Чэрэчэ
2020-01-18
- Къаныкъуэ Анфисэ
- Тхыдэ роман. Ещанэ Iыхьэ
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№2-5-хэм итщ.).
- — Атисэ, Атисэ! — и гур къызэрыгъуэтыжауэ, къопсалъэ Удынэ. — МафIэ едз хьэуазэм. Мо кхъухьыр къешэлIэн хуейщ.
- Хъыджэбзми зреч, плъыр чэщанэм телъ хьэуазэ шыхьам мафIэ щIедзэри, Iугъуэ фIыцIэшхуэр пихурэ, умылъагъункIэ Iэмал имыIэу, мафIэшхуэр къызэщIолындэ.
- ПсэзэпылъхьэпIэ ихуа хытетхэми абы гу лъатауэ къыщIэкIынщ, кхъухьым зыкъреIуэнтIэкIри, гъуэгугъэлъагъуэу къахуэбла мафIэмкIэ хуэм дыдэу къагъазэ.
- Алыдж кхъухь фIыцIэшхуэр псыхъуэм къыщыдыхьам, абы къыпежьа зауэлIхэмрэ нэрыбгейхэмрэ ягъэщIагъуэ пэтми яхуэухыртэкъым къарихьэлIа хытетхэм я тхьэмыщкIагъэр. Куэд щIауэ ерыскъы щыкъуей я джий емыхауэ, псы къабзэ щхьэкIэ ныкъуэлIэ хъуауэ, хыпсым еIубарэ узым къызэфIигъэщэхауэ, гупым я лъэр къыщIэувэжыртэкъым. УапкърыупщIыхьми, езы дыдэхэм къыбжаIэфыну къыщIэкIынтэкъым сыт щIауэ хым тетми. ГурыIуэгъуэр зыщ — кхъухьым исхэр алыджщ, я шыфэлIыфэкIи зауэлIщ.
- — Минрэ тхьэмыщкIагъэ къалъысами, мыхэр бийщ, ди анэ. ГущIэгъуншэщ къысхужумыIэ, ауэ мыхэр сымаджэщ. Сыт къайузми тщIэркъым. Уз зэрыцIалэ къытхахьэмэ, дыпэлъэщынкъым. Плъыржьэрымрэ узымрэ зэридзэу гугъу едгъэхь нэхърэ… — къригъэжьат Атисэ, кхъухьым кърахьэхахэм зэраIуплъэу.
- — Ямыгъэпсалъэу зыри яукIыркъым! Бийми, мыхэр хы адрыщI къикIащ. ЗекIуэ едгъэжьахэм я хъыбар гуэр къапытхыну фэ изоплъ. Нафшэ быдапIэм, — унафэ ищIри, къалэ дыхьэпIэмкIэ, епIэщIэкIыу, иунэтIащ гуащэм.
- Анэм жиIар зэрыпэжым, абы езым и щхьэр зэрыхуэмыкIуам ирибэмпIэжауэ, узыфэ гуэр къыхахьэнкIи шынэу, Атисэ япэу къыIэрыхьэ лъэрытетым кIэщIэрыIэри, тэрмэшкIэ иригъэлъэгъуащ «накIуэ» жыхуиIэу.
- ХьэщIэхэр уз зэхуэмыдэхэм яубыдауэ, къару яхэмылъыжу къыщIэкIри, хэт ныбажэм, хэт плъыржьэрым ихьащ, хэти гужьеяуэ шхынымрэ псымрэ зрадзри, зэгуитхъащ. Апхуэдэу, Мэуэтейм зи псэр къэзыхьэса гупым щыщу зы закъуэщ къызэтенар. Ар, и лъэр къыщIэувэу, япэу къызэрытэджу, гуащэм и пащхьэ ирашащ.
- Бостей щIыху кIыхьышхуэм гуэбэнэч фIыцIэр къытелъу, таж папцIэ лъагэр щхьэрыгъыу дэшхуей шэнт лъагэм ист Удынэ. Зи ныбжь дахэм дэщIэрэщIа бзылъхугъэ щыпкъэм екIурт и гуащэ щIыхьыр. Абы и нащхъуэхэр уэд хъуа алыдж сырыхум триубыдауэ, зэприсыкIыным хуэдэу зэпиплъыхьырт. Хэкум и хъумакIуэу къагъэна нэрыбгейхэм ящыщ зыбжани щытщ, гъэрыпIэ ихуа зауэлIым и щIыбагъ къыдэту. МыцIыхум и плъэкIэмкIэ гуащэм къыгурыIуат ар зауэлI къызэрыгуэкIыу зэрыщымытыр. Фэмрэ лымрэ къыхуэнарэ ныбаджэмрэ гъуэгуанэ хьэлъэмрэ къарууншэ ящIа дамэдум и зыIыгъыкIэм хэлът гъэщIэгъуэн гуэр. Ар нэщхъейт, зэпIэзэрытт, щыпкъэт. Сыт къемыфыкIами, и закъуэ дыдэу щIыпIэ мыцIыхум къыщыхутами, шынэ жыхуаIэр имыщIэ нэхъей, и щхьэр лъагэу иIыгъщ.
- — Уи цIэр къиIуэт, цIыхухъу, — къэпсэлъащ Удынэ, лIым зыхуигъазэу.
- — Си цIэр Уэдэсейщ1. Етаджэ2 алыдж хытIыгум срипщщ, — гугъу ехьыпэу къыдришейри, жэуап итащ лIым.
- — УкъызрихьэлIа щIыналъэр пцIыхурэ?
- — Сыщыгъуазэкъым…
- — Мыр Мэуэтейрщ, нарт Хэкум и щIыналъэхэм ящыщ зыщ. Сэ мэуэтыпщу Уэрышыкъуэ Алэдамэ срищхьэгъусэщ. Удынэщ си цIэр. МыбыкIэ дауэ фыкъэгъуэща? — зэпIэзэрыту жеIэ гуащэм.
- — Псори жысIэжынщ, гуащэ. Ауэ, япэщIыкIэ, фIыщIэ пхуэсщIыну сыхуейт хьэщIагъэ къызэрызэфхам, ажалым сыкъызэрыIэщIэфхам папщIэ. Плъыржьэрым сыхэтыху къысщхьэщыта цIыхубз телъыджэхэм я хъыбар зэхэсха мыхъумэ, зэи срихьэлIатэкъым, — къехьэлъэкIыпэурэ зэкIэлъигъакIуэрт алыджым.
-
— Алыджхэм мы псыхъуэр яубыдыну мызэ-мытIэу къыдэбгъэрыкIуащ. Абы хыумыщIыкIIауэ щыткъым, дауи. Арами, дэ хьэщIэм пщIэ худощI. КъызжеIэт, Уэдэсей, дауэ фыкъэса мыбы? — фызыжьым къызэригъэгугъа хъыбарым хуэпIащIэрт гуащэр.
- — Хьэтыпщым и дзэр зэщIикъуэри, къуэкIыпIэмкIэ иунэтIат, Ащырым езэуэну. А хъыбарыр алыджыпщхэм къызэрытIэрыхьэу, дызэкъуэувэри, Хьэтейм и къухьэпIэм дытеуащ…
- — ХьэIуцыдз! ЩIыбырыуэ мыхъумэ, бийм и гупэ фиту фызэуэфыркъэ?! — къилъащ Атисэ, алыджыпщым и псалъэр къызэпиуду.
- Удынэ и пхъум нэщхъкIэ щыхуеплъэкIым, пщащэ пщтырым зиущэхужри, и Iупэр зэтрикъузащ. Ар хуит къащIатэмэ, Уэдэсей и пIэм ириукIыхьыну хьэзырт, апхуэдизкIэ иригубжьат алыджхэм къалъыкъуэкIа икIагъэми.
- — Пыщэ! — жи гуащэм.
- — Хьэтейм и къухьэпIэ щIыналъэм унэсын папщIэ, хы Курыт Iуфэм тес Илэуным3 удэкIын хуейти, абы дебгъэрыкIуащ. Зи гугъу сщIы щIыналъэр зэи зы цIыхум къыхуэмызэуауэ, къалэм узэрыдыхьэфын Iэмали щымыIэу, мывэкъалэ лъагэкIэ къещIэкIауэ апхуэдэт. Дзэр къытпежьэри, зэхэуэ гуащIэр зэхэдублащ. АрщхьэкIэ дызэрытемыгъакIуэу, быдапIэр къытхуэмыщтэурэ дыкъикIуэтыжащ, илэунхэри я быдапIэм дэтIысхьэжащ. Псыхъуэм дыдэсащ апхуэдэу, ди пщышхуэм игъэзэжын имыдэу. Уз зэрыцIалэр къыщытхыхьэм, къарукIэ дазэрыпэмылъэщынур къыдгурыIуэри, илэунхэм дебзэджэкIащ. Я лIыгъэм щхьэщэ хуэтщI хуэдэ, тыгъэ къахуэдгъанэу дежьэжаифэу, пхъэкIэ зэтIулIа шы абрагъуэр псыхъуэм къыдэднэщ, ди кхъухьхэр дгъэпщкIури, ди дзэри лъэныкъуэ едгъэзащ. Илэунхэм я гугъакъым а шым лъэпкъыр кIуэдыжыгъуэ иригъэувэну… «Мы шым фIы къытхудэкIуэнукъым, мафIэ щIэдвгъадзи, дывгъэгъэс!», — жиIэурэ, пщым и къуэхэм ящыщ зыр мызэ-мытIэу лъэIуа щхьэкIэ, зыри едэIуакъым. БыдапIэм дашэу, тхьэлъэIу джэгу зращIэкIыжа «тыгъэм» зидгъэпщкIуат зауэлI гупми, жэщ зэрыхъуу, ди зыгъэпщкIупIэм дыкъикIщ, бжэхэр зэIутхщ, алыджыдзэр хуиту ныдыхьэри, жей IэфIым хилъэфа Илэуным мафIэ щIэддзэри, дгъэсащ. Япщри, пщыкъуэхэри, быдапIэм цIыхуу щызэхэзекIуэри зэтедукIащ. Псэууэ зы цIыху тIэщIэкIакъым. А псор къэхъунутэкъым, бжэхэр зэIуахрэ, хуиту дыдагъэхьатэмэ. Алыджхэм къыткъуэуватэмэ… Хьэтыпщым хуэпэжу къыщIэкIри, я щхьэр халъхьащ, — леишхуэ зэрызэрихьам зэрыхущIегъуэжар наIуэу, алыджым, зыхуэмышыIэжу, и нагъуэ хъуреитIым топым хуэдэу нэпс къыщIэжри, и хъыбарыр зэпигъэуащ.
- Атисэ ерагъыу зиIыгъыу арат. Ар къытричырт зыгуэр жиIэну. И Iэхэр пIэжьажьэрт.
- — АдэкIэ… — и нэщхъыр зэхэлъу хьэщIэм зыхуигъэзащ Удынэ.
- — Зауэм цIыхур хьэкIэкхъуэкIэ щохъу, лей Iэджи щызэрехьэ. Сынывоплъри, зауэлI лъэпкъщ сыкъызрихьэлIар. СыкъывгурыIуэну сыщогугъ… Ауэ, си щхьэкIэ апхуэдэ гужьгъэжь къыслъыкъуэкIыну си пщIыхь къыхэхуэнтэкъым. ЗыкъыщысщIэжам, си хъуреягъыр мафIэт. ЦIыхухъуи, цIыхубзи, быдзафи, жьыкIэфIэкIи, къытпэщIэхуэр зэхэдупщIатэрт. Ар яфIэмащIэу, щIым щылъ хьэдэхэм джатэпэкIэ кIуэцIыпыджи къытхэтт… Сыт тщIэр жысIэри, си пIэм синауэ, зысхуэмыгъэхъеижу, зысплъыхьу сыщытащ тэлайкIэ. ЩIыналъэр къэтщтат, Илэуныр дыдейт, ауэ цIыхупсэ къыдэдмынэу щIызэтедукIамрэ къалэр щIэдгъэсамрэ зы мыхьэнэ гуэри хэслъагъуэртэкъым. Псори делэ дыхъуам хуэдэт. СыкъызыхэкIа лъэпкъыр сцIыхужмэ, ахэр абдеж къыщызэтемыувыIэу, къалащхьэмкIэ кIуэцIрыкIынут, хьэдэ Iуащхьэхэр къызэтранэу, къапэщIэхуэм мафIэ ирадзу. Си гум къысхуидакъым ар. СыкIуэфынутэкъым адэкIэ, си гуэныхьыр згъэбагъуэу. Апхуэдиз гъащIэрэ лъырэ си напэм телъу сыпсэуфынутэкъыми, хьэкIэкхъуэкIэ дыдэ сымыхъу щIыкIэ, Етаджэм икIа зауэлIхэр зэщIэскъуэжри, Илэуным дыкъыдэкIыжащ. Зэрыхъуари дыкъызэрыгъуэщари къызгурыIуакъым, ауэ хыр къиукъубеикIщ, дунейр къутэжым хуэдэу къызэкIуэкIри, псыщхьэм дытриущыкъуеихьащ. Си гъусахэм я хъыбар сщIэркъым, махуэ дапщэкIэ псыщхьэм дытетами жысIэфынукъым, толъкъунхэм дыкъахьащ. Щыблэ и ней къытщыхуащ, къытхуэгъунукъым дэ ар зэи, сощIэ, — къиIуэта псоми ириукIытэжауэ, и щхьэр ирихьэхри, щым къэхъужащ алыджыр.
- — Ифш мыр си пащхьэм! — къызэкIуэкIарэ, шэнтым и Iэдакъэр зэхигъэщэщэным хуэдэу икъузу, жиIащ гуащэм, папщэри.
- НэрыбгеитIым лIыр яубыдри, мыдрейхэри абыхэм я ужьым иту, чачэу щIалъэфащ алыджыр.
- — Хуит дыкъэщIи, дыгъэукI хьэщхьэвылъэр! Хуэфащэкъым абы псэуну, — Атисэ арэзытэкъым гуащэм и унафэмкIэ.
- — Атисэ! Дапщэщ балигъ ущыхъунур?! Сапэ защIэкIэ Iуэху ящIэркъым, — къыщитхъри, зыхуэмышыIэжу, гуащэр и пхъум текIиящ, зэанэзэпхъур къыщызэхуэнэм. — КъызгуроIуэ, щIэпхъаджэ куэд зэрихьащ… Ауэ, сыткIэ дыкъыщхьэщыкIрэ абы, дэ зыкIи къыджьэхэмыуар къетлъэфажьэрэ дукIмэ? КъищынэмыщIауэ, ар сэбэп къызэрытхуэхъужыну псори тщIэркъым.
- Атиси къытехьауэ папщэрт. Абы и Iупэр икъузщ, и щхьэр иридзэкIри, щэтащ.
- — Ыхькъым зыри, Атисэ! Ыхькъым! Умыща-тэ!
- Хъыджэбзыр, минрэ нэрыбгейми, и нэпсым къызэпижыхьауэ, и жьэпкъыр пыкIэзызыкIырт. Нэрылъагъут абы гукъеуэшхуэ зэриIэри, жиIэн зэрикуэдри.
- — Атисэ… — гуащэм абы гу щылъитэм, щабэу къэпсэлъащ. — КъызгуроIуэ, сэбэп ухъуну ухуейщ, гукъыдэжым узэрехьэ, уи лъыр пщтырщ. Ауэ…
- — Ауэ, ухуеякъым уипхъу закъуэр нэрыбгей хъунуи, ар къоныкъуэкъу. Аращи, сыт жызмыIами — къуаншагъэщ! — и анэр къызэпеуд хъыджэбз гуащIэм, и нэпсыр къежэхыу.
- Удынэ абы къриуIэбжьауэ Iэнкунщи, жиIэнури зэрызищIынури къыхуэмыщIэу, пщащэр зэпеплъыхь.
- — КъыщебгъэжьакIэ, уи гум илъу хъуар жыIэ, си хъыджэбз. Гукъеуэ уиIэмэ, жыIэ. А уи гум илъым делъахъэ тIури, кIуапIи жапIи къыдимыту. ЗэхэдгъэгъэкI псори, и чэзу къэсауэ фэ изоплъ, — ифI зыкърешэж анэм.
- — Уи гум илъым жыпIа?! Сэра иджы псори зи ягъэр? Уэ уи гум зыри илъкъэ? СыткIэ илъын?! — и щхьэ щодыхьэшхыж пщащэр, и нэпсыр ирилъэщIэкIыурэ. — А уи бгъэм мыл кIанэщ илъри, сэ си кIуэцIым щыжьэм сыт хуиIуэху!
- — Зыгуэр къызэрофыкIыр, къызэроныкъуэкъур, гукъеуэ узэриIэр сощIэ. СыткIэ сынокъуэншэкIа? — зыкъиIэтри, и пхъум бгъэдэкIуэтащ Удынэ.
- Пщащэм и уIэгъэм гуащэр лъапэкIэ кIуэцIыувэурэ, ириIуэнтIыхь нэхъей, Атисэ и нэIур къызэкIуэкIащ, анэм и иужьрей псалъэр щызэхихым.
- — Пэжым ухуейщ, ара?! Арамэ, къэдаIуэ, гуащэ! Уэ… Уэ… — жьы къыпиубыду зэщыджэрт пхъур. — Уэ зэи гулъытэ къысхуэпщIакъым. Вакъуэ адэхэм зэбграша уи къуэхэм уи гупсысэ псори етауэ, къэрал Iуэхухэр сэ нэхърэ бгъэнэхъапэу сыкъэтэджащ. СощIэ, нэрыбгейхэм сазэрыхыхьар уи фIэфIкъым. НэхъыфIкIэ укъысщыгугъа хъунт. Ауэ, сыгупсысэщ-сыгупсысэри, езым къызэринэкIа къулыкъум сыпэрыувэмэ, гулъытэ нэхъ къысхуищIыну пIэрэ жысIэри, зеспщытати, Iуэхур нэхъри зэIысщIа мыхъумэ, зыкIи нэхъыфI укъысхуэхъуакъым! Сэ сыхуэмея уи гугъэрэ, гуапэу укъызэплъу, си щхьэфэм щабэу Iэ къыдэплъэу, щапхъэ птесхыу сыпкIэщIэсыну?! Ауэ, а псори сыту пщIыну, гуащэ?! Къапщтэмэ… УзыхэхъукIа нэрыбгейхэм гущыкI яхууиIэу, абыхэм я псэукIэр уи псэм темыхуэу укъэхъуащ уэри. Абы къыхэкIыу, хъыджэбз цIыкIу къыпщIэхъуэну ухуеяуэ къыщIэкIынкъым. Гужьгъэжь зыхууиIэ нэрыбгей гъащIэр уигу къэзгъэкIыж хъунщ… УкъызэрыкIа лъэхъэнэ хьэлъэм срифэеплъ?! КъызгурыIуэркъым! Апхуэдэу сыгупсысэурэ, уи къуаншагъэ хэмылъу къыщIезгъэдзыну иужь си-тащ зыкъомрэ. Сыт сымыщIами, зыри хъуркъым. Уи щIыб фIэкIа, уи гупэ слъагъуркъым. Къысхуэгъэгъу, ди анэ! Си къуаншагъэ хэлъкъым дунейм сыкъызэрытехьам.
- Бауэ-бапщэрэ щатэу къытехьат пщащэри, губжьым зэридзэрт. Удынэ и гущхьэр уз мыцIыху гуэрым кърисыкIыу, абы имыгъэбауэу, и пхъур зэпиплъыхьырт.
- — Си хъыджэбз дахэ! Атисэ… — щабэ дыдэу къыIурыщэтри, и пащхьэ къит пщащэ псыгъуэр зэщIиубыдащ гуащэм. — Апхуэдиз гукъеуэ пкIуэцIылъ си гугъакъым. Гу лъызмытэурэ, усIэщIэкIыпэрти. Пэжщ! Пэж дыдэщ, Атисэ — сэ цIыхубз ябгэхэм сахэхъукIащ. Щхьэж и Iуэху зэрихуэжу дапIати, уэри апхуэдэу ущытын хуейуэ щIэзгъэувар сщIэркъым. Анэ хуабагъэ зымылъэгъуа, ар зищIысыр зымыцIыху сэ Iэнкуну сыкъогъуэгурыкIуэ иджыри къэс. Сыт мыгъуи си анэ сэ?! ЩIалэхэр апхуэдэу псынщIэу зэрысIэщIахар нэхъыфIу къыщIэкIынщ. Илъэс тIощI дэкIыжами, анэдэлъху щытыкIэр зыхэбныну тыншкъым. Нобэр къыздэсым гъащIэщIэр си щIэщыгъуэщ. ИтIанэми… Сыт мыгъуэ мы жысIэ къомыр?! Къысхуэгъэгъу, си дахэ! Зызмыгъэгувамэ, сызэрыногуэуар зыгуэркIэ схуэгъэзэкIуэжыххэнумэ, къысхуэгъэгъу!
- Удынэ гу лъимытэу къанэртэкъым и пхъумрэ езымрэ зэрызэхуэщIыIэр. Апхуэдэ щытыкIэр зэрыкъуаншагъэр ищIэжми, анэ пхъашэу къэгъуэгурыкIуа цIыхубзым напIэзыпIэм зыкъызэридзэкIыу, и пхъум Iэщабэ-Iущабэ зэрыхуэхъунур хузэхуэгъэхъуртэкъым. Зэрызэ фIэкIа зыIумыплъа и щIалэхэм щегупсыскIэ къэгумащIэми, езым хуэдэ нэрыбгейм зэреубзэнур къыгурыIуэртэкъым. Алъандэрэ Удынэ кIуэцIкIэ къэзышха, илъэс бжыгъэкIэ, зыщIэфыгъухьу, кърихьэкIа псалъэхэр иджы къызэрытIэпIыкIащи, пщащэр имыутIыпщыжу, и нэпс къежэххэри хуэмыгъэувыIэжу, гъуэгырт гуащэр. Абы къыщыхъурт и нэпсхэм ящIыгъуу зы хьэлъэ гуэр кIэрыхужауэ, хуиту, и бгъэм щызу къэбэуэжауэ.
- — Мы ди Iуэху зэхэзэрыхьари, дызыхэпсэукI лъэхъэнэ хьэлъэри… Псори зэзгъэзахуэрт, нэхъыщхьэ дыдэм сытеплъэкъукIауэ. Сщыгъупщэжат си гъащIэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр. Сызэмыгупсысыныпхъэхэм сегупсыс зэпытурэ, псори фагъуэу, ныкъуэу, щIыIэу къысщыхъуу хъуат. Си щхьэм нэсыртэкъым хуабагъэрэ анэ лъагъуныгъэрэ хуэныкъуэ уэ уи закъуэ дыдэу утыку укъызэризнар. Къысхуэгъэгъу! — зи нэ къэплъэжа, зи гур зэIузыхыжам хуэдэу нэжэгужэ къэхъу-жащ Удынэ.
- Зэм-зэ пщащэр иутIыпщыжу, и нэгум хуиту щиплъэм, псалъэншэуи гурыIуэгъуэт пщащэм и гукъеуэхэр нэпс защIэкIэ анэм зэрилъэсыжар.
- — Си анэ! — гуфIэгъуэ нэпсхэр къыфIыщIэжырт Атиси. — Уэ нэхърэ нэхъыфIрэ нэхъ дахэрэ дунейм зы бзылъхугъэ темыту къысщыхъурт сыщыцIыкIум. Узигъуазэт, узищапхъэт. Сызыхуейри зы закъуэт — си щхьэфэм Iэ къыщIыдэплъэн гуэр злэжьыну, гу къыслъыптэну.
- — Зы Iуэху щхьэпэ гуэр злэжьыххэнумэ, зыгуэрым срипэрмэну Псатхьэм сыкъигъэщIамэ — ар нэрыбгейуэ сызэрыщытар, гуащэ къалэнхэр зэресхьэкIыр аракъым. Си бынхэм — уи дэлъхуищымрэ уэрэ — анэ сыфхуэхъун папщIэт мы дунейм сыкъыщIытехьар. Фэ-ращ си гъащIэм и купщIэр, зэи зыщумыгъэгъупщэ ар. Сызэхэпхрэ, зэи уигу иумыгъэху.
- Атисэ зызэпилъэщIыхьыжщ, арэзыуэ и щхьэр ищIри, и гур псэхужауэ хэщэтыкIащ.
- — Ди анэ, Уэдэсей жиIам теухуауэ… КъызэрыщIэкIымкIэ, алыджхэр къызэрехьэжьагъэххэщ. Хьэтхэр зауэм Iутмэ, дзэр зэрыщыту къуэкIыпIэмкIэ щыIэмэ, алыджхэм къэралыгъуэр ящтэнущ, зыри зэран къахуэмыхъуу. Абы и закъуэ, зы лъэныкъуэкIэ ащырыдзэр, мыдреймкIэ алыджхэм къаухъуреихьынурэ, хьэтхэри мэуэтхэри къызэтраукIэнущ. Унафэр зыIэщIэлъыр уэращ, ауэ, дыхущIегъуэжынщ, зыгуэр дымыщIэмэ, — шэнтым етIысэхыжа анэм и лъапэм зыщригъэщэтэхри, щэхуу жиIащ Атисэ.
- — Пэжщ! Аращ зэрыхъунури. Жыжьэ унэмыс, мыбдеж щыта алыджыр къыщIэпхъуэжащ, и лъэпкъэгъухэм ящышынэри. ХьэщхьэрыIуэ дыдэ хъуащ мыхэр, — зэригъэщIэгъуэнур къыхуэмыщIэу, и щхьэр игъэкIэрэхъуащ гуащэм.
- — ЛIо тщIэнур?
- — ДакIэлъыкIуэнущ мэуэтхэм. Сэ мыбдеж сыщысу си лъэпкъыр къезгъэукIынукъым, — хэкъузауэ жеIэ Удынэ.
- — Мэуэтыдзэр зэрыщыту дэкIащ… Хэт кIэлъыкIуэнур? — егъэщIагъуэ пщащэм.
- — Мэуэтхэр къэтми, нартхэр куэд дохъу, Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэщ нэжьгъущIыдзэ мин бжыгъэхэр. ДыкIуэнщи делъэIунщ. ИIэ, дахэ, зыгъэхьэзыр! Догувэ, — зиIэтри, гуащэм бжэмкIэ игъэзащ, Атиси абы иужь иту щIэкIыжащ.
- * * *
- Щалъхуа щIыпIэхэм илъэс бжыгъэкIэ зи лъапэр изымышия бзылъхугъэм и гъусэхэр щIыгъуу Хьэрэ-Кхъуэрэ къызэрыпекIуэкIыу, гуащэр гукъэкIыжхэм зэщIащтащ. Удынэ и тхьэкIумэм итт цIыхубз ябгэхэм я зэрызехьэ макъыр, Мэшыкъуэ щызэхашэ джэгу-зэпеуэхэм хэтыну зэрехьэжьа нэрыбгейхэм я гуфIэкIэр. И нэгу къыщIохьэж гуфIэгъуэуи, нэщхъеягъуэуи, гугъуехьуи, ехъулIэныгъэуи мы щIыналъэ телъыджэм щилъэгъуар. И щIалэгъуэр, и гуащIэгъуэр, и хъыжьэгъуэр. Гуащэр мащIэу погуфIыкIри, шым йолъэдэкъауэ. БыдапIэм къыдэплъ чэщанэ хэIэтыкIахэм тет къэрэгъулхэр набдзэгубдзаплъэу къазэрыкIэлъыплъыр, я щIыбагъми тIасхъэщIэх гуп къызэрыдэтыр ящIэми, Мэуэтейм икIа бзылъхугъэхэмрэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щыпсэу нэрыбгейхэмрэ зэрызэмызэгъыр ящIэжми, ягурэ я щхьэрэ зэтелъу, зэпIэзэрыту кIуэцIрокI хьэщIэхэр. БыдапIэм щекIуалIэм ирихьэлIэу, бжэшхуэхэр зэIуахри, псы Iуфэм Iус нарт лъэпкъым и лIыкIуэхэр ирагъэбла-гъэ.
- Абыхэм къапежьауэ пщIантIэкум ит нэрыбгей гупым зы дэгъуэшхуэ къахэкIуэтри, и Iэр иIэтащ, «фыкъызэтеувыIэ» жыхуиIэу. Удынэ и гупыр, зэщIоувыIыкIри, къопсых.
- — Еблагъэ, Удынэ! Апхуэдиз илъэс дэкIауэ, сытым укъытхуихьа? — погуфIыкI тхьэIухудыр.
- Мэчанэ, нэрыбгейхэм я щхьэгуащэ сырыхур, Удынэ и ныбжьыну цIыхубз Iэчлъэчышхуэт. Бланэфэ Iувым къыхэщIыкIа джанэ Iэщхьэ кIыхьрэ гъуэншэдж зэврэ щыгъщ, дыгъужьыфэ бацэр и лъащхьэм ешэкIащ, абы щыщыпси и плIэм теубгъуащи, бгылъэм щызэприху жьы уаер зыхимыщIэххэу, щIымахуэ шылэр зыуи къыщымыхъуу щытщ ар, и хьэщIэхэм къахоплъэри. ЦIыхубз лъагэ нэкIущхьэплъым и щхьэц кIыхьыр жьапщэм зэрехьэри, тэмэму игъаплъэркъым. ПлIабгъуэм щIакIуэ хужьу тепхъа и щхьэц кIыхьыр ешыхьри, пщампIэм деупщIэ, и нэгум хуиту уригъаплъэу. Гъэмахуэ уафэ къабзэм и плъыфэу нэ къуэлэнитIыр къогуфIыкI. ЦIыхубзым Iей игу илъ хуэдэкъым, Атисэ зэрыхуигъэфэщамкIи, и анэмрэ щхьэгуащэмрэ фIыуэ зэроцIыху.
- — ФIым дыхуиблагъэ, Мэчанэ! — щыпкъэу и щхьэр ещI Удынэ.
- — ФыныщIыхьэ. ХьэщIэ ди щIасэщ, — бгъунжу мэуври, бжэмкIэ и щхьэр ещI щхьэгуащэм.
- Мэуэтейм и лIыкIуэхэр къагъэхьэщIа нэужь, кIыхьлIыхь зимыщIу, Удынэ къызыкIэлъыкIуар щхьэгуащэм хуиIуэтэну иришэжьащ. Загъэхуэбэжу жьэгум пэрыс бзылъхугъэхэр мы щIыIэ уаем къезыхужьа Iуэхугъуэр зэрыкуури зэрыхьэлъэри къыгурыIуат нэрыбгей Iущым. ИкIи, ипэжыпIэкIэ, хьэщIэр къыщыпсэлъэнур къыхуэмыгъэсу, пIэцIеижырт.
- — Уэрэ сэрэ дызэтемызагъэу щытащ, Мэчанэ. ПщIэжрэ? — и щIалэгъуэ-пщтырыгъуэр игу къэкIыжри, пыгуфIыкIащ Удынэ.
- — Ар гуапэу дигу къэдгъэкIыжрэ, мыпхуэ-дэу, дызэхуэгуфIэу, дыуэршэру жьэгум дыпэрысу зэман диувэну хэт и гугъэнт?! — и дзэ налкъут мыщIэшхуэхэр къаплъэу, зэрылъэлъу дыхьэшхащ щхьэгуащэри.
- — Зэгуэр дызэрыукIыж пэтащ. Иджы еплъ.
- — ДызэрылIынкIэ шынэри, Къатинэ Мэуэтейм уигъэкIуат…
- — Уэр фIэкIа си щхьэ зэсхьэлIэн сымыгъуэту, лъэIуакIуэ сыкъыпхуэкIуащ, — нэщхъей къохъуж Удынэ.
- — Сыт къэхъуар?
- — Мэуэтыдзэр хы адрыщI зекIуэ зэрызэпрыкIам ущыгъуазэу къыщIэкIынщ.
- — Зэхэтхащ…
- — Хьэтыдзэмрэ мэуэтеймрэ зэуапIэм Iутыху, къэралым и адрей гъунапкъэм алыдж лъэпкъхэр къытеуащи, зрикIуэм яжьэрэ хьэдэ Iуащхьэхэмрэ къыщызэранэкIыурэ кIуэцI-рокI. Мэуэтхэр зекIуэм къимыкIыжынкIэ сошынэ, Мэчанэ. Ар лъэпкъитIми кIуэдыжыгъуэ тхуэхъунущ: хьэтхэмрэ мэуэтхэмрэ, — жьэгу мафIэр зэрыджэгухь нащхъуэхэм гузавэр щIэзу жеIэ Удынэ.
- — Уи лIым укIэлъыкIуэу, а мафIэсым псэууэ къыхэпшыну уогугъэ, ара? — къытохьэ щхьэгуащэр. — КъэралыгъуиплI зэхэлъэдэжауэ, щIым и гъунэм щызэроукI. Уэ а мафIэсым дыхэбгъэхьэу, дыбгъэкIуэдыну ара цIыхухъу щхьэкIэ? Еплъ а цIыхухъум къыпхуихьар — уи щхьэр зэкIуэкIащ.
- — Япэ уилъэдауэ, мыхъумыщIэ жумыIэ, Мэчанэ! Щхьэгуащэ ухъужами, узэрыпщтыру укъэнащ, — зыхуэшыIакъым гуащэми.
- — ЛъэIуакIуэ кIуэхэр апхуэдэу псалъэркъым, Удынэ, улъэпэрэпэнщ, — пыгуфIыкIащ сырыхур.
- — Псоми ящIэж алыдж лъэпкъхэр къыщыттеуам щыгъуэ, нартхэр зэрыубыду, бийр зэрыхагъэщIар. Абы Iущ дрихъуауэ щытын хуеящ, — пщащэ псыгъуэр цIыхубзитIым я зэдауэм къыщыдэуэм, пэшым щIэсу хъуар хуеплъэкIащ абы.
- — Мыпхуэдэу Мэуэтейм нэрыбгейхэр зэрыщагъасэр, гуащэхэм я псалъэмакъым хэпхъуэу?! — щхьэгуащэм и набдзагъуэ псыгъуэхэр лъагэу иIэтри, Удынэ зыхуигъэзащ.
- — Мыр Атисэщ, мэуэтыпщым ипхъу закъуэрщ, — щыпкъэу жэуап итащ Удынэ.
- — КъызэрыщIэкIымкIэ! — егъэщIагъуэ Мэчанэ. — Уэщхь хъужащ уи пхъур, Удынэ: мафIэщ.
- — КъыткIэщIикъузауэ, Iуэхушхуэм дыкърихужьащ, гуащэ. Си адэм и закъуэкъым а зауэм Iутыр. Мэуэтыдзэр зэрыщыту кIуащ Хьэтейм. Абыхэм къамыгъэзэжрэ, псы Iуфэр нэщI хъумэ, алыджхэр аргуэру къызэрехьэ-жьэнущ. ИкIи, уи фIэщ щIы, лIэщIыгъуэ псокIэ къыдэзэуэн хуей хъуми, ди хэкур яIэрымыхьауэ мыувыIэну. ИгъащIэ лъандэрэ ди адэжьхэр зыпэщIэт Iуэхугъуэщ мыр. Псоми дощIэ алыджхэм псэхугъуэ зэи къызэрыдамытынур. Арами, я зи чэзу теуэгъуэ къэс мыпхуэдэ псалъэмакъ едмыхьэжьэми, зыми къыгурымыIуэу ара, дызэкъуэхумэ — ар ди кIуэдыжыгъуэ зэрыхъунур. Хы адрыщI къыщекIуэкI гузэвэгъуэм хуэдэ зэи зы цIыхум имылъэгъуами ярейуэ, шынагъуэщ. Къэралыгъуэ псо щощэщэж абы! Зи Iыхьэ хэзылъэфыну хуейуэ абы къепщIамрэ лъыуэ щагъэжэнумрэ уи нэгу къыпхущIэгъэхьэрэ?! Зым и щхьэр игъэщхъыу, лъаIуэу, адрейм зигъэпагэрэ и мыхьэнэр дрихуейуэ фызэхэмысмэ, сыт хъунт! ЩIалэгъуэм къыщежьа фи зэныкъуэкъур зыми щыщкъым иджыпсту. Уэ, гуащэ, къыппытхыну дызыхуейр зы закъуэщ: е «хьэуэ», е «нтIэ», — къызэрыкIат пщым и пхъур.
- — Си Iуэху зыхэмылъ зауэм си щхьэр щхьэ хэслъхьэн хуей, жыпIэ хъунщ, Мэчанэ, — и пхъум и псалъэм къыпещэ Удынэ.
- — ИкIи пэжщ, жысIэми, — арэзы тохъуэ щхьэгуащэр. — Зыгуэрхэм я зэныкъуэкъум мэуэт-хэр хэпщIамэ, ар дэра зи щхьэузыр?
- — А упщIэм и жэуапу мыр къозэгъыну? — жеIэри, Мэуэтейм къикIа нэрыбгейхэм бжэ къуагъым къуагъэува чеищым я зым Атисэ йолъэпауэри, егъэукIурий, «жьгъыжьгъ» макъым пэшыр къигъэзууэ дыщэр къищэщу.
- — Дыщэ IэбжьыбкIэ ящэхухэм я фэ къызуплъауэ ара? — и пащхьэ къищэща мысыр дыщэр къыфIэмыIуэхуу, щхьэгуащэм и нэщхъыр зэхэлъу Удынэ хуеплъэкIащ.
- — НэжьгъущIыдзэр къызэптрэ си лъэпкъыр къесшэлIэжмэ, кхъухь из дыщэ къыпхуздезгъэшэжынщ нэрыбгейхэм, — зэпIэзэрыту жеIэ Удынэ.
- Бжэм Iут нэрыбгейхэм я нэр мафIэм пэлыд дыщэм хуэдэу, къицIуукIащ ар щызэхахым. Атисэ къыгурыIуакIэт, гуащэм зрилъэфыхьми, зихъунщIэми, нэжьгъущIыдзэр абы емыдэIуэххэу, зекIуэ ежьэну зэрыхьэзырыр.
- — Нэхъ псынщIэIуэу гупсысэ, гуащэ. Зэман диIэкъым, — ерыщт Атисэ.
- — Уи дыщэм дыкъыхуэнакъым, гуащэ! — икIагъэ гуэр ирапэсу, ар и гум щIыхьа хуэдэ, и щхьэр лъагэу иIэтри, щэхуу жиIащ щхьэгуащэм. — ФIыкIэ ушхыж уи мылъкур. ГъущI кIапэкIэ сыкъыумыгъэделэми, сыббгъурыту сынэкIуэнут. Нобэ хуэдэ махуэщ нэжьгъущIыдзэр тхьэхэм къыщIагъэщIар. Мы Iуэхум кърикIуэнкIэ хъуну псор къызгурымыIуэмэ, си гуащэ щIыхьыр схуэфащэ?! Хым узэрызэпрыкIын кхъухь уиIэмэ, нэрыбгей мин тIощI узот.
- Удынэ и гур къызэрыгъуэтыжарэ и нэгур къигуфIыкIыу Мэчанэ щхьэщэ хуищIри, и пхъум хуеплъэкIащ. Зэанэзэпхъур зэщыгуфIыкIырт псэхужауэ.
- — Уи пхъур хъыджэбз гуащIэщ, Удынэ! Хахуэщ. Дэгъуэу бгъэсащ. Абы и хъыбарыфI щызэхэтхыжын махуэри къэсынщ, къаплъи къэдаIуэ! — хьэщIэхэр игъэгушхуащ щхьэгуащэм. — ИкIэщIыпIэкIэ дежьэнщ, умыгузавэ. Алэдамэ и IуэхуфIхэмрэ и лIыгъэмрэ я хъыбар къэIужауэ, пщIэ зыхуэтщI пщыщ. Утыку къранэм хуэдэкъым ар!
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).