум ар зэрыхуэгурыхуэр нэрылъагъу хъуащ топгъауэхэм я еджэныгъэ зыщIидзам. Зыщагъасэ щIыпIэр Брест пэгъунэгъуу щыIэт. Махуэ псом лъэуджыджахэр емызэшахэу, уэрэдхэр жаIэу я хэщIапIэхэм къекIуэлIэжхэрт. Сэлэт куэдым я лъакъуэхэр зэрызэдадзым щIэдэIуурэ лъэ макъхэмкIэ Мухьэмэд ибжыну хуежьэрт дзэ пакIэ къэс сэлэт дапщэ хъуми…
  • ПщыхьэщхьэкIэ хэт шахмат джэгурт, хэт газет еджэрт, нэхъыбэм хъыбар жаIэу зэхэст. Апхуэдэу кIуэрт зэманыр, къэралым и щIыпIэ Iэджэм къикIахэр ныбжьэгъу зэхуэхъуахэу, армэ нэужьым зэкIэлъыкIуэнхэу къызэрыгъэгугъэу. Абыхэм я нэхъыбэм къахуиухатэкъым я жьэгу пащхьэ ягъэзэжыну, я адэ-анэхэр, я къэшэнхэр ялъагъужыну.
  • Мэкъуауэгъуэм и 22-м пщэдджыжьым кIуэ пэтми нэхъ гъунэгъу къэ-хъу зэщIэвууэ макъ пхъашэхэр къызэхахащ. Брест адрыщIкIэ нур дыхьэрэнхэр къыщызэщIэнэрт, мафIэ лыгъейуэ уафэ джабэм кIэридзэу. Казармэхэм къыщIэжауэ псори ипщэ-кIэ плъэрт, Iэдакъэжьауэ ящIурэ…
  • А псор зищIысыр сэлэтхэм къащыгурыIуар кхъухьлъатэ ву макъхэр гъунэгъу дыдэ къэхъуу бийм и «Юнкерсхэр» къалъэгъуа нэужьщ. Ахэр куэд хъурт. Къуаргъ фIыцIэжьхэм хуэдэу къызэрыхьхэрт, гуп-гупурэ ипщэкIэ къызэрыкъуэххэурэ.
  • Я щхьэфэцхэм зыкъиIэтауэ, сэлэтхэри офицерхэри умэзэхауэ зэхэтхэт къэхъуар я фIэщ ямыщIмэ нэхъ къащтэу, ар зыгурагъэIуэну хуэмейуэ. Абы щыгъуэ дэтхэнэми «игъэжеижырт» дяпэкIэ зыхунэмысыжыну хъуэпсапIэхэр, мурадхэр.
  • Къатхъэныр зыхэт дивизионыр къэрал гъунапкъэхэмкIэ кIуатэри, Семятиче къалэм деж бийм щыпэщIэуващ. ГъущI гъуэгур гъунэгъут. Ари хъумэжын хуейт. Ди зауэлIхэм къафIэIуэхуакъым Бэракъ плъы-жьыр и щыгум щыхуарзэу Буг телъ гъущI лъэмыжым къызэпрыкI мафIэгур. Ауэ къэса нэужь, къалъэгъуащ ар жыркIэ зэщIэIулIауэ, IэщэкIи зэщIэузэдэжауэ бийм къызэриутIыпщар.
  • Ди топ псори иджыри ягъэувакIэтэкъым. Хьэзыр хъуахэмкIэ уэн зэхаублащ.
  • Нэмыцэ бронепоездыр, ныкъуэкъутэ щыхъум, икIуэтыжащ. Япэ текIуэныгъэм совет зауэлIхэр къызэщIиIэтат. Нэхъ къызэрамылъагъунум хуэдэу я топхэр ягъэуващ, шэхэр къагъэхьэзыращ.
  • Дивизионым хэщIапIэ ищIа Заболотнэ къуажэм куэд мыщIэу фашист танкхэр къыдыхьэу къалъэгъуащ. Гъэпсауэ щыт топхэм уэуэ щIадзэри, танк зыбжанэ якъутащ, адрейхэр икIуэтыжащ, зауэ-банэ хэмыту.
  • Дакъикъэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу бийм и кхъухьлъатэхэр къащхьэщыхьащ, уахъуэщIыхъуэр зэрахьэрт абыхэм, зыкъагъэлъахъшэрти, я бомбэхэр къраутIыпщхьэхырт. Абдежым щыхэкIуэдащ офицер, зауэлI зыбжанэ, уIэгъэ хъуари куэдт.
  • Нэмыцэхэр хущIэкъурт, я гъуэгум жырым хуэдэу къыщыпэувахэм кIэ иратыну. Арат щIэмыувыIэжыххэр. Ахэр кхъухьлъатэхэмкIэ щэнейрэ къащхьэщыхьащ, тхуэ танкхэмкIэ къебгъэрыкIуащ, ауэ Къатхъэным и гу- пыр хуэгъэгулэзакъым, и пIэм хуигъэкIакъым.
  • Махуэ псом къэныкъуэкъуа нэужь, жэщ зэрыхъуу фашистхэм совет топгъауэхэм къыпакIухьу щIадзащ. Дыдейхэри, утыкум зыкърамынэн папщIэ, икIуэтащ.
  • Къатхъэн Мухьэмэд и псэм емыблэжу щызэуащ Ипщэ, Брянск, Воронеж фронтхэм. Къулыкъу зыдищIа, япэу зауэм къыдыIухьа и ныбжьэгъу куэд хамэ щIыпIэхэм щыфIэкIуэдащ.
  • КIуэ пэтми ар нэхъ Iэзэ хъурт. Абы лейтенант дамэтелъхэр къратат, топгъауэ гупми и унафэщI ящIат. Иджы советыдзэр ебгъэрыкIуэ зэпытт, зауэр къыздикIамкIэ кIуэжырт.
  • 1943 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм Къатхъэныр полкым и штабым ираджэ. «Дынохъуэхъу, лейтенант, пщIэ къыпхуащIащ. Дзержинскэм и цIэр зезыхьэ артиллерие академием уагъакIуэ…»
  • Самарканд щыIэ академиер 1944 гъэм Москва къагъэIэпхъуэж. ЕджапIэ нэхъыщхьэр Къатхъэным фIы дыдэу къеухри, щIэныгъэ лэжьа- кIуэ мэхъу. Зы илъэс докIри, Ут Плъыжьым щекIуэкIыну ТекIуэныгъэм и Парадым хэтыну дзыхь кърагъэз.
  • 1959 — 1979 гъэхэм Мухьэмэд Ленинград дэт артиллерие академием щолажьэ. ТехникэщIэм, кибернетикэм дехьэх, тхылъ зыбжани къыдегъэкI. 1962 гъэм ар щIэныгъэхэм я доктор мэхъу, илъэсипщI докIри, генерал-майор ящI. ИужькIэ Къатхъэным къыфIащ «Урысей Федерацэм -щIэныгъэмрэ техникэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр (1975), Адыгэ Академием хагъэхьэ (1992).
  • Къатхъэн Мухьэмэд Вагъуэ Плъыжь, Хэку зауэ (нагъыщитI), Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь орденхэр, медаль куэд къратащ.
  • И ныбжьыр илъэс 75-м иту адыгэлI хъыжьэр, щIэныгъэлI цIэрыIуэр 1997 гъэм дунейм ехыжащ.
  • ХЬЭФIЫЦIЭ   Мухьэмэд.