«Си гущхьэ дыдэм гъуэгухэр щызэхокI»
2019-10-22
- Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Хьэбэз щIыналъэм иджыблагъэ зэIущIэ щекIуэкIащ журналист, тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Пхъэш МуIэед и фэеплъу. Псэужамэ, ар илъэс 70 ирикъунут фокIадэм и 15-м. МуIэед 2000 гъэм фокIадэм и 18-м дунейм ехыжащ, и ныбжьыр илъэс 51-рэ ирикъуа къудейуэ.
- Республикэм и цIыху цIэрыIуэхэм язщ Пхъэшыр, ари журналист лэжьыгъэм къыхуихьауэ. Куэдрэ къэхъуркъым апхуэдэ. Жылагъуэм пщIэрэ фIыщIэрэ къыпхуащIын папщIэ, псом япэрауэ, гу пкIуэцIылъын, щIэныгъэ уиIэн, набдзэгубдзаплъэу, цIыхухэр фIыуэ плъагъуу, ахэр зыгъэпIейтейр Iуэху къыпщыхъуу ущытын хуейщ. А фIыгъуэ псори МуIэед бгъэдэлъащ. Аращ журналистыр игъуэ нэмысу дунейм щехыжам гущIыхьэ щIащыхъуар.
- «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ итха «Къыр щэща» усэр мыпхуэдэ сатырхэмкIэ къыщIедзэ:
- Дунейгъэдахэ бгыжьыр
- хъунт ешауэ, —
- И Iыхьэ пIащэ щэхуу гуэщэтащ.
- … Анэ быдзышэу
- Инжыджыпс ефауэ,
- Аргуэру зы къуэ
- лъэпкъым фIэкIуэдащ…
- Тележурналист Гетманов Владимир «Прерванный полёт» фIещ и фэеплъ тхыгъэм. Абы къыхегъэщ: «ЦIыху гъащIэр лъэмыж цIыкIущ, гъащIэмрэ ажалымрэ зэпищIэу. А лъэмыжым хуэшэчынур, езы цIыхум и мызакъуэу, и Iыхьлыхэми, и лэжьэгъухэми елъытащ. Псэм къытехьэлъэр нэхъыбэ зэрыхъум елъытащ лъэмыж цIыкIур псынщIэу махэ хъунри. Къэхъуар нэхъ иужьыIуэкIэщ къыщыдгурыIуэр. ЦIыхур тхэкIыжащ. Гу зеиншэм зиущэхуауэ кIэлъоплъ псоми хуэдэгу хъуауэ къыщыхъу дунейм. КъызэрымыкIуэу уи щхьэм мыгъуагъэ хубохьыж, зыбогъэкъуаншэ МуIэед зэрытхуэмыхъумам, зыщысхьыжу нэхъыбэрэ псэун зэрыхуейр и гум зэридмылъхьэфам къыхэкIыу. Мы псалъэхэр здэстхым къызгуроIуэ хамэм я бэлыхьым зримыгъэхьыну, гъащIэм бгъурыту кIуэну езыгъэзыфын къару зэрыщымыIар. Ар гу пцIанэт. И ныбжьэгъухэм ягъэщIагъуэрт куэдыщэ игу зэрытригъэхуэфыр. Абы сытым дежи пэжыр жиIэрт. Псоми зыщаущэхуми, пэжым зэрыпагъэIуджэжынур къыгурыIуэми, и Iуэху еплъыкIэр къиIуэтэнут. Зыгуэрым ягу зригъэхьын щхьэкIэ пцIы хуэупсынутэкъым, еубзэнутэкъым»…
- ТхакIуэ, драматург Шыд Юрэ «Путь, озарённый человеческой совестью» зыфIища и тхыгъэм и ныбжьэгъум теухуауэ щыжеIэ: «… Iуэху зэфIэнам щхьэпэну щытми, фэрыщIагъ бдэнутэкъым, уеблэмэ ар нэгъуэщIым дэплъагъумэ, уи гур зэгуэудырт. НэгъуэщIу ущытыфынутэкъыми, щхьэзакъуэныгъэр уи натIэт. Ауэ телевизор- еплъхэм уи гум щыхъэм гу лъебгъатэртэкъым, уэ дунеймрэ цIыхумрэ я дахэ, я нэхъыфI уи плъапIэт, ахэрат уи нэтынхэр зытеухуар. Дэри а псор ди фIэщ хъурт, узэрыхьэрэмыгъэншэр тщIэрти».
- УсакIуэ гъуэзэджэ Бемырзэ Мухьэдинрэ Пхъэш МуIэедрэ Хьэгъундыкъуей къуажэм щыщщ. Зы илъэсщ а тIур ныбжькIэ зэрызэщхьэщыкIыр. Я псэр зы чысэм илъщ, зыхужаIэм хуэдэт. И ныбжьэгъум и фэеплъу «УсакIуэм и натIэр» усэр Мухьэдин щитхым, абы игу щыщIар ди нэгу къытхущIэгъэхьэнуи къыщIэкIынукъым. Езы Мухьэдини илъэсих псэужауэ аращ, илъэс 60 къимыгъэщIауэ дунейм ехыжащ.
- УсакIуэм куэд хуэмей
- и жагъуэ пщIыным,
- Абы и гуапэ пщIынми
- куэд хуэмей —
- Зы мащIэм мафIэ гуащIэу
- илыпщIынущ,
- Зы мащIэм нэху
- хуищIынущ и дунейр…
- 2003 гъэм «Эль-Фа» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Пхъэш МуIэед и усэхэр, новеллэхэр, езым теухуауэ ятхар щызэхуэхьэса «Гъуэгуанэ» тхылъыр. Абы къитха усэхэр ди гуапэу тыдодзэ.
- Ширдий Маринэ.
- Зэгуэр
- Зэгуэрым си гум укъыридзэжынщ,
- Семыжьагъэххэу, ауи сфIэмыIуэхуу,
- БлэкIам и гъуджэм дызэдиплъэжынщ,
- КъэкIуэнум и зы псалъи къытхэмыхуэу.
- Зэгуэрым си гум укъыридзэжынщ.
- Зэпытчыжынщ гъуэгуанэу ткIуар аргуэру…
- Иджы-щэ? Ди блэкIар зэхэддзыжынщ,
- Гъунэгъу къэхъуа къысфIощIри а зэгуэрыр…
- Хабзэ
- ИгъащIэ лъандэм хабзэу мыр къокIуэкI:
- Уафэгум нэсыр — вагъуэми щIохъуэпс…
- Къэб мыхъурэ пэт, къимыгъэнэжу лъэкI,
- Бжыхь лъагэм адэкIэ фIэфIщ блихын и къуэпс.
- ЛIэщIыгъуэ кIуахэм ноби къыдаIуэкI:
- Нэхъ лъагэу зыпIэтакъэ — къэгъэкI уигу —
- Зэгуэрым ухъурэ къарур къомэщIэкI,
- Къебгъэзыхыжмэ,- къыппэщылъыр щIыгущ.
- Шэч
- Iуащхьэмахуэ сощIэр сэ щIэхъуар дыкъуакъуэ.
- Гупсысэным кIуапIи жапIи къримыт…
- Зэ къарукIэ, зэ акъылкIэ мэныкъуакъуэ,
- А псор псэкIэ щишэчыжми хъуащ гуитIщхьитI.
- Игъэтхъуащ и таучэлым шэч къихьыжым:
- «ГущIэ мафIэр къэзгъэблэжмэ хъунур сыт?
- Хилъхьэжыну пIэрэ псэ жыгыщIэ гъужым
- Е мэз щхъуантIэр ирихыну къежьэ псым?»
- * * *
- Ичынды хуэгъазэу дунейм и дахэгъуэм,
- Куэдрэ соплъыр бгыщхьэм закъуэу тет жыгейм:
- Тхышэщ ар, фызыжьу, икIи и бгы псыгъуэр
- ЗэпыщIыкI къыпфIощIыр, щыджэгукIэ ныкъуейр.1
- Бгым и лъабжьэм, шабзэу зишэщIауэ, мэзыр,
- Сабий зекIуагъащIэ пфIэщIу, мэдаущ:
- Жыгми, ар щилъагъукIэ, уи гур игъэузу,
- ПщIащэ гъуахэр нэпсым хуэдэу къыпощэщ.
- Изогъэщхь, си жагъуэу, гур зыкъутэ жыгыр
- Си адыгэ лъэпкъыу Хэкум икIыжам,
- Уардэу Iуащхьэмахуэ и щхьэщыгу лыдыжхэр
- Хьэрып пшахъуэ пщтыркIэ пасэм зыхъуэжам.
- СиIэщ гукъеуэшхуэ сэ, гукъеуэ хьэлъэ:
- Лъэпкъыр тIу дыхъуауэ, гъащIэр идохьэкI,
- Нобэ дилъ зыщIэтым ящыщ лIэуэ телъми,
- Дэ дымыщIэу, пшынэм къафэр къыдогъэкI.
- Ерыскъыр гъунэншэу идошыж нысащIэр,
- Махъсымэ телъыджэм хэти егъэчэф.
- Ауэ ди лъэпкъэгъухэм ящыщ ныбэнэщIми
- Дэнэ щытщIэн, дыгъэм къритауэ чэф?
- СиIэщ гукъеуэшхуэ сэ, гукъеуэ хьэлъэ:
- Лъэпкъыр тIу дыхъуауэ гъащIэр идохьэкI,-
- Дауэ сымышэщIми, нобэрей пшынэм
- Зы уэрэди, гъыбзэ мыхъумэ, къысхуимыкI…
- Мэкъуауэ лIыжьхэр
- Аргъынэхэр мэгъуэлъ, мэл кIапэ пшэру,
- Шэмэджхэм, шыкIэпшынэу, псэр дахьэх.
- Къаз хужьхэр псафэ кIуэ нэхъ умыщIэну,
- ЛIыжь гупым джабэ нэкIур кърехьэх.
- «УздэкIуэр дэнэ, тIу, урихьэжьауэ! —
- Зы лIыжьым шэмэдж пашэм ныкIэлъедз, —
- ДыщIэвгъэтIысхьэ модэ кхъужьей жьауэм,
- Тутын уэ пIыгъмэ, къэзгъуэтынщ мафIэдз».
- «Уий, хуэмыхужь! — зыщIоувыIыкI тхьэмадэр, —
- Уи гъащIэр жьауэ щIэкъуурэ къыбохь,
- Нэхъыжь унафэм ипэ уимылъадэу,
- Иджыри аргъынитI-щы къэдывгъэхь!»
- … ЩIым зэдыхатIэ я шэмэдж къэплъахэр,
- Ауан зэрыщIу, ахэр зэщIалъыкI.
- «Шэмэджыр жанмэ, — жи лIыжь щхьэпэлъагэм,-
- Мэкъуауэр мэкъуауэным имылIыкI!
- …Езыр-езыру пфIощI шэмэджхэр щIэкIыу,
- Зым ерыщагъкIэ адрейр егъэунэху, —
- Удз цIынэу, жьыгъэр плIэIукIэ ирадзэкIыу,
- МэкъупIэ нэпкъыр лIыжьхэм къыгуагъэху…
- Макъамэ
- Уэрэд жеIэр Тхьэбысым Умар,
- Пшынэр Iэ лъэныкъуэкIэ иIыгъыу…
- А макъамэр сэ здызэхэсхар
- Дэнэт, согъэщIагъуэ, е сыт щыгъуэ?..
- Пшынэм хуиIэщ псалъэхэм икърар,
- Хъуэхъу щIэжьыуэм ахэм хуегъэфащэ,
- Уэрэд жеIэр Тхьэбысым Умар,
- Зэпегъэури — дигухэр зодэхащIэ.
- Нэпс шыугъэ напIэхэм хъуащ щIэз —
- КъэсцIыхуащ пшыналъэри къыздикIыр:
- Умар си гум Iэпэхэр щекъуз,
- И макъамэр си лъымкъыхизыкIыу.