ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур

2020-01-18

  • «Спартак-Налшыкым» и футболистхэмрэ унафэщIхэмрэ я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр яухри, ма-хуэку кIуам къызэхуэсыжащ. Абы ирихьэлIэу командэм и тренер нэхъыщхьэри ягъэуващ — ар иужь илъэсхэм гупым и тренер нэхъыжьу лэжьа КIэбышэ Заурщ.

  • «Спартак-Налшык» профессионал футбол клубым и унафэщI Мэшыкъуэ Аслъэнрэ командэм и тренер нэхъыщхьэу ягъэува КIэбышэ Зауррэ.

  • ЗэрыфщIэжщи, Урысей Федерацэм футболымкIэ етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ нэгъабэ щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 3-м 0:8-уэ «Спартак-Налшыкыр» «Алания»-м Владикавказ къыщыхагъэща иужькIэ, ди командэм и тренер нэхъыщ-хьэу щыта Трубицин Сергей трагъэкIри, абы и къалэну щытахэр пIалъэ- кIэ и пщэ иралъхьащ КIэбышэ Заур.
  • — Тренер нэхъыщхьэм и къулыкъум дгъэувыну щIалэ зыбжанэм дахэплъащ, — къыджиIащ «Спартак-Налшык» профессионал футбол клубым и унафэщI Мэшыкъуэ Ас-лъэн. — Дэтхэнэми зыхуэдгъэзащ, гупсэхуу депсэлъащ. ЗэдгъэщIащ я мурадхэр, тэмэму лэжьэн папщIэ зыхуеинухэр. А псом иужькIэ КIэбышэ Заур дыкъытеувыIащ. Ар илъэс куэдкIэ ди командэм щыджэгуащ, гупым и щIалэгъуалэр игъэсащ. Иужь илъэсхэм «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыжьу лэжьащ икIи и IэщIагъэм фIыуэ хещIыкI. Абы иджы дэIэпыкъунущ Битокъу Тимуррэ Къумыкъу Артуррэ.
  • «Спартак-Налшыкым» и унафэщIыщIэхэм къалэн щащIащ иджыпсту зыхэт 2019 — 2020 гъэхэм я зэхьэзэхуэр командэ нэхъыфIитхум ящыщу кърахьэлIэну. ЗэкIэ ар епщыкIузанэщ. Къэнэжа джэгугъуэ пщыкIутIым ди щIалэхэм хуабжьу гугъу зрагъэхьын хуейщ етхуанэ увыпIэр нэхъ мыхъуми зыIэрагъэхьэн папщIэ, иджыпсту абы очкои 8-кIэ зэрыпэжыжьэр къэплъытэмэ. АрщхьэкIэ яхузэфIэмыкIын Iуэхум хэлъкъым.
  • Медицинэ къэпщытэныгъэхэр зэфIагъэкIынурэ, щIышылэм и 20-м щыщIэдзауэ «Спартак-Налшыкым» зэхьэзэхуэм зыхуэгъэсэн ди республикэм и къалащхьэм щыщIидзэнущ. Махуэм «ДыгъафIэ къалэм» и стадионым, пщыхьэщхьэм «Спартак» стадионым зыщагъэсэнущ дызэрыт мазэр иухыхукIэ. Абы иужькIэ Нартсанэ (Кисловодск) щыпащэну я мурадщ, зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэри ирагъэкIуэкIыурэ.
  • Мэшыкъуэм къызэрыхигъэщамкIэ, «Спартак-Налшыкым» щыджэгухэм ехьэлIауэ зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри щыIэкъым. ЗэкIэ зыри хэкIыжа- къым икIи хагъэхьакъым. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр нэхъ щекIуэкI хабзэр мазае, гъатхэпэ мазэхэращ.
  • «Спартак-Налшыкым» и унафэщIхэм я мурадщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мыгувэу зыхуагъэзэну. А зэIущIэм нэхъ зыубгъуауэ щытепсэлъыхьынущ ди командэм адэкIэ и натIэ хъунум.
  • Жыласэ Заурбэч.