ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэм уанэгум къихутэрт, зэми къихурт…

2019-11-14

  • Маршал  Конев  Иван  и  гъащIэрдэгъэзеигъуэрэкъегъэзыхыгъуэузэхэлът
  • Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Конев Иван ди ТекIуэныгъэм хэлъхьэ ныгъэшхуэ дыдэ хуэзыщIа цIыхущ. Абы и унафэм щIэту зауэм мыхьэнэ ин зиIэ Iуэху куэд щызэфIагъэкIащ. Ауэ и гъащIэр зы пщалъэм иту зэпIэзэрыту щытакъым — щылъэпэрапи къэхъуащ. 1897 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къалъхуа Иван мэзауэу лэ жьэн щIи дзащ.

  • И ныбжьыр илъэс 19-м иту дзэм ираджащ. ТхэкIэ-еджэкIэ зыщIэ щIалэм япэщIыкIэ къалащхьэ ака де мием курс гуэрхэр къыщ рагъэухащ, иужькIэ фронтым ягъэкIуащ. Генерал Брусиловым къызэригъэ пэща ебгъэрыкIуэныгъэ Iуэху цIэрыIуэм хэтащ. 1918 гъэм и щIымахуэм и унэ  игъэзэжа иужь цIыху хэм я зэхуэмыдэныгъэм зэгуигъэп Коневыр большевикхэм я партым хы хьащ. Япэ дунейпсо зауэм щызригъэщIахэм я фIыгъэкIэ зэуэ унафэщI  хъуащ — Ни кольск къалэм комиссару ягъэкIуащ. Нэхъыбэрэ щы зэуар къуэ кIыпIэ лъэны къуэрщ. Ар зи пашэ зауэлIхэр лIыгъэ яхэлъу япэ щIэтащ хужьы дзэхэмрэ япон зэрып хъуакIуэхэмрэ. Мыбдеж белджылы щы хъуащ абы дзэзешэм   и зэфIэкI зэрыбгъэдэлъыр.
  • Граждан зауэр иуха, къэралыр щытыкIэ зэпIэ зэрыт иувэжа иужьи  Коне выр къарузехьэ къу лыкъум къы пэрыкIакъым. Ар щеджащ Дзэ ака демие нэ хъыщ хьэм. 1935 гъэм дивизэм и Iэтащхьэу Монголием ягъа кIуэри 40 гъэхэр къэ сыху щыIащ, 1941 гъэм  генерал-лейтенант цIэр  къы фIащащ. Зауэм зэры щIидзэу ар зи унафэщI гу пыр ипщэ лъэ ныкъуэмкIэ ягъэкIуащ. А зэманым нацистхэр псын щIэу Бе ло рус сием и щIыналъэм къы кIуэцI рыкIырт. Ди  къа ру куэд Днепр адрыщIкIэ щыIэт. Хуагъэфащэрт абыкIэ удын нэхъыщ хьэр къикIыну. Пэмыплъауэ бийр Бе лоруссием и  шэ дылъэ щIы пIэ узыпх ры мы кIы фынухэм щIэх ды дэу къы зэрызэпрыкIам     ди зауэлI хэр игъэгужьеят. Коневыр КъухьэпIэ фронтым ягъэ кIуащ щытыкIэр иригъэ фIэкIуэжын я гугъэу. Ар щхьэкIэ бадзэуэ гъуэм и зэхуэдитIым Ви тебск ятащ. Ди зауэлI куэд дыдэ къаухъуреихьащ. Ар и лъабжьэу вермахтым и штаб  нэхъыщхьэм и уна фэщI  Гальдер Гитлер жри Iауэ щытащ СССР-м иращIылIа зауэм тхьэмахуитI нэхъ дэмыкIыу Германиер щытекIуэну. Абы къилъы тэрт сыт къэхъуами нэмы цэхэр дяпэкIэ зыми къы-  зэтримыгъэувыIэфыну. Вязь мэ иужькIэ фашистхэм я плъа пIэ хъуащ Москва. Смоленск и деж мазитIкIэ зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэ кIащ. Бийм ди армэ зыбжанэ, Конев Иван 19-нэ армэр щытыкIэ гугъум  къ ри шыжыфащ. Абы Смоленск и деж щигъэхъахэр езы Сталиным игу ирихьащ. Аращ КъухьэпIэ фронтым и унафэщI къу лыкъур къы щIыхуагъэ фэ щари. Ар щхьэ кIэ жьы къыщепщэнур иужькIэт…
  • 1941 гъэм и бжьыхьэм бийр Москва къекIуэлIащ. Абы и «Центр» дзэ гупыр уащхъуэдэмыщхъуэу Витебск и деж къыщебгъэры кIуащ. Ди зауэлI мин 500-м щIигъур зэуэ лыгъэм хэ хуащ. Ар хэщIыныгъэ хьэ лъэ дыдэт. Сталиным и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ къэхъуар зи зэраныр зэхэзыгъэкIыну гуп щхьэ хуэ. Псоми ягъэкъуаншэр Коневырт. Комиссэм и унафэщI, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ къэрал комите -тым хэт Молотов Вячеслав тригъэчыныхьырт Конев Иван трибуналым иратыну. Абы къикIыр яукIыну арат. Мыбдеж ар къыщригъэ лащ псоми фIыуэ тцIыху  Жуков Георгий. Абы Молотовым гуригъэIуэну ху щIэ къуащ къуаншэр Коне вым зэримызакъуэр, абы псоми я ягъэ зэрыхэлъыр.
  • АрщхьэкIэ Молотовым игъэзэщIэн хуейт и пщэ  къралъхьа лэжьыгъэр. Ап хуэдэу щыхъум, Жуковыр Сталиным и деж псэ-                  лъащ:
  • — Сэ фронтым и уна фэщIым и къалэнхэр си пщэ дэслъхьэжащ, ауэ сынолъэIу Конев Иван си  къуэдзэ пщIыну. Ар мы щIыпIэм щекIуэкI псоми фIыуэ щыгъуазэщ, хуабжьу къысхуэщхьэпэнущ.
  • — Узэрыхуейм хуэдэу щIы,-арэзы хъуащ Сталиныр
  •  ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абдеж комиссэм и лэжьыгъэр щиухащ.
  • ЕтIуанэ щIэщхъур къы щыщIащ Ржев и деж. Мыбдеж абы и дзэхэм кащыпэщIэуващ зыхъумэ жыныгъэ Iуэхухэм хуэIэ кIуэлъакIуэ дыдэ фашист генерал Модель и къару хэр. ЕбгъэрыкIуэныр къащемыхъулIэм, Коневыр фронтым и Iэтащхьэм и  къулыкъум трагъэкIащ. Ар щхьэкIэ зы илъэсым къриубыдэу дзэзешэ акъы лыфIэ дыдэу зыкъигъэ лъагъуэри ягъэувыжащ. Псом хуэмыдэу Украинэр хуит къыщащIыжым.
  • … Зэгуэр Конев Иван Сталин Иосиф и деж псэлъащ Харьков къалэр фашистхэм къызэрыIэщIагъэкIыжамкIэ хъыбар иригъащIэу. Iуэхур зэрекIуэкIа псори хуиIуэта иужь, Сталиныр къеупщIащ:
  • — СыткIэ дыпхуэупсэн? Сыт ухуэныкъуэ?
  • — ЩIакхъуэ бзыгъэ цIыкIу гъэгъуа къысхуегъэхь, ныб жьэгъу Сталин! — итыжащ жэуап. Хъунумэ, зы ашык псо.
  • Маршалым и вагъуэр хьэзыру ягъуэтакъым: ар шылэ Iуданэ лъапIэхэмкIэ хадыкIыу арат. Щыщы мы Iэм, апхуэдэ вагъуэ зытет дамэтель Ворошиловым хьэхуу къы Iахри щIакхъуэ гъэ гъуахэм дыщIагъуауэ щытащ.
  • Сталиным ищIэрт цIыхум пщIэ зэрыхуищIыну щIы кIэр.
  • ЖытIэнщи, Украинэр  хуит къэщIыжыным къа руушхуэ дыдэ езыхьэлIа Коневыр мы зэманым зы кIи ягу къыщагъэ кIы жыр къым а къэралым. Ауэ ар зэман Iуэхущ.
  • Нэхъыщхьэр благъуэ бзаджэм и гъуэ Берлин къэ зыщта советыдзэхэм я уна фэщIу щыта Жуковыр, Рокоссовскэр, Коневыр зэи хэмыкIуэдыкIыну тхы дэм къызэрыхэнарщ.