Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2020-01-18
- Псалъэжьхэр
- ЩIыщIэ мэш бэвщ
- ПсэукIэмыщIэ уэкъулэ щIрейщ.
- Уэсэпс хуабэ мэшгъэкIщ.
- Псэуным лъакъуибгъу щIэтщ.
- ЩIыр кIийуэрэ къокIуэ, гъэр гъыуэрэ мэкIуэж.
- УэфIрэ уэлбанэрэ я хьэкъ зэтенэркъым.
- ПхъэIэщэ вийм зэдащтэмэ, щIыгуль къагъазэ.
- IэщIагъэ зиIэ Iэужь иIэщ.
- Уэлбанэ махуэр щIэпытхъщ, фызым я тхъэгъуэр къэбгъавэщ.
- Удэмэ — Iуданэ, убзэмэ — бзыхьэхуэ.
- ЩIыщIэ мэш бэвщ.
- Iуэху зи Iуэху Iуэху IуощIэри, шхын зи Iуэху шхын IуощIэ.
- Зэрабзыр иIэ щхьэкIэ кърабзэ иIэкъым.
- Нэгъуеипщ нэхъей, и закъуэ мэшхэж.
- НыбэщIэубзэ IуэхутхьэбзащIэщ.
- Зауэ джэгурэ дауэ джэгурэ щыIэкъым.
- Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъуэр ищIэркъым.
- Выри лъэщ дыдэщ — къаубыдри щIащIэ.
- Губгъуэ пщIащэрэ унэ пщIащэрэ зэтохуэ.
- Фэ фщIэрэ?
- Адыгэ уафэ
- ЦIыхур къызэригъэщIрэ уафэм дэплъейуэ къокIуэкI. Ар дэзыхьэхыр абы и дахагъэм и закъуэкъым, атIэ уэгум ит дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм я щытыпIэр, щытыкIэр езым и гъащIэм куэду къыщегъэсэбэп. Ди лъэпкъым и блэкIар тхыдэр зыджхэм нэхъыбэу къыщалъыхъуэ IуэрыIуатэм, археологием, пасэрей дэфтэрхэм. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, лъэпкъым и къекIуэкIыкIар тэмэму бубзыхун щхьэкIэ, зи гугъу тщIахэм нэмыщIкIи, уэгум ехьэлIауэ абы иIа щIэныгъэр къэхутэжауэ, ари къэгъэсэбэпыпхъэщ. ГъэщIэгъуэн дыдэращи, адыгэцIэ зиIэ вагъуэ гупхэм (созвездиехэм) я нэхъыбапIэр Экваторым и щыгум итщ: Вагъуэдамэкъуэгурыгъ, Вагъуэур, Вагъуэшабзэ, Вагъуэбаш, Вагъуэдамэкъуэ, ВагъуэхьэлыIэ, Вагъуэщыгъэ, Вагъуэбэ, Вагъуэсокурэ, ВагъуэкIапсэ, Вагъуэкъан, Дэжыгвагъуэ, Вагъуэгублащхьэдэсэ, Вагъуэпхъэщку, Вагъуэщэлъахъэ; Журтыр хьэм езыгъэшха вагъуэ, Зи анэр дыщэ джэдыгукIэ зыхъуэжа вагъуэ, нэгъуэщIхэри.
- Дыгъэмрэ Мазэмрэ къищынэмыщIауэ, уэгум ит псоми адыгэр вагъуэщ зэреджэр, ауэ зищIысыр зэхегъэкI: планетэр — вагъуэкъанщ, кометэр — вагъуэкIэхущ, метеорхэр — вагъуэижщ.
- Псалъэм щхьэкIэ, нэхъыбэрэ илъагъу, къигъэсэбэп Венерэ планетэм Нэхущвагъуэ фIищащ, Меркурийм папщIэ ДэжейгъалIэ вагъуэ жеIэ. Сэ къысщохъу хьэрыпхэмрэ алыджхэмрэ уэгум ит пкъыгъуэхэр зэхагъэкIын ипэжкIэ адыгэхэм абыхэм цIэ фIащауэ. Адыгэхэм дыгъэмрэ мазэмрэ нэхъ пщIэ зыхуащI уэгум иткъым.
- Дыгъэр астрономхэм ику ит вагъуэу къалъытэ. Ар щIым нэхърэ хуэдэ мин 333-кIэ нэхъ хьэлъэщ. Абы и щIыIум градус 6000 и пщтырагъщ, и кIуэцIым и температурэр градус мелуан 13 мэхъу. Дыгъэм зэрегъакIуэ дызытес щIыри, вагъуэкъанхэри, вагъуэкIэхухэри. А псоми я гъуэгур аращ зыубзыхур. Ди дунейм и къэхъукъащIэхэм я нэхъыбэри аращ зи Iэужьыр. Дыгъэм илъэс меларди 4,7-5-рэ и ныбжьу хуагъэфащэ. Абы и кIуэцIым щекIуэкI термоядернэ реакцэр зэгуэр иухынущ, и къарур кIуэщIынурэ дэпым хуэдэу плъыжьышхуэ хъунущ, нэхуи хуаби имыIэж хъуа нэужь, къэуэнурэ дунейр къутэжынущ. Ар къыщыхъуну еджагъэшхуэхэм щыхуагъэфащэр илъэс меларди 5 хуэдиз дэкIа хунэужьщ.
- Иджыри зы бжыгъэ. Дыгъэмрэ щIымрэ километр мелуани 149,5-рэ я зэпэжыжьагъщ, абы и нурыр ди деж дакъикъи 8-кIэ къос. Мазэр нэхъ тпэгъунэгъу дыдэ пкъыгъуэщ. Ар ЩIым нэхърэ нэхъ цIыкIущ хуэдэ 44-кIэ, и хьэлъагъри хуэдэ 81-кIэ нэхъ мащIэщ. Абырэ ЩIымрэ я зэпэжыжьагъщ километр мин 384400-рэ. Мазэм хьэуа, псы щыIэкъым, ари и пIэ иткъым.
- Муслъымэн махуэбжыр мазэм тещIыхьащ. Тенджызым зэрызиIэтри (прилив) зэретIысэхыжри (отлив) абы епхащ. Ауэ ар езыр зезыгъакIуэр, зэрыкIуэну гъуэгур зыубзыхур щIыращ. Ипщэ (юг) лъэныкъуэмкIэ щыпсэу адрей лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэ лъэпкъми мазэм щIыхьышхуэ хуещI. МазэщIэ къэунэхуамэ, тхьэ йолъэIухэр угъурлы яхуэхъуну, абы узыншагъэ, гуфIэгъуэ, насып, нэмыс къахудэкIуэну. Къыщыхъу щыIэт, мазэщIэ къэунэхуамэ, зыщIэхъуэпс хьэпшыпым, Iэщым хуэдэ къаритыну абы елъэIуу.
- «Тхьэуэ мор зи мазэ, жысIар пэжкIэ» жиIэу адыгэм тхьэрыIуэ диIащ. ЦIыхубзым и дахагъэр къагъэлъэгъуэнумэ, «мазэм и нурыр къыщхьэщех» жаIэрт. Хъыджэбзым щхьэгъусэ хуэхъунур къищIэн мурад иIэу джэш идзынумэ е гъуджэиплъэ ищIынумэ, ар мазэм и изыгъуэ жэщ мазэгъуэм хуигъазэрти, мазэм еплъурэ, абы елъэIурт джэш идзым и щхьэгъусэ хъунур къригъэкIыну, щхьэгъусэ хуэхъунур къригъэхьэу гъуджэм къригъэщыну.
- ФIыуэ зэрылъагъуитIыр зэман гуэркIэ зэпэIэщIэ хъумэ, зэжраIэу щытащ: «Уигу сыкъэкIмэ, си фэ иуплъу мазэм еплъ». Дунейм щыIэну къэхъукъащIэхэр, зэхъуэкIыныгъэхэр мазэщIэ къэунэхуам и теплъэмкIэ къащIэрт. Абы и къуапитIыр дэгъэзеяуэ, пэгун фIэбдзэрэ къыфIэмыхуну щытмэ, уэгъу мазэщ, мазэщIэ къэунэхуам и къуапитIыр егъэзыхауэ, пэгун фIэбдзар къыфIэхужыну щытмэ, уэлбанэ мазэщ жаIэрт. Мазэр къыщыунэхуа махуэхэм къэкIыгъэм щIым къыхиш шхыныгъуэр абы и лъабжьэм нэхъ къэнэжу, ар из щыхъуам къэкIыгъэм и Iэпкълъэпкъым нэхъ кIуэуэ къалъытэрт. А псор цIыхухэм я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпырт.
- Куэдрэ къохъу дыгъэр, мазэр иубыду (затмение). Апхуэдэхэм деж цIыхухэр гужьеяуэ, зэрыгъэкIийуэ уэрамым къыдыхьэрт. Я гугъэт дыгъэр, мазэр благъуэм иубыду, ахэр кърагъэутIыпщыжын щхьэкIэ Алыхьым елъэIухэрт, благъуэр ягъэшынэн хьисэпкIэ уафэм фочкIэ дэуейрт, макъ ин ирагъэщIу Iэуэлъауэшхуэ къаIэтырт.
- Сыт хуэдэ зэманми, мазэм дыщеплъкIэ, дэ тлъагъур абы и зы джабэ лъэныкъуэрщ. Мазэ из хъуам и теплъэм зэи зимыхъуэжу щIэтлъагъури аращ. Адыгэхэр къогъуэгурыкIуэ а дэ тлъагъу мазэ джабэм мэл, мэлыхъуэ, мэлыхъуэ баш тету жаIэу. Ауэ фIэщщIыгъуейщ ди деж мазэм сурэту мэли, мэлыхъуи, мэлыхъуэ баши «щрагъэувауэ», сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди щIыпIэм мэлри, мэлыхъуэри, мэлыхъуэ баш-ри мазэм зыкIи щепхакъым. НтIэ, дэнэу пIэрэ адыгэхэм а сурэтхэр къыщагупсысар? Ипщэ (юг) лъэныкъуэмкIэ щыпсэу Iэщыхъуэхэм махуэм нэхърэ жэщым пщIэ нэхъ хуащI. Абыхэм зэманыр зэрабжыр жэщ бжыгъэкIэщ. ЩIыпIитIым я зэпэжыжьагъыр къызэралъытэри а тIум яку дэлъыр пкIун щхьэкIэ гъуэгу узэрытетын хуей жэщ бжыгъэрщ.
- Абыхэм махуэм и хуабэгъуэм Iэщыр жьауапIэм щаIыгъщ, дунейм и щIыIэтыIэгъуэ пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэ ягъэхъуакIуэ. Зы щIыпIэм кърагъэIэпхъукIыу нэгъуэщI щIыпIэ мэлхэр щахур жэщ мазэ нэху дахэрщ. Гу лъытапхъэщ ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыпсэу лъэпкъхэм мазэри мэлри нэхъ хэIэтыкIауэ ягъэлъапIэхэм зэращыщыр. ИкIи хуэбгъэфащэ хъунущ мазэм мэл, мэлыхъуэ, мэлыхъуэ баш «щытрагъэувар» ипщэ лъэныкъуэрауэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мэлым теухуауэ а лъэныкъуэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм и нэхъыбапIэр абы епхащ.
- Адыгэхэм мазэм псэущхьэ гуэр ирагъэувэн хуей хъуатэмэ, ирагъэувэнур, шэч хэмылъу, шыт. Адыгэ хъыбархэм, адыгэ таурыхъхэм ауэ сытми къыхэхуэркъым шыр цIыхум къепсалъэу, чэнджэщэгъу къыхуэхъуу, гузэвэгъуэ ихуам ищIэн хуейр къыжриIэу. Ар адыгэхэм я деж шым пщIэуэ щиIэм и зы лъэныкъуэ закъуэщ.
- Къашыргъэ Назир.
- ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием хэтхэр
- Биологие щIэныгъэхэм я доктор, академик Щэуджэн Iэсхьэд (Адыгейск къ.)
- Биологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIУА-м и член-корреспондент Тембот ФатIимэ (Налшык къ.)
- ТхылъыщIэ
- ДэIэпыкъуэгъу щхьэпэ
- ЩыIэу къыщIэкIынкъым лъэпкъ, къыщIэхъуэ щIэблэр гъэса хъуным емылIалIэу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, аращ цIыхубэм и псэукIэри и къэкIуэнури зи IэмыщIэ ихуэнур, гъащIэр япэкIэ зыгъэкIуэтэнур, дахэ, тынш зыщIынур, нэхъыжьхэр жьыщхьэ махуэ хъунуми мыхъунуми зэлъытар. Лъэпкъ цIыху бгъэсэн нэхъ гугъу щымыIэу жыпIэмэ, пцIыкъым. Быныр зыхуэбгъасэ, зыхуебгъаджэм куэд иIыгъщ, аращ апхуэдиз пщIэрэ мыхьэнэрэ адыгэм гъэсэныгъэм щIритыр.
- ИгъащIэ лъандэрэ ди лъэпкъым къыщIэхъуэр гъэса хъун папщIэ къегъэсэ-бэп Iэмал куэд: лэжьыгъэм пасэу хешэ, гъащIэм и теплъэхэм щыгъуазэ ещI, къэзылъхуа лъэпкъым и блэкIар ирегъэдж, хабзэ, нэмыс, укIытэ, шынэ, гущIэгъу, фIэлIыкI, лIыгъэ, пэжыныгъэ, лъагъуныгъэ, тегушхуэныгъэ, гугъуехь, тыншыгъуэ — куэдым, куэд дыдэм къарыкI мыхьэнэмрэ щхьэпагъэмрэ къыгурегъаIуэ.
- А псоми ухуезыгъэджэфынур гъащIэращ, псори щызэхуэхьэсари аращ. Аращ адыгэм быныр гъащIэм гуэт къудей мыхъуу икурыкупсэм, архъуанэм щIыхишэр. Ар лэжьыгъэ гугъущ икIи пщIэшхуэ зиIэщ. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу хъу Iэмалхэм я нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ ди нобэм къэсыхукIэ нэхъри зызыужь, ефIакIуэ ди лъэпкъ IуэрыIуатэр. Абы къаруушхуэ иIэщ адыгэ щIа- лэхэр, хъыджэбзхэр гъэса хъунымкIэ, нобэрей гъащIэ гугъум хэмызэрыхьу хэпсэукIыфынымкIэ.. Дунейм къыдекIуэкI плъыфэ куэдым я цIэр зыхъумэщ адыгэ IуэрыIуатэр.
- ЕкIу-емыкIур, Iущыгъэр, шыIэныгъэр, захуагъэр, пэжым и телъхьэныр — куэдым ухуегъасэ икIи ухуеущий IуэрыIуатэм. Сыт атIэ апхуэдэ Iэмал щхьэпэр IэщIыб щIэхъун хуейр? Ар текIуэн хуейщ нобэрей ди сабийхэр тезыгъэхьэулеикI, щхьэхынэ, зэхэщIыкI чэнж зыщI Iэмалхэм: телевизорым, телефоным хэт джэгукIэ мыфэмыцхэм, нэгъуэщI куэдхэми.
- Налшык къалэ дэт «Принт-Центр» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ Багъ Марьям и Iэдакъэ къыщIэкIа «Адыгэ IуэрыIуатэ» тхылъ хьэлэмэтыр. Абы щызэхуэхьэсащ адыгэ щIэныгъэлI, тхакIуэ пажэ Нало Ахьмэдхъан КъБКъУ-м щригъэджауэ щытахэм зэхуахьэсыжа хъыбархэр, таурыхъхэр, уэрэдхэр, гъыбзэхэр, зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр, бзэм зезыгъэужь псынщIэрыпсалъэхэр, хъуэхъухэр, жыIэгъуэхэр, нэщэнэхэр, нэгъуэщI куэдхэри. Дэтхэнэми хэлъ гъэсэныгъэ мыхьэнэр лъытэгъуейщ икIи иныщэщ.
- Нэхъыжь ныбжьхэм итхэми, нэхъыщIэхэми къахуэсэбэпын, яфIэгъэщIэгъуэн хъун, зыущиин куэд щыбгъуэтынущ а тхылъыщIэм.Ар зэзыгъэзэхуа, зыгъэхьэзыра Багъ Марьям икъукIэ къаруушхуэрэ зэфIэкIрэ ирихьэлIащ тхылъыр къыдэгъэкIыным. Псалъэ къудейкIэ мыхъуу, гъэсэныгъэр зэрыгугъум, щIэблэм щIэныгъэ етыныр зэрыIуэхушхуэм щыгъуазэ дещI Багъым икIи Нало Ахьмэдхъан мыпсэужми, абы къригъэза къа- лэн игъэзэщIэн лъэкIащ. Адыгэ IуэрыIуатэм иджыри къэс хэмыхуауэ щыта куэд зэхуэзыхьэсыжахэми фIы-щIэ яхуэфащэщ. Иджы цIыхухэм дащыгугъынщ апхуэ-дэ тхылъыфIыр адыгэ унагъуэхэм нэсу къыщагъэсэ- бэпыну.
- Шэшэн Риммэ.
- Ислъэмей къуажэ
- Шхыныгъуэхэр
- КIэртIоф цIывынэкIэ щIа хьэнтхъупс
- Шыуаным псы щIыIэ ирагъэжыхь, шэ щIэмыху иракIэ, шыгъу хадзэри, зэIащIэурэ зэ къытрагъэкъуалъэ. БэлагъкIэ зэIащIэурэ абы кIэртIоф цIывынэр хакIутэ. МафIэ щабэм тету хьэзыр хъуху ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсыр пэшхьэкум къытрахыжри бжьын гъэлыбжьа традзэ, шыуаныщхьэр трапIэри, дакъикъитху-хыкIэ щагъэт. Iэнэм фалъэкIэ трагъэувэ, шатэ хэкIауэ. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
- шэ щIэмыхуу — г 1400-рэ,
- кIэртIоф укъэбзауэ — г 300,
- гуэдз хьэжыгъэу — г 60,
- джэдыкIэу — 1,
- тхъуцIынэу — г 30,
- шатэу — г 50,
- шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
- бжьын гъэлыбжьам:
- тхъууэ — г 30,
- бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 40,
- шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз.
- Былым тхьэмщIыгъу гъэбэкхъа
- ФIыуэ тхьэщIа тхьэмщIыгъур Iыхьэурэ яупщIатэ, гъумагъыр см 3 — 4, кIыхьагъыр см 10 хъууэ, абыхэм сэкIэ гъуанэ цIыкIу хуащI, ямыугъуэныпэу. Шыгъу щахуэ. ИтIанэ а гъуанэ цIыкIухэм бжьыныху хьэдзэ упщIэта, шыбжий сыр упщIэта иралъхьэ, гуэдз хьэжыгъэм фIыуэ хакухьри, тебэм ит тхъу къэплъам халъхьэ. Iыхьэхэр лъэныкъуитIымкIи тхъуэплъ дахэ хъуху ягъажьэ. Шатэпс щIакIэ, тебащхьэр трапIэжри, мафIэ щабэм тету хьэзыр хъуху ягъэбэкхъ. Iэнэм пщтыру, тебэм къина шатэпсри текIауэ тепщэчкIэ трагъэувэ. И щхьэм бжьын упщIэта тракIутэ. Дашх пIастэ, мырамысэ хуабэ, чыржын, щIакхъуэ.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
- тхьэмщIыгъуу — г 600,
- бжьыныху укъэбзауэ — г 20,
- шыбжий сыр мыхьэжауэ — г 5,
- тхъууэ — г 80,
- бжьыныщхьэ упщIэтауэ — г 60,
- шатэпсу — г 250-рэ
- шыгъуу, гуэдз хьэжыгъэу — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:3. … тригъэIэбащ. (игъэгузэващ). 4. Мэжджытым хэтщ … джапIэ. 6. Дзэлыкъуэ районым хиубыдэ къуажэ. 7. … гъэхъуж. 11. ЦIыху зыпI цIыху уасэ … 12. Налшык къалэ уэрамхэм щыкуэд къуалэбзу. 15. Шы щхьэц. 18. Лы лей зытелъ цIыху. 19. Къалэ лIыхъужь. 21. Пшынауэ, уэрэдус, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист. 24. Джэдкъазым традзэ дамыгъэ. 25. Ди къуажэхэм щыплъагъу «транспорт», бензини фэтыджэни хуэмейуэ. 27. АдакъэщIэрэ … пIастэрэ. 29. Жьэгум хэщIыхьа шыуан фIэдзапIэ. 33. Школым щадж предмет нэхъыщхьэхэм ящыщ зы. 35. Шыгу шэрхъым и зы Iыхьэ. 36. Гъатхэм пасэу, уэс телъу, щIым къыхэж удз гъэгъа цIыкIу. 37. … джэлам ущIэмынакIэ. 40. Гъуэгум, щIы щхьэфэм иIэ кумблIэмбхэр. 42. Пхъэ къутахуэ жьгъей цIыкIухэр. 43. ЩIалэ къуданым и … илъыгъуэщ. 44. КъуакIэбгыкIэм хуэхей щIы захуэ.
- Къехыу:1. Iэпслъэпсым щыщщ. 2. Абы нэ хуэщIати, «набдзэ» жиIащ. 3. ГъэшыгъуафIэ гуэр. Е тхьэв … 5. Зи нэхэр зэблэплъ. 8. Ахъшалъэ. 9. Хьэл IуэнтIа зиIэ цIыху, гущIэгъуншэ, сампIэимыхьэ. 10. Жэщым ди уэрамым уэздыгъэхэр … 13. ПIалъэкIэ нэгъуэщIым къыIаха гуэр — хьэпшып, Iэмэпсымэ хуэдэ. 14. ЦIыху гъур, уэд. 16. … мыплъэмэ, нэр плъэркъым. 17. Зи Iуэ … нэхърэ зи щхьэ … 20. МахуэцIэ. 21. Гъатхэр къызэрихьэу жыгхэм … иратащ. 22. Ди гъунэгъум мэл … иIэщ. 23. КIыщокуэ Алим и поэмэ. 26. ПхъэIэщэм щыщ Iыхьэ, щIыр зэзыгъэдзэкI. 28. … Iурыгъэлъэда хуэдэ. 30. Гъэш. 31. Бгырыпхыщхьэ. 32. Ахъшэ жьгъей. 30. Бадынокъуэ и унэм къригъэблэгъэну Сэтэней пщэрылъ зыщищIа пщащэм нарт лIыхъужьым къыжреIэ: «Нарт щауэгъу солъыхъуэ, … сырилъыхъуакIуэщ, фIым сыриIэщакIуэщ». 34. ДжэдыкIэ … 38. Теунэ Хьэчим и къуажэ. 39. Къуапищ зиIэ тхылъымпIэ е нэгъуэщI зыгуэр. 41. … щхьэнтэ. Е джэдкъазым ятет цы щабэ. 42. Бдзэжьей зэрещэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ЩIышылэм и 11-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:6. Елыркъэш. 7. Къэлътмакъ. 9. Умэ. 10. Бахъуэ. 11. Джэрш. 12. НыбжьэгъуфI. 14. Залым. 16. Къэлэр. 17. Шынакъ. 19. Щиху. 20. Зей. 21. Къуэ. 22. Хъуп. 27. Къан. 28. Джэлэфей. 29. Тхъуэ. 34. Щэ. 37. КIэ. 38. Гъэр. 40. КIэ. 41. Дубай. 42. Джэлэс. 43. Джарым. 44. Iэгъэбэгу. 46. Жьауэ. 48. Псыжь. 50. Баш. 52. Мурадин. 53. Хьэсэней.
- Къехыу:1. Шыпхъу. 2. Чэтэн. 3. Хьэм. 4. ХуэмыфI. 5. IумпIэ. 6. Елбэздыкъуэ. 8. Къашыргъэпэ. 13. Жьанэ. 15. Махуэл. 16. Къэлэр. 17. Шыгъу. 18. Къыр. 23. Къаз. 24. Кхъулэ. 25. Афэ. 26. Пхъужь. 30. Пщэдджыжьым. 31. Борис. 32. Шэмэдж. 33. Мэрэмэжьей. 35. Нэд. 36. Бей. 39. Абгъуэ. 44. Iэдий. 45. Гуэбэн. 47. Уэркъ. 49. Санэ. 51. Алъп.