ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛэжьакIуэ гупым хагъэхьэ

2020-01-18

  • УФ-м и Президент Путин Владимир къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэр зыгъэхьэзырыну лэжьакIуэ гуп къызэрагъэпэщащ икIи абы хэтынухэр яубзыхуащ.

  • Къэралым и Тхылъ нэхъыщхьэм елэжьыну гупым хагъэхьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Сэхъурокъуэ Хьэутий. Фигу къэдгъэкIыжынщ УФ-м и Президентым деж щыIэ Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ советым 2019 гъэ лъандэрэ ар зэрыхэтыр.
  • ЗэхъуэкIыныгъэхэр зыгъэхьэзырыну лэжьакIуэ гупыр зыхэплъэнур Конституцэм и ещанэ Iыхьэм къыщыщIэдзауэ еянэм нэсщ. Япэ, етIуанэ, ебгъуанэ Iыхьэхэр зэрыщытауэ къэнэжынущ. Конституцэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэр зэхьэлIар УФ-м и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазам къыщигъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэращ. НэгъуэщIхэм еIусэну хуиткъым. Абы халъхьэжахэм елъытауэ федеральнэ унафэ зыкъоми къащтэнущ.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.