ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Актёр телъыджэ, режиссёр Iэзэ, драматург цIэрыIуэ

2019-11-14

  • Лъэпкъ  гъуазджэм  и  вагъуэ
  • Тубай Мухьэмэд Мудар и къуэр 1919 гъэм щэкIуэгъуэм и 14-м Тэрч районым хыхьэ Къаншыуей (иджы Курп Ищхъэрэщ) къуажэм къыщалъхуащ. Ар щытащ ди лъэпкъ театрым и джэлэсу, къыхиха джэгуакIуэ IэщIагъэм хуэпэжу, режиссёр IэкIуэлъакIуэу, унафэщI губзыгъэу, театрым и щэхухэм фIыуэ хэзыщIыкI драматург гъуэзэджэу, цIыху щыпкъэу, ныбжьэгъу пэжу.

  • Тубай Мухьэмэд. 1946 гъэ

    И ныбжьыр илъэс 17 фIэкIа мыхъуауэ Мухьэмэд техьат щIыхьышхуэ зыпылъ театр гъуазджэм и гъуэгуанэ гугъум. Налшык къыщызэIуаха Къэбэрдей драмэ студием щеджэу абы игъэзэщIауэ щытащ ШэкIыхьэщIэ Пщыкъанрэ Нало Жансэхъурэ я «КIуэрыгъуэт» пьесэм къытращIыкIа спектаклым хэт Астемыр пщы ябгэм и ролыр. Студиер къиуха нэужь, Тубайр яхэтащ Къэбэрдей колхоз-совхоз драмэ театрыр къызэIузыхахэм. ДжэгуакIуэ IэщIагъэм и мызакъуэу драматургиеми пэлъэщын зэчий зэрыбгъэдэлъыр Тубайм къигъэлъэгъуащ илъэс 19-м иту. 1938 гъэм а театрым щагъэувауэ щытащ Мухьэмэд итха «Мэжидрэ Марятрэ» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр. Абы езы Тубайм щигъэзэщIат Аслъэмырзэ бзаджащIэм и ролыр. 1939 гъэм «Мэжидрэ Марятрэ» пьесэм и саулыкъукIэ драматург ныбжьыщIэр хагъэхьащ СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым.

  • Хэку зауэшхуэм щыгъуэ Тубайр яхэтащ 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м Москва и Ут Плъыжьым щекIуэкIа парадым иужькIэ занщIэу зауэм Iухьа совет сэлэтхэм. ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ игъэлъагъуэу хэкум и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа адыгэ щIалэм къыхуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэ орденым и етIуанэ нэгъыщэр (1944 гъэ), Вагъуэ Плъыжь орденыр (1943), «За оборону Сталинграда», «За победу над Германией», «За победу над Японией» медалхэр.
  • Зауэ нэужьым Тубай Мухьэмэд щалъхуа хэкум къигъэзэжри, фIыуэ илъагъу IэнатIэм еувэлIэжащ. Илъэс тIощIрэ тхум щIигъукIэ адыгэ сценэр игъэбжьыфIэу ар Къэбэрдей драмэ театрым и актёр нэхъ пажэхэм ящыщ зыуэ щытащ. ИгъэзащIэ ролхэр цIыхухэм гунэс ящыхъуу, я теплъэкIэ, я хьэл-щэнкIэ зэхуэмыдэу образ гъэщIэгъуэн куэд къигъэщIащ Тубайм. Апхуэдэхэщ Шортэн Аскэрбий и пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэм хэт комиссар Андрей («Батыр и къуажэ»), Аслъэнокъуэ пщы ябгэр («Къамботрэ Лацэрэ»), инэрал Аслъэнбэч («ИгъащIэкIэ») я образхэр. Тубай Мухьэмэд хузэфIэкIащ дуней псом щыцIэрыIуэ европей, урыс, нэгъуэщI лъэпкъхэм я драматургхэм я пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэм хэт персонажхэр адыгэбзэ къабзэ- кIэ «къигъэпсэлъэн». Апхуэдэхэщ Фердинанд (Шиллер Ф. и «Бзаджагъэмрэ лъагъуныгъэмрэ»), Веронэ къалэм и пщышхуэ Эскал (Шекспир У. и «Ромеорэ Джульеттэрэ»), Доменико Сориано (Эдуардо де Филиппо и «Филуменэ Мортурано»), Подколёси-ныр (Гоголь Н. и «Фызышэ»), Аркадий (Корнейчук А. и «Платон Кречет»), Маргаритовыр (Островский А. и «Лъагъуныгъэ хэкIуэта») сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Къэбэрдей драмэ театрыр къызэрызэIуахрэ илъэсипщI щрикъум ирихьэлIэу урыс драматург Вишневский Всеволод «Гум имыхуж 1919» и пьесэм къытращIыкIа спектаклым хэт Совет къэралым и лIыщхьэ Сталиныр адыгэбзэкIэ «къэзыгъэпсэлъари» Тубай Мухьэмэдщ. Абы и образым зэрелэжьам теухуауэ Мухьэмэд жиIэжырт: «А ролым сыщелэжьым, сэ нэхъыбэу гулъытэ хуэсщIащ псалъэ жысIэхэмрэ сценэм Iуэхугъуэ щызлэжьхэмрэ нэхъыфIу зэпыщIа зэрыхъуным. Сталиным и образыр згъэлъэгъуэну къызэрызэхъулIам сэ нэхъри сытригъэгушхуащ ди лъэпкъ театральнэ гъуазджэр зэредгъэфIэкIуэным тлъэкI къэдмыгъанэу делэжьын зэрыхуейм» [«Ленин гъуэгу», 1990, шыщхьэуIум и 29-м]. Дэбгъуэн щымыIэу а образыр зэригъэлъэгъуам и фIыщIэкIэ 1951 гъэм Тубайм къыфIащащ «Къэбэрдей АССР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр.
  • Спектаклхэм щыджэгу къудейм и мызакъуэу, Мухьэмэд езым спектаклхэр игъэуву щытащ. Режиссёру ар зэлэжьам ящыщщ Шортэн Аскэрбий и «Партым и лIыкIуэ», Щхьэгъэпсо Мухьэмэд и «Благъуэм псыр иубыдащ», Дудар Хьэутий и «Нэчыхьытх», «Фыз Iэзэ», «КъуийцIыкIу», «Хьэлэлыжьрэ Хьэрэмыжьрэ», Мысачэ Пётр и «Псэм и щIасэр нэм фIэдахэщ», Сонэ Мухьэрбий и «Ухейм — улъэщщ», Журт Биберд и «Щхьэм имытмэ, лъакъуэм и мыгъуагъэщ» спектаклхэр, нэгъуэщIхэри.
  • Актёр, режиссёр лэжьыгъэм къадэкIуэу, Тубай Мухьэмэд Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и унафэщIу, театрым и парторганизацэм и секретарь къалэнхэри игъэзащIэу илъэс зыбжанэкIэ лэжьащ. Ди лъэпкъ щэнхабзэм зиужьын папщIэ Iуэху щхьэпэ куэд зылэжьа Тубай Мухьэмэд къыфIащауэ щытащ КъБАССР-м и цIыхубэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ я артист цIэ лъапIэхэр.
  • Тубай Мухьэмэд гъащIэм нэ жанкIэ пхыплъыф драматургыу щытащ. «Мэжидрэ Марятрэ» пьесэм и мызакъуэу абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ зытеухуакIи жанркIи зэхуэмыдэ тхыгъэхэр: «Къэбэрдей щIалэ», «Насыпыр хъумэ», «Гъуэгу нэху», «Жьэрыплъэ», «Хьэ бзаджэ тIысыпIэншэщ», «Мыбы хуэдэуи къохъу», нэгъуэщIхэри. 1956 гъэм Къэбэрдей тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ абы и «Пьесэхэр» жыхуиIэ тхылъыр.
  • Зи гъащIэ псор лъэпкъ гъуазджэм тыхь хуэзыщIа Тубай Мухьэмэд Мудар и къуэр 1973 гъэм дыгъэгъазэм и 13-м дунейм ехыжащ.
  • ЩАКIУЭ Марьянэ,
  • филологие щIэныгъэхэм
  • я кандидат.
  •  
  • Тубай Мухьэмэд хуэдэ диIакъым
  • Сценэт ар къызыхуигъэщIар. ПкъыфIэу. И нэгу зэлъыIухам гуапагъэр къищу. И нэ фIыцIэ дахитIыр пIащэрэ лыдыжу. Бгъэ лъэтэнум зэкъуипхъуэт дамэу и набдзэшхуитIыр хуэкъурашэу. Зэ зылъэгъуам зэи игу имыхужын и теплъэ уардэм зэ зэхэзыхам зэи щымыгъупщэжын и макъ жьгъыру гуакIуэр хьэлэмэтыщэу екIужу.
  • Ди лъэпкъ театрым и сценэр илъэс куэдкIэ зыгъэбжьыфIа Тубай Мухьэмэд апхуэдэу ягу къинэжащ цIыхухэм.
  • Сталиным и ролыр егъэзащIэ.

  • И ныбжьыр илъэс пщыкIублым иту Мухьэмэд щIэтIысхьащ Налшык къыщызэIуаха театральнэ студием. Студиер колхоз-совхоз театр зэрыхъуххэу, абы актёру щылэжьэн щIедзэ. Театреплъхэм щIэхыу ар ягу ирохь, режиссёрми фIыкIэ гу къылъетэ, роль нэхъыщхьэхэри къыхуегъэфащэ.
  • Ауэ актёр лэжьыгъэм и закъуэкъым щIалэщIэр дэзыхьэхыр. Тхэным гу хуищIати стIолым бгъэдэсу жэщхэр игъакIуэрт. «Мэжидрэ Марятрэ» зыфIища и япэ пьесэм и Iэрытхыр усакIуэшхуэ ЩоджэнцIыкIу Алий ирегъэлъагъу. «Алий къысщысхьакъым, — жиIэжырт езы Мухьэмэд. — Абы и чэнджэщхэм япкъ иткIэ щIэрыщIэу тхуэ-хэ сымытхыжа псалъэуха къыщыбгъуэтынкъым пьесэм. Ауэ иужькIэ Алий хуэдэу сэ зыри къысщыгуфIыкIакъым икIи си Iэри Алий хуэдэу быдэу зыми къикъузакъым».
  • Пьесэр тхын щиуха дыдэми, 1939 гъэм, ягъэув. Спектаклым еплъахэм псом хуэмыдэжу ягу ирихьат пьесэм и лIыхъужь нэхъыщхьэ Мэжид. И псалъэкIи и IуэхущIафэкIи гъащIэщIэр зыухуэ гуащIэрыпсэухэм я къуэшт ар. ЛIыхъужьыр къэувырт цIыхур зэхэгъэж зыщI хабзэжьхэм, социальнэ зэхуэмыдэныгъэ напэтехым я бийуэ. «Дызыхуей дымыгъуэту Елджэрыкъуэ дызэрыхуэлажьэркъым дыщIэкъуаншэр, — жиIэрт абы. — Дэ дыщIэкъуаншэр ди гуащIэдэкIыр Елджэрыкъуэ и гуэным илъу дэ шхын щхьэкIэ зыдогъалIэри аращ. Сыт ар езыр щIэмылажьэр? Хьэм хуэдэу йофэри и нэр хьэсэпэ жэму щIригъэлъафэу, мыщэ гъэшхам хуэдэу, мэджэгури и гуащэм бгъэдэсщ. Дэ къомыр джэджьей сымаджэм хуэдэу зыдмыгъэхъейуэ дызэхэсщ».
  • Залымыгъэр щытепщэ дунейм захуагъэ щызекIуэркъыми, Мэжид хузэфIэкIыркъым фIыуэ илъагъу икIи къэзылъагъуж Марят и гъусэ хъуну. НыбжьыщIитIым я лъагъуныгъэм лъыгъажэ къокIри, тIури гуузу хокIуадэ, ауэ Мэжиди Мэряти епцIыжыркъым я лъагъуныгъэм. Абыхэм я псэр ят я щхьэр щIэпхъаджагъэм хуамыгъэщхъыу, лIыгъэ яхэлъу.
  • «Мэжидрэ Марятрэ» блэкIа зэманым теухуамэ, къакIэлъыкIуэр 1940 гъэм Тубай Мухьэмд етх адыгэ къуажэм колхоз псэукIэм къыхуздихьа щIэм, бгырыс цIыхубзым и гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ махуэхэм тепсэлъыхь пьесэ. «Трактористкэ» пьесэр а гъэ дыдэми театрым егъэув.
  • Зэман кIэщIым Мухьэмэд зыкъигъэлъэгъуат зэфIэкI зиIэ артёру икIи драматургыу. Илъэс тIощI фIэкIа мыхъуа щIалэр спектакль зыкъомым щыджэгуакIэт, пьеситIи и Iэдакъэм къыщIэкIат. Ди лъэпкъ театрым и япэ лъэбакъуэхэм кIэлъыплъ псори Тубай Мухьэмэд куэдкIэ щыгугъырт… Ауэ зауэр къохъей. Мухьэмэди Iэщэ къещтэри поув щIыри псыри зэрипхъуэу къытхуэкIуэ бий фIыцIэм.
  • Тубай Мухьэмэд фронт куэдым щызэуащ. КъызэрыгуэкI сэлэту щIидзэри автовзводым, иужькIэ авторотэм и командир хъуащ, лейтенанту зауэр къиухащ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр Берлин нэскIэ зыхужахэм Мухьэмэд яхэтами, абы и зауэлI фащэр 1945 гъэм и накъыгъэм ирихьэлIэу щихыжакъым. ДищI къеIэну къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ зыкъыщызыIэта зызымыщIэж самурайхэр я пIэ изыгъэувэжахэм яхэтащ Тубай Мухьэмэд. Абы и зауэ гъуэгуанэр къиухыу и унэ къыщигъэзэжар 1946 гъэрщ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ игъэлъэгъуауэ.
  • Тубай Мухьэмэд куэдрэ дэлэжьа КъБАССР-м и цIыхубэ артист Болэ Мурат игъэщIагъуэу жиIэжырт:
  • — Лъэпкъ театрым и сценэм роль зэмыщхь куэд щигъэзэщIащ Тубай Мухьэмэд. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, актёр псоми къащтэфыркъым сыт хуэдэ ролри. Хэт лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа персонаж уи нэгу къыщIигъэувэн хузэфокI, хэти ауаным, гушыIэм нэхъ хозагъэ. Тубайм хэдэ иIакъым. Абы игъэзащIэ ролхэр апхуэдизкIэ зэщхьэщокIри, жыпIэ хъунущ ар щыджэгуа спектаклыщIэ къэс театреплъыр Тубай МухьэмэдыщIэ щыIущIауэ.
  • СыткIэ зэщхь, псалъэм папщIэ, Корнейчук и «Платон Кречет»-м хэт Аркадийрэ (мыр Тубай Мухьэмэд сценэм япэ дыдэу щигъэзэщIа ролщ) Гоголь и «Фызышэм» узыщрихьэлIэ Иван Кузьмичрэ? Нэхъ зэпэжыжьэжкъэ Лермонтовым «Ди зэманым и лIыхъужь» и романым хэт псэ щабэ зиIэ, сабийм хуэдэу къабзэ, гу пцIанэ, цIыху лъагъугъуафIэ Максим Максимычрэ Горбатовым «Зы жэщ» зыфIища пьесэм хэт хьэ щэхурыпхъуэм къыкIэрымыхуу бзаджэ икIи хьилэшы Кривохатскэмрэ?
  • Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунут зи псалъэр зи гурылъым техуэж цIыху хьэлэлхэр Тубай-актёрым нэхъ щIэхыу къипхъуатэу. ПцIы хэлътэкъым апхуэдэхэр абы псэкIи зэригъунэгъум. И теплъэри мыбдей дэгъуэу къыщезэгъырт. Псалъэм и хьэтыркIэ, нэмыцэ тхакIуэшхуэ Шиллер Фридрих и «ЩIэпхъаджагъэмрэ лъагъуныгъэмрэ» трагедием хэт Фердинанд и ролыр Мухьэмэд хуабжьу екIурт. Тубайм уи фIэщ ищIыфырт абы и Фердинандыр зэрылIыхъужь нэсыр, псэукIэ бэмпIэгъуэмрэ хабзэжь гущыкIыгъуэм-рэ къэмыланджэжу ар зэрапэщIэтыр, и псэр пытыху апхуэдэлIыр зэримыкIуэтынур, сыт къылъыкъуэкIми жиIам зэремыпцIыжынур. Ещхьыркъабзэу, пыплъхьэн щымыIэжу артистым уи нэгу къыщIигъэхьэрт цIыху хэлъэфа Фердинанд ауи емыкIуалIэ, езы Мухьэмэд и «Мэжидрэ Марятрэ» узыщрихьэлIэ Аслъэмырзэ пцIыIуэпцIышэм и хьэлщэн гуемыIури.
  • ГъэщIэгъуэнракъэ, цIыху нэджэIуджэм и ролым щитым деж езым и теплъэ екIури и макъ гуакIуэри Мухьэмэд гущыкIыгъуэу къыпщигъэхъуфырти, персонажыр нэхъри гурымыхь абы ищIырт. Абы и щыхьэтщ ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэм» къытращIыкIа спектаклым Къасыму, «Къамботрэ Лацэрэ» Аслъэныкъуэу Тубай Мухьэмэд зэрыщыджэгуа щIыкIэхэр.
  • Спектакль щигъэувкIэ Тубайм къызэкъуихырт режиссёрым иIэн хуей хьэл нэхъыщхьэхэр. Абы пьесэм къыхуигъуэтыфырт езым и къеджэкIэ. Арат Тубайм игъэува спектаклхэр зы цIыхум и Iэдакъэм къыщIэкIа нэхъей шэщIа къыпщызыгъэхъур, абыхэм щыджэгу актёр псори зы ансамблу зэзышалIэр.
  • Нэхъ мащIэкъым Тубай Мухьэмэд ди драматургием хуищIа хэлъхьэныгъэри. Я темэкIи, я гъэпсыкIэкIи зэмылIэужьыгъуэщ абы и пьесэхэр. Ауэ псом хуэмыдэжу Тубайм нэхъ къехъулIэрт ауан жанкIэ псыхьа пьесэхэр. Апхуэдэщ «Насыпыр хъумэ», «Уимыш умышэс», «Хьэ бзаджэ тIысыпIэншэщ», «Жьэрыплъэ», нэгъуэщIхэри.
  • Мухьэмэд и пьесэхэр шэрыуэу гъэпсащ. Дауи, сценэм и «щэхухэм» фIыуэ щыгъуазэт ахэр зи IэдакъэщIэкIыр. Абыхэм ущрихьэлIэркъым экспозицэ зэрызелъафэ, къегъэкIуэкI-негъэкIуэкI гъущэ. Сыт къэхъуми, сыт къапсэлъми — псори сценэм и хабзэ пыухыкIахэм йозагъэ.
  • Тубайм и пьесэ жанхэмкIэ зууэ щIихулыкIырт «мылажьэу булкэ зышхынухэм» я напэр, мылъку угъуеиным дихьэххэм ящIэнакIэрт, хьэпшып цIугъэнэ фIэкIа зыри зымылъагъуж, зыри къызыфIэмыIуэхуж цIыху жэкъуахэр щысхьырабгъу хэмылъу сэтей къищIырт.
  • Тубай Мухьэмэд и драматургиер хуэтхьэкIумафIэт иджырей темэкIэ зэджэжым, гъащIэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм ар жану япэджэжырт. Арагъэнут Мухьэмэд и пьесэхэр нэхъыбэу гъэщIэгъуэн зыщIыр. Зы акт фIэкIа мыхъу пьесэ кIэщIхэри зэдапхъуатэу цIыхубэ, студент театрхэм ягъэувырт.
  • Тубайр цIыхуфIу, цIыху гуапэу дунейм тетащ, апхуэдэуи ар бэм игу къинэжащ.
  • КЪЭЖЭР Хьэмид.
  • Си адэм и фIыщIэ
  • Насып нэхъ ин дыдэу къызэуэлIахэм ящыщщ Тубай Мухьэмэдрэ ДыщэкI КIунэрэ я унагъуэм сыкъызэрыщалъхуар. Апхуэдэ псалъэхэр дэтхэнэ зы къуэми, пхъуми хужыIэну къыщIэкIынщ, ауэ егъэлеяуэ адэ-анэфI, зэгурыIуэрэ зэрылъытэрэ я кум дэлъу, си-Iащ.
  • Илъэс тIощIрэ тхурэ сыхъуу арат си адэр дунейм щехыжам. Куэдрэ къэслъыхъуащ ар сэ, нобэми сыхуэныкъуэщ. Ауэ сыт пщIэн, гъащIэм и хабзэр аращ. Зэи къэхъуакъым папэ и макъыр къыщысхудришея, уеблэмэ щIалэ цIыкIухэми ящIэкIиертэкъым ар. Нэхъ гъэса, зэпIэзэрыт, цIыху лъагъугъуафIэ уигъэлъыхъуэну апхуэдэт.
  • Зэ закъуэщ зы спектаклым зэгъусэу дыщыджэгуну къызэрытхуихуар. Училищэр къэзуха къудейуэ, сэ Мадинэ и ролыр, папэ — Къасым ейр «Мадинэ» спектаклым щыдгъэзэщIауэ щытащ. Апхуэдэуи папэ игъэува спектаклитIым сыхэтащ. Ар Иоселиани и пьесэм къытращIыкIа «Шыгур щхьэпримыдз щIыкIэ» (нысэ нэхъыщIэм и ролыр згъэзащIэу), езым и IэдакъэщIэкI «Насыпыр хъумэ» (Хьэсэн цIыкIуу сыщыджэгуащ) спектаклхэращ. Иужьрейр зыхуитхар сэрат ди адэм.
  • ИкъукIэ цIыху кIуапIэт ди унагъуэр. Сытым щыгъуи хьэщIэ ди куэдт, дэтхэнэ зыми ди бжэр хузэIухат, щIакхъуэ Iыхьэ псоми дэдгуэшыфырт. Ди адэм и фIыщIэшхуэ хэлъщ абы. Папэ зэкъуигъэува, иухуа унагъуэ быдэр зэкъуэмыхуу къызэрыгъуэгурыкIуэр сыкъэзылъхуахэм я ехъулIэныгъэщ, шэч хэмылъу. Илъэс плIыщIрэ хырэ хъуащ папэ къызэрытхэмытыжри, си зы дэлъхуи, си зы ныси, абыхэм я зы быни си жагъуэ хъуну зы псалъэ къызжаIакъым. Сэри апхуэдэ дыдэу сазэрыхущытыным яужь сит зэпытщ.
  • Театрым къыщыдэлажьэ артист псори ди адэм и дежкIэ лъапIэт. «Папэ, сыт мамэ роль щIомытыр?» — жысIэу сыщеупщIкIэ: «Абы арыншами лэжьыгъэ и куэдщ, адрейхэр згъэджэгумэ нэхъыфIщ», — жэуап къызитырт. Театрым и унафэщIу лажьэу 1957 гъэм артист гупыр Москва ишат ди адэм, ягъэлъэгъуа спектаклхэр ягу зэрырихьам и фIыгъэкIэ артистиплIым «цIыхубэ» цIэ лъапIэр къыфIащауэ щытащ.
  • Театрыр къызэIузыха, абы и лэжьыгъэр зытезыгъэува, гъуазджэм и лъагъуэхэшу щыта артистхэм я гъащIэм куэд хэлъщ дэ щапхъэ тетх хъуну.
  • Тубай Рае,
  • Мухьэмэд ипхъу,
  • КъБР-м и цIыхубэ артисткэ.
  •  
  • ГъэфIэгъыбзэу «КIунэ цIыкIукIэ» къызэджэрт
  • Адыгэ, урыс, балъкъэр театрхэр зэгъусэу дылажьэу щытащ дэ. Театрыр театрщ, абы зыгуэр щызэмытIыркъыу, щызэфIэмынэу къэхъуркъым, абы щыгъуэми IуэхущIапIищ ущыхъукIэ. Апхуэдэ щытыкIэхэр тыншу щабэ ищIыжыфырт Тубайм. Зэрыхъуари зэрыщIари умыщIэу, жыжьэ къыщыщIидза хуэдэу къыпщыхъу зы псалъэмакъ гуэркIэ Iуэхум гъунэгъу зыкъыхуищIырти, ар зытриуIэфIэжырт.
  • Бынитху зэдапIащ ДыщэкI КIунэрэ абырэ, я кум гуапагъэ, лъагъуныгъэ, дахагъэ дэлъу, зым жиIэр адрейм къыгурыIуэу, фIэхьэлэмэту, зэдаIыгъыу, зэдэгушыIэрэ сытри зэхуагъэгъуфу зэдэпсэуащ. Иужьрейм и зы щапхъэ вжесIэжыни.
  • …Еуэри Мухьэмэдрэ КIунэрэ тIэкIу зэщыIеяуэ унэм къыщIэкIауэ театрым кIуэ пэтрэ, зы автобусым итIысхьахэщ. КIунэ ипэмкIэ кIуащ, Мухьэмэд и кIэ бжэмкIэ итIысхьащ. Езы КIунэ дахащэу жиIэжырт ар. Ахъшэ хэзыхыр къызбгъэдыхьэри, си гъуэгупщIэр естащ, жи. ИрикIуэурэ Мухьэмэд деж щынэсым, «мо цIыхубзым къуитынущ», — жиIэри и Iэр щхьэгъусэм дежкIэ ищIащ. Къегъэзэж ахъшэхэхым. «Сыт хуэдэ лIы, сцIыхуххэркъым ар сэ», — жеIэри КIунэу плъагъум зытримыгъэхьэу къэувыIэпIэм къыщокI. КъызэпщIа хьэдэгъуэдахэр сыт жиIа щхьэкIэ, КIунэ къыхуикIуэтыркъым: «Сыт-тIэ, усцIыхуркъым-сыкъэпцIыхужыркъым жыпIакъэ?» — жеIэри. Театрым щылажьэхэр зэрызэхэту жаIэжщ, дыхьэшххэри абдежым щаухат.
  • Театрым 1964 гъэм сэ сыщыкIуам щыгъуэ ди театрыр зыхуей хуагъазэрти, иджы Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ библиотекэм репетицэхэр щытщIырт, «Анэм и гур» спектаклым делэжьырт. Си гъусэу еджапIэр къэзыуха гупым фIэкIа зыри сцIыхуртэкъым. Артист нэхъыжьхэм щыщ гуэри зэзгъэцIыхуну сыхунэмысауэ, спектаклыр дгъэхьэзырри къызэIуахыжа ди театрым япэу щыдгъэлъэгъуащ, зэрыжаIэу «ттащ». ЕтIуанэ махуэм сыщIохьэ театрым, расписанэр зыфIэлъым деж лIы гуп щызэхэтти, Мухьэмэд щIэупщIащ: «Мыра къащтауэ, къытхыхьауэ жыхуаIэ хъыджэбзыр?» — жиIэри. ТIыхъужь Алий нэхъ сыкъицIыхурти, «аращ» жриIащ. Къызбгъэдыхьэщ, си дамащхьэм и Iэр къытрилъхьэри: «Хэт уи цIэр?» — жиIэри къызэупщIащ. ЩыжесIэм: «Агъу, иджыри къэс КIунэшхуэ диIамэ, иджы КIунэ цIыкIу къытхыхьащи, дэгъуэкъэ ар?!» — жиIэри абдежым КIунэ цIыкIу къыщысфIищащ, псэухуи гъэфIэгъыбзэу къызэрызэджар апхуэдэущ.
  • Къэралым хьэпшып имылъу щыIащ-тIэ зэман. Къалэм щыдмыгъуэт гуэрхэм къуажэхэм дыщрихьэлIэу къыщытщэху щыIэт. Апхуэдэу Тэрч районым къыщыспэщIэхуат кримпленым къыхэщIыкIа кIэстум, гъуэншэдж пыту. СыкъэкIуэжщ, си щхьэгъусэ Мысостышхуэ Пщызэбий езгъэлъагъури, гъуэншэджыр и гуапащэ хъуакъым, ауэ си жагъуэ имыщIын щхьэкIэ жиIэшхуаи щыIэкъым. Махуэ зытIущ дэкIри сыкIуащ театрым зэпытыр щыстIагъэри. ЦIыхухъухэр щызэхэтт бжэIупэми, сыкъызэралъагъуу ямыгъэщIэгъуапIэр иIэт, сэрат гъуэншэдж япэу щызытIэгъар. Хэти «Iэу!» жиIащ, адрейми «уааа!» жиIащ, кIэщIу жыпIэмэ, щытыкIэ гугъу дыдэ сыкъихутащ. Си жагъуэ зэрыхъуамрэ сызэрыукIытамрэ гу лъитэри, Мухьэмэд къызбгъэдыхьащ. «КIунэ цIыкIу, мы щыгъыныр зэбгъэкIуу къэпщэхуа, уигъэдахэу къыпщыхъурэ?», — жиIэу къыщызэупщIым, «Тхьэ, дауи, зэзмыгъэкIум къэзмыщэхунт», — жысIащ. «Абы щыгъуэм, хьет жегъэIэ, зыми жиIэм уемыдаIуэ, уэ уартисткэщ» псалъэхэмкIэ къыздиIыгъащ.
  • Унагъуэм псалъэмакъ гуэр ухэтауэ, зыгуэркIэ укъэгубжьауэ репетицэм укIуамэ, занщIэу укъищIэрт. Къытхэплъэрт, лэжьыгъэм зигу хэмыхьэхэм гу лъитэрти, ахэр къигъанэрт, адрейхэр иутIыпщыжырт. Я гуныкъуэгъуэ, гурылъ жригъэIэу, я губампIэ дихыу ябгъэдэст. Ар щIыжысIэращи, набдзэгубдзаплъэт, цIыхур зыхищIыкIырт, дэтхэ-нэ зыми и псэ ухуэкIэр къыгурыIуэрт. Гулъытэшхуэ хэлът Мухьэмэд. 1960 гъэхэм артистхэм дачэхэр ирату щIадзауэ щытащ. Тубайр къызбгъэдыхьэри къызжиIащ хуейхэр къызэрыхатхыкIыр, сыхигъэхьэмэ зэрыфIэфIыр. Сызэрылажьэрэ илъэс зытIущ фIэкIа зэрымыхъуами, сызэрыщIалэми еплъатэкъым ар, апхуэдизкIэ къысхуэгуэпэну хуейти.
  • Егъэлеяуэ цIыху фIыуэ илъагъурт, ныбжьэгъугъэм пищI щыIэтэкъым, хьэлэлыщэт. Адрейхэм нэхъри зыкIи нэхъ къулейтэкъым, зэфIэкI нэхъыби, хэхъуэ нэхъыби яIэтэкъым — артистхэм сыт я хэхъуэ?! ИтIани цIыху кIуапIэт Мухьэмэдрэ КIунэрэ я унэр, театрым зы цIыхуи щылэжьауэ къыщIэкIынкъым абыхэм я деж щызэхэмысауэ, шыгъупIастэ щамышхауэ. Къуажэ дыщыIауэ дыкъэкIуэжмэ, «кхъыIэ, фынеблагъэ» жаIэрэ дыщIашэу, зы чыржын фIэкIа ямыIэми ар къытралъхьэрэ дыщысу апхуэдэт. ТфIэфIыпсуи деблагъэрт, сыту жыпIэмэ гухэхъуэт уабгъэдэсыну, гуныкъуэгъуэу хъуар пщагъэгъупщэу цIыху гуапэхэт.
  • Зы хъыбар бжесIэжынщ КIунэ и фIэрафIагъыу щытам теухуауэ. Шортэн Аскэрбий и пьесэм къытращIыкIа «Яшэмрэ къэзышэхэмрэ» спектаклым делэжьырт. КIунэ зэрымыщIэкIэ ТIыхъужь Iэниуар и щхьэм еуэри зэгуиудащ. «Гуэгуш къыстехуащ», — жиIэщ КIуни, ефэ-ешхэшхуэ Тубайхэ я деж щращIэкIыжщ Iэниуари, зэкIужахэу щытащ. ИужькIэ псэлъафэу къахуэнауэ «КхъыIэ, КIунэ, си щхьэри зэгуэуд», — жаIэурэ артисткэм зыхуагъэщхъырт. Апхуэдэу дунейм тетащ я ерыскъымрэ гуапагъэмрэ япэ иту. Шэч хэмылъу, КIунэ и хьэлэлагъ къудейкIи зэфIэкIынутэкъым ар, Мухьэмэд къыдиIыгъыу щымытатэмэ. ТIури зэрызэгурыIуэрат а унагъуэр бей, ерыскъыфIэ, цIыху кIуапIэ зыщIыр.
  • Адыгэбзэр фIы дыдэу ищIэрт. Иджыблагъэ «Филуменэ Мартурано» пьесэм сыхуей хъури къэслъыхъуэжат. АдыгэбзэкIэ зэрадзэкIауэ къэзгъуэтауэ седжэжырти, согъэщIагъуэ: «Ярэби, сыту тынш дыдэу тха, хэту пIэрэ зэзыдзэкIатэр?» — жызоIэри сеплъмэ, Тубайращ.
  • ЗэрылъэкIкIэ зыгуэрым дэIэпыкъуну хэтащ Мухьэмэд, зыгуэр къыбжиIэрэ уи щIыбагъкIэ зыгуэр къыпкIэлъидзыжу апхуэдэ хьэл хэлъакъым. ЦIыху къабзэу, дахэу, лъагъугъуафIэу, хьэлэлу дунейм тетащи, дыхуэарэзыщ.
  • ЖЬАКIЭМЫХЪУ КIунэ,
  • УФ-м щIыхь зиIэ,
  • КъБР-м я цIыхубэ артисткэ.