Щапхъэ зытрах унафэщI
2019-10-22
- Дэтхэнэ IуэхущIапIэми и ехъулIэныгъэм и къежьапIэр ар къызэзыгъэпэщ, зи пщэ дэлъ унафэщIырщ. Ар сыт хуэдэ лъагапIэ тетынуми, сыт хуэдэ увыпIэ абы иIэнуми зэлъытари аращ.
- IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр тэмэму къызэгъэпэщыныр, лэжьакIуэхэм бгъэдыхьэкIэ тэмэм къахуэгъуэтыныр тыншкъым. А псори гъэщIэгъуэну къызэхъулIэ унафэщI зырызхэм ящыщщ Бэрэгъун Марианэ Арсен и пхъур. Налшык къалэ дэт прогимназие №41-м и унафэщIу зэрагъэуврэ куэд мыщIами, абы лэжьыгъэшхуэ зэфIихын, фIыкIэ зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэн хузэфIэкIащ.
- Бэрэгъуным 1999 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр филолог IэщIагъэр иIэу къиухащ. 2013 гъэм КъБКъУ-м щIэтIысхьэжри, «Менеджмент в образовании» унэтIыныгъэмкIэ етIуанэ IэщIагъэ зыIэригъэхьащ. Илъэс 20-м щIигъукIэ ар щылэжьащ егъэджэныгъэ IэнатIэм (прогимназие №41-м ягъэувын ипэ ЕгъэджэныгъэмкIэ департаментым зи школ кIуэгъуэ нэмысахэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм щыIащ.
- ГукIи псэкIи и IэнатIэм етауэ пэрыт цIыху емызэшщ Бэрэгъун Марианэ. Абы зэфIэкI лъагэхэр зэрыщиIэм и щыхьэтщ прогимназием и цIэр фIыкIэ зэрыIуар икIи къыхуагъэфэща щытхъу тхылъхэр. Иджыблагъэ къалэ администрацэм къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъ къратыжащ. И IэнатIэмкIэ ихь жэуаплыныгъэр нэсу зыхищIэрэ адэкIи зэрыригъэфIэкIуэным хущIэкъуу ирехьэкI абы и лэжьыгъэр.
- Бэрэгъуныр унафэщI хьэлу зыкъыхимыгъэщхьэхукIыу, и лэжьакIуэхэм пэгъунэгъуу щытщ, упщIэ е лъэIу яIэу къыбгъэдыхьамэ, зэрадэIэпыкъуным хущIокъу. Абыхэм нэмыщI садым къекIуалIэ адэ-анэхэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуегъуэтыф. ЦIыхубзым иIэн хуей щэн дахэри хэлъщ — сабийхэр фIыуэ елъагъу. Марианэ зэрылэжьакIуэшхуэм къищынэмыщIауэ, унэгуащэ ахъырзэманщ, анэ гумащIэщ. Адыгэ унагъуэ дахэщ, хабзэ, пщIэ, нэмыс щытепщэу.
- Бэрэгъуным лэжьыгъэ куэд, мурад дахэхэр иIэщи, игу илъыр къехъулIэу, узыншагъэ быдэ иIэу и IэнатIэм пэрытыну, унагъуэ насыпым щымыщIэу псэуну ди гуапэщ.
- Тамбий Заремэ.