ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ТхылъыфI — уифI я нэхъыфI

2019-09-28

  • Тэгъулан Екъуб и «Гъуазэрытхэм» теухуауэ
  • Тхылъ къыпIэрыхьар узэрыщыгугъауэ гъэщIэгъуэну къыщыщIэкIым деж, ар адрейхэм къащIыхэбгъэщ щхьэусыгъуэм мыхьэнэ имыIэж хуэдэу къыпфIощI. Ауэ тхыбзэм къытхуищI тыгъэхэр дигу щынэсымрэ къытфIэмыIуэхуу дыкъыщынэмрэ нэхъыфIу къыдгурыIуэн папщIэ, упщIэм и жэуапыр къэтлъыхъуапхъэщ. Бысым псэгъэтыншым ухуеблэгъам хуэдэу упэрохьэри, хэщхьэжыгъуэ уихуам ещхьу щIыбоджыкI адыгэбзэ гъуэтыгъуейкIэ къыбдэуэршэр Тэгъулан Екъуб и «Гъуазэрытхэр».

  • ТхакIуэмрэ  тхылъеджэмрэ  зэпызыщIэр
  • Тэгъулан Екъуб

    Ноби, дыгъуаси, сыт щыгъуи тхыгъэм япэу хуагъэув мардэр «бзэ тынш» жыхуаIэр къехъулIэнырщ. ГъэщIэгъуэн? Куу? ЩIэщыгъуэ? Узыгъэгупсысэ? А упщIэхэр къэувын ипэ, тхыгъэм укъеджэфу щытын хуейщ. «Укъеджэфу» щыжытIэкIэ, абы къидгъэкIыр анэдэлъхубзэкIэ емыджэххэхэм нэгъуэщIу къагурыIуэнкIи мэхъу. Зи гугъу тщIыр — тхакIуэбзэм уимылъахъэу, жиIэну зыхуейр къигъэщхьэпэ псалъэхэм яIэщIэмыкIуэдэжу щытмэ зэрынэхъыфIырщ.

  • Зы бзэ дунейм тет къыщIэкIынкъым абы гъуэгу къезыт унэтIыныгъитIыр щызэдэмылажьэу: бзэр здынэсам тезыубыдэ тхыбзэмрэ абы лъагъуэщIэхэр къыхезыгъэх жьабзэмрэ. Бзэр лажьэу, тхыбзэр зэи япэ ищынукъым. «Псэ зыIумытыжхэм» хабжэ убыхыбзэ, хьэтыбзэ, латиныбзэ хуэдэхэр абы и щыхьэту къоув. Уэршэрыбзэм кърит щапхъэхэм хэдэурэщ тхыбзэр зэрызэфIэувэр. А тIур зэлъэIэсыгъуей хъумэ, бзэм ипэкIэ кIуэтэн щегъэт.
  • Дэтхэнэ бзэри езым хуэдэхэм ятезыгъакIуэр абыкIэ къапсэлъымрэ ятхымрэщ. «Шекспир и тхылъ абрагъуэм дэщIыгъуу си тхылъыжь цIыкIури блах», — мэтхьэусыхэ усакIуэ гуэр. АдыгэбзэкIэ фIэкIа тхужымыIэ, хамэбзэкIэ къыщытIуатэкIэ дигу зыхуэмызагъэ гурыщIэ къытхуэнэху, бзэри псэунущ. ИпэжыпIэкIэ, нэрыбгэ щхьэхуэм зезыгъэужьращ бзэми зезыгъэужьыр. Литературэр гъащIэм и сурэт щIэгъэтхъауэ зэрыщытыр гурыIуэгъуэу щытми, нэгъуэщI зыгуэру закъыщигъэхъуным хуэерыщ, и щхьэр къигъэпцIэжын хьэлым пэщIэмыт тхакIуэм къиIуатэр тхылъеджэм и фIэщ хъущэркъым. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ар и псэм зэрыIуплъэжыф хахуагъым елъытауэщ и бзэри къызэритIатэр.
  • Уэ пхуэдэ дэнэ щыIэ? ЗыщIыпIи. Ауэ укъызыфIэщIыжыныр зыгъэемыкIу хабзэмрэ пIалъэ пыухыкIакIэ тыгъэ къыпхуащIа псэр мыхьэнэншэу пIэщIэкIуэдэж зэрымыхъунумрэ я зэхуаку дауэ гъуэгу зэрыдэпщIыкIынур? ГъащIэм и архъуанэм ущрихьэкIэ, япэу узэпхъуэ шхийр уигу зыгъэзагъэ бзэрщ. «СимыфIэщу жысIэнкIи хъуну псалъэм сыщыхъумэ!» — тхьэ йолъэIу Руми. Дэнэ лъэныкъуэкIи къыщеплъи, литературэми псэуэ Iутыр а зыращ — уи гум и пэжыр къезыгъэутIыпщ пса-лъэр.
  •  Ди япэ итахэри щыгъуазэу, ди ужь къиувэнухэми яIэщIэмыкIыну, дэ зыкIи дэмылъыта гуэр щызокIуэ дунейм. Псоми псэун зэрафIэфIым къегъэлъагъуэ абы хэти и Iыхьэ зэрыхэлъыр. Дыщэ къэзылъыхъуэм тIэн зэрыщимыгъэтым ещхьу, тхэныр IэщIагъэу къыхэзыхар ихъуреягъкIэ щекIуэкI псоми а хъугъуэфIыгъуэ псэхэлъхьэжыр къазэрыхицIыхукIыным елIалIэ зэпытщ. Ар зылъагъу нэ зимыIэм тхэн IэзагъкIэ къикIу гъуэгур кIыхькъым. ИгъащIэм тхылъ зэгуэзымыха къуажэдэсым и бзэр фIыуэ зэрищIэм шэч хэлъкъым. УсакIуэр е тхакIуэр абы къыщIыщхьэщыкIыр бзэ къудейкIэ Iуэхур зэрызэфIэмыкIырщ. Аращ зи тхэкIэр зи псэукIэм къыкIэрыху тхакIуэм е усакIуэм «жиIэн иIэкъым» щIыхужаIэр.
  • IуэрыIуатэ хьэмэ литературэ?
  • ГукъэкIыж жыпхъэм иту хэхэс адыгэхэм я гъащIэм теухуауэ тхылъ зыкъом щIыпIэ-щIыпIэкIэ къыщыдэкIащ зэман-зэманкIэрэ. Хамэ къэралхэм зи Iыхьэшхуэ щыпсэу лъэпкъхэм «хэхэс литературэ» жаIэри къудамэ щхьэхуэ яIэщ. Адыгэхэм ятеухуауэ зэхуахьэсыж гукъэкIыжхэр лIэужьыгъуитIу егуэш: хэхэсхэр щынэхъыбэ щIыналъэм анэдэлъхубзэ етIуанэ щахуэхъуа бзэмкIэ ятхахэмрэ адыгэбзэ-кIэ къыдэкIахэмрэ. Иужьрейхэр нэхъыбэу щызекIуэр хэкуращ. Абыхэм, псалъэм папщIэ, ящыщщ Абазэ Ибрэхьим, Едыдж Нихьаи сымэ я IэдакъэщIэкIхэр. Тэгъулан Екъуб ещхьу, хамэ щIыналъэ щыпсэууэ анэдэлъхубзэкIэ тхылъ къыдэзыгъэкIхэр закъуэтIакъуэххэщ.
  • ГукъэкIыжхэр IуэрыIуатэ къудейуэ, литературэм и мардэкIэ убгъэдыхьэ мыхъуну зыгъэув щыIэщ. Езы Екъуб и тхыгъэхэм псалъащхьэ яхуищI хаб-зэщ: «Адыгэ хэхэс литературэ». «Си IэщIагъэм къызэрихьщи, зи ныбжь хэкIуэта куэдым сахуозэ, — къыщыджеIэ абы пэублэм. — Тхьэм ещIэри, дохутыр IэщIагъэр мыхъуамэ, мыпхуэдизыр зэхуэсхьэсыфынтэкъым».
  • «Литературэ хьэмэ IуэрыIуатэ» жыпIэу упщIэр щыбгъэувкIэ, япэ итыр къыхэпхмэ, тхакIуэр ебгъэхъулIауэ, «хьэуэ, IуэрыIуатэщ» жыпIэмэ, бгъэлъэхъша хуэдэу щIэхъури гурыIуэгъуэкъым. УпщIэр апхуэдэу зэрыпфIэувым къегъэлъагъуэ «Гъуазэрытхэм» ихуа Iуэтэжхэм я уасэр зэрылъагэр, сыту жыпIэмэ, хъыбар Iуэтэжыныр IэщIагъэ щIэхъужар цIыхур цIыхуу къэнэжын щхьэкIэщ. IуэрыIуатэми литературэми дызрагъэхъуэпсэну зыхуей цIыху щапхъэ къытхуагъэув. IуэрыIуатэм ар тхы-дэм къыхихмэ, литературэм къигупсысыну хуитщ. IэмалкIэ зэщхьэщыкI-ми, я плъапIэр зыщ. Тэгъуланыр IуэрыIуатэбзэкIэ литературэм и гуращэм лъоIэс. НтIэ, купщIэр къэтлъыхъуэм хуэдэмэ, жыпхъэм фIэтщыну цIэм сыт гуитIщхьитI зыщIедгъэщIынур? ФIэщыгъэхэр нэхъыбэрэ узрихьэлIэм елъытауэщ къызэрыхахыр, армыхъумэ гъунапкъэ итхъам ирикIуэу щыткъым.
  • Тэгъуланыр хэкум зэрыщымыпсэум абы и адыгэбзэр къызыхуэтыншэу щытынкIэ Iэмал имыIэу урегъэгупсыс. Псом нэхърэ нэхъ гугъужращи, тхэн Iэзагъыр зи лъабжьэ лэжьыгъэхэм я нэхъыбэр акъыл закъуэкIэ къыпхуэпщытэу зэрыщымытым, ар мардэ зыхуумыгъэувыф зыхэщIэкIэм, пкъыры- хьэкIэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, тхылъ-
  • еджэм и къэщтэкIэм зэрелъытам, абы «хъуащ» е «хъуакъым» зэрыхужаIэри тепсэлъыхьым и Iуэху еплъыкIэ къудейуэ къегъанэ.
  • Ауэ щыхъукIэ, «Гъуазэрытхэр» IуэрыIуатэ, гукъэкIыж, дунейпсо терминкIэ — «мемуар тхыгъэ» жыхуаIэм зэрыщхьэдэхым хуэдэ къабзэу, хэхэс литературэм и гъунапкъэми йокI. Тхылъым ихуа тхыгъэхэр нэгъэсыпауэ зыхуей хуэзащ жыдэзымыгъэIэр ар адыгэб-зэр щымыкъэралыбзэ щIыпIэм къызэрыщыдэкIарщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Тэгъуланым и тхылъыр къэбэрдей тхыгъэрылажьэхэм яукъуэдия пэжырытхэм тету традзэжмэ, хьэрхуэрэгъу хуэхъуфыну куэдым япэ къэсагъэх-хэщ. А зи гугъу тщIы бзэ хабзэхэр языныкъуэхэм деж «вы зимыIэм щIищIа шкIэуэ» къызэрытхущIэкIыр тщIэжу щытми, тхылъеджэм IэщIэлъ тхылъыр езыр зэса тхэкIэм темыхуэмэ, дзыхь зэрыхуимыщIыфым къыхэкIыу, и купщIэр имылъагъуххэнри хэлъщ.
  • Хэхэси хэкурыси зэхэту, нобэ хъу-мыхъуми лъагъуэ гуэрым тет ди адыгэ литературэр зэрыщыту къызэщIэбубыдэмэ, къигъэщхьэпэ бзэмрэ зытепсэлъыхьыр нэгум къыщIэгъэувэн IэзагъкIэрэ Тэгъулан Екъуб и тхыгъэхэр абыхэм ялъэщIэмыхьэу щIэплъытэн щхьэусыгъуэ закъуи щыIэкъым. Литературэ тхыгъэм и фащэр тхыдэр нэхъ гъэщIэращIауэ ди пащхьэ къызэрырилъхьэж къудейрамэ, пэжщ, Тэгъуланым и тхэкIэр зыхиубыдэр IуэрыIуатэмрэ мемуархэмрэщ. Ауэ романышхуэ дапщэ диIэ напэкIуэцI щэ бжыгъэ къызэбнэкIа нэужьи, къэпцIыхужу зы лIыхъужь ущримыхьэлIэу. Абы къыхэкIыу, «Хэхэсым шедевр итхыфынукъым» жыIэгъуэм шэч къытехьэн зэрыхуейм и зы щапхъэу дывгъэгъэув иджыпсту тIэщIэлъ тхылъыр. Гуращэ хуэдэу къызыфIэбгъэщI хъуххэнумэ, тхэныр IэщIагъэу къилъытэрэ махуэ къэс пщэрылъ зыщищIыжамэ, жиIэн зи куэд Тэгъулан Екъуб увыпIэ щхьэхуэ нобэрей адыгэ литературэм зэрыщиубыдынум шэч хэлътэкъым.
  • Псом япэ удэзыхьэхыр тхакIуэм и бзэрщ. ГъэщIэращIэ леи хэмыту, уи нэгу къыщIигъэхьэну зыхуей теплъэгъуэр зэ IэбэгъуэкIэ къретхъэ тхакIуэм и къалэмым. «Гупыр зы дзэ хуэдиз хъурт, кIадащхьэр къэзыгъавэри Махьмудт», — дыкъыщоджэ «Шэшэн Махьмуд» зыфIища Iуэтэжым. «ЗэныбжьэгъуитIым къагъэкIуэсэну хъыджэбзыр «щIалэхэр къызэдегъажэ» жыхуаIэм хуэдэу дахэт», — щетх «Дыщасэм».
  • «Абылэ» Iуэтэжым хэт Муслъимэт и сурэтым девгъэплъыт: «ЦIыхубз щхьэлъэщт, тIэкIуи бзаджэрэ къуажэри зыфIигъэлIыкIыу, адыгэ шхыныгъуэхэр IэкIуэлъакIуэу ищIу. Муслъимэт и хьэлыгъуанэр, и лэкъум-хьэлывэр жаригъэIэу шыгъупIастэкIэ Iейуэ ехьэжьат». IуэрыIуатэр литературэм нэхърэ лъэпкъым нэхъ епхащ, аращ а тхыбзэм и къудамитIыр нэхъ зэщхьэщызыгъэкIыр. Мы иджыпсту зи гугъу тщIы Муслъимэт нэгум къыщIигъэхьэну щыхуежьэкIэ, тхакIуэм зызыхуигъазэр «адыгэ гъащIэ» жыхуаIэр зыгъэунэхуа цIыхурщ. Апхуэдэ зыхэщIэныгъэм, ухэхэсми ухэкурысми, уи сабиигъуэр щыкIуа щIыпIэм уреджэж, ныбжьыщIэм балигъым дзыхь хуищIыным мыхьэнэ-уэ иIэр Iэмал щIэхъумакIэ зэхыуигъащIэу: «Гуэгуш анэ пхуфIигъэжынтэкъым, гуэгуш тIуащIэт зэрихуэр, щынэм хуэдэу ину, уэс ишхарэ щIымахуэ текIауэ».
  • ГукъэкIыжхэм нэгъуэщI зы жанрми щумыгъуэтыну IэфI щхьэхуэ ящIэлъщ. Ар пасэу плъэгъуар уи акъылыр тIысауэ зэрызэбгъэзэхуэжырщ. Хъыбарыр унагъуэм, хьэблэм, къуажэм щепхам деж, сыт абы дуней псор щIыхэбнынур? Адыгэ IуэрыIуатэр балигъымрэ сабиймрэ, нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ, хъулъхугъэмрэ бзылъхугъэмрэ я зэхущытыкIэр къэзыгъэлъагъуэ, езыхэри зэзыпх Iэмал лъапIэ гуэрмэ, литературэм а телъыджэр лъэпкъым щымыщхэм я дежи егъэIэпхъуэ.
  • Толстой Лев и «Анна Каренина» романым теухуа гушыIэ гуэр зокIуэ. Абы хэт цIыхубзым зэрызиукIыжар къуажэдэс нанэ гуэрым щыжраIэжым, къэуIэбжьат жаIэ: «Зы жэм-жэмитI къыхуащэхуамэ зэфIэкIат абы». «ХущIохьэ», — хужаIэ адыгэхэм гъащIэмкIэ мыарэзым. «Ипэрей цIыхубзхэм апхуэдиз Iуэхур ящIэми, апхуэдэу тхьэусыхэшхуэ яIэу зэхэпхынтэкъым, зыкъыуагъэщIэнтэкъым фIырыфIкIэ езэшауэ, икIи гумащIэхэт, гушыIэрейхэт, нэжэгужэу къыпхущытхэт, дунейр ягу нэст, — дыкъыщоджэ «Гуащэ Хъалис» хъыбарым. — Нобэрей псэуныгъэми абыхэм ямылъэгъуауэ нэгъуэщI гугъуехьхэр къыдэкIуэу щытми, абыхэм елъытауэ иджырей цIыхубзхэр фIыкIейуэ нэхъ тыншу зэрыщытыр нахуэщ, ауэ ягу нэхъ къыдэжу, нэхъ нэфIэгуфIэу, гъащIэм нэхъ IэфI къыщIахыу щытхэ — ар сщIэкъым, ар пшэм хэтщ».
  • Езы тхакIуэр и Iуэтэжхэм зэм сабийуэ, зэм ныбжьыщIэу, щIалэу, балигъыу, зэм зэрыщытыххэу нэ дохутыру къыхоувэ. А щытыкIэ псоми къиплъурэ, щыцIыкIуам щегъэжьауэ езым и гупсысэкIэ узыншэр зэрызэфIэува гъуэ-гур дегъэлъагъу, Iэмал къыхуэщхьэпахэм я цIэ къриIуэни щымыгъупщэу.
  • Сыт хуэдэ дуней тетыкIэ Екъуб щапхъэу къытхуигъэувыр? Шэч хэмылъу, езыр фIым хуэзыунэтIа, иджы текIуэта «адыгэжьхэм» я псэуныгу лъэрызехьэрщ. Гъунэгъуу уIуегъэплъэф тхакIуэм гуауэм, лIэныгъэм, къэзымыгъэзэжынум, Iэмал зыхуумыгъуэтым. Ауэ мыхьэнэ зиIэр езы къэхъукъащIэракъым, абы уи кIуэкIэр зрипх гуращэхэрщ, ар къыщыхъуар сабиигъуэрами, псори къыщыгурыIуэжа нобэрами.
  • «Сывэну сынэкIуэнущ, щIакIуэр сэ нызохь, уэри уи джэбынымрэ уи сэшхуэмрэ къэхь, хьэуэ жыпIэмэ — щIым пыкI». Ар зи псэлъэкIэ, «ЩIакIуэ кIапэ» зыфIища Iуэтэжым хэт лIыхъужьым, тепсэлъыхьыжыни хуейкъым, гурыIуэгъуэщ зищIысыр: «ЛIыгъэкIи бзаджагъэкIи Алджэрий къыкIэрымыху Куп и къуэращ зи гугъу тщIыр». Нобэ цIыхуитI зэрызэщыIеяр къэдгъэлъэгъуэн папщIэ, «щIакIуэ кIапэ зэдытеуващ» жытIэ хабзэщ, ауэ хэт зыщIэжыр ар зэрекIуэкIыу щыта дыдэр? «ЩIакIуэр яубгъу. Абы щыгъуэ щIа- кIуэ кIапIэ зэдытеувахэр зэпыджтэкъым, къызэреупщIэтэхт. СэшхуэмкIэ уеуэкIэ пиупщIтэкъым, тепкъузэурэ укъеIэнут. Апхуэдэурэ хэт нэхъ бэшэчми, хэт нэхъ лIыгъэ хэлъми наIуэ къэхъурт».
  • Нарт хъыбарыжьхэм къуат гупсэхугъуэр щызыхэпщIэу, жану зызыхъуэж теплъэгъуэхэмкIэ бей Екъуб и Iуэтэж-хэм жьыми, псыми, шыми, шуми япэ дыдэ дунейм къытехьа цIыхум и нэкIэ ущрегъэплъ. Андерсен и таурыхъхэм хэт уэздыгъэхэм, вакъэхэм, удзхэм ещхьу, адыгэ пшынэхэр щопсалъэ абыхэм, цIыхухэм щхьэщаха гуауэмрэ даIыгъа гуфIэгъуэмрэ ягу къагъэкIыжу.
  • Iуэтэж зырызу щыт щхьэкIэ, Тэгъуланым и хъыбар цIыкIу псори Узун-Яйла и Iэгъуэблагъэм ит къуажэхэм щекIуэкIа хэхэс гъащIэрщ зытепсэлъыхьыр. Ар щIохъуэпс нэхъыжьхэм ядилъэгъуа цIыху хэтыкIэр, щабагъыр, щэныфIагъыр, бэшэчу зэрыщытар, уеблэмэ и чэзум къызыкъуаха тэмакъкIэщIагъыр щапхъэ яхуищIу, щIалэгъуалэм адыгэгу яхилъхьэжыну. «Тхьэр зыгъэпэжа, «щIалэфI» псалъэм абы фIэкIа пщIэ щызимыIэ зы щIыпIэ сыщымысын, — жиIэри IукIри ежьэжащ», — къыкIэлъыкIуэнум укIэлъигъэIэбэу къыщIедзэ абы «ЩIалэфI» зыфIища хъыбарыр. Зэрыщыту къэбгъанэмэ — тхыгъэр ди лъэхъэнэри лIыхъужьыгъэм зэрыхуэмыхейм и щыхьэту къэув IуэрыIуатэщ. Хъыбарым хэтхэм я гум щыщIэм тIэкIу зезгъэубгъунщ жыпIэмэ — езы гъащIэм зэхилъхьа сюжет къызэрымыкIуэ зиIэ литературэ «хьэпшыпщ», гукъыдэж зи-Iэм «вестерн» кино къыхищIыкIыфы-ну. Набоков Владимир жаIэри урыс тхакIуэ гуэр щыIащ, Урысейм иIэпхъукIа нэужь цIэрыIуэ хъуахэм ящыщу. Лермонтов Михаил и тхыгъэхэр американхэм папщIэ щызэридзэкIым, «черкес» псалъэм къикIыр тхылъеджэхэм гурыIуэгъуэ ящищIын папщIэ, мыпхуэдэ щIыкIэу зэпкърихауэ щытащ псалъэм и мыхьэнэр: «Черкесхэр Купер Фенимор и тхылъхэм къыхэхуэ «индеецхэм» хуэдэ гуэрщ». НтIэ, индеецхэм дуней псом щыцIэрыIуэ фильмхэр къыщытращIыкIкIэ, сыт дэ ди тхыдэр апхуэдэ щIыкIэу утыку къыщIидмыхьэр?
  • Хабзэ, псэукIэ, лъэпкъ гъащIэ хъумапIэ фIэщ, дэнэ щыIэ адыгэми гумащIэу зыхуэзыгъазэ Тэгъулан Екъуб мы тхылъымкIэ езым зыхуигъэувыжа мурадым зэрытеIэбам шэч хэлъкъым. Ауэ дэ, тхылъеджэхэми, тхылъ хуэдэ тхылъ къызэрытIэрыхьар ди фIэщ тхуэмыщIмэ, мы хъугъуэфIыгъуэм дызэрыхэкIыжынум нэмыщI, абы къыкIэлъыкIуэнкIи хъунур къытхуэмылэжьынкIи хъунущ. Ар къытщымыщIын папщIэ, тэмакъкIыхьу дыхущывгъэт «тезырым» и пIэкIэ «тазыр», «гуэрым» и пIэкIэ «гуэрэ» нэхъ щыуагъэ узыщримыхьэлIэ тхылъым. Дунейпсо литературэм и щхьэр лъагэу езыгъэIыгъ тхакIуэ нэхъыфIхэр дохутыр IэщIагъэм къызэрыпхыкIари зыщыдгъэгъупщэнкъым.
  • ЧЭРИМ Марианнэ.
  • ТЭГЪУЛАН Екъуб
  • ЩIалэфI
  • ЗекIуэ къикIыжагъащIэ лIыжь гуп пщэдджыжь дыгъэпсым зрагъэууэ щысу, зы щIалэ цIыкIу псы блихыу блэкIти, ящыщ зы лIы гуэрым: «Уа, щIалэ, псы сегъафэт!» жиIэу щеджэм, щIалэ цIыкIум зы псы фалъэ из псы къыхуихьри иригъэфащ. ЩыбгъэдэкIыжым: «Упсэу, щIалэфI», — жриIэри иригъэжьэжащ. Абдежым гупым нэхъыжьыIуэу яхэс зы лIыжь къэтэджщ, и кIэм зэ еуэри:
  • — Тхьэр зыгъэпэжа, «щIалэфI» псалъэм абы фIэкIа пщIэ щызимыIэ зы щIыпIэ сыщымысын, — жиIэри, IукIри ежьэжащ.
  • Адрейхэм:
  • — ЛIо, псы къэзыхьа зы щIалэ цIыкIу щхьэкIэ «щIалэфI» жиIэмэ, ягъэ кIынур, сыт абы папщIэ тэджыжу щIежьэжар? — жаIэри ягъэщIэгъуащ.
  • ИтIанэ: «ФынакIуэ, тхьэ соIуэ, зищIысыр жедгъэIэнмэ», — жаIэри, абдежым щысу хъуар лIыжьым деж кIуахэщ.
  • — Зиусхьэн, зы щIалэ цIыкIу «щIалэфI» жетIэмэ, сыт ягъэ кIынур, лIо уигу къыщIыдэбгъар, укъэтэджу ущIежьэжар? Ар зэдгъэщIэну арамэ дыкъыщIэкIуар, — жраIащ.
  • — Уэлей, ар иджы нывжезмыIэну, иужькIэщ, — къажриIэри, къэкIуахэр къригъэжьэжащ.
  • А махуэм и унэгуащэм зыхуигъазэ-ри: «Моуэ, пщэдей пщыхьэщхьэ зы Iэнэ къызэгъэпэщыт, си ныбжьэгъухэр къэкIуэнущи», — жриIащ.
  • ЕтIуанэрей махуэм и пщыхьэщхьэм и щхьэгъусэм Iэнэ иригъэузэдри, и ныбжьэгъухэр къриджащ. Шхэн-ефэныр зэфIэкIа нэужь, псэлъэн къригъэ-жьащ:
  • — Иджы, къэсшагъащIэуэ щауапIэ сикIри махуэ зыбгъупщкIэ къэскIухьщ, къэзгъэзэжри тIэкIу зызгъэпсэхужауэ, жэщ ныкъуэм сыгъуэлъыжыну абы сыхэту, щIыбым зыгуэр къыщыджащ. СыщIэкIщ, сыплъэри, Iэдэжэуэ зыш иIыгъыу, шу гуэр щытт.
  • «Къеблагъэ» жысIэщ, хьэщIэр шым къезгъэпсыхри, езыри сщIыгъуу и шыр бом щIэсшащ. Зы мэкъу IэплIэ къэсхьу шхалъэм дэслъхьа щхьэкIэ, зыри жиIакъым. «Мы мэкъур фIэмащIэ хъуамэ», — жысIэри, аргуэру зы IэплIэ дэслъхьащ — зыри жиIэкъым. Апхуэдэурэ мэкъу IэплIитху худэслъхьа нэжькIэщ «хъунщ» щыжиIар.
  • ДытIысщ, тIэкIу докIри, хьэщIэм мыр жеIэ:
  • — Иджы зыгуэр бжесIэнущ, «хъунщ» жыпIэмэ дыгъуэлъынщ, «хъункъым» жыпIэмэ, уэлей, сэ сымыгъуэлъыжу сежьэжынум.
  • — КъыжыIэ, — жысIащ сэри.
  • — Сэ къэзакъхэм шы къафIэсхуну шыху сыкIуэнущи, гъусэ укъысхуэхъунумэ, дыгъуэлъыжынщ, «хьэуэ» жыпIэмэ, сэ сежьэжынущ, — жиIащ.
  • Вакъэ зэв сиуват. «Хъунщ» жысIэмэ, къэсшагъащIэти, нысащIэм сыщыукIытэт, «хъункъым» жысIэмэ, модрейм сышынэ фIэщIынут. Iэмалыншэу «хъунщ» жысIащ.
  • ХьэщIэр згъэгъуэлъыжщ, нэхущым дыкъэтэджри, сэри къыздиша шы Iэдэжэм сышэсри дежьащ. Къулшыкъу щыхъум, зы псынащхьэ дынэсащ. Си гъусэм:
  • — Уэ мафIэ щIы, сэ моуэ зэ къызэхэскIухьынщ, — жиIэри, а напIэзыпIэм зы хыв танэ къихущ, и фэр фэнду трихри, зэрыщыту игъэжьащ. Жьа нэужь, фэр зэгуипхъщ аби, лыр зэрыщыту утыкум къихуащ.
  • — ИIэ иджы, — жиIэри, шхэн щIидзащ.
  • Фи фIэщ фщIы, сэ зы тхыIупщIэ фIэкIа сымышха. Илъэсым ит хыв танэм зы къимыгъанэуэ ишхамэ! Сэ сигукIэ: «Тхьэм и цIэкIэ соIуэ, сэ мыбы сыкъемылын, мыр бэлыхьлажьэу зыгуэрмэ», — жысIащ.
  • Сытми, дыкIуэурэ, дыздэкIуэнум дынэсащ. ХуэдзкIэ зэджэ псышхуэрат шыхэр къызызэпрытхунур. «Сэ сыкъэкIуэжыхукIэ уэ мафIэ щIыи пщафIэ», — къызжиIэри ежьащ.
  • Сэ мафIэр сщIыуэ шхыныр згъэхьэзырыху, шыбз хъушэ къызэприхури къигъэзэжащ. Ешхэщ, ефэщ, тIэкIу дэкIри:
  • — НакIуэ иджы, уэ япэ ищ, — жиIащ.
  • — Сэ гъуэгур схузэхэхужынкъым, — жызоIэ.
  • — Хъунщ, нтIэ, сэ япэ сищынщ, ауэ зы шу къыскIэлъыкIуэнущи, уэ и гугъу умыщI.
  • Абдежым дыкъеуэщ, дыкъежьэжхэри, фIыуэ дыкъэкIуауэ, соплъри — шы хъушэр зейр къыткIэлъыкIуэрт. Къэсауэ къыщызблэжым жызоIэ:
  • — Дэнэ укIуэрэ, уи шыр зыхур сэращ?!
  • — Тхьэр згъэпцIащ, уэрамэ! Сэ си шыр зыхур сощIэм! — жиIащ.
  • «ЗыгуэркIэ шыр зейр къыткIэлъыкIуэрэ дызэрыфыщI хъумэ, «къеуэ» жысIэху зумыгъэхъей», — жиIэри къызжиIат си гъусэм нэхъапэIуэкIэ.
  • КъыкIэлъыпхъэра шур абы и деж нэсщ, шым здытесым мо лIитIыр зэрыубыдщ, зэрыфыщIым, зэрыфыщIурэ къызэредзыхри, модрейм сэ гъусэ сызыщIар ириудащ. И щIагъым щIиубыдауэ, и IитIыр и куэм дэлъу, и пкъыр лъэгуажьэхэм диубыдарэ и къамэр кърихауэ еуэну зигъэхьэзырт. «Къеуэ иджы, си гъусэ!» — жиIащ абдежым. Сэри си къамэр згъэпсауэ сIыгъыххэти, и пщэ гурыгъым сеуэри и щхьэр фIэзгъэхуащ. «Упсэу, щIалэфI», — къызжиIащ абдежым. Мис а зэращ сэ «щIалэфI» къыщызжаIар!
  • ИтIанэ дыкъеуэщ, дыкъэкIуэжри, къэтхуа шы хъушэр пщIантIэм дэдутIыпщхьэжащ.
  • «Шыр дыгъэгуэш», — жиIэри, и ныкъуэр ди пщIантIэм къыдэднащ, адрей ныкъуэр езым и Iыхьэу Iуэм идубыдащ. ТIэкIу дедзакъэри, ежьэжын щыхъум, жиIащ:
  • — Сэ иныкъуэми сыхуейкъым. Зы хакIуэ хэтщи, а зыр къызэти ирикъунщ.
  • ХакIуэр къэзубыдри естащ, къэнари си шым хэзутIыпщхьэжащ. Иужьым, езгъэжьэжыну и шыр къыхудэсшри, и лъэрыгъыпсыфэмрэ и шхуэмылакIэмрэ щызубыдым, моуэ тIэкIу зыкъысхуригъэзыхри:
  • — Сэ сыцIыхубзщ. Уэ лIы ухъумэ, сэ фыз сыпхуэхъунщ. Укъыслъыхъуэмэ, сыкъэбгъуэтынщ, — жиIэри ежьэжащ.
  • Сэ къызэрысшагъащIэр дэнэ щищIэнт!
  • Узун-Яйла зыщызыубгъуа адыгэ къуажэ