Еханэ къыдэкIыгъуэр
2020-01-18
- Мы махуэхэм дунейм къытехьащ куэд зыпэплъэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэр — 2019 гъэм и еханэ номерыр.
- Журналыр къызэIуах «ЖьантIэ» рубрикэм щIэт тхыгъэхэм. УсакIуэ ЩоджэнцIыкIу Нурий къызэралъхурэ илъэс 95-рэ, литературэдж, критик, егъэджакIуэ ХьэкIуащэ Андрей и ныбжьыр илъэс 90, литературэдж, критик, усакIуэ Сокъур Мусэрбий къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу. Япэ напэкIуэцIхэм укъыщоджэ ЩоджэнцIыкIу Нурий и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ къэзыгъэлъагъуэ тхыгъэ кIэщIым, абы и IэдакъэщIэкI усэхэм. КъыкIэлъыкIуэр филологие щIэныгъэхэм я кандидат Хьэвжокъуэ Людмилэ «Зи псэр нэху, зи акъылыр жан, зи гуащIэр ин» зыфIищаращ, ХьэкIуащэм теухуауэ. Абы дыщIыгъуащ Андрей илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм хужаIа псалъэ гуапэхэм щыщхэр, езы щIэныгъэлIым и IэдакъэщIэкI «Черкасскэ унэцIэм и тхыдэм и IуэхукIэ» тхыгъэ купщIафIэр. Сокъур Мусэрбий теухуари зи Iэдакъэ къыщIэкIар Хьэвжокъуэ Людмилэщ. Абы щIыгъущ Сокъурым и усэхэр.
- «Прозэ» рубрикэм щIэтщ Журт Биберд и «Унагъуэ» романым и кIэу- хыр, Зэгъэщтокъуэ Людмилэ итхыжа «Тезыр» хъыбарыр, Даур Зое и «Жьуджалэ хэшэнщ» Iуэтэжыр.
- ЦIыху куэдым зэращIэщыгъуэнум шэч хэлъкъым усакIуэ цIэрыIуэ Ацкъан Руслан и сонетхэр. «Усыгъэ» Iыхьэм къыщыхьахэр ахэращ.
- НэщIэпыджэ Замирэ и публицистикэ тхыгъэщ «Адыгэ кинор утыку къохьэ» фIэщыгъэм щIэтыр, театрымрэ киномрэ я режиссёр цIэрыIуэ, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор теухуар. Замирэ итххэр щIагъэбыдэми ярейщ Андзор зыхэт сурэт дахэхэм.
- «Культурэ» рубрикэм интервьюитI къызэщIеубыдэ — НэщIэпыджэ Замирэ уэрэджыIакIуэ Тут Заур дригъэкIуэкIа псалъэмакъымрэ Хьэвжокъуэ Людмилэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Iэзэ Къардэн Заур зэрепсэлъылIамрэ. Дэтхэнэми щIэджыкIакIуэм фIэхьэлэмэтын, гупсысэ, Iуэху еплъыкIэ гъэщIэгъуэн куэд къызэрихигъуэтэнум шэч хэлъкъым.
- АдэкIэ къыкIэлъокIуэ «IуэрыIуатэ» Iыхьэр. Абы дыкъыщоджэ «Пхъурылъхур ягъэIущ, пхъурылъхур яущий», «Тхьэщэрыпхъу и къуэмрэ и пхъум-рэ» хъыбар кIэщIхэм.
- Журналыр зэхуещIыж псалъэжьу зэхэлъ псалъэзэблэдзым.
- ИСТЭПАН Залинэ,
- «Iуащхьэмахуэ» журналым
- жэуап зыхь и секретарь.