Мы махуэхэм
2020-01-18
- ЩIышылэм и 18, щэбэт
- Урысейм и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я командованэ нэхъыщхьэм и махуэщ
- Тунисым щагъэлъапIэ я революцэм и махуэр
- 1535 гъэм Лимэ къалэм (иджыпсту Перу къэралым и щыхьэрщ) и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
- 1765 гъэм Урысей пащтыхьым унафэ къыдигъэкIауэ щытащ пщы-хэм емыдаIуэ пщылIхэр Сыбырым ягъэкIуэну хуит ищIу.
- 1825 гъэм Москва Театр Иныр къыщызэIуахащ.
- 1925 гъэм «Новый мир» журналым и япэ номерыр къыдэкIащ.
- 1926 гъэм СССР-м и кинотеатрхэм япэу щагъэлъэгъуащ «Броненосец «Потёмкин» фильмыр.
- 1943 гъэм советыдзэхэм Ленинград къалэр фашист къэухъуреихьыныгъэм кърагъэкIащ.
- 1960 гъэм Ил-18 кхъухьлъатэм къемытIысэхыу япэ дыдэу зэпичащ Москва — Каир гъуэгуанэр.
- 1963 гъэм СССР-м и Телевиденэ нэхъыщхьэм къыщызэрагъэпэщащ сабийхэм папщIэ нэтынхэр зыгъэхьэзырыну редакцэр.
- 1964 гъэм США-м и дохутырхэм Конгрессым къалэн щащIащ тутын уефэным зэраныгъэшхуэ зэрыпылъыр ар къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм пачкэ псоми тратхэну хуагъэувы-ну.
- 2018 гъэм «Ленинград къапхъэным къызэрикIар» панорамэр къызэIуахащ.
- Адыгэ усакIуэ ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 166-рэ ирокъу.
- Инджылыз тхакIуэ, къэрал куэдым цIэрыIуэ щыхъуа «Винни-Пух» таурыхъыр зи къалэмыпэм къыщIэкIа Милн Алан къызэралъхурэ илъэси 138-рэ ирокъу.
- Актёр, режиссёр, СССР-м и цIыхубэ артист Бабочкин Борис къызэралъхурэ илъэси 116-рэ ирокъу.
- Совет Союзым и баскетбол командэм и тренеру щыта, СССР-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ Гомельский Александр къызэралъхурэ илъэс 92-рэ ирокъу. Абы и унафэм щIэту къэралым и командэ къыхэхам ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэригъэхьауэ щытащ — Олимп Джэгухэм щытекIуат (1988 гъэм), дунейм тIэунейрэ, Европэм блэнейрэ я чемпион хъуат.
- ТхакIуэ, егъэджакIуэ, кинодраматург Жылэтеж Сэлэдин къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу.
- Абхъазым, КъШР-м я цIыхубэ артист, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Акъ Мухьэрбэч къызэралъхурэ илъэс 71-рэ ирокъу.
- Урысей актёр, кинорежиссёр, УФ-м и цIыхубэ артист Невзоров Борис и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу.
- КъБР-м и Парламентым и депутату щыта, «УФ-м цIыхубэр егъэджэнымкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэ нэхъыфI» цIэр зыхуагъэфэща, жылагъуэ лэжьакIуэ Умэ Светланэ къыщалъхуа махуэщ.
- УэрэджыIакIуэ, композитор, актрисэ, УФ-мрэ Куржымрэ я цIыхубэ артисткэ Гвердцители Тамарэ и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу.
- Украинэм щыщ биатлонисткэхэу, Олимп Джэгухэм я чемпионкэхэу Семиренкэхэ Валентинэрэ Витэрэ я ныбжьыр илъэс 34-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщыты-нущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэс къыщесынущ. Махуэм хуабэр 1 градус, жэщым щIыIэр градуси 2 — 1 щыхъунущ.
- ЩIышылэм и 19, тхьэмахуэ
- Уэсым и дунейпсо махуэщ. Къэрал куэдым ар щагъэлъапIэ ЩIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я махуэ фIэщыгъэр иIэу.
- Диным и дунейпсо махуэщ
- Беларусь Республикэм щагъэлъапIэ КъегъэлакIуэм и махуэр
- 1728 гъэм Пётр Езанэм унафэ къищтащ Петербург икIыу Москва хэщIапIэ ищIыну икIи и блыгущIэтхэри щIыгъуу абы Iэпхъуащ.
- 1847 гъэм «Кавказ» газетым тридзащ Адыл-Джэрий СулътIан и «Урыс-шэрджэс е адыгэ псалъалъэ, грамматикэ кIэщI щIыгъуу» тхыгъэр.
- 1942 гъэм Дзэ Плъыжьым хуит къищIыжащ Можайск, Верея къалэхэр.
- 1943 гъэм Ульяновскэ областыр къызэрагъэпэщащ.
- 1945 гъэм советыдзэхэм Тильзит, Млава, Лодзь, Краков, Кошице къалэхэр хуит къащIыжащ.
- 1955 гъэм США-м и президент Эйзенхауэр Дуайт дунейм щыяпэу телевиденэмкIэ пресс-конференц иригъэкIуэкIащ.
- 1965 гъэм Май посёлкэр къалэ ящIащ.
- 1966 гъэм Ганди Индирэ Индием и премьер-министр къулыкъум теуващ.
- 1991 гъэм УФ-м Атлетикэ хьэлъэмкIэ и федерацэр къызэрагъэпэщащ.
- 1992 гъэм Осетие Ипщэм референдум щекIуэкIащ, Куржым къыхэкIын-къыхэмыкIыным теухуа Iуэхум унафэ тращIыхьу. Республикэм щыпсэухэм я процент 99-м Iэ яIэтащ Куржым къыгуэкIауэ Урысейм къыхыхьэным и телъхьэу.
- 1996 гъэм СНГ-м хыхьэ къэралхэм я Iэтащхьэхэм я Советым и унафэ- кIэ къызэрагъэпэщащ а зэгухьэныгъэм хэтхэм къэрал кIуэцI Iуэхухэм- кIэ я Министрхэм я Совет.
- Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщ тхакIуэ цIэрыIуэ, усакIуэ, критик По Эдгар къызэралъхурэ илъэс 211-рэ ирокъу.
- Урыс сурэтыщI Iэзэ Серов Вален-тин къызэралъхурэ илъэси 155-рэ ирокъу.
- Совет усакIуэ цIэрыIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Исаковский Михаил къызэралъхурэ илъэси 120-рэ ирокъу.
- Абхъаз совет тхакIуэ, драматург, Абхъаз АССР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Лакербай Михаил къызэралъхурэ илъэси 119-рэ ирокъу.
- Перум щыщ дипломат цIэрыIуэ, ООН-м и Секретарь Нэхъыщхьэу 1982 — 1991 гъэхэм лэжьа Перес де Куэльяр и ныбжьыр илъэси 100 ирокъу.
- ТхакIуэ, егъэджакIуэ Iэзэу щыта Жылау Нурбий къызэралъхурэ илъэс 89-рэ ирокъу.
- Урысей кинорежиссёр, УФ-м и цIыхубэ артист Абдрашитов Вадим и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу.
- Адыгей усакIуэ, КIэрашэ Тембот и щIыхькIэ щыIэ саугъэтым и лауреат, АР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Адыгэ макъ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Дербэ Тимур и ныбжьыр илъэс 46-рэ ирокъу.
- Урысей гимнасткэ, Олимп Джэгухэм тIэунейрэ щытекIуа, жылагъуэ лэжьакIуэ Хоркинэ Светланэ и ныбжьыр илъэс 41-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр 1 градус, жэщым щIыIэр градуси 4 — 3 щыхъунущ.
- ЩIышылэм и 20, блыщхьэ
- Кърым Республикэм и махуэщ. 1991 гъэм а щIыналъэм референдум щекIуэкIащ Кърымым и автономиер зэфIэгъэувэжыным теухуауэ. Абы кърикIуам ипкъ иткIэ, Украинэм и Совет Нэхъыщхьэм 1991 гъэм ма-заем и 12-м «Кърым Автоном Со- вет Социалист Республикэр къызэгъэпэщыжыным и IуэхукIэ» унафэр къищтауэ щытащ.
- Азербайджаным ягу къыщагъэкIыж 1990 гъэм республикэм къыщыхъуа зэпэщIэтыныгъэ гуащIэм хэкIуэда-хэр. Политикэ оппозицэм и Iуэху еплъыкIэр хуамыдэу Баку советыдзэ- хэр дашащ икIи Iэщэ къагъэсэбэпащ. Абы щыгъуэ цIыхуи 170-рэ хэкIуэдащ, цIыху 400-м щIигъу уIэгъэ хъуауэ щытащ.
- 1588 гъэм Урыс пащтыхь Фёдор Иван и къуэм Кремлым щригъэблэгъат Черкасскэхэ Темрыкъуэ и къуэ Мамсрыкъуэрэ Къамболэт и къуэ Къудэнэтрэ (зэкъуэш бынхэт).
- 1831 гъэм Бельгиер зэи зы къэралми и Iуэху хэмыIэбэным теухуа унафэ къащтащ.
- 1921 гъэм Бгырыс АССР-р къэунэхуащ.
- 1921 гъэм Дагъыстэн автоном республикэр къызэрагъэпэщащ.
- 1925 гъэм СССР-мрэ Япониемрэ дипломат зэхущытыкIэ яку дэлъыным теухуа унафэм Пекин Iэ щыщIадзащ.
- 1944 гъэм Великий Новгород къа-лэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. Ар бийм иIыгъащ махуэ 883-кIэ.
- 1958 гъэм автомобилым иIыгъ хуабжьагъыр къэзыгъэлъагъуэ япэ радархэр Лондон щагъэувауэ щытащ.
- Италием щыщ кинорежиссёр, США-м я «Оскар» саугъэтыр тхуэнейрэ зыхуагъэфэща Феллини Фе-дерикэ къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу.
- Ветеранхэм я республикэ Советым щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм и унафэщI, УФ-м и Журналистхэмрэ ТхакIуэхэмрэ я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Пщыбий СулътIан и ныбжьыр илъэс 88-рэ ирокъу.
- Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист НапщIэкъуий Заур къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу.
- Совет, урысей политик, Тэтэрстаным и япэ президенту щыта Шаймиев Минтимер и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу.
- Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Елмэс Албий и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу.
- Урысей актёр, режиссёр, фильм куэдым я сценарийхэр зытха, УФ-м и цIыхубэ артист Хотиненкэ Владимир и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
- УэрэджыIакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Аллегровэ Иринэ и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
- Философие щIэныгъэхэм я док- тор, КъБКъУ-м и профессор КъуэщIысокъуэ Роберт и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
- Дуней псом самбо бэнэкIэмкIэ тIэунейрэ и чемпион Алъхъо Сыхьэтбий и ныбжьыр илъэс 45-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр 1 градус, жэщым щIыIэр градуси 5 — 4 щыхъунущ.