Я напIэр хуадэкъым
2019-11-14
- Ельцин и министрхэр я хэкуу щытам къыхуодзэлашхэ
- Уегупсыс зэрыхъунумкIэ, 90 гъэхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэр ялъагъу нэхърэ езыхэр зыщалъхуа къэралым пэIэщIэ защIмэ нэхъ къащтащ. Ахэр икIи арэзыкъым.
- США-м и щIыпIэ нэхъыфIхэм ящыщ Майами (Флоридэ штат) зи хэщIапIэ Козырев Андрей америкэ телекана лым-кIэ Урысейр хэутэн ищIащ икIи Унэ хужьым ехъурджэуащ Кремлым щабэу хущыту жиIэри. ЩIэпхъуэжахэм я хэкуу щытар зэрагъэпудым (зыдэIэпхъуам и властхэм я нэфI зыщрагъэхуэн мурадкIэ) — дэ десэжащ. Ауэ мыр адрейхэм къащхьэщокI иIыгъа къулыкъур зыхуэдэмкIэ: Ельцин и зэма ным УФ-м нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министру щытам «Зиусхьэн ХъункIэ» къе джэрт КъухьэпIэм къыхуигъэув псори пэ ры уэншэу зэригъэзащIэм къыхэкIыу. Мы зэ-мытIэу жиIащ: «Урысейм иIэкъым езым и лъэпкъ сэбэп зыхэлъхэр»(!) 1996 гъэм и къу лыкъум трагъэкIа иужь зыбжанэрэ хагъэ хьащ къухьэпIэ корпорацэ инхэм я унафэщIхэм я советхэм — яхуищIа Iуэху тхьэбзэхэр ящыгъупщауэ къыщIэкIынукъым. А зэманым къыIэрыхьа ахъшэр ирокъу ар къызыхуэтыншэу хамэ щIыпIэм щыпсэун папщIэ. Ауэ Козырев и закъуэ апхуэдэхэр?
- ЖиIэхэр дыхьэшхэнщ…
- Илъэс 58-рэ зи ныбжь Илларионов Андрей 90 гъэхэм яхэтащ рынок реформэхэр къэзыгупсысахэм, Гайдаррэ Черномырдинрэ я правительствэхэм къулыкъу зэ мы лIэужьыгъуэхэр щиIыгъащ. Урысейм доллар мелардхэр зритыжын хуей къэралхэм я зэгухьэныгъэу щыт «Париж клубым» драгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэхэм жыджэру хэтащ. КъухьэпIэр къыпэплъэну хьэзырт, ауэ Илларионовым къигъэувырт Горбачёврэ Ельцинрэ я зэманым къащта щIыхуэ-хэр икIэщIыпIэкIэ иратыжын хуейуэ. Абы щыгъуэми, Урысейм и бюджетыр а лъэхъэнэм доллар мелард 30-м нэсыртэкъым. IэщIагъэлIхэм къалъытэ къухьэпIэ банкирхэр Илларионовым хуабжьу къыхуэупсауэ щытауэ. Арагъэнущ апхуэдизу ныкъуэ къуэныр къызыхэкIар.
- Мы зэманым Вашингтон щопсэу. ЩIэх-щIэхыурэ ди къэралым къыхуодзэлашхэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, 2014 гъэм Кърымыр Урысейм къыхыхьэжа иужь жиIащ «абы къыкIэлъыкIуэу Финляндиери иубыдыну Кремлым зигъэхьэзыру».
- Зыгъэунэхъуахэм ящыщщ
- Илъэс 58-рэ зи ныбжь Вавилов Андрей 1992 — 1997 гъэхэм УФ-м финансхэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэу лэжьащ, сэкъылэт аукционхэр зэригъэкIуащ: къэралым щIы хуэ зэрыIихам щыхьэт техъуэ облигацэхэр къыщIэгъэкIыным теухуа жэрдэмыр къезыхьэжьари аращ. Псори фIы хуэдэт: къэралым тхылъымпIэ лъапIэхэр къыщIегъэкI проценти 2-3 нэхърэ нэхъыбэ щхьэщимытыкIыу. Облигацэхэр къэзы щэ хум ахъ шэ хъарзынэ, къэралым мылъку зэ хуэ хьэса яIэрохьэ. АрщхьэкIэ къэралым пIалъэ кIэщIым тещIыхьауэ и пщэм дилъхьэжа къалэнхэр пхуэмыгъэзэщIэну къыщIэ кIащ. ЯпэщIыкIэ абыхэмкIэ гъуа нэпщIа нэхэр ягъэбыдащ, арщхьэкIэ иужь кIэ щIы хуэр ятыжын хуей хъуащ. Ар къалъытэ 1998 гъэм къэралым къыщыхъуа дефолтыр къызыхэкIа щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыуэ.
- А зэманым правительствэм щылэжьэ жыртэкъыми, Вавиловыр а Iуэхум хэ мып щIа хуэдэу хъуащ. АрщхьэкIэ нэгъуэщI къаугъэшхуэм хэхуащ: «МиГ» авиакорпорацэм хуатIыпща доллар мелуан 231-р идыгъуауэ ягъэкъуэншащ, а ахъшэр офшорхэм къыщыхутащ.
- 2002 гъэм къыщыщIэдзауэ Федера цэм кIэ Советым хэта ар 2010 гъэм абы епIэ щIэкIыу къыхэкIыжри, Нью-Йорк Iэп хъуащ, зарыримыгъэтIысын мурадкIэ. США-м куэд щIауэ къыщыпэплъэрт и унагъуэр.
- ХьэкIэпычт икIи
- IэбжьанэфIейт
- 1993-1997гъэхэм УФ-м Къэрал мылъкур зехьэнымкIэ и къэрал комитетым и Iэ — тащ хьэм и къуэдзэу, иужькIэ и Iэтащхьэу лэ жьа Кох Альфред (илъэс 58-рэ и ныбжьщ) мазихкIэ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер къулыкъур иIыгъащ. Гайдаррэ Чубайсрэ я блыгущIэтт. ПриватизацэмкIэ жэуаптакIуэт. Хьэрэмыгъэм емыса гуа щIэрыпсэухэм я ваучерхэр напэншэхэм ипэжыпIэкIэ пщIэншэу зыIэрагъэхьащ.
- Социалист мылъкур и IупэфIэгъухэм пудыбзэу ярищэрт. Псалъэм папщIэ, олигарх Ходорковский Михаил «ЮКОС» щIыдагъэ концерныр доллар мелуани 159-кIэ къищэхуащ, а зэманым ар ипэжыпIэкIэ доллар мелардхэм я уасэу щыта пэтми.
- Мы зэманым ФРГ-м и Розенхайм къалэм щопсэу. Ар а щIыпIэм 2014 гъэм Iэп хъуащ контрабандэм ехьэлIа уголовнэ Iуэху езым къыхуэгъэзауэ къырахьэжьа иужь: сурэтыщI Бродский Исаак и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зыр хабзэншагъэкIэ Урысейм иришыну хэтат.
- ИлъэсиплI ипэкIэ Мюнхен кIуэри, Кох удз гъэгъахэр щытрилъхьащ Бандерэ Степан и кхъащхьэм. Абы псори къыбжеIэ.
- НэгъуэщIхэри…
- Касьянов Михаил 2000 гъэхэм финанс хэмкIэ министру, иужькIэ УФ-м и Прави тельс твэм и унафэщIу лэжьащ. Ахъшэ Iуэху хэм щыхэтам лъэIуакIуэ къыхуэкIуэ хэм яхуиутIыпщ щIыхуэ къэс езым процентитI къызыхуигъэнэжу щытауэ ягъэхъыбар. Премьер къулыкъур фIэкIуэда иужь оппозицэ ткIийм хыхьащ. «Урысей агрессиер» зэпымыууэ щегъэву США-м и прес сэм. Зэман нэхъыбэ щигъакIуэри а къэралырщ.
- Гусинский Владимир къэрал къу — лы къухэр иIыгъакъым, ауэ яхэтащ Урысейм и экономикм и зэхуэдитIым нэсыр зея олигарх гупым. Абы къызэригъэпэща НТВ телекомпанием и лэжьыгъэр зыхуэгъэзар Урысейр игъэикIэнырт. Мы зэманым Испанием щопсэу.
- Пугачёв Сергей 1996 гъэм екIуэкIа президент хэхыныгъэхэм Ельциным и штабым и унафэщIхэм ящыщащ, иужькIэ илъэсипщIкIэ ФедерацэмкIэ Советым хэтащ. Финанс хьэгъэщагъэ куэдыкIей зэри -хьауэ, мылъку нэгъуэщI къэралхэм ишауэ щагъэкъуаншэм Урысейр ибгынащ. Иджы Инджылызымрэ Франджымрэ щопсэу.
- Ди деж езыхэри я унагъуэри щыпсэун хуейщ
- «Апхуэдэхэм я бжыгъэр куэд мэхъу. Псори зи ягъэр Ельцин и унафэм щIэту 1993 гъэм къыдагъэкIа Конституцэрщ. Ар зыгъэхьэзырар мис мыбдеж зи гугъу щыт щIахэрщ. Хабзэ Нэхъыщхьэм итщ дэ «дунейпсо жылагъуэм дыщыщ Iыхьэу» Абы хэм ар къазэрыгурыIуар ди деж мылъку щызэ хуахьэсу я жьыгъэр къэсмэ, зы дэIэп хъуэжыну Вашингтон хуагъэ хьы нырщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Америкэм и провин-цэ къызэрыгуэкIым хуэдэу дагъэ псэ у нырщ».
- А псалъэхэр зейр Къэрал Думэм и депутат Фёдоров Сергейщ. Абы жеIэ щIэн хуейри.
- — Дэ езыхэм диIэжын хуейщ лъэны къуэкIэ емыплъэкI къулыкъущIэхэр. Ахэри хьэ ры чэтыщIэхэри я бынхэр я гъусэу ди къэралым щыпсэупхъэщ. Ар зэбгъэхъулIэну гугъукъым. Псом япэ игъэщыпхъэр дэп щыпIэ щымыIэнырщ.