ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу 

2019-10-22

  • Лъагъуныгъэм  и хьэтыркIэ…  «Щихухэр иджыри мэкI»
  • Къэрмокъуэ Мухьэмэд цIыху телъыджэу щытащ. Абы хэмыгъуэщэн лъэужьышхуэ къыщигъэнащ щэнхабзэм зэуэ и IэнатIитIми — лъэпкъ журналистикэми къэбэрдей литературэми. Уегупсысми, къыпхуэгъуэтыну къыщIэкIынукъым а лъэныкъуитIми езым и гъащIэм нэхъ ебэкIыу щыщытар. Еш имыIэу, гуащIэ хьэлэлкIэ гъэнщIауэ ирихьэкIа лэжьыгъэм папщIэ Къэрмокъуэм хуэфащэ пщIэшхуэ къыхуащIащ: абы къыфIащащ КъБАССР-ми РСФСР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ цIэ лъапIэхэр.

  • Къэрмокъуэ Мухьэмэд Мухьэжид и къуэр 1929 гъэм жэпуэгъуэм и 22-м Бахъсэн щIыналъэм хы-   хьэ Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэм къыщалъхуащ. Налшык къалэ дэта пединститутыр 1951 гъэм къиуха нэужь, «Къэбэрдей пэж» газетым мэув. ИужькIэ, 1952 — 1954 гъэхэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу Зеикъуэ къуажэ курыт еджапIэм щолажьэ. 1954 гъэм къыщыщIэдзауэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд Къэбэрдей радиокомитетым и редактор нэхъыжьу, унафэщIым и къуэдзэу мэлажьэ, 1965 — 1976 гъэхэм «Ленин гъуэгу» газетым щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щытащ. 1976 — 1990 гъэхэм Къэрмокъуэр Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и редактор нэхъыщхьэщ. Мухьэмэд и цIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ радиожурналистикэм и адыгэбзэ къудамэм икIуа лъэбакъуэ инхэр, абы игъуэта зыужьыныгъэр.
  • Къэрмокъуэ Мухьэмэд и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса япэ тхылъыр 1964 гъэм къыдэкIащ. Абы къыкIэлъыкIуащ романхэр, повестхэр, пьесэхэр щызэхуэхьэсауэ зэрыт тхылъу 30-м щIигъу. Къэрмокъуэм и художественнэ тхыгъэхэр зытеухуар иджырей гъащIэр къэгъэлъэгъуэнырт. Ар зыми емыщхь, зи хъэтI зиIэжу и зэманым къигъэщIа тхакIуэт. «Азэмэт», «Къоджэм уигъэжейркъым» романхэм къыхощыж тхакIуэм и сабиигъуэр, и нэгу щIэкIа Iуэхугъуэхэр. А романхэр гъэнщIащ цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр къэзыгъэлъагъуэ гупсысэхэмкIэ, нэгум къыщIэгъэхьэгъуафIэ образ лъэщхэмкIэ. 1977 гъэм адыгэбзэкIэ тхылъитIу дунейм къытехьа «Щихухэр иджыри мэкI» зыфIища повестырщ тхакIуэр цIэрыIуэ дыдэ зыщIар. А тхылъыр Ракши Иринэ зэридзэкIауэ, тиражыр мин 50 хъууэ урысыбзэкIэ 1982 гъэм Москва къыщыдэкIащ.
  • Къэрмокъуэм и зэфIэкIыр драматургиеми къыщигъэлъэгъуащ. Абы и пьесэхэм къытращIыкIа спектакль зыбжанэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэлъэгъуащ. ЦIыхубэм гунэс ящыхъуауэ щытащ «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» Iуэтэжым къытращIыкIауэ щыта, сериеу щы хъу телефильмыр.
  •  НафIэдз  Мухьэмэд.
  • Къыдэлэжьам  и  псалъэ
  • ЛъэпкъылI телъыджэ
  • А зэманым лэжьапIэр хуабжьу зэпэубыдат. Псом хуэмыдэжу зи щIыбагъым благъэ къулей е къулыкъущIэшхуэ гуэр къыдэмытхэм я дежкIэ. Сэри сащыщт апхуэдэхэми, университетыр къызэрызухамкIэ диплом къысIэщIалъхьэу уэрамым сыкъыдаутIыпщхьами, си щхьэр здэсхьынур сымыщIэу а сыкъызыдаутIыпщхьа уэрам дыдэм сыдэтт. Ауэ, Iуэхур зэрымыхъун хуейм хуэдэу хъущ, насып шэрхъыр щыуауэ къекIэрэхъуэкIри, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм редактору сыкъыщIэхутащ. Си щIалэгъуэт, батэр схуэгъэшыну зыкъысщыхъужуи, си пащхьэ къралъхьа Iэрытх Iэмбатэ зыбжанэм си Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ сетIысылIащ. АрщхьэкIэ, шы зыгъуэт нэху тещхьэркъым жыхуаIэрати, папцIэу пызупсыкIа си къэрэндащхэр стIол къыдэгъэжым къыдэзнэри, военкоматым къикIа повесткэр сIыгъыу мыгувэу тхылъ тедзапIэр къэзбгынащ.
  • Джэрыджэ Арсен и гъусэу. 2002 гъэ

     

  • КъызэрыщIэкIамкIэ, дзэм къулыкъу щыпщIэныр IэджэкIэ нэхъ тыншт, лэжьапIэ къэплъыхъуэу уэрамым удэтын нэхърэ: уи шхыныр хьэзырт, узыщIэлъын уиIэт, щыптIэгъэнури арат. Апхуэдэ гъащIэри куэдрэ екIуэкIынт, ари иухри, аргуэру уэрамым сыкъыдэхутэжащ сылэжьапIэлъыхъуэу. Зы илъэс ныкъуэфIым щIигъукIэ бжэIупэ Iэджэ IузутыкIауэ Шэджэм къыщыдэкI «Красное знамя» район газетым сыкъащтащ, ягу сримыхьмэ сыкъыIуагъэкIыжыну къызаухылIэри. Тхьэм ещIэт ягу срихьауэ арами, е къызаухылIар ящыгъупщэжами, сытми, абы сыкъыIунэжауэ сылажьэрт. Ди газетыр къыщыдэкIыр Налшык дэт типографиерати, абы тхьэмахуэм зэ, тIэу сыщыIэн хуей хъурт. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым «Ленин гъуэгу» газетым и редактор нэхъыщхьэ ЛIыбекъуэ Хьэбас къызбгъэдохьэри, хуабжьу сызэпиплъыхьурэ, къызжеIэ: «Уэ щIалэ цIыкIур зыкъом щIауэ мы цехым ущыкIэрахъуэу солъагъу, сыпщIэупщIати, Къэрмокъуэ Мухьэмэд лэжьакIуэ къыпхэкIын хуэдэу къызжиIащ, зы лэжьакIуэ дыхуейщи, уигурэ уи щхьэрэ зэтелъмэ, пщэдей жэуап къызэтыж».
  • Апхуэдэ къоуэлIэным узэгупсысыжын лей хэмылъми, занщIэу зыри схужеIакъым. ЕтIуанэ махуэм жьыуэ сыкъакIуэри, япэщIыкIэ Къэрмокъуэм деж сыщIыхьащ. Пэжыр жыпIэмэ, сэ Мухьэмэди зэрысцIыхушхуэ щыIэтэкъым, дыщыстудентым щыгъуэ редакцэм дыкъакIуэ — дыкIуэжурэ мащIэу цIыхугъэ схуэхъуауэ арат, си тхыгъэ гуэрхэри зэригъэзэхуэжурэ газетым къытрыригъэдзат. СыкъызытекIухьар щыжесIэм, къэтэджри си Iэр къикъузащ: «Уи кIэныр къикIащ, щIалэ цIыкIу! Мыбы щылэжьэну щIэхъуэпсу щыIэр дапщэми пщIэрэ уэ? Иджыпсту занщIэу кIуэи заявленэ тхы, щIемыгъуэж щIыкIэ. Дэтхэнэ отделыр къыпхуигъэлъагъуэми, хьэуэ къыхыумыгъэкI, иужькIэ си деж укъэсшэжынщ».
  • Къэрмокъуэм апхуэдэу жиIауэ укъикIуэтыжынт! Езыр симыныбжьэгъу щхьэкIэ, фIыуэ сыщыгъуазэт абы редакцэм щиIэ пщIэм, и псалъэ зэрыпхыкIым. Арати, а махуэм щыщIэздзащ «Ленин гъуэгу» газетым и редакцэм щылэжьэн. Дауи, «гупхыхьэр» зэфIэзгъэкIа нэужь. Ар зэрекIуэкIынум и унафэр зыщIари Мухьэмэдт.
  • Мыбдеж и гугъу щысщIынкъым сызыхыхьа гупым ядэслъэгъуа псом. Ар зы тхылъми пхуимыгъэхуэнкIэ хъунущ. Ауэ апхуэдизу гъэщIэгъуэн гуп телъыджэм адрейхэм къахэщхьэхукIыжхэри яхэтт. Абыхэм ящыщт Къэрмокъуэри. Къызэрихьыр нэхъыжьыгъэкIэу щымытми, абы и пщIэр редакцэм щыинт.
  • Газетыр махуэ къэс къыдэкIын щыхуейкIэ, абы щылажьэу хъуами махуэ къэс тхыгъэ зырыз ягъэхьэзырыну я пщэ къыдэхуэрт. Псори зэхуэдэу пхуэтхынт? Тхыгъэхэм нэхъыфIи, нэхъыкIи къахэкIырт. Секретариатым нэсрэ «кIуэркъым» жиIэу къытрадзамэ, уи махуэ лэжьыгъэр псыхэкIуадэ хъуауэ арат. А псалъэр нэхъыбэрэ зыхуагъэфащэри нэхъ щIалэхэм я тхыгъэхэрт. Iуэхум нэхъ елIалIэу ирагъэсэну арагъэнт. НэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэнкIэ хъунт, тхьэм ещIэ. Си тхыгъэхэми «кIуэркъым» псалъэр къытехуэ зэрыхъуам гу лъитэри, Мухьэмэд махуэ гуэрым къызжиIащ «мыкIуахэр» сIыгъыу и деж сыщIыхьэну. Абыхэм псынщIэу ирижэщ, зыгуэрхэри тIэкIу зэригъэзэхуэжри, унафэ къысхуищIащ ахэр щIэрыщIэу трезгъэдзэжу хуэсхьыжыну. Сэ абы и отделым сыщымыщми, «Седжащ» жиIэу си тхыгъэхэм тритхэщ, Iэ щIидзыжри, сэ сыкъиутIыпщыжащ, кIуэи лажьэ, дяпэкIэ птхыхэр япэ- щIыкIэ си деж къэхь, жиIэри. Абы иужькIэ си тхыгъэхэм зэи «мыкIуэ» къахэкIыжакъым.
  • ЦIыху нэхъ къызэмэщIэкI отделхэм садзурэ зэманыфIкIэ сылэжьауэ, махуэ гуэрым редактор нэхъыщхьэм сриджэри къызжиIащ: «Нобэ щыщIэдзауэ культурэмкIэ отделым удогъакIуэ, дяпэкIэ уи унафэщIынур Къэрмокъуэращ, уи стIолыр хьэзырщ, зызыщIэкъуи Iэпхъуэ». Редакторым деж сыкъызэрыщIэкIыжу, псом япэу Мухьэмэд деж сыщIыхьащ. Ар пыгуфIыкIыу къыспежьащ: «ЗэфIэкIа уи Iуэхур? ЗэфIэкIамэ, аращ. ДяпэкIэ щхьэкъэмыIэту узэрылэжьэнум зыхуэгъэхьэзыр». Сэ щIэх дыдэу фIыуэ къызгурыIуащ Мухьэмэд «щхьэкъэмыIэтым» къригъэкIар. Ар ауэ сытми гупсысэ гъэщIэрэщIа къудейуэ аратэкъым, къригъэкIар а псалъэм къикI дыдэрат. Апхуэдэут адрейхэри зэрылажьэр. Отделым щIэс цIыху зыплIытхур пщэдджыжь къэс зэхэтIысхьэрт Мухьэмэд я пашэуи, а махуэм хэт сыт къитынуми, пщэдей сытым елэжьынуми яубзыхурт. А яубзыхуар гъэзэщIэным Къэрмокъуэр апхуэдизкIэ ткIийуэ кIэлъыплъырти, ар Iэпэдэгъэлэл пщIы хъуну зыми игу къэкIыххэртэкъым. Арат культурэмкIэ отделым и лэжьыгъэр сыт щыгъуи адрейхэм щапхъэу щIыхуагъэлъагъуэр. Ауэ лэжьыгъэм щызэхуэткIийми, отделым щIэсхэм я зэныбжьэгъугъэм, зэхущытыкIэм ар зыкIи зэран хуэхъуртэкъым. Тхьэмахуэ щIагъуэ къэмынэу, щхьэусыгъуэ гуэрхэр къагупсысурэ, къакъэ-пщIыпщIу зэхэст. ГуфIэгъуэ е гузэвэгъуэ зыгуэрым иIэмэ, фэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъу зэкъуэувэрт. Псори зэрекIуэкIри Мухьэмэд ищIа унафэм тетут. Унафэ щIыкIи ищIэрт. Ефэндыжьым жиIащ, жаIамэ — зэфIэкIат. И нэщIыбагъкIэ псори зэреджэ а цIэ лейр щIыкIэрыпщIари адыгэ хабзэм пщIэ лей зэрыхуищIыр арагъэнт.
  • И лэжьыгъэкIи, и цIыху хэтыкIэкIи щапхъэ зытепхын адыгэлIу дунейм тетми, а зэманыр езы Къэрмокъуэм дежкIэ тыншу пхужыIэнутэкъым. И щхьэгъусэр дунейм ехыжри, и быниплIым и закъуэу къахэнат, еплIанэр сабий быдзафэу. Абы и щIыIужкIи, зыми зыкъримыгъащIэми, нэгъуэщI бэлыхьи хэхуат. Ари зищIысыр мырат: унагъуэмкIэ къыдэIэпыкъун имыIэу къыщынэм, и къуэш нэхъыщIэм и щхьэгъусэр къеувэлIат, сэ сыпхуеплъынщ сабий цIынэм, жиIэри. Абы щхьэкIэ и къуэшым и унагъуэр езым пэгъунэгъуу къигъэIэпхъуэн хуейт. Къилъыхъуэурэ къигъуэтащ апхуэдэ фэтэр гуэри. ХэкIыпIэу яIэ псор къагъэсэбэпри, фэтэрыр зейр езыр зэрыхуейм хуэдэу ягъэIэпхъуащ, ар зыщIэкIар зыхуей хуагъазэри, и къуэшым и унагъуэр абы къэIэпхъуащ. И Iуэхур тIэкIу зэтеувэж хуэдэ хъуауэ къекIуэкIыурэ, фэтэрыр къезыхъуэжа цIыхубзыр езыр щIегъуэжа, е зыгуэрхэм къызэщIагъэплъа, сытми мыдрейхэм яхузэфIэмыкIын гуэрхэр къапиубыду хуежьащ. Ахэр щыхуамыщIэфым, цIыхубзым хамэ къэрал гуэрым и паспорт иIэу къыщIэкIри, Iуэхур къэрал Iуэху ищIащ. Абы щыгъуэ Мухьэмэд и фэм икIар къэпIуэтэжкIи пхужыIэнукъым. Абы щыгъуэ фIэкIа Къэрмокъуэр гъащIэм къыщигъэдзыха къэхъуауи къыщIэкIынкъым. Ауэ абыи хэкIыпIэ къыхуигъуэтат.
  • Газет лэжьыгъэм хъарзынэу сыхэзэгъауэ, Мухьэмэд и ткIиягъэми сесэжауэ, сызыпэмыплъа гукъеуэ къыслъыкъуэкIащ: Къэрмокъуэр редактор нэхъыщхьэу яшэжащ япэми унафэщIу щылэжьа адыгэ радиом. ЩыщIэкIыжми, бжэщхьэIум нэсауэ зыкъригъэзэкIыжри, унафэ къысхуищI щIыкIэу, къызжиIащ: «Уэри унэкIуэнущ абы». Пэж дыдэуи, тхьэмахуитI хуэдиз нэхъ мылэжьауэ къэпсэлъащ, Дыдур къыпхуейщи къех, жиIэри. Къоджэр щынэхъыжькIэ сыт пщIэнт, сыкIуащ. ЗэрызысIыгъынумкIэ, жысIэнухэмкIэ унафэ къысхуищIщ, Дыдум деж сыщIишэри, езы Мухьэмэд къыщIэкIыжащ. Дыду Владимир и IуэхущIафэхэм сыщыгъуазэ, и цIэр сщIэ щхьэкIэ, езым зэи срихьэлIатэкъым. Зэ IуплъэгъуэкIэ ар ещхьт асыхьэтым шым къепсыхыу уи пащхьэм къитIысхьа дзэзешэм, ауэ и пащхьэм илъыр ручкэрэ блокнотрэт. Къыздэуэршэру щIидзэри, псомкIи къыспкърыупщIыхьащ, си адэшхуэм деж къыщыщIэдзауэ си къуэш нэхъыщIэм деж щиухыжу, Iуэху Iэджэм я щхьэфэ иIэбащ, и блокнотым зыгуэрхэри иритхэурэ. Ар хэIущIыIу сымыщIыфами, сэ сигукIэ сегупсысащ: «Мы сэ слъагъур Мухьэмэд нэхърэ нэхъ ткIииж гуэрщ». А жызмыIэфам псалъэкIэ къыпысщащ: «Сэ сыщыпсэун сиIэкъым, редакцэм япэу къратыну фэтэрыр сэ къыслъагъэсын хуейуэ щытщ. Си дежкIэ иджыпсту псом нэхърэ нэхъыщхьэр аращ». «Газетым нэхърэ дынэхъ пыIэ хуабэу щхьэ фэ къыдуплърэ?» — зригъэIэтащ Дыдум и макъым, къалэ исполкомым и унафэщIу зэрыщытар игу къэкIыжа къыщIэкIынт. ИтIанэ, псалъэмакъыр зэрыдухам и щыхьэту, секретаршэр къриджэри, Къэрмокъуэр къыщIигъэхьэну жриIащ. ПсынщIэ дыдэу къэса редактор нэхъыщхьэм кIэщIу жриIащ: «Шэи яхэгъэтIысхьэ уи щIалэхэм, лэжьэфын хуэдэщ. Мыхъумэ, зи фэм дэсхыжынур уэращ».
  • Къэрмокъуэм и кабинетым сыщIишэри, илъэс зыбгъупщкIэ сызрикъун чэнджэщ зэуэ къызитащ. ИтIанэ нэхъ пыухыкIауэ къыщIигъуащ: «Жьэгу пащхьэ» жиIэу радиожурнал къызэIутхынущи, ар уэ къыппоплъэри щытщ, ауэ ар иужькIэщ. Иджыпсту къыппэплъэр нэгъуэщI зыгуэрщ: Москва еджакIуэ укIуэнущ мазитIкIэ. Уи кIэныр къикIауэ фIэкIа сщIэркъым. КIуэжи, зыгъэхьэзыр».
  • Радиомрэ телевиденэмрэ я лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтыр, пэж дыдэу, еджапIэ телъыджэт. Ауэ ар къэзухыу къэзгъэзэжа нэужь «си кIэныр» абдеж зэрыщиухар псынщIэ дыдэу къызгурыIуащ: тхьэмахуэм эфирым тхуэ сыкъихьэн хуейт, зэманкIэ сыхьэтитI хуэдиз къиубыду. Мухьэмэд махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу жэрдэмыщIэ гуэрхэр къыхилъхьэрт. Утригъэгушхуэрт, укъызэщIигъаплъэрт, пружинэм хуэдэу ущIиIуэнтIэжырти, укъиутIыпщыжырт. Иныкъуэхэм деж иригъэлейми, зэи губгъэн хуэтщIыртэкъым, радиом и лэжьыгъэр иригъэфIэкIуэну фIэкIа, лей къыптригъэхьэну зэрыхэмытыр тлъагъурти. Пэж дыдэуи, Мухьэмэд радиом псэщIэ къыхигъэхьэжат. Езыри ешыртэкъым, дэри дригъэтIысэхыртэкъым. И кабинетым зэблэкIыу дыIутт ттхахэм къедгъэджэжу, пленкэм теттхахэм едгъэдэIуэжу. Къыщытщытхъуи къыхэкIырт. Ауэ арэзы щIыгъуейт. Радиом едаIуэхэм нэхъ япыщIа дыхъуати, абыи ди нэтынхэр нэхъ щIэщыгъуэ ящIырт. Зы мази дэкIыртэкъым зэ, тIэу къуажэ гуэрхэм дымыкIуэу. ЦIыхухэм дахэпсэлъыхь, езыхэми дедаIуэ къудейтэкъым, радиом щылажьэ ди артист нэхъыфI дыдэхэри здэтшэрти, къуажэдэсхэм я нэгу зедгъэужьырт. Мухьэмэд и фIыгъэт ахэри ди гъусэу сыт щыгъуи нэкIуэн хуейуэ Дыдум унафэ зэрищIар. Езы Дыдури къыщытригъэхьэ щыIэт ди гъусэу нэкIуэну. Къэрмокъуэр я пашэу нобэ радиом и лэжьакIуэхэр къэкIуэнущ жаIамэ, дэтхэнэ зы къуажэми цIыхур уэру къыщызэхуэсырт, дыздэкIуэр къущхьэхъурамэ — зы районым и Iэщыхъуэхэр къызэхуашэсырт. Гухэхъуэт апхуэдэ зэIущIэхэм деж Къэрмокъуэм уедэIуэну. Бысымхэм я мызакъуэу, дэри ди жьэр Iурыхуауэ дыкъигъанэрт.             И гуми, и псэми къабгъэдэкIыу, фэрыщIагъ хэмылъу зэрыпсалъэр арагъэнт – и псалъэхэр сыт щыгъуи уи фIэщ ищIыфырт, абыи фIэкIыжырти, гунэс пщищIырт. Апхуэдэ лъабжьэ яIэу арауэ къыщIэкIынут Къэрмокъуэр и художественнэ тхыгъэхэмкIи цIыхум я гум щIыдыхьэфыр.
  • ЦIыху гупыфI щылажьэ дэтхэнэ лэжьапIэми Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ Iэджэ щызэблокI, уи гукъыдэжыр къэзыIэти, бампIэгъуэм ухэзыдзи хэту. Радиори апхуэдэт. Дауи, нэхъыбэр гукъыдэж къозытхэрт. Ауэ псори апхуэдэ защIэу екIуэкIынт. МыхъумыщIагъэ гуэр утыку Iуэху тщIамэ, къыкIэлъыкIуэ махуэм абы кърикIуэну псалъэмакъым хуэхьэзыру ущытын хуейт. Псом хуэмыдэжу «Аркъэныр» эфирым кIуамэ. Абы и гъэхьэзырынри си пщэм къыдилъхьат Къэрмокъуэми, япэ уафэгъуагъуэр зыщхьэщыхьэр сэрат. Ауэ зэдухылIат унажэ къакIуэхэр езым и деж занщIэу сшэнуи, и кабинетым щIэзутIыпщхьэрти, сыкъыIукIыжырт. СщIэртэкъым яжриIэри, зэрепсалъэ щIыкIэри, ауэ зи джатэ къихауэ къытхуэкIуахэр щэху хъуауэ, гуапэу сэлам ирахыжурэ Мухьэмэд деж къыщIэкIыжырт. Зэи къэхъуртэкъым ар къыщытщхьэщымыжи, хэутэн дыщригъэщIи. КIыхьу гугъуу екIуэкIа апхуэдэ псалъэмакъхэм яужькIэ къыджиIэжышхуи щыIэтэкъым. «Си фэр ифхащ!» — жиIэрти абыкIэ зэфIигъэкIырт. Ари ящыщт Мухьэмэд хэлъ хьэлыфI-хэм.
  • Зигу утIыпщауэ дунейм тетыф цIыхум и сытри берычэтщ. Апхуэдэт Къэрмокъуэри. Абы и унэм и ныбжьэгъуу щызэблэкIымрэ шыгъупIастэу щызэблахымрэ къэлъытэгъуейт. Ди щыгу итыр етIуанэуи щхьэгъусэфIкIэ къыхуэупсат  абыи, Iэсият хуэдэу зи ерыскъы берычэтрэ зи шхын IэфIрэ уигъэлъыхъуэнут. «Сэ псэуэ схэтыр Iэсият», — жиIэрейт езыми. «Дауэ ущыт?» жыпIамэ, гушыIэу къыщыппидзыжи къэхъурт: «Iэсият и лэкъумым сыхуэдэщ». Нэхъ гукъыдэж щиIэхэм деж абыи къыпигъэувэжырт, «КIыщокъуэм зэрыжиIауэ» жиIэрти. Ди ныбжьэгъухэм ящыщ куэд фIыуэ щыгъуазэт КIыщокъуэ Алим, пэж дыдэу, Ася и лэкъумым хуабжьу щытхъуауэ зэрыщытам. Абы Алим фэрыщIагъ зэрыхимылъхьари пэжт.
  • Къэрмокъуэ Мухьэмэд теухуа гукъэкIыжхэр езым зэрыхуэфащэм хуэдэу букъуэдиину ухуежьэмэ, зы тхылъым пхуимыгъэзэгъэнри Iуэхум хэлъщ, сыту жыпIэмэ, Мухьэмэд цIыху къызэрыгуэкIыу къызыщыбгъэхъуныр шэч къызытумыхьэжын щыуагъэщ. ТхакIуэр, дауи, тхакIуэ хъунуи къыщIэкIынкъым, и щIэныгъэкIэ, и гупсысэкIэ, и гупсысэр къызэриIуатэ щIыкIэкIэ, и хьэл-щэнкIэ, и цIыху хэтыкIэкIэ, и гу пцIанагъэкIэ, и лIыгъэкIэ адрей цIыхухэм къащхьэщымыкIмэ. А псом и щIыIужкIи Къэрмокъуэр икIи лъэпкъылIт. Лъэпкъым и къэкIуэнум, и бзэм, и щIэнхабзэм, и хабзэм, и псэм тегузэвыхь къудей мыхъуу, абыхэм и къару щымысхьыжу езыри телажьэу, дэри сыт щыгъуи а псоми дыкъыхуриджэу.
  • Джэрыджэ Арсен,
  • «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ.
  • Захуагъэм и телъхьэ
  • И IэнатIэм, и лэжьыгъэм, Iэпэдэгъэлэл имыщIу, зы цIыху бгъэдэтамэ, Мухьэмэд етIуанэт. Абы и щыхьэтщ редакцэм щыдгъэхьэзыр нэтынхэр зэрыт тхылъымпIэхэр, зы сатыр къимыгъанэу, гупсэхуу щIиджыкIыу зэрыщытар. Щыуагъэ е мыхъумыщIэ гуэр хэтмэ, зэи IэщIэкIынутэкъым. Радиом сыщыувагъащIэм щыгъуэ абы деж щылажьэрт цIэрэ щхьэрэ зиIэ гуп дыгъэл: тхакIуэ-усакIуэхэу Къагъырмэс Борис, Журт Биберд, Джэрыджэ Арсен, журналист Iэзэхэу Дыкъынэ Хьэмид, Къардэн Жыраслъэн, нэхъыщIэIуэхэу, иужькIэ зи IэщIагъэм ижь хуэхъуахэу Джыназ Юрэ, Хьэмту Къадир сымэ. Абыхэм ягъэхьэзырырт узытемыукIытыхьын нэтын купщIафIэхэр. А псом и къызэгъэпэщакIуэр редактор нэхъыщхьэрт — Къэрмокъуэрт. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, езыр лIы ткIийт, утехьэулеикIыу, IэхъуэгъуэтегъэкIыу Iуэхум убгъэдыхьэу, лэжьапIэм укъыкIэрыхуу къыпхуидэртэкъым.Абы щыгъуэми и унафэм щIэт журналистхэм сыт щыгъуи къащхьэщыжырт, абыхэм я цIэр щиIэтырт блыщхьэ пщэдджыжь къэс екIуэкI, бзищкIэ лажьэ редакцэхэр хэту къызэрагъэпэщ зэхуэсхэм. Зыгуэр лажьэншэу мысэу къыщIрагъэдзыну иужь къихьамэ, апхуэдэхэм япэщIэувэрт захуагъэм и телъхьэт. ИтIанэ абы и хабзэт и пэшым псори дыщызэхуишэсрэ радиом едаIуэхэм нэхъыфIу ялъагъу, къахуэмыгъэсу зыпэплъэ нэтын нэхъ пIащэхэм — «Жьэгу пащхьэ», «Аркъэн» радиожурналхэм дригъэдаIуэу, къызэрытщыхъуам фIыуэ хэтлъагъуэхэм, я дагъуэхэм дытригъэпсэлъыхьыжу.
  • Мухьэмэд езыр журналист лэжьыгъэм хуэIэрыхуэт. Абы игъэхьэзыра нэтын купщIафIэ куэд ноби щыдохъумэ радиом. Ауэ а лIым и псэм щигъафIэр, и акъыли, и щIэныгъи, и Iэзагъи нэхъыбэу зрихьэлIэр литературэрт. Псом хуэмыдэу Къэрмокъуэр цIэрыIуэ зыщIар, цIыхум фIыуэ къезыгъэлъэгъуар «Щихухэр иджыри мэкI» повестырщ. Къащэхуну зэрамыгъуэтым и мызакъуэу, ар библиотекэхэм къащылъымысу, къэзыщтам къыщихьыжынум пэплъэу екIуэкIащ. Ар си нэгу щIэкIа Iуэхущ. Абы хуэдэу щIэджыкIакIуэ куэд зиIа нэгъуэщI тхакIуэ щыIэу сщIэркъым. Зи гугъу тщIы повестыр гунэс зыщымыхъуа яхэтщ ди тхакIуэхэми, интеллигенцэми — «адыгэм и пщIэр зымыIэт Iуэхугъуэ гуэрхэр утыку кърилъхьащ», жари. Ауэ, дауэ щымытми, цIыхум зэрапхъуэу, зэIэпахыу зэджа тхылъым теухуа я тхыгъэхэр газетым къытрадзащ Сокъур Мусэрбий, Нало Ахьмэдхъан, ХьэкIуащэ Андрей сымэ.
  • Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, ди нобэрей щIалэгъуалэм мащIэщ яхэтыр Мухьэмэд и IэдакъэщIэкIхэм щыгъуазэу. Абы и закъуэкъым, адрей тхакIуэ-усакIуэхэм, школ программэм хэмытмэ, я тхыгъэхэр зыхуэдэр тэмэму ящIэркъым. Интернетыр къызэрыунэхурэ нэхъыбэм IэщIыб ящIащ тхылъ еджэныр. Абы и лъэныкъуэкIэ куэд яхузэфIэкIынут адыгэбзэмрэ литературэмрэ ди школхэм щезыгъэджхэм, адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм теухуауэ класс щIыб лэжьыгъэ, зэпеуэ гуэрхэр зэхаублэу, абы щытекIуэхэр саугъэт цIыкIуфэкIу гуэрхэмкIэ ягъэпажэу къахузэгъэпэщамэ.
  • Мыз Ахьмэд,
  • КъБР-м щIыхь зиIэ
  • и журналист.
  • И ныбжьэгъухэмрэ и къуэш Хьэмидрэ я гъусэу фэеплъ сурэт трахащ. Нартсанэ, 1992 гъэ

  • Мухьэмэдрэ IутIыж Борисрэ Пицундэ зыщагъэпсэху. 1978 гъэ

  • Апхуэдэхэрщ  зи  цIэр уэрамхэм  фIащыр
  • Къэрмокъуэ Мухьэмэд теухуауэ псалъэ гуапэ щIыжысIэн куэд сигу къокIыж. 1977 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр радиом диктор къыхахыу екIуэкIа зэпеуэшхуэм си насып къихьри сыпхыкIауэ, япэ дыдэу абдежщ Мухьэмэд къыщысцIыхуар. Дэ зы къуажэ дыщыщми, абы и пэкIэ зэи ар си нэIуасэу щытакъым, абы и къалэмыпэм къыщIэкIахэм сызэрыщыгъуазэм, сыдихьэхыу седжэу зэрыщытам и гугъу умыщIмэ.
  • Къэрмокъуэм сызригъэцIыхуну къыщызэджам, къызэхъуэхъуащ. ЛэжьапIэ хъарзынэщ ар цIыхубзым дежкIэ, лэжьыгъэ къабзэщ икIи пщIэ зыпылъщ. «Умыбэлэрыгъ, умыщхьэх, езэш жыхуаIэр умыщIэу уи IэнатIэр ехьэкI» — жиIэри. Мис абдеж щыщIидзащ Мухьэмэдрэ сэрэ ди зэрыцIыхуныгъэр. Абы щыгъуэ сэ си къалэным хыхьэр адыгэ редакцэм кърахьэ-лIэ тхыгъэхэр зэхэщIыкIыгъуэу цIыхубэм я деж нэсхьэсынырт икIи Мухьэмэд къызит чэнджэщхэр си щIэгъэкъуэну, губгъэн къэзмыхьу сызэрылэжьэным сыхущIэкъурт. ЛэжьыгъэкIэ Къэрмокъуэр хуабжьу гумызагъэт, ар емыджауэ, щымыгъуазэу зы псалъэуха закъуи эфирым ирахьэну хуиттэкъым. Абы щыгъуэ мащIэ дыдэт редактору е корреспонденту микрофо-ным IутIысхьэну хуитыныгъэ зиIэу щытар, псори ахэр зи къалэным хыхьэр дикторырт. Иджы зэманыр нэгъуэщI хъуащ, хэт къызэригъэпэщ нэтынри езым зэрыхуейуэ эфирым ирехьэ, кIэлъыплъыныгъэ ирагъэкIуэкIхэми апхуэдэу къару ямыIэж хъуащ. Иджыпсту Мухьэмэд къытхэтыжамэ, си фIэщ хъуртэкъым едгъэкIуэкI лэжьыгъэм арэзы техъуэну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы ищIэртэкъым IэхъуэгъуэтегъэкIыу Iуэхум ухущыт хъуну, хуабжьу гудзакъэ зиIэ цIыхут. Мухьэмэд редактор нэхъыщхьэу щылэжьам хъыбарыщIэу дыкъызэджэр литом ягъэхьырт, мыхъун гуэр хэтмэ, ахэр эфирым мыкIуэн папщIэ. Щхьэтечу схужыIэнущ Къэрмокъуэр щыдигъуса зэманым ди IуэхущIафэм нэхъ пщIэ иIауэ. А лъэхъэнэм дэ радиомрэ телевиденэмрэ унафэщI ткIий диIащ. Ар Дыду Владимирт, лэжьыгъэкIэ хуабжьу гумызагъэт. Эфирым куэд кIуэртэкъым ахэр емыджэу, емыдаIуэу. Ахэр, дауи, я пщэ дэлъ къалэным псэ хьэлэлкIэ бгъэдэтащ. Мухьэмэд теухуауэ къыхэзгъэщынут абы и цIэ къыщраIуэкIэ, радиом ехьэлIа гукъэкIыжыфIхэр дэтхэнэми и гум щигъафIэу зэрыщытыр. Нобэ Мухьэмэд мыпсэужми, апхуэдэ тхакIуэшхуэхэрщ, цIыхушхуэхэрщ нэхъыбэрэ зи цIэ къиIуап-хъэр, фэеплъ пхъэбгъу зыхуфIадзэу, уэрамым зи цIэ фIащыпхъэр.
  • Мыз (Сыжажэ)  Майе,
  • КъБР-м щIыхьзиIэ и журналист.
  •  

    И адэ Мухьэжид и гъусэу. 1964 гъэ

  • КIуэкIуэ Валерий къохъуэхъу. 1999 гъэ

  • Нало Ахьмэдхъанрэ Мухьэмэдрэ загъэпсэху. 2000 гъэ

  • Ноби  егъэлъапIэ
  • Илъэс 40-м щIигъуащ Къэрмокъуэ Мухьэмэд зэрысцIыхурэ. Зыгуэрым ущытепсэлъыхькIэ, ипэ дыдэу уи гур здэжэр «дэнэт япэу сыщыIущIар» жыпIэущ.
  • Япэу ар, хъыджэбз цIыкIу зыбжанэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым дыкърагъэкIыу, «радиом фи макъхэм щедэIуэнущи, фыкIуэ» — жаIэу дыкъыщагъэкIуарт. Абы щыгъуэ си насып къимыхьами, си гугъэр хэсхыжакъым хьэщыкъ сызыхуэхъуа лэжьыгъэм. ЕтIуанэу дызэхуэзышар дунейм къызэрытехьэрэ куэд мыщIа, Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «Щихухэр иджыри мэкI» романырщ. Тхылъыр зигу дэмыхьа щыIагъэнкъым жытIэмэ, зыри жыдмыIа хуэдэщ. Уеблэмэ, абы къыщыIуэта Iуэхугъуэхэр апхуэдизкIэ зыхащIати, тхакIуэр зрагъэцIыхуну абы и лэжьапIэ пэшым щызэблэкIыр куэд дыдэт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, сэри абы сахэтащ.
  • ИлъэситI къудейщ Мухьэмэд и унафэ сыщIэту сылэжьэну къызэрысхуихуар. Ауэ тIысыжа иужьи ди зэпыщIэныгъэр нэхъ кIащхъэ хъуакъым. Куэдрэ я унэ сихьащ лэжьыгъэ IуэхукIи, лъагъунлъагъу щхьэ-кIи.
  • И тхыгъэщIэ дунейм къытехьэмэ, япэу еджэхэм сащыщт, псом япэ          ар утыку къызэрисхьэным сыхэтт, лъэпкъ Iуэху хъуарэ нэхъыжь и псалъэ цIыхубэм зэхегъэхын хуейми зызыхуэдгъазэр Мухьэмэдт. Езыр къалэ, къуажэ еджапIэхэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм ирагъэблагъэурэ пшыхьхэр щыхуащIырти, сыгушхуэрт, гъусэ сыщызыхуищIкIэ. Мис абдежхэм нэхъри наIуэ къыщыхъурт Мухьэмэд и IэдакъэщIэкIхэмкIэ лъэпкъ лъагъуныгъэр къызэрихьэхуар. ТхакIуэр я щхьэкIэ зэрагъэцIыхуну гупыж ящIу пшыхьым къэкIуа куэдым тхылъхэм зрагъэгупсыса Iуэхугъуэхэм къыдэкIуэу тепсэлъыхьырт Къэрмокъуэр ди тхакIуэ нэхъыфI дыдэхэм зэрыхабжэм, цIыхум и гурылъ-гуращэхэр, зыгъэпIейтейр, зэман зыщыпсэум и щытыкIэ пэжыр, гъуджэм хуэдэу, къызэригъэлъагъуэм, гъащIэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр тхылъеджэм тэмэму зэрыбгъэдилъхьэфам, бэм гурыщIэр утыку кърилъхьэкIэрэ и зэманым псэуам и псэр нэхъ гъунэгъу къазэрыхуищIам, нэгъуэщI куэдми. А зэIущIэм кърихьэлIэхэм Мухьэмэд деж къыщалъыхъуэрт зыгъэпIейтей упщIэхэм я жэуапхэ-ри.
  • Зэманыр гугъут, ди псэукIэм, хабзэ къежьэхэм, цIыху акъылыр пэмылъэщ жыхуаIэм хуэдэу, псынщIэу зихъуэжырт. УпщIэхэр щыпхъашэ къэхъуми, ипэжыпIэкIэ цIыхубэ тхакIуэм ихьын хуей жэуаплыныгъэр зыхищIэу, лъэныкъуэкIи иримыхьэкIыу, зыфIэлIыкIи щымыIэу яжриIэфырт Iуэхум зэреплъ езым и пэжыр. И пэжым и лъабжьэри адыгагъэмрэ адыгэ Iуэхумрэт. А псор дэслъэгъуащ а цIыху телъыджэм. Дэслъэгъуащ нэгъуэщI Iуэхугъуэ гукъинэж куэди. И зыIыгъыкIэкIэ пхъашэу, «ткIийщ» хужаIэу дунейм тету уи гугъэ цIыхур зэрыгущабэр, гущIэгъу зэрыхэлъыр, псалъэ дыгъэл жиIэу емыжьэжу, хэIущIыIуи зимыщIу, псапи гуапи зыпылъ IуэхущIафэ дахэ куэд къызэрызэринэкIар. И ахърэт дахэ хъуауэ тхьэм жиIэ!
  • Къыхэзгъэщыну сыхуейт Къэрмокъуэ Мухьэмэд и гъащIэ гъуэгуанэри, и творческэ лэжьыгъэри сыт и лъэныкъуэкIи дэзыгъэпсынщIа и щхьэгъусэ, Къэнэмэтхэ япхъу, Къэрмокъуэ Iэсият и гугъу дахи. Сабийм ещхьу зи псэр къабзэ а бзылъхугъэ щыпкъэм унагъуэр зыхуей хуигъэза, бынхэр зэщIипIа къудей мыхъуу (ари мащIэкъым), гъащIэм щиIэн хуей къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжауэ, сыткIи Мухьэмэд и псэгъэтыншу, Iыхьлыми ныбжьэгъуми и гулъытэ ялъэIэсу абы къызэрыдекIуэкIар, нобэми а гъуэгум темыкIыу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ цIэр къызыхуагъэфэща Къэрмокъуэ Мухьэмэд и фэеплъыр игъэлъапIэу дунейм зэрытетыр.
  • МахуэлI  Хъаджэт,
  • КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.
  • Ар  си  нэгу къызэрыщIэнар
  • Къэрмокъуэ Мухьэмэд япэу къызэрысцIыхуар и тхакIуэ лэжьыгъэкIэщ — и повесть «Щихухэр иджыри мэкI» тхыгъэшхуэрщ. Жей Iувым хэта адыгэ тхылъеджэр къэушам хуэдэт, ар къыщыдэкIа 1977 гъэм — тхылъыр тыкуэнхэм къыщIалъхьэри, махуэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIауэ ахэр щIэбзэхыкIат.
  • А тхылъыр къэзыщэхуахэми гу щахуэху ирагъэIыгъыртэкъым. Тхылъеджэхэм зэIэпахыу щIаджыкIырт.
  • Си ныбжьэгъу гуэрым селъэIуу, си чэзур къэсу, «Щихухэр иджыри мэкI»-р къыщысIэрыхьам, тхылъым жьыфэ къытрагъауэу, и жинтыр фIыуэ техъукIат, напэкIуэцI кIапэхэр пыуфIыцIыкIат, нэхъ пIащIи хъуат.
  • Повестым сыкъеджэу, илъэсиплIи дэкIыжа нэужьщ Къэрмокъуэ Мухьэмэд япэу слъэгъуауэ, къэсцIыхуауэ щыщытар. А зэманым Долинск щыIа телевиденэм редактору сыуват сэ, сабий, щIалэгъуалэ нэтынхэр згъэхьэзыру. Къэрмокъуэр радиом и адыгэбзэ къудамэм      и редактор нэхъыщхьэт. Дыщылажьэр зэпэмыгъунэгъу унэ зырызми, зы унафэщIым и жыIэм дыщIэту ди IэнатIэр зыт, парт, профсоюз Iуэху къэхъумэ, псори дызэхыхьэу, дызэхуэзэу. Апхуэдэ зэхуэс гуэрым япэу къыщыслъэгъуащ икIи щызэзгъэцIыхуащ псэухукIэ щапхъэ тесхыу, пщIэ хуэсщIу, ди зэпыщIэныгъэр сымыгъэкIуэду сыкъыздекIуэкIа Къэрмокъуэ Мухьэмэд.
  • Илъэс зыбжанэкIэ телевиденэм сыщылэжьауэ ар къызэджащ, си псэм нэхъ пэгъунэгъу литдрамэмкIэ редакцэр къысхуигъэлъагъуэу. Арати, «хьэуэ» схужыIакъым. ИлъэсиплIкIэ Къэрмокъуэм сыдэлэжьати, «мы хьэлыр хэмылъамэ сыт хъунт» жысIэу абы зыри дэслъэгъуакъым. Мухьэмэд, фIыуэ улажьэмэ, пщIэ къыпхуищIы-нут, ныкъусаныгъэ гуэрхэр къыбдилъагъуми къыпхуигъэгъунут, ауэ уи къалэныр къыпфIэмыIуэхумэ, укъэсыжат.
  • Лэжьыгъэм щIэуэ зыгуэр хэплъхьэн мурад уиIэмэ, Къэрмокъуэм къыбдиIыгъынут, зыкъыпщIигъэкъуэнут. Абы щыгъуэми уи хъэтI уиIэжмэ, езым ещхь уищIыну хэмыту, къыбдэлэжьэнут, уи фIыр зэрыбгъэбэгъуэну Iэмалхэр къыбжиIэнут. Ауэ адыгэбзэр къыпфIэмыIуэхуу, ар тэмэму умыгъэшэрыуэу гу къыплъитамэ, езым тэмэму къыщыхъу гъуэгум утришэху, уригъэджэнут, уигъэсэнут, етIысэхынутэкъым. ЦIыхухэм сыт къысхужаIэн, сыщымыуэу пIэрэ жиIэу зэплъэкIыжу, Iуэху зыдищIэр и щхьэ ирилъыту, емыгупсысауэ лъэбакъуэ имычу дунейм тетащ Мухьэмэд. ЦIыху гъащIэр зэрымыкIыхьыр зыщIэ тхакIуэм зэманыр зэримыгъэкIуэдыным иужь итт.
  • Дунейм къытринэну лъэужьыр дахэ зэрищIыным щIэмычэу егупсысу дунейм тетащ Къэрмокъуэ Мухьэмэд. Апхуэдэущ ар си нэгу къызэрыщIэнар.
  • Тэтрокъуэ  Астемыр,
  • Къэбэрдей-Балъкъэр
  • радиом адыгэбзэкIэ
  • и къудамэм и редактор
  • нэхъыщхьэ.
  •  Ныбжьэгъум и псалъэ
  •  Апхуэдэт абы  и  дуней тетыкIэр
  • Къэрмокъуэ Мухьэмэдрэ сэрэ пасэу дызэрыцIыхуащ. Илъэс щэщIым нэблагъэкIэ абы сриныбжьэгъу нэхъыщIэу дыкъызэдекIуэкIащ.
  • Мухьэмэд Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэ нэхъ пажэхэм ящыщми, и тхыгъэхэм сэ апхуэдэу сакъытеувыIэнкъым, ауэ къыхэзгъэщыну сыхуейщ абы и IэдакъэщIэкIхэм къагъэлъагъуэр цIыху къызэрыгуэкIхэм я гъащIэрэ абыхэм я зэхуакум дэлъын хуей дахагъэмрэ къабзагъэмрэу зэрыщытыр. Абы пасэу тхэн щIидзакъым. Сэ куэдрэ абы сеупщIырт: «Му-хьэмэд, журналист лэжьыгъэм зумыту, нэхъ пасэу тхэн Iуэхум уб-   гъэдыхьауэ щытамэ, тхылъ куэд уи къалэмыпэ къыщIэкIынтэкъэ», — жысIэу. «А журналист лэжьыгъэрщ тхэныр сигу къэзыгъэкIар», — жиIэрт абы. ЗэрытхакIуэм, зэрыжурналист Iэзэм и мызакъуэу, егъэлеяуэ цIыху Iущу щытащ. Хэт ищIэрэ, а и Iущагъыр арауи къыщIэкIынщ ар тхакIуэ, журналист нэс зыщIари. Дэ щIэх-щIэхыурэ дызэрихьэлIэрт. Мухьэмэд и къуэш Хьэмиди си ныбжьэгъути, дызэрымылъагъупIэри иIэтэкъым. Дэнэ дыщызэхуэмызами, Къэрмокъуэм хуэдэу чэнджэщ зыхэпхын псалъэ Iущ жызыIэ сэ зы щIыпIи сыщрихьэлIакъым. Абы жиIэрейт: «ЦIыхум фIы хуэпщIар щыгъупщэу адыгэм жаIэми, фIы зыхуэсщIа щыгъупщауэ сэ срихьэлIакъым». И псалъитIым язт цIыхухэм къабзагъэкIэ, пэжыгъэкIэ ябгъэдэтын зэрыхуейр. Апхуэдэт абы и дуней тетыкIэр.
  •  Нэхущ  Заурбий,
  • УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт.
  •  
  • Къуэшым  и  псалъэ
  • И  нэIэ  псэуху  ттригъэкIакъым
  • Ди адэ-анэм быних драIэт. Быным я нэхъыжьыр Мухьэмэдт. Абырэ сэрэ илъэс пщыкIущ ди зэхуакут. Налшык дэта пединститутым щеджэну ар ягъакIуэ курыт еджапIэ нэужьым. Ар ящыщащ а институтыр зауэ нэужьым япэ дыдэу къэзыухахэм.
  • Абы куэд и пщэм къыдэхуэрт. Ди адэ-анэр колхозым хэтти, дэ, зэрыбыным къыткIэлъыплъыр, зи нэIэ къыттетыр, дызыхуэныкъуэхэри къытхуэзыгъуэтыр Мухьэмэдт. Ди адэр дзэм къулыкъу щищIэну дэкIа нэужь гъуэмылэ кърихьэкIыу, колхозхэтхэм псы яхуишэу, хузэфIэкIыр ищIэу, вэн-сэным и зэманми, пхъэIэщэкIыр иIыгъыу лэжьакIуэхэм яхэтащ. Нэхъ щIалэ пасэр арати, лъэпкъым и нэхъыжьхэм кърагъашэри, унагъуэу ягъэтIысыжат. 1952 гъэм ди анэр дунейм ехыжа нэужь, «Къэбэрдей пэж» газетым и лэжьапIэр къыщигъанэри, и унагъуэр и гъусэу къуажэм нэкIуэжауэ щытащ.
  • Апхуэдэу щIищIари, щIэгузавэри дэрат. И нэIэ къыттригъэтын, къыддэIэпыкъун папщIэт. Къуажэм къэкIуэжа нэужь, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу школым илъэситI-щыкIэ щылэжьащ. Дэ нэхъ балигъ дыкъэхъуу анэнэпIэс къытхуашэжа нэужьщ абы НалшыккIэ щигъэзэжар.
  • «Азэмэт» романым и процент 90-р зытеухуар езыращ. Абы къыщигъэлъэгъуэжащ и гъащIэм и нэгу щыщIэкIа Iуэхугъуэхэр, зрихьэлIахэр. Сэ абы апхуэдэу сыкъытеувыIэнкъым, ауэ и гъащIэ псор зытриухуар адыгэ лъэпкъырщ. «Мы дунеишхуэм теткъым адыгэм къыттехьа лейм хуэдэ къызытехьа», — жиIэрт абы. Ар игукIи и псэкIи зыхищIэу абы папщIэ щынэщхъей мымащIэу сэ срихьэлIащ. «Уи лъэпкъым теухуа-уэ сыт пхуэсщIэну ухуей жиIэу Алыхь лъапIэр къызэупщIауэ щытамэ, мыпхуэдиз лейр зытехьа си лъэпкъ цIыкIум зыкъегъэужьыж, жысIэнти селъэIунт», — жиIэрейт. Ар и гукъеуэ нэхъыщхьэт. МыдэкIэ, къыдалъхуахэм егъэлеяуэ къытхуэгупцIанэт. И къуэш — и шыпхъуу тху дриIэти, хэт къригъэшащ, хэти иригъэшащ. И нэIэ псэуху ттригъэ-кIакъым.
  • Къэрмокъуэ  Хьэмид.
  • Къуэм и псалъэ
  • Лэжьыгъэм  дыхуигъасэрт
  • Ди адэр быным ткIийуэ къытхущытащ. Сэ сыкъапщтэмэ, гъэсэныгъэ-лэжьыгъэм щIэмычэу нэхъ сыхуиущийрт. СыцIыкIуу щIызигъэдзауэ, тхьэкIумэкIыхь, джэдкъаз сигъэгъашхэрт. Къэпрэ гъубжэрэ къызитырти, унагъуэ псэущхьэхэм удз къахузигъэхьырт. Нэхъ сыкъыдэкIуэтея нэужь шэмэдж IыгъыкIэри сигъэщIауэ щытащ. Гугъуехьыр, лэжьыгъэр зищIысыр къызэрызигъэщIэным яужь итт. Мыпхуэдэ зы Iуэхугъуэ сыт щыгъуи сигу къокIыж.
  • Абы щыгъуэ школым иджыри сыкIуатэкъым. Жыгым пыт тхьэмпэхэр къыпысфыщIыкIыу си адэм сыкъилъэгъуат.
  •  — Сыт ар къыщIэпфыщIыр, пшхыну ара?
  • — Хьэуэ,тхьэмпэ яшхрэ? — згъэщIагъуэу соупщIыж абы.
  • — НтIэ, ар абы къыщIыпыкIэр уэ къыпыпчыну аракъым, ар уэ сымаджэ пщIыуэ, жыгыр букIыу аращ, — жи.
  • Абдей щызыхэсщIат къэкIыгъэхэми псэ зэраIутыр.
  • Мыпхуэдэ зы Iуэхугъуи къэхъуауэ щытащ, дерс хэсхауэ. Зэныбжьэгъу цIыкIуищ дыхъуу, зы гуэщ гуэрым и щхьэм телъ шифер хуэдэр тедгъэкIуэтри дипщхьат. Ар зейр егъэджакIуэ гуэру къыщIэкIынт. Абы къыщыдгъуэтат тетради, къэрэндащ зэмыфэгъуи, нэгъуэщI цIыкIуфэкIу гуэрхэри. Къэрэндащ къэтщтахэр, дыкъыщIэкIыжа нэужь, зыхуэдгуэшыжри, унэм дыкъэкIуэжащ. Унэм къэсхьахэр къыздисхамкIэ къызэупщI ди адэм и бгырыпхыр абы щыгъуэщ япэу къыщыстехуауэ щытар. Абы щыгъуэт къыщысщIари, уумей, уи пщIэнтIэпскIэ къыумылэжьар къапщтэ зэрымыхъунур.
  • Школым япэ классыр къэзуха нэужь, нащэхэм, помидорхэм псы щIэзгъэлъадэу, къэкIыгъэхэр сыпщIэу губгъуэм сигъэкIуауэ щытащ. Ещанэ классыр къэзуха нэужь, пионер лагерь сигъэкIуат. Сигъэлажьэми, хуэфащэуи зызигъэгъэпсэхужырт. ЕплIанэ класс нэужьым щIэздзэри, гъэ къэсыху Къущхьэхъу, си анэ дэлъхур здэщыIэм, Iэхъуэу сыдэкIуейуэ щытащ. Абы мазищ-плIыкIэ дытест. Уеблэмэ, школым еджэн щIадзэжауэ, фокIадэм и кIэхэм сыкъыщехыжа къысхуихуащ. Мис апхуэдэу, ди адэм бынитху дриIэти, гугъуехьым дыщымышынэу, лэжьыгъэр фIыуэ тлъагъуу дыкъигъэхъуащ.
  •  Къэрмокъуэ  Ахьмэд.
  •  
  • Зеикъуэ школ театрым хэтхэр. Мухьэмэд ижьымкIэ япэ итщ. 1946 гъэ

  • Къэрмокъуэхэ Хьэмидрэ Мухьэмэдрэ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ ПсыкIэху мэзым КIыщокъуэ Алим щагъэлъапIэ. 1984 гъэ

  • Иорданием щохьэщIэ. 1981 гъэ

  • И ныбжьэгъур и гъусэу. 1948 гъэ

  • ГуфIэгъуэ пшыхь нэужьым. 2009 гъэ

  • Республикэ интернатым щеджахэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ я зэIущIэ. 1977 гъэ

  • Зэи сигу ихужынукъым
  • Мухьэмэд цIыху гуапэт, нэфIэгуфIэт, гушыIэрейт. Абы сэ радиом сыщыдэлэжьэну къысхуихуакъым, ауэ щедгъэблагъэхэм и деж гу зылъыстэрат: апхуэдизкIэ а унэр и хэгъэрейт, и нэр зытеплъэри, и лъэр здрикIуэри фIэIэфIу, щылажьэхэм гурыхьу ядэуэршэру цIыху нэIурытти, нур зрищIэкIыу къыпщыхъурт. Ауэ щыхъукIи, ар сэ сигу къызэринэжа Iуэхугъуищым (и тхылъым ехьэлIам, ди япэ зэхуэзэм, иужьрейм…) сегупсысыжмэ, гуфIэгъуэшхуи, гушыIи, гукъыдэжи хэлъакъым.
  • Си анэш къуажэ ХьэтIохъущыкъуейм сыхуэусэу мыпхуэдэ сатырхэр къэкIуащ: «Жьыуэ зэпихум щихухэр къегъафэ, Къафэм къигъафIэм и лъэр щIолъэт».
  • Ар къызыхэкIар, дауи, гурыIуэгъуэщ. «Щихухэр иджыри мэкI» тхылъым адыгэ литературэм хишам сащыщщ. Литературэм къыхыхьа си лъэгуажьэгъухэми ардыдэр яхужысIэфынущ, сыту жыпIэмэ, а тхылъыр зылъымысым и махуэ мыгъуэу, зи къэхъугъуэ ныбжьыщIэхэм зэIэпытх хъуат. ДигъэпIейтейрт, ди гур нэхъ ину къригъауэрт, ди нэпс къудамэ къыдришейрт. А тхылъыр махуищ къудейкIэ сагъэIыгъыну япэу къыщызатам, щIэщхъу дыдэ къысщыщIащ. Си дэлъху нэхъыжьым стрихщ, сыгъ-сыбжэми зэхимыхыу, зысфIигъэпщкIуурэ щIиджыкIри, сэ седжэну сыхунэмысу, зейм естыжауэ щытащ…
  • Къэрмокъуэ Мухьэмэд радиом нэкIуауэ сыщрагъэцIыхум, си Iэр къикъузри къызжиIащ: «Мы жьым ихьыжынур къэгъани, къэнэжынум хуэлажьэ». Ар зэрыщIэкIыжу сетIысэхри си щхьэр субыдыжащ. Сэ, си псэм хэлъмэ схухэмыхыну радиор фIыщэу слъагъурти, а «жьым ихьыжынур» си лэжьыгъэм зэрыхужиIар гущIыхьэ сщыхъурт.
  • Абы къыгурыIуат радиом гуащIэу естыр литературэм къызэрытесхыр, сызэрыщIегъуэжынур…
  • Къэрмокъуэ Мухьэмэд иужь дыдэу сыщыхуэзар игъащIэкIэ сигу ихужынукъым. ДыгуфIэжу, дыгушыIэу студием дыщIыхьауэ радио микрофонхэм дыIусщ, жиIэм содаIуэ, соплъ. Ауэрэ, къысщыщIыр сымыщIэу, си гур къызэфIонэ, си нэпс къокIуэ, сыкъыщеудри зысхуэмыубыдыжу согъ. Къэхъуар имыщIэу Мухьэмэд мэгузавэ, режиссерыр ныщIолъадэ, къызодэхащIэ. Зызэтызоубыдэжри, жызоIэ: «Къысхуэгъэгъу, кхъыIэ, Мухьэмэд, уи псэлъэкIэм, теплъэм, уи зыщIыкIэ нэгъунэ си адэр си нэгу къыщIагъэхьэжри, зысхуэшыIакъым». «Абы къимыгъэщIар тхьэм къуигъэгъащIэ», — жиIащ Мухьэмэд.
  • Мухьэмэд IэплIэ къысхуищIщ, къысхуэгузавэри, ди нэтыныр ныкъуэтхыу дызэбгрыкIыжащ. Абы иужькIэ зэи дызэрылъагъужакъым… И ахърэтыр фIы хъуауэ тхьэм къыщIигъэкI.
  • Аброкъуэ  Беллэ,
  • «Нур» журналым и редактор нэхъыщхьэм
  • и къалэнхэр зыгъэзащIэ.